СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Мероприятие ко Дню родного(кабардино-черкесского) языка

Нажмите, чтобы узнать подробности

Просмотр содержимого документа
«Мероприятие ко Дню родного(кабардино-черкесского) языка»

Хасэ бзэм теухуауэ

«Зи бзэр зымыщ1эж щхьэщытхъу» таурыхъыр.

Макъамэм щ1эту:

Ав: Ижь – ижьыж лъандэрэ, хабзэ зэрыхъуауэ, адыгэхэм хасэ ящ1т.

Зэгуэр адыгэбзэм теухуауэ мэз псэущхьэ ц1ык1ухэри хасэм щызэхэт1ысхьат. Дапщэщи хуэдэу, хасэм и тхьэмадэр Аслъэн пщацэжьырт.

Аслъэн: Си унафэм щ1эт хьэк1экхъуэк1эхэ! Хасэр дыублэнщ, адыгэбзэм и пщ1эр т1этынщ. Ар лъэпкъым и бзэщ. Бзэр псэуху, лъэпкъри псэущ. Абы папщ1э дэтхэнэ зыми и бзэр ихъумэжын хуейщ, ирипсэлъэн хуейщ, зригъэужьын иригъэф1эк1уэн хуейщ. Аращи, псалъэ фызот.

Мыщэжь: Адыгэбзэр дунейм щынэхъ бзэ нэхъыжь дыдэхэм хабжэ. Адыгэбзэк1э мэпсалъэ шэрджэсхэр, къэбэрдейхэр, адыгейхэр. Ахэр псори зы лъэпкъщ, я бзэри зыщ.

Бажэжь ц1ык1у: Адыгэбзэр бзэ дахэ дыдэщ. Ущ1эдэ1умэ, удехьэх, псэк1э зыхыбощ1э, узы1эпешэ, бзу бзэрабзэм ещхьщ.

К1эпхъ: Си нэу адыгэбзэ,

Си псэу адыгэбзэ!

Уэ сыбощ1 лъэпкъыпсэ,

Уэ сыбощ1 Хэкупсэ!

Гуапэу си анэбзэ,

Гуапэу си анэбзэ!

Уэрэд бзур къохъуапсэу

Ену тхуэбзэрабзэ!


Тхьэк1умэк1ыхь: Сыт мыбы жа1эхэр? Сэ фыкъыздэплъейт! Сэ щапхъэ стефх! Иджыри къэс зыкъывэзгъэщ1акъым, сэ зи бзэ сымыщ1э псэущхьэ мы дунейшхуэм теткъым.

А: Мыдэ, назэжь Ц1ык1у1!

Т: Сыт, зиусхьэн дыщэ? Сынода1уэ, зи узыгъуэр к1уэдын!

А: Ди мэзым щ1эс псоми я бзэхэр зэрыпщ1эм икъук1э срогуф1э. Ауэ, Назэжь ц1ык1у,

Уэ уи бзэр уи, уи анэдэлъхубзэр пщ1эжу п1эрэ?

Тхь. Хьэ-хьэ-хьэхь! Сыт сэ си бзэр зэрызэбгъэщ1ынур? Си бзэм Мэзк1ыхькъалэ унигъэсынукъым. Абы сытк1э сыхуей? 1ух аддэ, 1ухи банэ схутеп1э!

Ав: Ар щызэхихым Аслъэн пщацэжьыр гъуэхъуащ

(Гъуахъуэ макъ)

Аслъэн: Си унафэм щ1эт псэущхьэхэ! Нобэ сыл1эу щытми мыр уэсяту къыфхузогъанэ: зи бзэр зэзымыпэсыжым и лъэпкъыр игъэпэжынукъым, зи лъэпкъыр зымыгъэпэжыр щалъхуа щ1ып1эми епц1ыжынущ ! Ауэ щыхъук1э, апхуэдэ дунейм тебгъэт хъунукъым!

Ав: Тхь шынащ, уеблэмэ мэубзэрабзэ.

Тхь: Зиусхьэн! Зи щ1ыхьыр лъагэ! Сэ иджыри къэс сщ1акъым анэдэлъхубзэм апхуэдэ нэмыс хуэщ1ын хуейуэ. Мы зэм къысхуэгъэгъу, си зиусхьэн лъап1э. Ет1уанэ ди хасэм си бзэр къабзабзэу сщ1эуэ сыкъыфхуэк1уэну псалъэ фызот!. Сыщыуащ къысхуэвгъэгъу мы зэзакъуэм!

А: (и щхьэр щ1еупск1эри)Си унафэм щ1этхэ! 1уэхум дауэ феплърэ! Мы зым хуэдгъгъун?

Псоми: (зэплъыжхэу защ1)Хуэдгъэгъунщ.

Ав: Тхьэк1умэк1ыхь назэм и псалъэр игъэпэжыжащ. Ар и анэдэлъхубзэмк1э псалъэу ет1уанэ хасэм къек1уэк1ащ.

(псори къоувыжхэри) макъамэ щ1эту:

Псоми: «Анэдэлъхубзэр лъэпкъым и псэщ».

«Зи бзэ зымыщ1эж лъэпкъыр хэк1уэдэжащ».








Езыгъэк1уэк1ым

Махуэф1к1э Тхьэр зыхуэупсэм насыпым и бжэр зэ1уех,

1уэхуф1,1уэху щхьэпэ щаублэм

пэублэ псалъэр хъуэхъум и жьант1эщи,

хъуэхъуф1 зылъысын Тхьэм фищ1!
Уафэр къабзэу,щхъуант1эу
щ1ылъэр псомк1и гуак1уэу
мы дунейм тет макъхэр
ц1ыхухэм я щ1эщыгъуэу
къуалэбзу уэрэдхэр 
ди щ1ылъэм итыну
дунеишхуэм и ц1ыхубэм
псалъэмакъыу къа1урык1ым
дыгъэ нур хэлъыну
нэмыплъ ц1ыхубэм зрамыту
гужьгъэжьгъхэр яку дэмылъу
хабзэр я1этрэ лъэпкъым къуэтхэу,
нэмыс ящ1рэ я щ1ыхьыр ину...дэ абык1э дохъуахъуэ!

Езыгъэк1уэк1ым

-Ф1эхъус апщий, псэм и щ1асэу ди хьэщ1э лъап1эхэ, 1эзэрэ щыпкъэу ди егъэджак1уэхэ,дыгъэ-щыгъэу ди еджак1уэхэ,нобэ ди гапэу фыкъыдогъэблагъэ адыгэбзэм , ди анэдэлъхубзэм и махуэ лъап1эм теухуауэ ди еджап1эм щек1уэк1ынуадыгэбзэм теухуа гъэлъэгъуэныгъэм фыкъыдогъэблагъэ.


Езыгъэк1уэк1ым:

Анэдэлъхубзэм хуэдэу игъэлъап1э хъугъуэф1ыгъуэ къыдэгъуэгурык1уэркъым ц1ыхум. Аращ, псом япэу зы лъэпкъыр адрей лъэпкъхэм къащхьэщызыгъэк1ыр. И анэдэлъхубзэр имы1эжмэ, лъэпкъыр хэк1уэдэжауэ плъытэ хъунущ – абы шэч хэлъкъым.


  1. И лъащ1э дыдэм нэмыплъысыфами,

Мы дуней гъащ1эм куууэ хэплъэфа,

Ц1ыху ц1ык1ум т1у зэхуэдэу зи псэр щ1а хэмытми,
Ц1ыхупсэм и хьэл-щэныр зыц1ыхуа,

1ейм къыпик1ухьу, дахэм хэщыпыхьу,

Гуапагъэ куэдк1э гъащ1эм хуэхъуэпса,

Ц1ыхугъэ дахэр, ек1ур и нэщэнэу,

Ц1ыху зэхэтык1эр зыубзыхуфа,

Пэжыгъэм, л1ыгъэм псэ къабзагъэр къуэту,

Зи гъащ1э 1ыхьэр ек1уу зыхьыфа,

Куэд дыдэ мыхъуми, лъэпкъыр ягъэлъэпкъыу,

Зэгуэр адыгэм къуэ зэрыди1ар-

шэчыншэу ещ1 ди ф1эщ ди адгэбзэм,

ди псалъэ 1ущхэу нобэ къытхуэсам.



  1. Уи бзэр бзууэ п1эщ1эк1амэ.

К1элъылъати, къэпхъуэтэж,

Ар уи щ1эблэм 1урыпчамэ,

Къэт1и мащэ, ит1ысхьэж.





  1. Си анэдэлъхубзэ, си лъэпкъыбзэ,

Анэбзэу си псэм къеузэрабзэ,

Хэт и бзэ сэрк1э нэхъ щэбэн?

Нэхъ къехуэбыл1э псэм згъуэтын?

1ущагък1и хэт къыппэлъэщын?!

Уэрыншэу сыт схузэф1эк1ын?!

Уэрыншэу сыпсэун слъэк1ын?!

Си адыгэбзэу си псэм и псэ,

Лъэпкъ гъащ1эм лъык1э ухэпщ1ащ.

Псэр псори псэщ, бзэр псори бзэщ.

Анэдэлъхубзэр щхьэ нэхъ лей?!

-Щ1агъыбзэ щ1элъу къыда1уэк1ыу,

Зэпхыжа1ык1ыу къыддок1уэк1.

Зэхамыщ1ык1ыу къик1 мыгъуагъэр,

Къэзыщтэ псэк1э дэ къытхок1:

Анэбзэр быным деж щыхамэу…

Лъэпкъ фащэм, щэным зыщадзейуэ,

Адыгэ мащ1эм…-мащ1э тхэт?!

Ит1ани бжыхьым ды1ухьакъым.

Мы зэк1э Тхьэшхуэр ещхьщ къытщысхь:

Утхуихъумащ ди гъащ1э гъуджэу,

Ди гъащ1э тхыдэу уегъэпсэу.

Лъэбакъуэу лъэпкъым щ1ым щичар-

Налкъутналмэсу уи фэм хэсу.

Ди дэрэжэгъуэр ноби уэрщ.

Уэращ ди лъэпкъым и нэвагъуэр.

Уэ утхуэблэхук1э, ди1эщ лъэпкъ.

Лъэпкъ къыткъуэтыхук1э дэ дыц1ыхущ.


  1. «Адыгэбзэм унигъэскъым Къалэк1ыхьым…

Адыгэбзэ мыгъуэм сыт и махуэ!»…

Илъэ минк1и ар жа1энщ. Сэ схуэмыхьыр-

Унэм сыщ1игъэк1ыркъым улахуэм…

Нэгъуэщ1 лъахэ сымык1уэф сэ зыплъыхьак1уэ,-

Гу хьэлэлу лажьэм и шым димышыф…

Адыгэбзэм нэхърэ щы1экъым нэхъ гуак1уэ,

Уэ ухуейм зэгъащ1э хамэм и «хъыф-шыф».

Пэжщ, хамэбзэ пщ1энри- ари гурыхуагъэщ,

Къыпхуэхъунщ сэбэпи утетыху дунейм,

Ауэ гъэлъэгъуэф уэ 1уэхук1э уи хахуагъэр,-

Гъэпсэуф къулейуэ псэк1э Къэбэрдейр,

Фабрикэ-заводхэр жылэхэм щыухуэ,

Гу хьэлэлу лажьэр и фэм игъэтыж,

Къулыкъушхуэ п1ыгъмэ, уи щхьэ 1уэху зумыхуэ,

Лъэпкъми – уемыдыгъуэу – къилэжьар етыж.

Ядэплъей лъэпкъ инхэу зи бзэр зыхъумэжхэм,

Зи щ1эныгъэ – хутэр хьэршым хыхьэжам.

Къэралыгъуэ лъэщри ахэм щ1аухуэжри,

Я бзэ зэреджэжырщ, - хэт хущ1егъуэжар?

«Адыгэбзэр жыжьэ нэскъым…» - жып1эххэну

Сыту ар делагъэ, си адыгэ къуэш,

Тетщ ар и гъуэгу захуэм, мыхъуххэн п1эхэнэ,

Ек1уу, дахэу, 1эзэу тесщи ар хуарэш! (Борсэ Арианэ)

  1. (Шорэ Каринэ) Си анэдэлъхубзэ


Си анэдэлъхубзэу си псэ,

Си анэдэлъхубзэу си нэ,

Щхьэ ущымы1ужрэ къабзэу

Нобэ уэ адыгэ унэм?

Си анэдэлъхубзэу дахэ

Си анэдэлъхубзэу пагэ,

Зэгуэр ди адэжьхэр уэрти

Дуней псом язэрыхэтыр!

Си анэдэлъхубзэу гупэ,

Си анэдэлъхубзэу гуащ1э,

Уи бын пэжхэр щ1ым гуп-гупу

Щызэбгыридзакъэ гъащ1эм.

Мащ1эр хъурэ гуащ1эмащ1э?

Мащ1эр хэк1уэдэжрэ занщ1эу?

Си анэдэлъхубзэу щыпкъэ,

Уэ ущхьэщыхьакъым нэпкъым!

Си анэдэлъхубзэу нахуэ,

Си анэдэлъхубзэу хахуэ,

Зы шу закъуэу щытми, нартыр

Пэувыфти и дзэм чынтым.

Си анэдэлъхубзэу уардэ,

Си анэдэлъхубзэу быдэ,

К1уэщ1ыр пэжмэ уэ уи л1гъэр,

Ар дэращ зи хуэмыхугъэр.

Си анэдэлъхубзэу си псэ,

Си анэдэлъхубзэу си нэ,

Щхьэ ущымы1ужрэ къабзэу

Нобэ уэ адыгэ унэм?

И тхылъ т1эк1ухэр пхуэхъуу мащэ

Уехыжауэ дунейм къищ1эм,

Си анэдэлъхубзэу хъыжьэ,

Тхак1уэр уэ уи сын мывэжькъэ!

Ямыпсыхьу къэна куэпкъырщ

Сосрыкъуэ и1ар л1ап1эу.

Си анэдэлъхубзэу лъап1э,

Уэ ул1эжмэ-л1эжащ лъэпкъыр!


  1. (Маремщауэ Инал) Си адыгэбзэ. Абыт1э В.

Псэм и жагъуэу хэт жи1эну

Дунейм и нэхугъэр?

Сэ узи1эщ гъащ1э 1энэу,

Лъэпкъым и уэздыгъэ.

Адыгэбзэр пц1ыхуу щытмэ,

Бзухэм уопсэлъэф.

Жэщу мэзым ущ1эхуами,

Ухъукъым къаплъэнэф.

Псынэ ц1ык1ури

Пхуэдэу, си лъэпкъыбзэ,

Мэшк1урыжыр.

Жыгри удзри мэдаущыр,

Уи 1ук1эм ещхьыбзэу.

Емык1у гуэрым ухуэзамэ,

Уегъэшэщ1 гупсысэр.

Гъэф1эн псалъэк1э убейщи,

Уодэхащ1э нысэу.

Сэ лъэпкъ куэдым къахэк1ауэ

Си1эщ ныбжьэгъубэ,

Урысыбзэм къуэш ищ1ауэ

Си бзэр егъэхуабэ.

Сыт жызмы1эми гухэлъхэр

Къожьэ адыгэбзэу,

Ныдок1уэк1ыр гъащ1э дыгъэу

Си лъэпкъым и хабзэм.

Сэ хьэуа сымыгъуэтыжмэ,

Сыухынущ гъащ1эр.

С1урылъ си бзэр щхьэм ик1ыжмэ,

Сэ сыт1ол1э къабзэщ.



Скачать

Рекомендуем курсы ПК и ППК для учителей

Вебинар для учителей

Свидетельство об участии БЕСПЛАТНО!