СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Внеклассное мероприятие "Акъыл жан"

Нажмите, чтобы узнать подробности

Просмотр содержимого документа
«Внеклассное мероприятие "Акъыл жан"»

9













Внекласснэ мероприятие

«Акъыл жан»











Зыгъэхьэзырар:

Егъэджак1уэ Лу М.













Дзэлыкъуэдэс 2021гъ



Езыгъэк1уэк1ым: Фи махуэ ф1ыуэ, ц1ык1ухэ! Фи махуэ ф1ыуэ, жюри лъап1эм! Псоми, псоми сэлам гуапэ фызох ик1и фыкъызогъэблагъэ «Си анэбзэ си адыгэбзэ» зыф1этща джэгу- зэпеуэм.

Сабийр къалъхуа нэужь, абы япэ дыдэ епсалъэр анэрщ, анэм езым къыдалъхуа и бзэмк1э и сабийм йопсалъэ. А сабийм къыдалъхуащ и бзэри, ик1и япэ дыдэ аращ ар зэрыпсалъэр. А бзэм нэхъ бзэ дахэрэ, нэхъ гуапэрэ щы1экъым ик1и щы1эн хуейкъым. Ат1э лъэпкъ псор и бзэ къыдалъхуам иримыпсалъэмэ, сыт къэхъур? Хок1уэдэж. Аращ зи бзэ зэзымыпэсыж лъэпкъым къыщыщ1ыр. Ар апхуэдэу мыхъун щхьэк1э а бзэр пщ1эуэ, абы урипсалъэу, лъэпкъым и нобэри и дыгъуасэри пщ1эуэ щытын хуейщ. Пщ1эн хуейм ящыщщ уи лъэпкъ укъызыхэк1ам и хабзэри и тхыдэри. Нт1э, ди еджак1уэхэм ящ1эу п1эрэ ахэр?

Мы утыкум иджыпсту щызэпеуэнущ гупит1. Абыхэм я ц1эхэри дахэщ езы ц1ык1ухэм хуэдэу- «Налкъут», «Налмэс». Къызогъэблагъэ гупит1ыр сценэм.


I. Япэ лэжьыгъэр.

Езыгъэк1уэк1ым: Гуп къэск1э упщ1э т1урыт1 иджыпсту фэстынущ, фыхьэзырмэ.

«Налмэс» гупым.


1. Налшык къалэ илъэс дапщэ ирикъуа?

(1818- 2017)


2. Къэбэрдей- Балъкъэр лъэпкъ театрым хэт и ц1эр зэрихьэрэ?

( Щоджэнц1ык1у Алий).

«Налкъут» гупым.


3. Сыт хуэдэ адыгэ усак1уэ, тхак1уэхэм я ц1эр зэрахьэу фщ1эрэ ди къалэ уэрамхэм?

( Нэгумэм, Пащ1эм, Щоджэнц1ык1ум..)


4. Сыт хуэдэ псыхэм я ц1э къиф1уэфын ди республикэм щежэхыу?

( Тэрч, Бахъсэн, Урыху, Шэрэдж).


II. Ет1уанэ лэжьыгъэр.

Езыгъэк1уэк1ым: Ди еджак1уэхэм адыгэ нарт эпосыр зэращ1эр къэтщ1энщ. Гуп къэск1э хъыбархэм къыхэхауэ пычыгъуэ зырыз фызот. А пычыгъуэхэр зытепсэлъыхь л1ыхъужьыр къафщ1эмэ, фи балл бжыгъэр дэуеинущ.


«Налкъутым»- Унэк1уэнуми унэмык1уэнуми, уэращ абы хуитыр. Нартыжьхэр хасэм щызэхуэсауэ уэ къожьэри зэхэсщ. Сэ си къалэныр арти, сыкъак1уэри бжес1ащ.Л1ыгъэу пхэлъыр мащ1эщ, уэ си гур пхъашэу къэбгъэплъащ, си нэхэр маф1эу зэщ1эбгъэстащ, си 1эщхьит1ым л1ыгъэу хэлъым хуэдиз уэ л1ыгъэу пхэлъкъым! – жи1эри Жьэмэду унэм къыщ1эк1ыжащ Жьэмэду къыжри1ахэмк1э къыгуры1уащ къык1элъызэрахьэ щэхур зэрыпэжыр.Хэт Жьэмаду зэпсалъэр? Сыт хуэдэ хъыбар мы пычыгъуэр къызыхэхар?

(Псалъэхэр зыхуэгъэзар Бэдынщ, «Бэдынокъуэ и адэр ук1ып1эм къызэрыришыжар»)


«Налмэсым»- Къак1уэмэ, кърек1уэ! Си джатэ куэбжэм къыф1эк1ыфынкъым. Си джатэ куэбжэм абы и щхьэр ф1ихынщи бжэгъу щхьэк1эм ф1э1ужа нартыщхьэхэм ари зыуэ япызбжэнщ…

Хэт мы псалъэхэр зейр? Хэт ахэр зыхуэгъэза нарт л1ыхъужьыр?

(Псалъэхэр жызы1эр Емынэжьщ, зыхуэгъэзар Сосрыкъуэщ).



III. Ещанэ лэжьыгъэр.

Езыгъэк1уэк1ым: Ещанэ лэжьыгъэр зытеухуар къафэщ. Гупит1ми къафэ зырыз дагъэлъагъунущи, жюрим хэтхэр ф1ы дыдэу феплъ. Балл бжыгъэ яхуэвгъэувынур «1»-м къыщыщ1эдзауэ «5»-м нэск1эщ. Япэу къэфэнущ «Налмэс» гупыр, «Налкъутыр» ет1уанэу.

(Гупхэм я къафэхэр ягъэлъагъуэ).

Езыгъэк1уэк1ым: Къэфахэм- берычэт бесын.

Иджыпсту псалъэ еттынщ жюрим.

(Гупит1ым къахьа балл бжыгъэр жюрим къыжа1э).


IV. Епл1анэ лэжьыгъэр.

Иджыпсту епл1анэ лэжьыгъэм щ1ыдодзэ. Ар зытеухуар адыгэ псалъэжьхэрщ. Адыгэ псалъэжьхэм ф1ым, дахагъэм, губзыгъагъэм ухуаущий. Ди еджак1уэхэм зэращ1эм деплъынщ а псалъэжьхэр. Мы лэжьыгъэр 1ыхьит1у зэхэтщ.


а) Гуп къэск1э еджак1уэ зырыз къахок1ри а т1ур псалъэжьхэмк1э зэпоуэ. Хэт нэхъыбэ жи1эми, ток1уэ.


б) Гупхэм яхэт еджак1уэхэми зы лэжьыгъэ естынущ. Ахэр лэжьэнущ зэгъусэу. Абы я лэжьыгъэр зытеухуар мыращ: тхылъымп1эм тету абыхэм естыну псалъэжьхэм псалъэ гуэрхэр къахуэтщи, ахэр пэжу дэзыгъэувэж гупыр ток1уэ.


«Налкъут» гупым.

1) Щхьэм имылъмэ,… и мыгъуагъэщ.

2) Акъыл зимы1эм… и1экъым.

3) 1уэху мыублэ… хэсщ.


«Налмэс» гупым.

1) Хамэхьэр къок1уэри…. иреху.

2) Уэшх блэк1ам… к1элъомыщтэж.

3) Джэду и къуэ… .


V.Етхуанэ лэжьыгъэр.

Езыгъэк1уэк1ым. Иджыпсту ди еджак1уэхэр къуажэхьхэмк1э зэпеуэнущ. Утыкум къыдошэ гуп къэск1э къуажэхь нэхъыбэ зыщ1эхэр. Абыхэм къывжа1эну къуажэхьхэр къэзыщ1эхэм жэуап пэж къэск1э зы балл къэфхьынущ.


«Налкъутхэм» къыщ1адзэ.

1) Зи щхьэр пхъэ1эщэк1, зи к1эр куэтэншэрхъ.

( Гуэгушыхъу).

2) Пшэрым и уэд, уэдым и дагъэ.

( шыгъу).

3) Махуэм зы нэ, жэщым нэбэ.

(Уафэ).

4) Дунейм тет псоми я нэхъ жэр.

(Гу).




«Налмэс» гупым я къуажэхьхэр.

1) Зи к1эр дыкъуакъуэу бгыкъур зи унап1э.

(Пц1ащхъуэ).

2) Махуэм лы гулъэ, жэщым гу нэщ1.

( Вакъэ)

3) Бо нэщ1 шк1ащ1э щок1эрахъуэ.

(Бжэмышх)

4) Къадз- надзу Андзор и къуэр зыгъашхэ.

(Кхъузанэ).


VI. Еханэ лэжьыгъэр.

Езыгъэк1уэк1ым. Еханэ лэжьыгъэм щ1эдмыдзэ щ1ык1э жюрим псалъэ идот. ( Гупит1ым къахьа балл бжыгъэхэр къыжа1э).

Иджыпсту гупхэм ящыщ еджак1уэ зырыз утыкум къыдошэ. Дэ къэтщ1энщ а т1ум щыщу хэт и бзэр адыгэбзэм нэхъ хуэкъутами. Секундипщ1ым къриубыдэу хэт къыщымыуэу нэхъыбэрэ жи1эфын «Пыжь пызу пыту щыту иту жыг» псынщ1эрыпсалъэр?


VII. Ебланэ лэжьыгъэр.

Езыгъэк1уэк1ым. Иджы хабзэр зэращ1эм деплъынщ ди гупит1ым. Гуп къэск1э упщ1э зырыз фэстынущи, дакъикъэ зырызк1э фыгупсыса нэужь и жэуапыр къэфт.


«Налмэсым»- 1)Баш и1ыгъыу гъуэгум ирик1уэ л1ым ц1ыхубз къилъагъумэ, сыт ищ1эн хуейр?

(Ц1ыхубзыр имыгъэшынэн щхьэк1э, абы и гум 1ей зэримылъыр къригъэщ1эн щхьэк1э башыр ц1ыхубзыр здэщымыт лъэныкъуэмк1э ирихьэк1ырт).


«Налкъутым»- 1)Къуажэм щымыщ ц1ыхубз шум къыхуэзамэ, сытыт абы ищ1эр ик1и сытыт ар абы щ1ищ1эр?

(Хамэ къуажэм ц1ыхубзым лей къыщылъымысын щхьэк1э Шур къепсыхырти, ц1ыхубзыр здэк1уэнум нэс дэщ1ыгъуу к1уэрт).

VIII. Еянэ лэжьыгъэр.

Езыгъэк1уэк1ым. Дэ къытхуэнэжар зы лэжьыгъэщ. Иджыпсту п зэпеуа гупит1ым я 1этащхьэхэр зэпедгъэуэнщ иджы. 1этащхьит1ым я зэпеуэныгъэр щ1ыдодзэ. Абыхэм лэжьыгъэ зыт1ущ къапэщылъщ. А лэжьыгъэхэр зэрагъэзащ1эм елъытащ тек1уэнури.

а) Къэк1уэну усэ едзыгъуэхэр зытхамрэ и ц1эмрэ къыжыф1э.

«Налмэсым»- Былым лейуэ и гугъэну

Щхьэцыр пуду ищэжащ.

И пкъы хьэлъэр жан хъужауэ,

Бэзэр шхынк1э ихъуэжащ.

(«Щ1ымахуэ жэщ», Щоджэнц1ык1у Алий).


«Налкъутым»- Сф1эф1къым, хуейми ирепсэу,

Зырыз зигу ф1амыщ1хэр,

Щэхуэ куэд идзыгъууэ тхъэр,

Пагэр, къинэмыщ1хэр

(«Ф1ымрэ 1еймрэ», К1уащ Бет1ал).


б) 1уащхьэмахуэ псалъэм хэт хьэрфхэр къэвгъэсэбэпурэ псалъэ къэвгупсыс. Хэт нэхъыбэ къимыгупсысрэ?

(1уащхьэ, махуэ, хуэм, щхьэ, хьэ, 1уэ, щэху, 1уэху, хьэху, Щам, мэ, щэ, хуэхь, щахуэ…)

Жюрим хэтхэм балл бжыгъэхэр зэхалъхьэжыху, феплъ къафэ. (Къафэ ирагъэплъ).

Псалъэ идот жюрим.

(Тек1уар къыжа1э).

Абдежым ди зэ1ущ1эр щыдоух. Ф1ыщ1э фхудощ1 псоми. Узыншэу фыщыт.


Скачать

Рекомендуем курсы ПК и ППК для учителей

Вебинар для учителей

Свидетельство об участии БЕСПЛАТНО!