СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Хабзэр 1эт, лъэпкъым къуэт!

Нажмите, чтобы узнать подробности

Просмотр содержимого документа
«Хабзэр 1эт, лъэпкъым къуэт!»

Темэ: Хабзэр 1эт, лъэпкъым къуэт!

Мурадыр:1.Хабзэр,нэмысыр,адыгагъэр,ц1ыхугъэр,пщ1эрщ1ыхьыр я 1эпэгъуу псэунхэу еджак1уэхэр къыхуеджэн;

2.Бзэм и къулеягъыр зэхегъэщ1эн, лъэпкъыр ф1ыуэ ялъагъуу,иригушхуэу къэгъэхъунымк1э гъэсэныгъэ лэжьыгъэ ядегъэк1уэк1ын;

3. Я бзэм зегъэужьын,я зэхэщ1ык1ым зегъэубгъун.

Езыгъэк1уэк1ым

Махуэф1к1э Тхьэр зыхуэупсэм насыпым и бжэр зэ1уех,1уэхуф1,1уэху щхьэпэ щаублэм пэублэ псалъэр хъуэхъум и жьант1эщи,хъуэхъуф1 зылъысын Тхьэм фищ1!
Уафэр къабзэу,щхъуант1эу
щ1ылъэр псомк1и гуак1уэу
мы дунейм тет макъхэр
ц1ыхухэм я щ1эщыгъуэу
къуалэбзу уэрэдхэр 
ди щ1ылъэм итыну
дунеишхуэм и ц1ыхубэм
псалъэмакъыу къа1урык1ым
дыгъэ нур хэлъыну
нэмыплъ ц1ыхубэм зрамыту
гужьгъэжьгъхэр яку дэмылъу
хабзэр я1этрэ лъэпкъым къуэтхэу,
нэмыс ящ1рэ я щ1ыхьыр ину...дэ абык1э дохъуахъуэ!

Езыгъэк1уэк1ым

-Ф1эхъус апщий, пщ1э зыхуэтщ1 адэ-анэхэ,

Псэм и щ1асэу ди хьэщ1э лъап1эхэ

1эзэрэ щыпкъэу ди егъэджак1уэхэ

Дыгъэ-щыгъэу ди еджак1уэхэ

Нобэ дыарэзыуэ фыкъыдогъэблагъэ

Ди жьэгу пащхьэм.

Ц1ыху гъэсэныр сыт щыгъуи адыгэхэм 1уэхушхуэу, щ1ыхь зыпылъ 1уэхуу, ялъытэр. Дэ ди къалэнщ лъэпкъым къыхэхъуэ дэтхэнэ сабийми ц1ыху нэс къыхэтщ1ык1ыну. Ц1ыхум гъащ1эм щиубыдыну увып1эр елъытащ абы игъуэта гъэсэныгъэм.

Адыгагъэ, ц1ыхугъэ, адыгэ напэ, ек1у, емык1у жыхуэт1эхэр ф1ыуэ зэхащ1ык1ыу, я щхьэм пщ1э хуащ1ыжыфрэ загъэлъэп1эфу, я адэ-анэм, я лъэпкъым хуагъэфащэ хъунумрэ мыхъунумрэ зэхагъэк1ыфу ди сабийхэр къэгъэтэджыныр адэ-анэхэми, егъэджак1уэхэми – дэтхэнэ балигъми ди къалэн нэхъыщхьэщ.

Псэ къабзэр, гу щабэр, пэжыгъэр ц1ыхум бгъэдэлъмэ сыт хуэдэ насып гъащ1эм хуигъэфащэрэ ахэр зыбгъэдэлъ ц1ыхум?

Гу зэрылъыттащи, дэ нобэ дытепсэлъыхьынущ хабзэм, пщ1эм, нэмысым, адыгагъэм, адэ-анэм, анэшхуэ-адэшхуэм , нэхъыжьым ягъуэтын хуей пщ1эм, нэмысым.


Адыгэ хабзэм къызэщ1иубыдэ дэтхэнэ зы 1уэхугъуэми езым и лъабжьэ, и къежьап1э и1эжщ. Адыгэ хабзэр къызэрыгуэк1 1уэху ц1ык1укъым.

Ар дигу къегъэк1ыж Шэджыхьэщ1э Хьэмыщэ «Хабзэ» зыф1ища усэм.

1


1 еджак1уэ Хабзэ.

Хабзэращ ц1ыхум хьэл-щэн дахэ хэзылъхьар,

Уэ зыращ ц1ыхум лъэпкъ и напэ зыф1ищар.

Хабзэращ лъэпкъым и жьэгупащхьэр зыгъэблар,

Нэхъыжьыф1хэм я 1ущагъ мык1уэщ1ыр зыхъумар.


Хабзэращ дадэр гъуазэ дахэу зрик1уар,

А зыращ щ1алэм дамэ лъэщу къыхихар,

Хабзэращ пщащэр ди утыкум къизышар,

Уэрщ, уэращ лъэпкъым уэрэд гуапэ щ1ыхишар.


Хабзэращ пасэм и фэеплъу къигъэнар,

Хабзэращ нобэ нэмыс ди1эр къэзыхьар,

Уэ зыращ, Хабзэ, ди къэк1уэнур зыпытщ1ар,

Уэрщ, уэращ лъэпкъым и нэмысыр зы1этар.

Езыгъэк1уэк1ым

- Ди хабзэм и фащэ нэхъыф1, нэхъапэ дыдэхэм ящыщщ адыгагъэмрэ адыгэ нэмысымрэ 1ыгъыныр, гъэзэщ1эныр.

Ягъэзэщ1эфу п1эрэ мы нобэ къытхуэк1уа еджак1уэхэм а хабзэхэр.

Сценкэ(еджак1уэхэм ягъэзащ1эу)

Л1ыжь гуэр тыкуэным щы1ауэ, сумкэ хьэлъэр и1ыгъыу къэк1уэжырт

Абы къек1иящ школым къик1ыж щ1алэ ц1ык1ур:

-Дадэ, дадэ, сыхьэт дапщэ хъуа?

Л1ыжьым и хьэлъэр игъэуващ, сыхьэтым еплъри жи1ащ: «Сыхьэтыр т1у хъуащ, си щ1алэ». Щ1алэ ц1ык1ум зыри жимы1эу 1ужыжащ.

Сыт хуэдэ мыхъумыщ1агъэхэр ищ1а щ1алэ ц1ык1ум?

Сыт ищ1эн хуеяр щ1алэ ц1ык1ум?

Сыт хуэдэ адыгэ хабзэ епхьэл1э хъуну мы 1уэхугъуэм?

Езыгъэк1уэк1ым


Адыгэ япэк1э к1уэ Нэхъыжь зэи к1элъыджэркъым. Ат1э лъэщ1охьэ, и сэмэгурабгъур зрагъэгъуэт, ф1эхъус ирахри, ит1анэщ щеупщ1ыр.


Нэхъыжь зымыгъэлъап1эр щхьэ лъап1э ихуэкъым,же1эр адыгэм.Мы псалъэжь 1ущым щ1элъыр аращи,нэхъыжьым пщ1э хуэзымыщ1ым адыгэхэм зэи фэ ираплъу щытакъым. Нэхъыжьым и унафэм къару здимы1э,абы и псалъэ здыземык1уэ унагъуэм ноби-щ1алэ унэ джэдэщ-хужа1эр..Ауэ жа1ауэ къыщ1эк1ынкъым нэхъыжьыр бгъэлъап1эмэ,уи щхьэр лъап1э хъунщ,жоуэ. Си гуапэу псалъэ естыну сыхуейт пщ1э ин зи1э,унагъуэ лъащ1эр быдэу зэтезы1ыгъэ,хабзэгъэлъэагъуэу пэжыр зи гъуазэ,ф1ык1э жылэм зи ц1э къра1уэ ди нэхъыжьыф1 ветеранхэм я советым и лэжьак1уэ ……



-Адэк1э фезгъэдэ1уэну сыхуейт Мамхэгъ Рае итха «Адыгагъэ» зыф1ища усэм. Адыгагъэм и дахагъэр, и къабзагъэр, и 1эдэбагъыр къызыхэщ сатырхэм фык1элъыплъ.

Еджак1уэ 2

Ц1ыхур ц1ыхум зэхищ1ык1ым

Щыгуф1ык1ыу игъэгушхуэм,

Игъэпэжым, игъэлъап1эм –

Псоми дощ1эр – ар ц1ыхугъэщ,

Нэгъэсауэ адыгагъэщ.


Адыгагъэр – ар дахагъэщ,

Адыгагъэр – ар къабзагъэщ.

Адыгагъэр – ар пэжыгъэщ,

Губзыгъагъэщ, щэныф1агъэщ.


Адыгагъэр ди адыгэм

Къыдалъхуауэ къыдок1уэк1ыр.

Адыгэпсэм ар и фащэщ,

Адыгэбзэм ар и щэнщ.


Нэхъыжьыф1хэу дади, нани,

Гуащи, щауи, пщащэ ц1ык1уи –

Псори, псори зыгъэдахэр,

Зыгъэбжьыф1эр адыгагъэрщ.


Я гуф1эгъуэхэр къэзы1этыр,

Я гугъехьыр зыгъэпсынщ1эр,

Ныбжьэгъугъэр къуэшыныгъэм

Тек1уэжауэ зыгъэбыдэр

Я ц1ыху щ1ык1эу – адыгагъэрщ.


Адыгагъэр бэшэчыгъэщ,

1эдэбагъщ, 1эсагъэщ, л1ыгъэщ.

Адыгагъэр – ар къарущ.

Адыгагъэр – ар ф1эл1ык1щ.


Адыгагъэр адыгэм и фэщ,

Адыгагъэр адыгэм ипкъщ,

Псэри, бзэри адыгагъэщ зейр,

Адыгагъэр адэм и псэщ…

Псэр хэк1ыжмэ ,къэнэжыр сыт.

Езыгъэк1уэк1ым 3.

Адыгагъэ, адыгэ хабзэ, адыгэ нэмыс. Ахэр лъэпкъым и лъэп1эныгъэщ, и набдзэщ, ди гъащ1эм и купщ1эщ. Ижь – ижьыж лъандэрэ а лъэп1эныгъэхэр ди лъэпкъым къыдогъуэгурык1уэ.

Къыдгуро1уэ, адыгэ хабзэ дахэхэр нэмысым, ц1ыхугъэм, л1ыгъэм, пэжыгъэм къыгуэх имы1эу епхауэ.


Иджыпсту дедэ1уэнщ «Адыгэ нэмыс» уэрэдым.(Еджак1уэхэм ягъэзащ1эу)


- Адыгэ бзылъхугъэм и дахагъэр, акъылыф1агъыр, и щэныф1агъыр куэд щ1ауэ гу зылъатэ тхыдэм хэтлъагъуэ 1уэхугъуэщ.

-Ауэ и дахагъэм и закъуэкъым адыгэ бзылъхугъэр ц1эры1уэ зыщ1ар. Нобэр къыздэсым адыгэ бзылъхугъэр сыт хуэдэ 1уэху хьэлъэ гъащ1эм бгъэдимыгъэувами пщ1э и1эу, акъыл бгъэдэлъу бэшэчу къыхэк1ащ.

-Нобэрей адыгэ ц1ыхубзыр ц1ыху лэжьак1уэщ, егъэджак1уэщ, дохутырщ, тхак1уэщ. А псом щынэмыщ1а, ахэр гъащ1эм и къежьап1эщ – ахэр анэщ.

еджак1уэ 3


Тхьэшхуэм и 1эужьу жа1э мы дунейр

Ауэ Тхьэм и Тхьэжу анэрщ ф1ыщ1эр зейр

Анэм и 1эмырщ дунейр зыгъэпсар

Анэм и хьэтырщ дыгъэр къыщ1епсар

Гуауэу игъэвахэрщ бгыжьхэр щ1эбэгар

Гу1э нэпс дыджыжьхэрщ хыжьхэр из зыщ1ар

Анэ гуф1э нэпсхэрщ псынэу къыпхитхъар

Дунейр дэщ1эращ1эу уэшхыу къытхуэнар

Анэрщ мыфыгъуэжу гъащ1эр къизышар

И псэрщ мыухыжу гуапэ зыгуэшар

Анэм и нэмысырщ напэ къыщ1эхъуар

Анэм и улыджырщ щхьэщэ къыщ1ежьар

Езыгъэк1уэк1ым


-Зы усак1уи щы1эу къыщ1эк1ынкъым анэм теухуауэ тхыгъэ имы1эу. Ирехъу ар усэ, хъыбар, рассказ. Ди еджак1уэхэми анэхэмрэ анэшхуэхэмрэ папщ1э ятха тхыгъэхэм иджыпсту щыгъуазэ дащ1ынщ. Дэтхэнэми и гум анэмрэ анэшхуэмрэ теухуауэ илъыр къыщыгъэлъэгъуащ а лэжьыгъэхэм.(Еджак1уищ-пл1ы я тхыгъэхэм къоджэ).

-Адыгагъэ,адыгэ хабзэ,нэмыс,1улыдж зыхэлъ дэтхэнэми пщ1э хуищ1у щытын хуейщ езым къыдалъхуа бзэм, и анэбзэм.Сыту жып1эмэ,бзэм и псалъэ дэтхэнэми хэпщауэ щытщ гур зыгъэгуф1э,дахагъэ 1уэхугъуэхэр уэзыгъэлэжь,ф1ым укъыхуезыджэ налъэхэр. Бзэм къаруушхуэ и1эщ щ1эблэм и гъэсэныгъэм и лъэныкъуэк1э.Тхыбзэ къабзэу уи пащхьэ къыралъхьа 1уэхугъуэм нэхэр нэхъ жану егъаплъэ,зэхэщ1ык1ыр нэхъ къабзэ,куу ещ1.Мы 1уэхугъуэр ф1ыуэ къызыгуры1уэ ик1и зэхэзыщ1ык1 ц1ыхубз гуащ1аф1эщ ди еджап1э библиотекэм и лэжьак1уэ К1уэк1уэ Заринэ,къуажэм библиотекэм и лэжьак1уэ ……. ,Псынэдахэ библиотекэм и лэжьак1уэ …... Тхыбзэм къигъэщ1 дунейм,бзэм и къулеягъэ псоми я щэхухэр ди пащхьэ къизылъхьэ ц1ыхубз гуащ1аф1эхэщ мыхэр.



-Дэтхэнэ анэми и гур гу щабэщ, гу махэщ. Анэу щы1эм яхь я гъащ1эр быным теубгъуауэ. Абы теухуауэ феда1уэ усэ.


еджак1уэ 4 «Анэ».

Гъащ1эр ехь и быным тегужьеик1ауэ

Жьыр къепщамэ ф1ощ1 ирихьэжьэн

Къытехъуам уэлбанэ унэм ар щ1эк1ауэ

Псыдзэм ихьын ф1эщ1уу къыпежьэнщ

Химыгъыхьэ жэщым, химыгъыхьэ щ1ы1эм

Ф1ощ1ыр псоми зыгуэр къращ1эн

Дыгъэ закъуэрщ анэм дзыхь зыхуищ1уу щы1эр

А т1ум зэщхьщи аращ я хьэл-щэн.


Езыгъэк1уэк1ым.

-Иджыпсту фи пащхьэ итлъхьэну теплъэгъуэри зытеухуар анэр быным тегужьеик1ауэ и псэр абы щхьэк1э хуэтыну зэрыщытырщ. Феплъ «Анэр нэм хуэдэщ» теплъэгъуэм. (Сценкэ)



-Дэтхэнэ зы лъэпкъми я усэр къызэралъытэр абы и и нагъыракъым, ат1э абы ц1ыху гъащ1эм щищ1эфырщ. Анэм теухуа усэхэм сыт гъащ1эм щащ1эфыр? Къыпхуебжэк1ынкъым ар, ат1э дедэ1уэнщ къык1элъык1уэ усэм.

еджак1уэ5 « Анэм и нэпсыр».

Анэм и1эт къуит1 зэт1олъхуэныкъуэу

Т1уми зы быдзышэ хужь ягъуэтт

Я гущащхьэм щхьэщыст тещхьэукъуэу

Яжри1эр зы гущэ уэрэдт

Адэ лъахэм бийр къыщебгъэрык1уэм

Алъп зырызым къуит1ыр егъэшэс

Зыр л1ыхъужьу л1ащ,- къэк1уащ щыхьэк1уэ

Адрейр гухьащ бийм – хъуащ нэжэс

Анэм нэпсыр имыщ1 ныкъуэ-ныкъуэ

Зэрыщыту л1ыхъужьым лъегъэс

Щ1исык1ами и нит1р нэпс шыугъэм

Къуэ нэхъыщ1эм лъымыса нэпс тк1уэпс.

Езыгъэк1уэк1ым

КЪуажэ къэс езыр зэрыгушхуэ,ф1ыуэ щы1эр зи гуэгъу,псоми щапхъэ яхуэхъу ц1ыху и1эжщ. Дауик1 ,пщ1эрэ щ1ыхьрэ къэзылэжьа ц1ыхум и дунейм ущыхьэщ1эныр куэд и уасэщ,апхуэдэм и зы дэтхэнэ псалъэри уахътыншэщ,дыгъэм и бзий тепсащ.Апхуэдэ ц1ыхухэм я ф1ыщ1эк1эщ нобэрей жьапщэм хабзэри,нэмысри иримыхьэжьауэ зэтезы1ыгъэр. Унагъуэ лъащ1эм и лъэр быдэу зэтра1ыгъэ къудейкъым абыхэм,ат1э ахэр лъэпкъым и еф1эк1уэным,и пщэдейм ,абы и дунейм щ1огупсыс.Ди къуажэми апхуэдэ ц1ыху щэджащэхэр и куэдщ.Нобэ ди хьэтыр къилъагъури ди зэ1ущ1эм къеблэгъащ къуажэм зи ф1ыц1эр щы1уа,пщ1э ин зи1э,къуажэ ветеранхэм я советым и тхьэмадэ ик1и ц1ыху зэп1эзэрыт ………



-Гъащ1эм уэрэдым увып1эшхуэм щеубыд, абыхэм я пщ1эр зы1этыр, я мыхьэнэр зыгъэлъап1эр гъащ1эм и пэжыр къэзэри1уатэрщ. Адыгэ уэрэдыр здынэмысрэ зи щхьэфэ имы1эбэрэ гъуэтыгъуейщ. Феда1уэ Нэхущ Чэрим и уэрэд «Мамэ ».

Езыгъэк1уэк1ым


- Нобэ усэу зэхэфхахэр гущ1ыхьэу щытщ, ауэ ахэм псоми укъыхураджэ анэм хуи1эн хуей гумащ1агъым, 1эф1агъым, хуабагъым, дахагъым.


-Адыгэ хабзэм хохьэ, адыгэ къафэри. Тэмэму, нэмыс пхэлъу утыку уитыныр.

Лъэпкъ къафэхэр мыхьэнэшхуэ зи1э къэхъукъащ1эщ.Ахэр лъэпкъым и къек1уэк1ык1ар къэзыгъэлъагъуэщ,щэнхабзэ и лъэныкъуэк1э лъэпкъым и фэеплъщ.Ар ф1ыуэ зыщ1э ик1и къызыгуры1уэ ц1ыхубз гуащ1аф1эщ къуажэ дом культурэм и худож.руководитель …...Сабийхэм яригъащ1э къафэхэмк1э болъагъур ар хабзэгъэлъагъуэу зэрыщытыр.Адыгэ къафэ!Ар лъыр зыгъэжанщ,ц1ыхур зыгъэдахэщ,хьэл-щэн дахэр , ди лъэпкъым и 1эдэбагъыр,и щэныф1агъыр на1уэ къэзыщ1щ.


Адыгэ къафэ, адыгэ къафэ

Адыгэм псэ и1эм и1эр уэращ.

Адыгэ щ1ылъэ, адыгэ уафэ

Жи1эм АлиМ жезыгъы1эр уэращ

Уэ уи макъамэу дуней гъэдахэм

Щ1эдэ1ум и псэм зэуэ зехъуэж.

Гуауэм и1ыгъыу зигу хъуар махэ

Гуф1эгъуэ 1эпл1эм занщ1эу йохуэж.

6

(КЪАФЭ)еджак1уэхэм ягъэзащ1эу

Езыгъэк1уэк1ым

- 1уэху гуэр къыкъуэк1рэ чэнджэщэн хуей хъуамэ

Псалъэжьхэр ц1ыхум занщ1эу игу къок1ыж

Ф1ыгъуалъэм илъым хуэдэу аращ щ1ахъумэр. Щ1эхъуари арщ лъэпкъ гъащ1эм хэмык1ыж

Л1эщ1ыгъуэ куэдхэм къагъэщ1а 1ущыгъэ

Яхэлъщ абыхэм, хъуауэ гъэунэхуа

Ц1ыху къэдзыхам халъхьэж псалъэжьхэм л1ыгъэ

Хуохъу щ1эгъэкъуэн, зыгуэр бэлыхь хэхуам.



Еджак1уэхэр

- Анэр нэщи, адэр лъэпкъщ.

-Зи 1уэ ит нэхърэ зи щхьэ ит.

-Нэхъыжь и чэнджэщ дыщэ и уасэщ.

- Уда1уэмэ, ушущи, умыда1уэмэ, улъэсщ.

-Чэнджащэ щыуэркъым.

-Анэр зыгъэлъап1эр бынщи, быныр зыгъэдахэр къабзагъэщ.

-Анэм и гур быным хэлъщи, быным и гур щ1ыбым дэлъщ.

-Л1ыгъэ щ1ап1э л1ы ик1уадэркъым.

-1ущыр щэ мэчэнджащэ.

-Л1ыгъэр 1ыхьэ мыгуэшщ.

-Псэр щэи напэр къэщэху.

Езыгъэк1уэк1ым


-Мы иужьрей псалъэжьыр къыздежьар иджыпсту фэдгъэлъэгъуэну теплъэгъуэр къызытетщ1ык1а балладэр аращ. «Ц1ыху напэ»-аращ балладэм и ц1эр. Феплъ теплъэгъуэм.(Сценкэ)





Езыгъэк1уэк1ым - Ц1ыхур зэрыц1ыхур ищ1эжын щхьэк1э и хабзэм, и напэм, и лъэпкъым егупсысын хуейщ, и адэ-анэр игъэпэжу, абы яхуэфащэу, Нэхъыжьым пщ1э хуащ1у дунейм тетын хуейщ. Теплъэгъуэм къызэрыщыхэщым хуэдэу.

- Ди зэ1ущ1эр и к1эм ноблагъэ.Дэтхэнэ зы 1уэхугъуэми лъабжьэ хуэхъуам хъуэхъу хужа1эж. Дэри ди гуапэу, гуми псэми къабгъэдэк1ыу дыхуейщ нобэ кърихьэл1а псоми хъуэхъук1э зыфхуэдгъэзэну.

7

еджак1уэ 6

Гъащ1ибл зыгъэщ1эн

Пщ1э зыхуэфщ1ыр нэхъыжьу

Фи нэхъыжьхэр губзыгъэу

Флъэк1ыр влэжьу, фытхъэжу,

Гущ1эгъуншэ фхэмыту,

Фызэкъуэту, ф1ым фыхущ1экъуу

Пщ1э зэхуви1эу, ф1ым и гъуэгум фытету

Фызыхуей гъуэгухэр хэфшыфу

Фызыхуейм фи 1эр лъэ1эсу

Хъуэныр фи мащ1эу

Дзы къыфф1амыщу

Адыгэ нэмысым дэбжьыф1эу

Ди балигъхэр акъылыф1эу

Л1ыф1щ хужа1эу ди сабийхэр насыпыф1эу

Ди хъыджэбзыр щ1ык1афэу

Ди щ1алэф1хэр л1ы хахуэу

Ди 1уэху дэнэ ямыщ1у

«1уэху щ1эн» жа1эм, къэжанхэу

Нанэ жи1эм еда1уэу

Дадэ жи1эр я гуапэу

Пэрытыныр я хьэлу

1энэм щысым тхьэмадэф1у

Хьэсэм хэтым гуащ1аф1эу

Я нэмысыр лъагэу я насыпыр куууэ

Я акъылыр хурикъуу

Тхьэм фытхуигъэпсэу.

еджак1уэ 7

Дядэжьхэр жьант1эм къыдэсу

Дянэжьхэр п1эку хуабэм къису

Сабийхэр таурыхъ щ1эдэ1уу

Нэхъыжь жи1эр ди гъуэгу гъуэмылэу

Ди жьэгужь маф1э къыщыблэу

Бланэу щ1эблэ къытщ1эхъуу

Хъуэхъуф1хэр ди гъащ1э 1усу

Дызэ1усэм псэ къыхэдгъак1эу

Ди к1эныр сыт щыгъуи къик1ыу

К1ыгуугур нэхъ къытхуэмыджэу 8

Къыдэджэр ди ныбжьэгъуф1хэу

Къытхуэк1уэр ди ц1ыхугъэф1хэу

Ф1ыгъуэм ахэр къадэк1уэу

Нак1уэ къак1уэ зэик1 дыщымыщ1эу.

еджак1уэ 8

Щ1акхъуэр ди 1энэм телъу

Ди 1энлъэр лык1э гъэнщ1ауэ

Хьэщ1э къытхуэк1уэм дгъэтхъэжу

Тхъэгъуэу гъащ1эр етхьэк1ыу

Щ1эмычэу псапэ тхуэлэжьу

Лэжьыгъэм бжьыпэр щыт1ыгъыу

Жагъуэгъу тхужи1эр пхымык1ыу

Лъэпкъ 1уэху дэтхыну тхулъэк1ыу

Къэк1ыр сыт щыгъуи ди жылэу

Жылэр мамыру дыпсэууэ

Лъыгъажэ лъэпкъ дыхэмыту

Утыку ихьэфхэм дащыщу

Ди 1уэхухэр сытк1и зэпэщу

Пашэм дахэт зэпыту

Дыгъэр ди щхьэгум иту

Дыпсэуну дохъуахъуэ.

Езыгъэк1уэк1ым


Еф1эк1уэну ц1ыхуу хъуам я гъащ1эр

Тшхыни тщ1эни унагъуэм щыдгъуэту

Темык1ыу ди 1энэм берычэтыр

Щ1алэгъуалэр лэжьыгъэ 1энат1эм пэрыту

Хабзэр, бзэр , нэмысыр яхъумэну

Ди щэн хабзи 1эщ1ыб ямыщ1ыну

Жьыщхьэмахуэу нэхъыжьхэр псэуну

Зы сабии зеиншэ мыхъуну

Ди псхэри ди псэхэри къабзэну

Ер зигу илъым и лъри жэбзэну

Нэпс къек1уэнур нэм гуф1эгъуэ нэпсу

Зэмыбийуэ ц1ыхухэр зэнэзэпсэу

Зэдэпсэухэм яку пэжыгъэ дэлъу

Щыпсэуну псори мы ди щ1ылъэм

Зылъысын дищ1ыну Тхьэм и хъуэхъур

Мис абык1э псоми дывохъуэхъур. 9


Къафэ



Тхьэр арэзы къыфхухъу!!!




Скачать

Рекомендуем курсы ПК и ППК для учителей

Вебинар для учителей

Свидетельство об участии БЕСПЛАТНО!