СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Дерс зэ1уха « Къуэпсхэр мажэри жыжьэ къыщок1»

Нажмите, чтобы узнать подробности

Хамэщ1 щыпсэу адыгэхэм теухуа дерс

Просмотр содержимого документа
«Дерс зэ1уха « Къуэпсхэр мажэри жыжьэ къыщок1»»



Темэ: « Къуэпсхэр мажэри жыжьэ къыщок1».

Мурадыр: Хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр къэхутэн.

Лъахэм, лъэпкъым нэхъыф1 зэрыщымы1эр ныбжьыщ1эхэм яхэпщэн.

Ди бзэмрэ , ди лъэпкъымрэ нэхъыф1 зэрыщымы1эр къызыхэщ усэхэм къегъэджэн .

Урокым и л1эужьыгъуэр: Интегрированэ урок .

Урокым къыщыгъэсэбэпыпхъэр: доска, компьютер, диск, видеоматериал, докладхэр, тхылъхэр .

Технологиер: сетевой зэпыщ1эныгъэ, предметнэ интеграцэ.

Урокым и ек1уэк1ык1эр:

Си адыгэ! Къуэладжэ к1эф1хэм 1эщэр щывгъэсыжи,

Адыгэ лъэпкъыр дызэхуэвгъэсыж!

Си лъахэ ц1ыхухэ! Диным дивгъэхьэжи,

Блэк1ар ди щ1эблэм тхыдэу дывгъэджыж!


  1. Урокым хэзышэ уэрэд егъэдэ1уэн.

Нобэ ди урокыр зытеухуауэ щытынур ди адыгэ лъэпкъыр дуней псом зэрыщикъухьарщ . Аращ ди темэм къик1ри-«Къуэпсхэр мажэри жыжьэ къыщок1». Нобэ ди мурадщ ди лъэпкъэгъухэм я псэук1эм, хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм я псэук1эм мащ1эу щыгъуазэ зытщ1ыну.

Ди лэжьыгъэм и пэщ1эдзэу сыхуейт « Амикс» гупым ящыщ Хъусин Анзор игъэзащ1эу зы уэрэд фезгъэдэ1уэну. « Хэхэсу куэдрэ псэуну? »

Егъэджак1уэ: Сыту п1эрэ мы уэрэдыр зытеухуар?

Еджак1уэ: Мы уэрэдым къыхощыж пасэ зэманым ек1уэк1а Кавказ зауэр, а зэманым зауэм ди лъэпкъыр хамэ щ1ып1э куэдым зэрыщрикъухьарщ .

Егъэджак1уэ: Нт1э, мис мыпхуэдэ уэрэд, усэ куэд щы1эщ хамэщ1 щы1э ди адыгэхэм теухуауэ.Зэрыжыт1ащи, адыгэхэр къэрал куэдым щикъухьащ.Сыт хуэдэ къэралым щыпсэууэ п1эрэ ди лъэпкъэгъухэр .( кърабжэк1).Фэ мис иджыпсту , зэманым дек1ур л1ыф1щ жыхуа1эм хуэдэу фхузэф1ок1 фи лъэпкъэгъухэми, фи ныбжьэгъухэми запыфщ1эн , дэнэ щ1ып1э ар щымыпсэуами.

Девгъэплъыт дэри зыпытщ1эфмэ Испанием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм , къэдвгъащ1эт ахэм ятеухуа хъыбар, дык1элъывгъэплъыт ахэр щыпсэу щ1ып1эм и теплъэм .

Скайп общения

Егъэджак1уэ: Испанием дыщынэсак1э , фщ1эуэ п1эрэ ди лъэпкъэгъу гуэр абы щыпсэууэ?

Еджак1уэ: Доц1ыху ик1и дрогушхуэ Испанием щыпсэу сурэтыщ1 К1ыщ Мухьэдин. К1ыщ Мухьэдин илъэс 70 зи ныбжь сурэтыщ1 1эзэщ . Жыжьэ жа ди къуэпсхэм ящыщ зыщ, сыту жып1эмэ ар щыпсэур Испаниерщ . Куэд щ1акъым Мухьэдин и лэжьыгъэм и гъэлъэгъуэныгъэ къэрал куэдым зэрыщек1уэк1рэ .

Егъэджак1уэ : Упсэу , пэж дыдэщ, К1ыщыр къэзмыц1ыху гъуэтыгъуейщ .Мис апхуэдэу ц1ыху ц1эры1уэ куэд щикъухьащ щ1ы хъурейм .Хэт къыджи1эа, адыгэ лъэпкъыр л1акъуэу дапщэ хъурэ ик1и сыт хуэдэ ахэр?

Еджак1уэ: Адыгэ лъэпкъыр л1акъуэу 12 дохъу.Ахэр:

  1. Къэбэрдейхэр

  2. Натыхъуейхэ

  3. Шапсыгъхэр

  4. Мэхъуэшэхэр

  5. Беслъэнейхэр

  6. Абазэхэхэр

  7. К1эмыргуейхэр

  8. Бжьэдыгъухэр

  9. Мамхэгъхэр

  10. Жэнэхэр

  11. Хьэтыкъуейхэр

  12. Убыххэр

Егъэджак1уэ: Упсэу хъарзынэу ущыгъуазэщ адыгэ л1акъуэхэм.Нт1э хэт абыхэм къытхутепсэлъыхьын ?

Еджак1уэ: Къэбэрдейхэр( к1эщ1у тепсэлъыхьын )

Егъэджак1уэ: Нт1э, мисс къэбэрдейм ижу Испанием жа ди къуэпсхэм тхуагъэхьэзыра теплъэгъуэм девгъэплъ иджыри зэ запыдвгъащ1и .

Скайп общ . ( Дагъэлъагъу ик1и къыджа1э Испанием и щ1ып1э дахэхэр )

Егъэджак1уэ: Хъарзынэщ, дахэщ сэ сызэреплъымк1э ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу щ1ыналъэр, ауэ адыгэ псалъэжьым сыт жи1эр:Хамэ хэку сыщытхъэ нэхърэ си хэкужь сыщыл1э, жа1э.

Девгъэплъыт адэк1э адрей ди лъэпкъэгъухэм ятеухуауэ сыт фщ1эрэ?

Еджак1уэ: Шапсыгъхэр:

Хъан –Джэрий Шэрджэсым теухуа и тхыгъэхэм» зэрыщитхымк1э, шапсыгъхэри,натыхъуейхэри, къэбэрдейхэри къызытехъук1ыжахэр 8-нэ л1эщ1ыгъуэм Кърымым къэбартэпсым деж щыпсэуащ.Иужьк1э Кърымыр къагъанэри, абыхэм Кавказ къуршхэмк1э къаунэт1ащ.

Тхыгъэхэм къызэрыхэщымк1э,» абазэхэхэм я гъунэгъу Упсэу, хъарзынэщ .Хэт адэк1э к1эщ1у ди лъэпкъхэм ящыщ дигу къигъэк1ыжын .

шапсо лъэпкъым езым и псэлъэк1э и1эжщ, абыхэм я деж к1уэ гъуэгур Кубаныр зи лъахэ К1эмыргуейхэм я щ1ым пхок1.

Егъэджак1уэ: Упсэу, хъарзынэщ .Хэт адэк1э к1эщ1у ди лъэпкъхэм ящыщ дигу къигъэк1ыжын .

Еджак1уэ: Натыхъуейхэр.

19-нэ л1эщ1ыгъуэм и япэ 1ыхьэм натыхъуейхэр адыгэ лъэпкъхэм бжыгъэк1э я нэхъ инхэм ящыщащ .Ахэр Анапэ щегъэжьауэ Жьыбгъэ(Джубга) нэсыху тенджыз ф1ыц1эм 1усащ.19-нэ л1эщ1ыгъуэм и япэ 1ыхьэм натыхъуейхэм я щ1ыналъэм лъэпкъ унафэр щызезыгъак1уэр хасэрт. Абы къыща1этырт нэхъ мыхьэнэ зи1э 1уэхухэр . Хасэм щащ1а унафэр ф1эк1ып1э имы1эу ягъэзэщ1эн хуейт .

Еджак1уэ: Абазэхэхэр.

К1уэк1уэ Жэмалдин и тхылъ «Адыгэ ( шэрджэс) ономастикэм ( щ1ып1эц1эхэм) я тхыдэр жыхуи1эм дыщрохьэл1э мы псалъэхэм: « Абазэхэ-Куржыпсыщхьэ щы1э лъагап1эщ » ; « Мамхэгъ – Адыгейм и Щоджэн районным щы1э къуажэщ . Щыт1ысауэ къалъытэр 1862 гъэращ . Абазэхэхэм ящыщу къэнар мащ1э дыдэщ , ахэр щопсэу Хьэкурынэхьэблэрэ Мамхэгъ жылэмрэ. А жылэхэр т1ысауэ щытащ 1862-1863 гъэхэм, Хуарэ псыр яку дэжу.

Егъэджак1уэ: Упсэу , адэк1э сыт хуэдэ жылэ ?

Еджак1уэ: Убыххэр .

Тенджыз Ф1ыц1э 1уфэм щыпсэуащ убыхк1э зэджэу щыта адыгэ лъэпкъ мыин . Ар щысащ Сочи къалэм и 1эгъуэблагъуэхэм. 1864 гъ. Кавказ зауэр иуха нэужь, убыххэр къэмынэ1ауэ Тыркум 1эпхъуащ. Убыххэм ятеухуауэ щы1эр тхыгъэ мащ1э дыдэщ, нэхъыбэуи зытеухуар убыхыбзэрщ .

Егъэджак1уэ: Упсэу , хъунщ .Ди жагъуэ зэрыхъущи Убых лъэпкъыр хэк1уэдэжащ, хэшыпсыхьыжащ. Абы я к1уэдык1э хъуар Шинкубэ Б. и « Жылак1э » романным ф1эк1 димы1эми тхурикъунт.Ауэ, иджыпсту сыхуейт зы пычыгъуэ ц1ык1у фезгъэплъыну убыхыбзэр зыщ1эж закъуэр Тафикъ Есэнч кърагъэблэгъауэ щытащ 1990 гъэм ди адыгэ хасэм .Дакъикъэ зыбжанэк1э щыгъуазэ зыхуэтщ1ынщ мы теплъэгъуэм .

Еджак1уэ: Хьэтыкъуейхэр.

Хьэтыкъуейхэр адыгэ нэхъ лъэпкъышхуэхэм ящыщащ .1835 гъ. Абыхэм я бжыгъэр 160-рэ хъууэ щытауэ хуагъэфащэ.Ауэ Урысей-Кавказ зауэр и к1эм щынэблэгъам-1858 гъэм зэрыхъужар мин 40-щ. Ахэр Псыжьрэ Щхьэгуащэрэ я зэхуаку дэсащ.Къухьэп1эмк1э бжьэдыгъухэр , къуэк1ып1эмк1э к1эмыргуейхэр абазэхэхэри къабгъурысащ.

Егъэджак1уэ: Бжьэдыгъухэмрэ к1эмыргуейхэмрэ я гугъу щытщ1ак1э дакъытеувы1энщ ахэм .

Еджак1уэ: Бжьэдыгъухэр.

Ижь-ижьыж лъандэрэ бжьэдыгъухэр хы Ф1ыц1эм и 1уфэм Туапсэрэ Шачэрэ я зэхуакум щыпсэуащ . Ахэр къэгъуэгурык1уащ т1ууэ гуэшауэ- хъымыщейхэмрэ чэчэнейхэмрэ. 17- нэ л1эщ1ыгъуэм и ет1уанэ 1ыхьэм бжьэдыгъухэм хы ф1ыц1э 1уфэр ябгынэри Кавказ къуршхэм ищхъэрэ лъэныкъуэмк1э щет1ысэхащ .

К1эмыргуейхэр.

1уэры1уатэм к1эмыргуейхэр къыхощ гупит1у гуэшауэ, зыр пщы Бэлэтокъуэ адрейр абы и къуэш Хьэтыкъуэ ейуэ щытауэ .

Жэнэхэр.

Жэнэхэр зэгуэр адыгэ лъэпкъхэм я нэхъ лъэщу щытащ . Ахэр я бжыгъэк1э адрей адыгэ лъэпкъхэм ебэк1 къудейтэкъым, ат1э я л1ыгъэк1и, я хахуагъэк1и япэ итт. Ахэр Псыжь и ижьырабгъу лъэныкъуэм щыпсэуащ , Къуэбл псым и щхьэ1уэк1э .


Беслъэнейхэр: Языныкъуэ адыгэ лъэпкъхэм я тхыдэр иджыри къыздэсым куууэ джа хъуакъым. Къухьэп1э Кавказым щыпсэу адрей адыгэ лъэпкъхэми хуэдэу, кърым хъаныгъуэм нэхъ епхауэ щытащ . Беслъэнейхэр к1эмыргуейхэм я гъунэгъуу щытащ, Псыжь 1уфэ 1усащ .Беслъэнейхэм зэпащ1эрт къухьэп1э , къуэк1ып1э лъэныкъуэхэмк1э щыпсэу адыгэ лъэпкъхэр .

Мэхъуэшэхэр.

Мэхъуэшэхэм я лъахэ мыиныр беслъэнейхэм япэмыжыжьэу къухьэп1э лъэныкъуэмк1э къилъщ.

Егъэджак1уэ: Мащ1эу и гугъу тщ1ыжами зэщ1эдгъэхьащ ди адыгэ л1акъуэхэм я хъыбар. Ахэр нэхъ убгъуауэ къызэрыфхутам и щыхьэтщ фи докладхэр .Нт1э фыщыгъуазэу п1эрэ фэ ди адыгэ лъэпкъым теухуауэ ди усак1уэф1хэм я къалэмыпэм къыщ1эк1а усэ купщ1аф1эхэр , дигу къэдвгъэгъэк1ыжыт.

Еджак1уэхэр усэ къоджэ .

Егъэджак1уэ: Нобэ фэрэ дэрэ къетхьэжьа лэжьыгъэхэм ящыщ зыщ адыгэ къуэпсу жыжьэ жа,ауэ зи щ1ыналъэм къэзыгъэзэжыфам и деж дызэреблэгъар .Ар адыгэ унэм дызэрыщы1арщ .Ди гуапэу фи пащхьэ къыдолъхьэ абы щедгъэк1уэк1а псалъэмакъым щыщ пычыгъуэ.

Урокым къыпкърык1ыу вывод дощ1ыж .

Ахэр зэрыхъур къебжэк1ын, тепсэлъыхьын , ет1уанэу Испание къэралъыгъуэм зыпыщ1эн .

  1. Убых лъэпкъым щыщу а бзэр зыщ1эж закъуэм дискыр къэгъэсэбэпурэ егъэплъын .

Дискым еплъа нэужь упщ1э я1эхэмк1э зэпсэлъэныгъэ егъэк1уэк1ын .

  1. Адыгэ лъэпкъыр зы хъужыным къыхуезыджэ усэхэр утыку къилъхьэн .

  2. «Адыгэ унэм »щытраха зэпсэлъэныгъэм егъэплъыжын .


IV. Урокыр къызэщ1экъуэжын .


Вывод щ1ын , урокым щ1эуэ къащ1амрэ, лъэпкъыр зы хъужын зэрыхуеймрэ къыхаха гупсысэр сэтей къэщ1ын .






Скачать

Рекомендуем курсы ПК и ППК для учителей

Вебинар для учителей

Свидетельство об участии БЕСПЛАТНО!