СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

"Ижь зэманым адыгэхэм я псэук1ар" Нэгумэ Шорэ.

Нажмите, чтобы узнать подробности

Просмотр содержимого документа
«"Ижь зэманым адыгэхэм я псэук1ар" Нэгумэ Шорэ.»

Нэгумэ Шорэ   «Ижь зэманым адыгэхэм я псэукlар» Зыгъэхьэзырар: адыгэбзэмрэ литерэтурэмкIэ егъэджакIуэ Мудрэн М.М. Нальшык 21-нэ еджап1э.  

Нэгумэ Шорэ «Ижь зэманым адыгэхэм я псэукlар»

Зыгъэхьэзырар: адыгэбзэмрэ литерэтурэмкIэ

егъэджакIуэ Мудрэн М.М.

Нальшык 21-нэ еджап1э.

Адыгэхэр я псэкlэ хьэлэлу, езыхэр акъылыфlэу, зэфlэгъэкl яlэу, бэшэчу щытащ.

Ижь зэман лъандэрэ адыгэхэр щlым телэжьыхьыу щытащ .

Адыгэхэм бжьэ зэрахуэрт, lэщхэр ягъэхъурт; псом хуэмыдэу шы лъэпкъыфl гъэхъуным гулъытэ нэхъыбэ хуащlырт.

Гъавэкlэ, lэщкlэ,щыгъынкlэ,нэгъуэщl хэпшыпхэмкlэ сату ящlу щытащ.

Цlыхухъум я щыгъынт-    бащлъыкъ, афэ, щlакlуэ, цей, лъей, гуэншэрыкъ, пыlэ, джэдыгу, къэптал пlащlэ зэгуэблэ.

Цlыхухъум я щыгъынт-

бащлъыкъ, афэ, щlакlуэ, цей, лъей, гуэншэрыкъ, пыlэ, джэдыгу, къэптал пlащlэ зэгуэблэ.

Цlыхубзым и щыгъыныр чэсейм е бозым къыхащlыкlа джанэ кlыхь, шылэ къэптал кlыхь зэгуэблэ игъусэу.

Хьэгъуэлlыгъуэм къыщагъэсэбэпу щытащ lэпэпшынэр, шыкlэпшынэр, кlапсэ пщыкlутl зытелъ пшынэ лъэпкъыгъуэр, накъырэр.

Адыгэхэр шууейт, емышыжхэу шым тесыфт, lэзэу аркъэн ядзырт. Ахэр шы жэрыжэм къелъэрт, шым зэрытесу lэлъын е ахъшэ къащтэрт; езыхэр lэщакlуэт, шабзэкlэ зэуам фlагъэкlыртэкъым.

 Адыгэхэр псэемыблэжу, лlыгъэшхуэрэ хахуагъэрэ яхэлъу щытащ. Абыхэм я lэщэ-фащэу щытащ: бжы дыкъуакъуэ, джатэ, шабзэ, токъумакъ. Зэрызахъумэж щыгъыну яlащ гъущl пыlэ, гъущl lэщхьэпылърэ бгъэlулърэ, мэlу хьэлъэ ин.

Я lэпкълъэпкъкlэ зэкlужхэу,щхьэпэлъагэхэу, лlы бжьыфlэхэу щытащ.

Адыгэхэм фыгъуэн-ижэныр яхэмылъу, ахэр хьэлэлу, гумащlэу щытащ.

Тхьэмыщкlэхэм ядэlэпыкъуныр щlыхь зыпылъ къалэну ябжырт.

Пасэ зэманым дэтхэнэ адыгэ унагъуэми иlэу щытащ хьэщlэщ. Ар ягъэувт пщlантlэм и къыдыхьэпlэм пэгъунэгъуу, щхьэхуэу, къабзэу зэлъыlухауэ, лей лъэпкъи щlэмылъу, ауэ дэтхэнэ цlыхуми зыгъэпсэхупlэ хуэхъуу.

Хьэщlэкlэ фlы а зэманым адыгэхэм хуэдэ зы лъэпкъи щыlакъым. Абыхэм я дежкlэ я бжэщхьэlум къебэкъуа гъуэгурыкlуэр псом нэхърэ нэхъ лъапlэт.

Скачать

Рекомендуем курсы ПК и ППК для учителей

Вебинар для учителей

Свидетельство об участии БЕСПЛАТНО!