СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Урок-зэ1уха.Классщ1ыб еджэныгъэ.Е 10-нэ класс.Къаныкъуэ Анфисэ и "Си нэм ис" новеллэр.

Нажмите, чтобы узнать подробности

 Е 10-нэ классым щ1эс еджак1уэхэм классщ1ыб еджэныгъэу я1а дерсым и ек1уэк1ык1ар утыку ислъхьэу аращ.Тхыгъэр зытхар Къаныкъуэ Анфисэщ.

Просмотр содержимого документа
«Урок-зэ1уха.Классщ1ыб еджэныгъэ.Е 10-нэ класс.Къаныкъуэ Анфисэ и "Си нэм ис" новеллэр.»

Е10-нэ класс.

Темэр:Классщ1ыб еджэныгъэ.Къаныкъуэ Анфисэ и «Синэмис» новеллэр.

Мурадхэр:1.Новеллэр прозэм щыщ тхыгъэу зэрыщытыр убзыхун;

2. «Синэмис» тхыгъэр зытха Къаныкъуэ Анфисэ и гъащ1эр,творчествэр на1уэ щ1ын;

3.Тхыгъэр лъэныкъуэ зыбжанэк1э зэпкърыхын:

а) хабзэ-нэмысыр тхыгъэм къызэрыщыгъэлъэгъуар;

б) лъыщ1эжым и 1уэхур;

в) адэ-анэм бынхэм хуа1э лъагъуныгъэр;

г) ныбжьыщ1ит1ым яку къыдэхъуэ гухэлъыр;

д) нобэрей зэманымрэ тхыгъэмрэ.

4.Еджак1уэхэм я бзэм зегъэужьынымк1э лэжьыгъэр егъэф1эк1уэн.



Къэгъэсэбэпыпхъэхэр:презентацэхэр къызэрагъэлъагъуэ проектор,макъамэхэр,пасэ зэманым къагъэсэбэпу щыта хьэпшыпхэр,сурэт зэращ1 къэрэндащхэр,напэ хужьхэр,компьютер.

Классщ1ыб еджэныгъэу «Синэмис» новеллэр къыщ1ыхэтхым и зы щхьэусыгъуэщ нобэрей еджак1уэр нэхъ зыдихьэх 1уэхугъуэхэм ящыщ зы-лъагъуныгъэр новеллэм и купщ1эу зэрыщытыр.Новеллэр тхьэмахуэм и к1уэц1к1э щ1аджык1. Тхыгъэм еджак1уэхэр зыхуиша гупсысэхэр урокым къыщызэщ1ыдокъуэжМыарэзыныгъэу я1эри на1уэ къэщ1ыпхъэщ зэджамк1э.Тегъэщ1ап1э щызэпкърытхк1э нэхъ тщ1ыр анэм быным хуи1э лъагъуныгъэрщ,лей,1ей тщ1э зэрымыхъунырщ,лъыщ1эжым ф1ы зыри къызэримыхьырщ.

Новеллэр зытха Къаныкъуэ Анфисэ и творческэ гъуэгуанэм щыгъуазэ зыхуащ1ыным папщ1э интернетым,газет-журналхэм итхэр яджыпхъэщ. «Синэмис» тхыгъэр къыщагъуэтыну тхылъхэр: «Къудамэщ1э»,Налшык «Эльбрус»,2009 гъэ.

Л1ыхъужьхэр:

Синэмис

Мамакъуэ

Гупсэ-анэ

Мэтджэрий-адэ

Жанхъуэт

Гъуэтыж

Айтэч

Дыжьын-ныбжьэгъу пщащэ

Хурирэт-джэшыдз

Хьэсбий-Мамыкъуэ и адэ

Аслъэнджэрий



Урокым и ек1уэк1ык1эр:

Пэублэ псалъэ.

Еджак1уэ:Махуэфк1э Тхьэр зыхуэупсэм,насыпым и бжэр зэ1уех.1уэхуф1,1уэху щхьэпэ щаублэм,пэублэ псалъэр сэламщи,сэламыр гуапэу фызох!

Еджак1уэхэ,ди урокыр щ1эддзэн и пэ къихуэу,сыхуейт теплъэгъуэ фи пащхьэ щагъэзэщ1энур хэзышэ сщ1ыну.

ТЕПЛЪЭГЪУЭ

Ныджэм жьы къыщепщэр нэхъ щIыIэтыIэт, Iэпкълъэпкъым едэхащIэт, тIэкIу щIыIэм уригъэст, ауэ псэм фIэIэфIт. Жьы къабзэр жьэдишэурэ, и бгъэм изу бауэу, тэлайкIэ щыта нэужь, гуэгуэным псы изу иригъахъуэри, и дамэм тригъэувэжащ. Зыкъыщигъазэм, щтэри, щIыбкIэ икIуэтыжащ – пщIыхькIэ къыхуэкIуэ щIалэр и пащхьэм къитт. ЩIалэм зимыгъэхъейуэ щытщ, къоплъри. Синэмиси и напIэр ехьэхауэ, ищIэнур имыщIэу йоплъых.

Щ1алэ:- Зы псы Iубыгъуэ сыгъэщIыт, дахэ! – жиIащ щIалэм макъ гъумкIэ. И макъым зримыгъэIэтыщами, унафэ узыфIэмыбэкъукIыфын къыхуащIа хуэдэ, и дамэм тет гуэгуэныр кърихьэхыжри, щIалэм хуишиящ. Мыдрейри къэIэбэри, зэрыжиIам хуэдэу, зы Iубыгъуэ ищIри псыр ирикIутыжщ, щIэуэ къригъахъуэжри, пщащэм иритыжащ:

Щ1алэ:- Псым хуэдэу уаулъагъу.

Пщащэ: - Уи хьэлэлщ!

Щ1алэ:- ЕмыкIу сыкъыумыщI, дахэ, зыгуэр бжесIэнут, - и щхьэр Iэтауэ, пагэу хъыджэбзым къыхуеплъыхащ щIалэр.

Синэмис и щхьэр ищIащ, «жыIэ» жыхуиIэу.

Щ1алэ:-Вэсэмахуи ноби узгъэщта си гугъэщ. Япэу дыщызэIущIам бланищ сещэкIуати, тIур къэзукIат, ауэ зыр сIэщIэкIати, гукъыдэж сиIэтэкъым. Нобэ гуэрым укъэзгъэщтащ.

Синэмис зыри жимыIэжыфу щытт, плъыжь хъуауэ.

Щ1алэ:- А псоми нэмыщIыж, си нэк1ум телъ дыркъуэм нэхъри уигъащтэу къысщохъу. СощIэ, дахэкъым, - жиIэри, бгъукIэ уващ, а «шынагъуэр» игъэпщкIу хуэдэ.

Пщащэ:- ЦIыхум и гъащIэри и нэкIури уIэгъэ защIэу щытми, и псэм и дахагъэмрэ и псалъэм и гуапагъэмрэ зихъуэжын хуейуэ къысщыхъуркъым. НэкIур Iэпкълъэпкъым щыщщ, абы телъыр тезылъхьар цIыхущ. Псэр плъагъунукъым, зыхэпщIэ мыхъумэ. Къозытар ди Тхьэрщ. КъызэрыслъытэмкIэ, псэр нэхъ лъапIэщ нэкIум телъым нэхърэ, - жиIащ Синэмис хуэму, зэхэщIыкIыгъуэу.

ЩIалэм апхуэдэ жэуап къратыжыну и гугъакъым, абы къыхэкIыуи тIэкIурэ жэуапыр зэригъэзахуэу щыта нэужь:

Щ1алэ: - Упсэу, Тхьэм и нэфIыр зыщыхуэн! Уи ныбжьым емылъытауэ угубзыгъэу укъыщIэкIащ, – жиIащ. - Уи цIэр сыт, дахэ?

Пщащэ: - Сэ си цIэр Синэмисщ.

Щ1алэ: - Си нэм ис, си нэм и плъапIэ, си гум имыкI жиIэура? – щIалэр пыгуфIыкIащ.

Апхуэдизу зыгъэщта нэщхъхэр зэхэмылъу илъагъуну хуейуэ и напIэр къиIэтащ Синэмис, мор пыгуфIыкIауэ къыщыщыхъум. Хъыджэбзым и нащхъуитIыр гъунэгъуу щIалэм щилъагъум, и гуфIэнри щигъэтыжарэ, пщащэм и дахагъэм итхьэкъуауэ къеплът, и нэхэр тримыгъэкIыу.

Щ1алэ: - Сэ си цIэр Мамыкъуэщ.

Синэмис и щхьэр ищIащ.

- Сыгуващ, сежьэжынщ, - жи1эри, пщащэр и анэм ещхьу, щабэу щIым теувэурэ, псыхъуэм дэкIыжащ.


Егъэджак1уэ:Мы фи пащхьэ щыгъэлъэгъуа теплъэгъуэр нобэрей ди урокым сытк1э епха?

Еджак1уэ:Мы теплъэгъуэ дызэплъар дэ классщ1ыб еджэныгъэу ди1ар арагъэнущ –«Синэмис» тхыгъэм щыщщ.

Егъэдж:Пэж дыдэщ. Нобэк1э ди псалъэмакъыр зытеухуа тхыгъэ «Синэмысым» щыщщ.Урокым и темэри аращ.Егъэджак1уэм темэр иретхэ доскам.

Егъэджак1уэ:Ат1э хэт къызжи1эн,хэм мы тхыгъэр зытхар?

Еджак1уэ:Тхыгъэр зытхар Къаныкъуэ Анфисэщ.

Егъэджак1уэ:Пэжщ дыдэщ.Тхыгъэр зытхар Къаныкъуэрщ.Дэтхэнэ зы тхыгъэри щатхк1э ар зы жыпхъэ гуэрым итщ.Мы тхыгъэр жанр и лъэныкъуэк1э сыт хуэдэ?

Еджак1уэ: Тхыгъэр жанр и лъэныкъуэк1э новеллэщ.

Егъэджак1уэ:Пэжщ.Новеллэщ.Ат1э хэт дигу къигъэк1ыжын новеллэк1э зэджэр?

Еджак1уэ:Новеллэр прозэм щыщщ,хъыбарыщ1э жи1эу аращ.

Егъэджак1уэ:Жып1ам сыхуейт дыщ1ызгъужыну.Феплъыт псори слайдым:

Новеллэ-итальяныбзэм хэт novella псалъэм къытек1уащ,прозэм и жанр нэхъ ц1ык1ухэм ящыщщ, «щ1э», «хъыбарыщ1э» мыхьэнэхэр и1эщ.

Егъэджак1уэ:Мы слайдым къыщыхьа псалъэу –итальяныбзэр сыт хуэдэ бзэ гупым хыхьэрэ?

Еджак1уэ:Итальяныбзэр романыбзэ гупым хохьэ .

Егъэджак1уэ:Пэжщ,дунейм бзэ куэд щы1эщ.Мы зи гугъу тщ1а бзэри ИНДРЕВРОПЕЙ бзэ гупым щыщщ.

Егъэджак1уэ: Ат1э «Синэмис» тхыгъэр сыт хуэдэ бзэк1э тха?

Еджак1уэ: «Синэмисыр» адыгэбзэк1э тхащ.

Егъэджак1уэ:Пэжщ,ар адыгэбзэк1э тхащ.Мыбдеж щ1эс псоми я анэбзэщ.Сыхуейт фи анэбзэмк1э тхыгъэм к1эщ1у фыкъысхутепсэлъыхьыжамэ.Хэт гукъыдэж и1э?

Еджак1уэ: «Синэмис» тхыгъэр теухуащ Синэмис хъыджэбзымрэ абы и унагъуэмрэ.Синэмис и анэ Гупсэ къуищрэ зыпхъурэ и1эщ.Пасэу зи щхьэгъусэр зыщхьэук1риек1а анэм и бынхэм тегужьеик1ауэ ип1ащ.Ахэр хабзэ-нэмысым ипкъ итк1эщ зэрип1ар.Синэмыс ф1ыуэ елъагъу и адэр зыук1а Хьэсбий и къуэ Мамыкъуэ.Гупсэ и къуищым нэхъыщ1э Айтэч у1эгъэ ещ1 Хьэсбий.Лъыщ1эжым ипкъ итк1э,Мамыкъуэ Жанхъуэтрэ Гуъэтыжрэ 1эщ1ок1уадэ.Абы и зэранк1эщ Айтэчи дунейм щ1ехыжыр.А псор къэзыщ1а Синэмис Мамыкъуэ иук1ыну яужь йохьэ.Ауэ ар имыук1ыурэ къамэр езым зыхехуэж.Мамыкъуи Синэмис и гъусэу маф1эм хесыхьэ.Гупсэ а къэхъуа къомыр хуэмышэчыжу дунейм йохыж.

Егъэджак1уэ:К1эщ1у укъытхутепсэлъыхьыжыщ тхыгъэм.Иджы упщ1э согъэув.Мы 1уэхугъуэ псори дэнэ деж къыщыхъуар?

Еджак1уэ:Тхыгъэр зытепсэлъыхьыр къыщыхъуар Лабэ псы 1уфэ и дежщ.

Еджак1уэ:Лабэ дэнэ щы1э?

Еджак1уэ:Лабэ псыр Краснодарым ищ1хэм щежэх псыщ.

Егъэджак1уэ:Слайдым феплъыт.Лабэ Адыгейм щежэх псыщ.

Егъэджак1уэ:Новеллэм и темэмрэ и гупсысэ нэхъыщхьэмрэ дывгъэубзыху.

Еджак1уэ:Тхыгъэм и темэр-Синэмисщ,гупсысэр,къызэрыслъытэмк1э,адэ-анэм быным хуа1э лъагъуныгъэм къищынэмыщ1ауэ,ныбжьыщ1ит1ым яку къыдэхъуэ гухэлъым я зыужьыныгъэр куэдым зэрепхарщ,нэхъ тэмэму жыс1энщи,насыпщ.

Егъэджак1уэ: Уи псалъэхэм къызэрыхэщащи,тхыгъэр зытеухуар насыпщ.Фэ фи дежк1э сыт насыпыр?

Еджак1уэхэм я жэуапым дода1уэ.

Егъэджак1уэ:Жыф1а дэтхэнэмк1и сыарэзыщ.Ауэ сыту п1эрэ Адыгэбзэм и псалъалъм а псалъэм и мыхьэнэуэ къибжыр?Хэт къыджи1эн?

НАСЫПЫР-АР АРЭЗЫНЫГЪЭШХУЭ БГЪУЭТАМ КЪЫУИТ ЩЫТЫК1ЭЩ.

Егъэджак1уэ:Урокыр щыщ1эздзэм псалъэ жыс1ахэми къыхощ насыпыр..Ф1эхъусыр сытми и щыпэщ,-жи1ащ пасэрейм.Адыгэ сэлам хык1эхэм къыхэщу п1эрэ сэламыр?

Еджак1уэ:Къыхощ,псалъэм папщ1э:

-Насып къыздихьауэ Тхьэм къыщ1игъэк1.

-Насыпыф1э ухъу.

-Насып тегъуатэ ухъу.

Егъэджак1уэ:Урысыбзэм мыпхуэдэ псалъэхэр дауэ къыхэщрэ?

Еджак1уэ:

-Да снизошлет нам счастье.

-Будь счастлив.

-Да будет счастье Вам.

Упщ1эхэр:1.Сыт хуэдэ псалъалъэ мыр?-Адыгэбзэ псалъалъэ,Москва,1999 гъэ.

2.Хэт сымэ я 1эдакъэщ1эк1?

3.Псалъэ дапщэ ит ?Мин 31.

Егъэджак1уэ:Бжыгъэхэм дыщыхуэк1уак1э,еджак1уэхэр гупит1у фызоугуэш.Япэ гупым фи упщ1эр-Синэмис зызэриук1ажамк1э сыарэзыщ.Сыт щхьэк1э жып1эмэ…

Е 2-нэ гупым:Синэмис зызэриу1кыжам щхьэк1э сыарэзыкъым.Сыт щхьэк1э жып1эмэ…

Еджак1уэхэм я псалъэмакъым дода1уэ.

Егъэджак1уэ:Синэмис сыт хуэдэу къыхэщрэ мы тхыгъэм?

Еджак1уэ:Тхыгъэм къызэрыхэщымк1э,Синэмис хъыджэбз зэк1ужщ,нэ къащхъуэ зи1эщ,хабзэ зыхэлъщ,куэди зэзымыпэсщ.

Егъэджак1уэ:Синэмис и теплъэр сурэту хэт ищ1ын?

Егъэджак1уэ:Дауэ къыфщыхъурэ ат1э Мамыкъуэ?

Еджак1уэ:Мамыкъуэ ц1ыхуит1 и хьэлым хэпщауэ щытщ.Зы лъэныкъуэк1э ар ц1ыхуук1щ,лей зезыхьэщ,гущ1эгъу зыхэмылъщ.Адрей лъэныкъуэк1э –ар ц1ыху теплъэ дахэ зи1эщ,хабзэр ф1ыуэ зыщ1эщ…

Егъэджак1уэ:Мамыкъуэ апхуэдэу щ1ыщытым сытыр и щхьэусыгъуэ?

Еджак1уэ:Щхьэусыгъуэ хуэхъур Мамыкъуэ и адэ Хьэсбийщ.

Егъэджак1уэ:Сыт ар апхуэдэу къыщ1эфлъытэр?

Еджак1уэ:Мамыкъуэ зэик1 и анэр абы иригъэлъэгъуакъым.Уеблэмэ,ар абы иук1ащ,зыщ1ип1ык1ар 1ей ищ1эу зэрыпсэунырщ,хъунщ1ак1уэ,лъы ищ1эжу зэрыпсэупхъэрщ.

Егъэджак1уэ:Сыт ар апхуэдэу щ1ип1ын хуей щ1эхъуам и щхьэусыгъуэр?

Еджак1уэ:Щхьэусыгъуэр-ар ц1ыхухэм дежк1э игу къахуэплъу зэрыщытырщ.

Егъэджак1уэ:Пэжщ.Ауэ Хьэсбий апхуэдэу сыт щ1ыщытым и щхьэусыгъуэ?

Еджак1уэ:Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар Гупсэщ.

Егъэджак1уэ:Сыт щхьэк1э?....

Еджак1уэхэм я жэуапхэм дода1уэ.

Егъэджак1уэ:Аращ-т1э,къежьап1э зи1э дэтхэнэми,к1эух и1эщ.Зэрыжа1эмк1э,адэ-анэр мыарэзыуэ пщ1а,блэжьа дэтхэнэ зы 1уэхугъуэми къежьап1э дахэ и1эми,к1эух мытэмэмыр къыпоплъэ.Фигу къэвгъэк1ыж новеллэм и пэщ1эдзэр.Гупсэ и адэ-анэр мыарэзыуэ щхьэгъусэ дэк1уат.Ауэ…ауэ Гупси бгъэкъуаншэ хъунукъым.Езым и лъагъуныгъэр къыхихащ..

Гупсэ и дуней псори зыхуиунэт1ар и бынхэрт.Анэр и бынхэм я насыпым хуэгузавэу псэуащ.Анэм нэхъ тхьэмыщк1и хэт щы1э?!...

Мамэ сэрк1э мамэщ сытым щыгъуи

Къуэши,шыпхъуи арщ схуэхъуар

……………………………………………………………………..

Иуан Бет1ал и уэрэдым дода1уэ,презентацэм анэхэм я сурэтхэр къегъэлъагъуэ.

Еджак1уэ:Хъунумэ,сэри зы усэ вжес1энут анэм теухуауэ.

Сыту пасэу жьы ухъуа уэ,мамэ,

Сыту к1асэу сэ балигъ сыхъуа.

Жэщи махуи иджы 1э бдэслъами

Схуэщ1ыжын сэ щ1алэ уи щхьэ тхъуар.



Сот1ысэх уи гъащ1эм сегупсысуи

Хъуам уи теплъэм къызетыр гухэщ1.

Зэрешам уэ апхуэдэу уи псэр

Си зэран куэд хэлъу къысф1ощ1.

Дунейм теткъым хунэсауэ анэм

Хуищ1эжыну игу илъ псор зы бын.

Ауэ мырщ сэ жи1эр сигу ит1ани:

Си гулъытэр пасэу уэ пщ1ыгъуамэ,

Щ1эх мыпхуэдэу,мамэ,умыхъунт.



А гупсысэм сэ иджы сыкъес

Сыкъес къызгуры1уащи псори к1асэу.

Уэ уи гъащ1эр уохь иджы хэлъ-хэсу

Сэри уи п1э лъапэм,мис,сытесщ.



Схупыщэну зы махуэ уэ уи гъащ1эм

Сщ1ам си гъащ1эм сыщымысхьыжынт.

Махуэ къэс иджы сыпхуоп1ащ1э

Пщэдей сф1эщ1у узмыгъуэтыжын.

Егъэджак1уэ:Абдежым ди псалъэмакъым к1эух теплъэр езгъэгъуэтынут,ауэ мы дызытепсэлъыхьа тхыгъэр зытха Къаныкъуэ Анфисэ фи пащхьэ къиувамэ,сыт хуэдэ упщ1эт ефтынур?

Еджак1уэхэм я упщ1эхэр на1уэ дощ1.

Егъэджак1уэм:Нт1э,апхуэдэу щыхъук1э,упщ1э фи1эхэм я жэуап къывитыну утыкум къызошэ Къаныкъуэ Анфисэ.

Егъэджак1уэм:Ди урокым и к1эухыу,зэщ1экъуэж тщ1ыну сыхуейт синквейнк1э.Синквейн псалъэу къэтхьынщ:лъагъуныгъэ,мамаэ,насып.

К1эух.Дамыгъэхэр.




Скачать

Рекомендуем курсы ПК и ППК для учителей

Вебинар для учителей

Свидетельство об участии БЕСПЛАТНО!