СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Шоджэнц1ык1у Алий «Щ1ымахуэ жэщ» поэмэр.

Нажмите, чтобы узнать подробности

Мурадхэр:

  1. Щоджэнц1ык1ум и творчествэм нэхъ куууэ  щыгъэгъуэзэн;   поэмэм къыщыгъэлъэгъуа  лъэхъэнэр убзыхун,   къэрал псо  е абы ис ц1ыхухэр зэуэну хуэмейуэ 1эмалыншагъэк1э зауэ мышум хэша зэрыхъум щыгъэгъуэзэн, тхыгъэм къыщыгъэлъэгъуа тхьэмыщк1агъэ хьэлъэм и щхьэусыгъуэр къагурыгъэ1уэн; поэмэм и бзэмрэ и гъэпсык1эмрэ и1э щхьэхуэныгъэхэр убзыхун; я бзэм зегъэужьын.
  2. Сабийхэм гущ1эгъу, гулъытэ, шы1эныгъэ яхэлъу, зэхэщ1ык1 я кум дэлъу  щытыным къыхуеджэн.
  3. Еджак1уэ ц1ык1ухэр гуп лэжьэк1эм, зэдзыл1ауэ зэгъусэу лажьэу егъэсэн; информацэм зыхуей къыхахыу, ар зрагъапщэу анализ ящ1ыфу егъэсэ.

Просмотр содержимого документа
«Шоджэнц1ык1у Алий «Щ1ымахуэ жэщ» поэмэр.»

Темэ: Шоджэнц1ык1у Алий «Щ1ымахуэ жэщ» поэмэр.

Мурадхэр:

  1. Щоджэнц1ык1ум и творчествэм нэхъ куууэ щыгъэгъуэзэн; поэмэм къыщыгъэлъэгъуа лъэхъэнэр убзыхун, къэрал псо е абы ис ц1ыхухэр зэуэну хуэмейуэ 1эмалыншагъэк1э зауэ мышум хэша зэрыхъум щыгъэгъуэзэн, тхыгъэм къыщыгъэлъэгъуа тхьэмыщк1агъэ хьэлъэм и щхьэусыгъуэр къагурыгъэ1уэн; поэмэм и бзэмрэ и гъэпсык1эмрэ и1э щхьэхуэныгъэхэр убзыхун; я бзэм зегъэужьын.

  2. Сабийхэм гущ1эгъу, гулъытэ, шы1эныгъэ яхэлъу, зэхэщ1ык1 я кум дэлъу щытыным къыхуеджэн.

  3. Еджак1уэ ц1ык1ухэр гуп лэжьэк1эм, зэдзыл1ауэ зэгъусэу лажьэу егъэсэн; информацэм зыхуей къыхахыу, ар зрагъапщэу анализ ящ1ыфу егъасэ.



Усыгъэм и дакъикъэ . (Сабийхэр ягъэхьэзыра усэ сатырхэм къоджэ)


Усэ къарук1э бийр бгъэсу

Лъагъуэ насыпым хуэпщ1ат,

Уигу щыплъэм уи 1эр нэмысу

Хэщ1ап1э дэнэ щыпщ1а?

К1.А.

Уи гъащ1эр мащ1эу щытами,

Мык1уэдыжынхэр уи тхылъщ,

Ажалыр уэрк1э п1эщ1ами,

Ц1ыхубэм я гум ухэлъщ.

Щ. С.

Нобэ Алий тхэмытыжми,

Псоми ди гум 1эф1у илъщ.

Къигъэнауэ и лэжьыгъэр

Усак1уэшхуэм и фэеплъщ.

Гъу. Хъу.


Егъ. Ц1ык1ухэ, хэту п1эрэ мы усэ сатырхэр зыхуаусар (мы усэ сатырхэр зыхуаусар дэ псоми ф1ыуэ тлъагъу усак1уэ щэджащэ Щоджэнц1ык1у Алийщ)

Егъ. Аращи ди лэжьыгъэр идогъажьэ, ди к1эн джэгум къыщ1ыдодзэ, хэт нэхъ вагъуэ нэхъыбэ къихьми и к1эн къик1ауэ къыдолъытэ. (« Зи к1эн къик1ахэр» джэгук1эр)

  1. Упщ1эр - Иджырей адыгэ усыгъэм и лъабжьэр зыгъэт1ылъа, ди литературэм и зэхэублак1уэ , зи лъэпкъ культурэр лъагэу зы1эта усак1уэ.

  2. Упщ1эр - Щоджэнц1ык1у Алий дэнэ щ1ып1э ик1и дапщэщ къыщалъхуар?

  3. Упщ1эр - Щоджэнц1ык1ум и япэ усэр, ар щитха щ1ып1эр?

  4. Упщ1эр - лейр къэгъуэтын – рассказ, очерк, новеллэ, поэмэ?

  5. Упщ1эр – «Л1ыгъэм и дамыгъэ», «Щ1ымахуэ жэщ», «Нэху» поэмэхэм щыщу щоджэнц1ык1ум и1эдакъэщ1эк1ыр?

  6. француз псалъэм къыток1, абы «щ1ып1э», «хэку» жи1эу къик1ыу аращ. Тхак1уэхэм я художественнэ тхыгъэхэм куэдрэ къыщагъэсэбэп дунейм и щытык1эхэр щытепсэлъыхьу , къыщагъэлъагъуэу.

  7. Псэ зы1умытыр псэ зыпытым ещхьу къэгъэлъэгъуэным сыт зэреджэр?

  8. Алыдж псалъэщ, мыхьэнэ зэдзэк1а къик1ыу аращ. Ар поэтическэ троп л1эужьыгъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ: 1уэхугъуэ е щытык1э щхьэхуэр къэзыгъэлъагъуэ псалъэм и мыхьэнэр зэдзэк1ауэ къэхьауэ.

  9. 1уэры1уатэми тхак1уэхэм, усак1уэхэм я тхыгъэхэми ущрохьэл1э плъыфэ, щытык1э гуэрхэр къызэрыгуэк1ыу зэрыщымытыр къозыгъащ1э псалъэхэм. Сытк1э уеджэ хъуну абыхэм.

  10. Зытепсэлъыхь 1уэхугъуэр нэхъ на1уэ хъун папщ1э зы предметыр нэгъуэщ1 предметым хуигъадэмэ, иригъапщэмэ...


Егъ. Девгъэгупсысыт , урокым щек1уэк1ыну псалъэмакъыр зытеухуауэ щытынур сыту п1эрэ ? (Сэ сызэреплъымк1э, урокыр теухуауэ щытынущ Щоджэнц1ык1ум и лэжьыгъэм, абы и "Щ1ымахуэ жэщ" поэмэм)

Егъ. Сыт хуэдэ мурадхэр дгъэувыпхъэу къэфлъытэрэ?

- усак1уэм и творчествэм нэхъ куууэ зыщыдгъэгъуэзэну;

- тхыгъэм къыщыгъэлъэгуъа 1уэхугъуэр щек1уэк1 лъэхъэнэр дыубзыхуну;

- гъэсэныгъэ –ущииныгъэ мыхьэнэуэ тхыгъэм и1эр къэтлъытэну;

- и бзэмрэ и ухуэк1эмрэ дык1элъыплъыну.


Егъ. Сыт хуэдэ лъэхъэнэ къыщы1уэтэжа поэмэм, сыт хуэдэ 1уэхугъуэ ар зэпхауэ тхыдэм къыхэщыжыр? (20-нэ л1эщ1ыгъуэм и пэщ1эдзэм ек1уэк1а япэ дунепсо заурщ.)

Егъ. А зауэ гущ1эгъуншэм и тхыдэм к1эщ1у дыщигъэгъуэзэнщ Быдэ Карина (презентацэ щ1ыгъуу)

Едж. 1914-1918 гъэ пщ1ондэ ек1уэк1а империалист зауэр ц1ыху гъащ1эм къыщыхъуа нэхъ зауэ шынагъуэ дыдэхэм ящыщщ зыщ. Абы и зэхэублак1уэу щытар нэхъ къэрал хуэкъулейхэрщ – зы лъэныкъуэмк1кэ австро –германскэ къэралхэр (Австро –Венгрия, Италия , Германия ) - адрей лъэныкъуэмк1э Антантэр (Англия, Франция, Россия) . Тхыдэм къызэрыхэщыжымк1э, зауэм мулуанипщ1 хэк1уэдащ, мелуан тощ1ым нэс у1эгъэ хъуащ, мелуан зыбжанэ гъэру яубыдащ, зи к1уэдып1эр ямыщ1эхэри гъунэжщ – псори зэхэту мелун щэщ1рэ блым щ1егъу. Зауае бзаджэм щхьэусыгъуэ хуэхъуари зи гугъу тщ1а къэралхэм я мылъкумрэ я гъунапкъэхэмрэ хагъэхъуэн мурадырщ. Ауэ ди жагъуэ зэрыхъущи, я фейдэ лъэпкъ хэмылъми, а маф1э л1ыгъейм я щхьэ хэзылъхьар ц1ыху къызэрыгуэк1хэрщ. Мы 1уэхугъуэхэрщ «Щ1ымахуэ жэщ» поэмэм лъабжьэ хуэхъуари.

Егъ. Карина зи гъугъу ищ1а 1уэхугъуэр сыт хуэдэ щ1ык1эк1э ди пащхьэ кърилъхьэрэ усак1уэм?

Едж. «Щ1ымахуэ жэщ» поэмэм зауи бани хэткъым, ауэ абы пэжу, гукъинэжу къыщыгьэлъэгъуэжащ зэрыпхъуак1уэ зауэм лэжьак1уэбэм къахуишэ гуауэ мыухыжыр.

Абы и щапхъэу усак1уэ къехь зы унагъуэ тхьэмыщк1эм гугъуехьрэ бэлыхьу ишэчар: зи щхьэгъусэр зауэм хэк1уэда, зи сабий закъуэр шхын щхьэк1э зыф1эл1э анэ тхьэмыщк1эмрэ сабиигъуэм и 1эф1ыр зыхэзмыщ1эу дунейм ехыжа щ1алэ ц1ык1умрэ.

Егъ. Усак1уэр зытепсэлъыхь зэмэныр нэгъэсауэ ди нэгу къыщ1эувэн папщ1э сыт хуэдэ 1эмал абы къигъэсэбэпыр?

Едж. Поэмэм и къыщ1эдзап1эм пейзажым мыхьэнэшхуэ щеубыд. Дунейм и щытык1эм псэ гузэвэгъуэм ухедзэ, адэк1э кърик1уэнур зэрымы1уэху мыщхьэпэм ухуегъэхьэзыр, уегъэнэщхъей, ит1ани узы1эпешэ, къэхъунум упегъаплъэ.


П.п Жэщ губжьащи, жьы зэпихум

Бадзэ хужьыр крехьэк1,

Къуак1и тафи къимыгъанэу

Джэбын хужьыр кърешэк1.- мы псалъэхэм, шэч хэмылъу, уагъэгузавэ, а борэным ф1ы къызэримыхьынум дыхуегъэхьэзыр, адэк1э къэхъунум дыхуопащ1э.



Егъ. Хэт иджыри къигъуэтын абы и щапхъэ?

Едж. Щыхьэр гъунэу къуажэ ц1ык1ум

Пшагъуэм джанэ зыхуищ1ат,

Хьэ пщ1эу макъи щымы1эжу

Даущыншэт, хэжеят.- Мыбдежым дунейми а унагъуэ тхьэмыщк1эм зыкъыдищ1 хуэдэщ: гукъыдэжыншэщ, щымщ, щ1ы1эщ, жагъуэщ, гурыф1ыгъуэ гуэри щыплъагъуркъым.



Едж. Ауэ пхъашэщ щ1ымахуэжьыр-

Дыгъужь нэщ1ау, къыжьэхопхъэ ...



Я уэрамхэр лъэужьыншэу

Уэсым псори исеят,

Уни,жыги щ1ым щхьэ хуащ1у

Хьэщхьэтеуэм дэгъуэлъат... - Хьэщхьэтеуэм дэгъуэлъа жыгхэм хуэдэу, фыз тхьэмыщк1эми и щхьэр къыхуэ1этыркъым, 1эмалыншэщ, ек1уэл1эпэншэщ, и сабий закъуэм хуищ1эфы1акъым.



Егъ. Поэмэм и сюжетыр к1эщ1у ик1и гуры1уэгъуэу къэт1уэтэжын папщ1э гупищу гуэшауэ лэжьыгъэ зырыз дгъэзэщ1эн хуеящ: тхыгъэр 1ыхьищу зэпыудауэ иллюстрацэ хуэщ1ын, тепсэлъыхьын.

1 гуп - Зи л1ыр зауэм хэк1уда фыз тхьэмыщк1эмрэ абы и къуэ закъуэмрэ я псэук1эр.

2 гуп - Анэ тхьэмыщк1эр пащтыхьыжьхэм я деж лъэ1уак1уэ мак1уэ.

3 гуп - Анэм и щхьэцыр ищэри бэзэр шхын къищэхуауэ къэк1уэжащ, ауэ "къуэр дияуэ" кърохьэл1эж.



Егъ. Хэт сымэ дыщрихьэл1эрэ мы поэмэм? (Анэм, щ1алэ ц1ык1ум - къуэм, пащтыхьыжьхэм)



Егъ. Абыхэм я образхэр убзыхуа хъунымк1э дэ1эпыкъуэгъу къытхуэхъунущ фи пащхьэ илъ карточкэхэр.

1 гуп - анэр зыгъэбелджылы псалъэхэр

2 гуп - щ1алэ ц1ык1ур

3 гуп - пащтыхьыжьхэр. (кластер ящ1ыжри абык1э зыкъапщытэж)



Егъ. Зэдвэгъапщэт ц1ык1ухэ- унэ пхашэм -унэ нэхухэм, абджыпс унэм, дуней хьэлъэ - жэнэт псынэ, гуф1э пшынэ, нэгъуэщ1хэри. Сыт къыхэфхын мы псалъэхэм? - а зэманым ек1уэк1а зэхуэмыдэныгъэр, хуэкъулейхэм тхьэмыщк1эр ираудыхыу, ц1ыхум хамыбжэу зэрыщытарщ.

Егъ. Сыт хуэдэ псалъэжьхэр къыхуэтхь хъуну? (Изрэ ныкъуэрэ зэрыщ1эрэ?... Щхьэ къуийм и лажьэр щхьэ псом ищ1эркъым...)

Егъ. Хьэлэмэту зэхэухуэнащ поэмэр зэрытха бзэмрэ абы и ухуэк1эмрэ. Сыт гу зылъыфтар абы фыкъыщеджэм ? (Тхыгъэм куэду ущрохьэл1э тропхэм, псалъэ шэрыуэхэм, псалъэжьхэм)

Егъ. Дэтхэнэ зыми фи пащхьэ илъщ таблицэ зырыз, а лэжьыгъэр т1урыт1у зэдзыл1ауэ дгъэзэщ1энущ.



Щапхъэхэр

Тропхэр

Жьэщ губжьащи, жьы зэпихум..

эпитет

Бадзэ хужьыр кърехьэк1...

метафорэ

Джэбын хужьыр кърешэк1...

зэгъэпщэныгъэ

Унэ нэхухэм шыщ1эж фадэр...

эпитет

...щ1ымахуэжьыр - дыгъужь нэщ1ауэ...

метафорэ

И жыхафэм жьыр щыджэгуу...

эпитет

Анэ нэщ1ым и гущ1эгъурщ...

къэгъэпсэуныгъэ

Нэпс щ1агъэжу анэ гъурхэр...

зэгъэпщэныгъэ

Щ1ак1уэ хуэдэу, щхьэц ф1ыц1эшхуэр...

къэкъэпсэуныгъэ

Унэ пхашэм ар щогуф1э....

зэгъэпщэныгъэ

(Лэжьыгъэхэр зэрахъуэк1ри къапщытэ - зыкъапщытэж)



Егъ.Фэри гу зэрылъыфтащи, ц1ык1ухэ, поэмэр бзэ дахэ, бзэ шэрыуэк1э тхащ. Абы зэ нэхъ мыхъуми еджам си ф1эщ хъуркъым зэи и гум ихуну. Апхуэдэ тхылъеджэхэм ящыщ зыщ епщ1анэ классы и еджак1уэ Тенджыз Бертэ. Ар гук1э къыфхуеджэнущ поэмэм щыщ пычыгъуэ.(Макъамэ щ1эту)

Егъ. Мыбдежым тхак1уэм «уздыгъэ» псалъэм мыхьэнэшхуэ хилъхьауэ къысщохъу. Ауэ уэздыгъэ къудейкъым абы унк1ыф1ар, ат1э анэ тхьэмыщк1эм, сабий зи псэугъуэм, ц1ыху къызэрыгуэк1ым и гугъэ псори лъэлъэжащ жыхуи1эщ.

Егъ. Щхьэгъусэ зи гъащ1эр пащтыхьхэм щхьэузыхь хуэзыщ1ар, анэ тхьэмыщк1э дэ1эпыкъуэгъуншэр, сабий зеиншэ мэжэщ1ал1эр, къулейсызыгъэр, гузэвэгъуэр, гуауэ мыухыжыр - сыт а псор къэзышэр? (Шэч хэмылъу,зауэрщ.)

Егъ. Ди зэманым дэнэ щ1ып1э зауэ щек1уэк1ыу фщ1эрэ? (Украинэм, Сирием...)

Ц1ыху ц1ык1ур дунейм къызэрытехъуэрэ зауэр йок1уэк1. Сыт ар къызыхэк1ыр? Дэнэ зауэр къыщежьэрэ? Хэт зи фейдэ хэлъыр? Сыт абы щхьэусыгъуэ хуэхъур? Ц1ыхур мыпсэуфыну п1эрэ зауэншэу? - иджыри къыздэсым а упщ1эхэм я жэуап нэсыр зыми къыхуэгъуэтакъым. Ауэ, ц1ык1ухэ, дэтхэхнэ зы ц1ыхуми езыр зрик1уэну гъуэгур къыхехыж, адыгэ псалъэжьым зэрыжи1эщи "Ф1ы пщ1амэ, ф1ы ухуэзэжынщ, е пщ1амэ, ем ухуэзэжынщ". Емрэ Ф1ымрэ зэхэдгъэк1ын папщ1э зауэ псалъэм антоним къыхуэвгъэхьыт - мамырыгъэ.

(Гупит1у гуэшауэ синквейн зэхалъэ - зауэ -мамырыгъэ)


Зауэ

Гущ1эгъуншэ, гуащ1э.

Мэныкъуакъуэ, мэзауэ, яук1.

Зауэм и к1эр хьэдагъэщ

Л1эныгъэ


Мамырыгъэ

Дахэ, щ1эращ1э

Дегъэгуф1э, дегъэгушхуэ, дохъумэ

Мамырыгъэм ц1ыхури добжьыф1э.

Гъащ1э.

Егъ. Сыт -т1э ц1ык1ухэ къыхэтхынур?(Гъащ1э)

Егъ. Мамыру дыпсэун папщ1э сыт хуэдэ хьэ - щэнхэм дыхуэныкъуэ: гущ1эгъу, гулъытэ, зэхэщ1ык1, щы1эныгъэ, зэгуры1уэ....

Егъ. Ди урокым и к1эухыу сыхуейт Нало Ахьмэдхъан и литературнэ л1ыхъужь К1эрэф Залымджэрий и псалъэхэр къыфхуэсхьыну:

«...Ц1ыхум пщ1э и1эн хуейщ зэрыц1ыху къудейм щхьэк1э, ауэ утхьэмыщк1эу уи щ1ыхьыр хъумэжыгъуейщ. Къулейуэ, лъэщу, тепщэу куэд къызэтенэркъым и п1э итыжу, зыкъыф1эмыщ1ыжу, лей зэрихьэну хуемыжьэу. Укъарууншэрэ уц1ык1уу, уи пщ1э пхъумэжыфыныр ар насыпышхуэщ! Ауэ ар алыхьым уафэм къридзыхыркъым - къэзэун хуейщ...»

Сэ сыхуейт фэ фщыщ дэтхэнэ зыри къулейуэ, лъэщу, узыншэу фыпсэуну, ауэ лей зевмыхьэу, ц1ыху сэфэтым фимык1ыу фыпсэуну.

Рефлексия - щ1эныгъэм ибгыщхьэ.

Оценкэ гъэувын

Унэ лэжьыгъэ етын: сочиненэм зыхуэгъэхьэзырын " "Щ1ымахуэ жэщ" поэмэм блэк1а зэманыр къызэрыхэщыр."



































Скачать

Рекомендуем курсы ПК и ППК для учителей

Вебинар для учителей

Свидетельство об участии БЕСПЛАТНО!