СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Бемырзэ Мухьэдин и гъащ1эмрэ и творчествэмрэ теухуа презентацэ

Нажмите, чтобы узнать подробности

Лъэпкъ литературэм и вагъуэ Бемырзэ Мухьэдин и творчествэм,гъащ1эм тещ1ыхьа презентацэ.

Просмотр содержимого документа
«Бемырзэ Мухьэдин и гъащ1эмрэ и творчествэмрэ теухуа презентацэ»

Бемырзэ Мухьэдин  1948-2007г.

Бемырзэ

Мухьэдин

1948-2007г.

Бемырзэ Мухьэдин Хьэмид и къуэр 1948 гъ. Къэрэшэй-Шэрджэсым хыхьэ Али-Бердыкъуэ къужэм къыщалъхуащ. 1966 гъ. курыт еджап1эр, 1972 гъ. Къэрэшей-Шэрджэс къэрал пединститутыр къиухащ. А илъэс дыдэм Бемырзэм къуажэм дэт курыт еджап1эм лэжьэн щыщ1идзэри адыгэбзэмк1э адыгэ литературэмрэ сабийхэм яригъэджащ дунейм ехыжыху.

Бемырзэ Мухьэдин Хьэмид и къуэр 1948 гъ. Къэрэшэй-Шэрджэсым хыхьэ Али-Бердыкъуэ къужэм къыщалъхуащ.

1966 гъ. курыт еджап1эр, 1972 гъ. Къэрэшей-Шэрджэс къэрал пединститутыр къиухащ. А илъэс дыдэм Бемырзэм къуажэм дэт курыт еджап1эм лэжьэн щыщ1идзэри адыгэбзэмк1э адыгэ литературэмрэ сабийхэм яригъэджащ дунейм ехыжыху.

Бемырзэ М.Хь. и япэ усэхэр ихуащ 1917 г. Черкесск къыщыдэк1а «Зэкъуажэгъухэр» усэ сборникым. Абы иужьк1э илъэсипщ1 дэк1ауэ, «Л1ыгъэм и тхыдэ» зыф1ища и япэ усэ тхылъыр дунейм къытехьащ. Тхылъым ихуа усэхэм я нэхъыбэр теухуащ хэкум, адэ-анэм, ц1ыхугъэм, пэжыгъэм. Абы къык1элъык1уащ «Уэрэду си1эр уэрщ» (1990), «Дыгъафэ уэс» (1993), «Уадыгэну гугъущ» (2002) тхылъхэр.

Бемырзэ М.Хь. и япэ усэхэр ихуащ 1917 г. Черкесск къыщыдэк1а

«Зэкъуажэгъухэр» усэ сборникым. Абы иужьк1э илъэсипщ1 дэк1ауэ, «Л1ыгъэм и тхыдэ» зыф1ища и япэ усэ тхылъыр дунейм къытехьащ. Тхылъым ихуа усэхэм я нэхъыбэр теухуащ хэкум, адэ-анэм, ц1ыхугъэм, пэжыгъэм. Абы къык1элъык1уащ «Уэрэду си1эр уэрщ» (1990), «Дыгъафэ уэс» (1993), «Уадыгэну гугъущ» (2002) тхылъхэр.

Егъэлеяуэ хуэгумащ1эт Мухьэдин и лъэпкъым, адэжь лъахэм; гъунапкъэншэт абыхэм яхуи1э лъагъуныгъэр. Ахэрат усак1уэм и псэ п1ейтейм къыпкърык1 дэтхэнэ усэ едзыгъуэри пшыналъэ дахэу зыщыщ1эр. Зи псэ п1ут, зи бзэ п1урылъ, зи хьэуак1э убауэ лъэпкъым ухуэпэжын, Хэкум ухуэлэжьэн гупсысэхэрщ абы и художественнэ дунейм щынэхъыщхьэр…

Егъэлеяуэ хуэгумащ1эт Мухьэдин и лъэпкъым, адэжь лъахэм; гъунапкъэншэт абыхэм яхуи1э лъагъуныгъэр. Ахэрат усак1уэм и псэ п1ейтейм къыпкърык1

дэтхэнэ усэ едзыгъуэри пшыналъэ дахэу зыщыщ1эр. Зи псэ п1ут, зи бзэ п1урылъ,

зи хьэуак1э убауэ лъэпкъым ухуэпэжын, Хэкум ухуэлэжьэн гупсысэхэрщ абы

и художественнэ дунейм щынэхъыщхьэр…

Бемырзэ Мухьэдин «Уадыгэным къикIыр»

Бемырзэ Мухьэдин

«Уадыгэным къикIыр»

Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ,  Адыгэу нобэ упсэуныр хьэлъэщ.  Зэманыр жырри зыгъэщащэ гухъущ,-  Абы екъутэр цIыхум и щэн-хьэлыр.  Абы пэлъэщкъым лъэпкъми и къарур.  ИгъащIэкIэ ди зэман ерум,  ХуэнщIей пэлъытэу яхепхъэжыр гъэхэм  Адыгэ цIыхури мэхъ кIуэ пэтми жьгъей.  Хъанцэгу и къуршрэ и тенджызу псынэр,  ЩхьэхуэфI гухэлъым ар иронэщхъей,  Лъэпкъ кIуэд зэрыхъур имылъагъуу и нэм.   Ди щIэблэр едэIужкъым къэзылъхуам,  Еплъыжкъым ди цIыхубзхэр я нэмысым  Фадэм и пщылIыпIэ зэрыхуам  Ди щIалэхэр ехьыж, игъуэ нэмысу.   Iыхьлыгъэр куэдым къызэрапщыр мылъкущ,  ЦIыху уасэр къызэрабжыр и лэжьапIэрщ,  Iиманыншагъэр ямыщIыж емыкIу,  Нэмыплъи хуамыщIыж зимыIэ напэ.  ЕщIыфыр япэ къэсым хэутэн,  Лъэпкъыбзэу илъэс минхэм я уэсятыр,  ПлъэмыкIыу бгъэшынэн е бгъэукIытэн,  Адыгэ щIыхьыр пфIыхаутэ ятIэм.  Апхуэдэу щыхъукIэ, лъэпкъ ягъэпудам  ДэщIыну зи гум къэкIыр зырызыхэт,  Хэт илъэс кIуахэм игу ираудащ,  Хэт и щхьэр лъэпкъ гукъеуэ хэмытыхэ.  Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ,  Ауэ сыт щыгъуэт щыщытар ар тыншу,  Къэвгъуэтыт тхыдэм зэ щищIыж ди гугъу,  Ди гъащIэр тхьауэ дэ къэзэуатыншэу! 

Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ, Адыгэу нобэ упсэуныр хьэлъэщ. Зэманыр жырри зыгъэщащэ гухъущ,- Абы екъутэр цIыхум и щэн-хьэлыр. Абы пэлъэщкъым лъэпкъми и къарур. ИгъащIэкIэ ди зэман ерум, ХуэнщIей пэлъытэу яхепхъэжыр гъэхэм Адыгэ цIыхури мэхъ кIуэ пэтми жьгъей. Хъанцэгу и къуршрэ и тенджызу псынэр, ЩхьэхуэфI гухэлъым ар иронэщхъей, Лъэпкъ кIуэд зэрыхъур имылъагъуу и нэм.  Ди щIэблэр едэIужкъым къэзылъхуам, Еплъыжкъым ди цIыхубзхэр я нэмысым Фадэм и пщылIыпIэ зэрыхуам Ди щIалэхэр ехьыж, игъуэ нэмысу.

Iыхьлыгъэр куэдым къызэрапщыр мылъкущ, ЦIыху уасэр къызэрабжыр и лэжьапIэрщ, Iиманыншагъэр ямыщIыж емыкIу, Нэмыплъи хуамыщIыж зимыIэ напэ. ЕщIыфыр япэ къэсым хэутэн, Лъэпкъыбзэу илъэс минхэм я уэсятыр, ПлъэмыкIыу бгъэшынэн е бгъэукIытэн, Адыгэ щIыхьыр пфIыхаутэ ятIэм. Апхуэдэу щыхъукIэ, лъэпкъ ягъэпудам ДэщIыну зи гум къэкIыр зырызыхэт, Хэт илъэс кIуахэм игу ираудащ, Хэт и щхьэр лъэпкъ гукъеуэ хэмытыхэ. Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ, Ауэ сыт щыгъуэт щыщытар ар тыншу, Къэвгъуэтыт тхыдэм зэ щищIыж ди гугъу, Ди гъащIэр тхьауэ дэ къэзэуатыншэу! 

Щалъхуати, и мыгъуагъэу, жэнэт хэку,  Яхуэхъури бийхэм ар хьэ зэрышхыпIэ,  НэщIэбжьэ куэдхэр щIагъэкIащ и нэгу.  Ди лъэпкъ бэшэчу лIыхъужьыгъэ зи бэм.  И тхыдэ кIыхьу къызэринэкIам.  Ар куэдрэ ихуэгъащ псэ зэрылъхьэпIэ,  Имыгъуэтыжу, уеблэмэ, щIэльхьэпIэ,  Ибыну хамэ Iэщэм къиукIар  Къэхъуащ монголхэм ар щапэщIэта,  Зы фэбжь кърахмэ, щащIэу ярихыжу,  ГуIэжу Лабэ Iуфэ щыIутам,  Сабийхэр псыхьэлъахуэу къыхихыжу.  АрщхьэкIэ, хуэмызами сыт махуей,  И Хэкур къигъэнэн щыхъуами хуей,  Яхуэувакъым ар лъагуажьэмыщхьэу.    Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ,  Адыгэу нобэ упсэуным къикIыр,  Ди тхыдэ гуауэу фхуэсщыжам зи гугъу,  И напэ къэс унэджысынырщ и кIэм,  Ирехъу гуфIэгъуэ е гухэщI ирехъу,  Абы ухущытынырщ ухуэфащэу,  Уи напэм ену уи гур хурырегъу,  Уи махуэ къэсыхуи цIыхугъэ бащэу,  Уадыгэныр мыгурыфI - гурей,  Зи уэлиигъуэм фIэфIмэ - улъэпкъыпсэу.  Адыгэу хъуам тралъхьэмэ тезыр,  IэщIыб пщIыжыну уи анэдэлъхубзэр,  ПIурылъу зы бзэ, узэдису зыщI,  Хьэлэлу къыщыптепсэкIэ зы дыгъэ,   Адыгэу упсэуным къикIыр зыщ -  Уадыгэну къыпкъуэкIынырщ лIыгъэ.

Щалъхуати, и мыгъуагъэу, жэнэт хэку, Яхуэхъури бийхэм ар хьэ зэрышхыпIэ, НэщIэбжьэ куэдхэр щIагъэкIащ и нэгу. Ди лъэпкъ бэшэчу лIыхъужьыгъэ зи бэм. И тхыдэ кIыхьу къызэринэкIам. Ар куэдрэ ихуэгъащ псэ зэрылъхьэпIэ, Имыгъуэтыжу, уеблэмэ, щIэльхьэпIэ, Ибыну хамэ Iэщэм къиукIар Къэхъуащ монголхэм ар щапэщIэта, Зы фэбжь кърахмэ, щащIэу ярихыжу, ГуIэжу Лабэ Iуфэ щыIутам, Сабийхэр псыхьэлъахуэу къыхихыжу. АрщхьэкIэ, хуэмызами сыт махуей, И Хэкур къигъэнэн щыхъуами хуей, Яхуэувакъым ар лъагуажьэмыщхьэу.

Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ, Адыгэу нобэ упсэуным къикIыр, Ди тхыдэ гуауэу фхуэсщыжам зи гугъу, И напэ къэс унэджысынырщ и кIэм, Ирехъу гуфIэгъуэ е гухэщI ирехъу, Абы ухущытынырщ ухуэфащэу, Уи напэм ену уи гур хурырегъу, Уи махуэ къэсыхуи цIыхугъэ бащэу, Уадыгэныр мыгурыфI - гурей, Зи уэлиигъуэм фIэфIмэ - улъэпкъыпсэу. Адыгэу хъуам тралъхьэмэ тезыр, IэщIыб пщIыжыну уи анэдэлъхубзэр, ПIурылъу зы бзэ, узэдису зыщI, Хьэлэлу къыщыптепсэкIэ зы дыгъэ,  Адыгэу упсэуным къикIыр зыщ - Уадыгэну къыпкъуэкIынырщ лIыгъэ.


Скачать

Рекомендуем курсы ПК и ППК для учителей

Вебинар для учителей

Свидетельство об участии БЕСПЛАТНО!