СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Адыгэ джэгук1эхэр

Нажмите, чтобы узнать подробности

Адыгэ джэгук1эхэм теухуа сценарий.

Просмотр содержимого документа
«Адыгэ джэгук1эхэр»

Махуэл1 Беслъэн


Адыгэ сабийхэм зэрызагъэпсэхуу щытар


1 езыгъэк1уэк1ым:

  • Сэлам гуапэ фыдох ик1и фыкъыдогъэблагъэ «Адыгэ сабийхэм зэрызагъэпсэхуу щытар» жыхуи1э теплъэгъуэм.


2-нэ езыгъэк1уэк1ым:

  • Нобэрей адыгэ сабийр «еджэным сыкъыщыдэхуэ зэманыр дауэ згъэк1уэн» жи1эу гугъу ехьыркъым. Ар тхылъ йоджэ, макъамэ дахэхэм йода1уэ, телевизор йоплъ, уи нэгу зыщебгъэужь хъуну щ1ып1эхэм къыщек1ухь.

Дауэ хъурэт-т1э пасэм псэуа сабийхэр? Дауэ загъэпсэхурэт? Дауэ я зэш трагъэурэт?


1. - Адыгэхэм мыхьэнэшхуэ иратырт ди щ1эблэр щэныф1эу, гушхуауэ, къарууф1эу къэгъэхъуным. Абы папщ1э къат1эщ1ырт 1уэры1уатэу - дыщэ пхъуантэри абы хъугъуэф1ыгъуэу дэлъыр къыхудащыпык1ырт, абы къык1элъык1уэу джэгук1э гъэщ1эгъуэнхэм драгъэхьэхырт.


2 - Ат1э дэри фыкъыдогъэблагъэ Къармэхьэблэ къуажэм дэсу зы бынунэ зэгуры1уэм я деж. Феплъ, феда1уэ, зывгъэпсэху, зэвгъащ1э пасэ зэманым адыгэ сабийхэм зэрызагъэпсэхуу щытар — фэри къыфщхьэпэн гуэри къыхэфлъэгъуэни!


1. - Ди 1уэры1уатэу - дыщэ пхъуантэр къызэтыдохри, и1эт, ц1ык1ухэ, фыкъеувэк1, фыкъет1ысэк1, дывгъэлъагъут фи акъылым и жанагъыр, лъэпкъ 1ущыгъэхэр ф1ыуэ зэрыфщ1эр!

Псалъэжьхэр жа1э:

  1. Гупсыси псалъэ, зыплъыхьи т1ыс.

  2. Уи япэ джэлам ущ1эмынак1э.

  3. Уи адэ и щ1ап1э гъэдахэ, уи анэ дахэу епсалъэ.

  4. 1ей пщ1ауэ, ф1ы ущымыгугъ.

  5. Уи япэк1э мывэ хъурей бгъажэмэ, у1уощ1эж.


  1. Пасэрейхэм гулъытэшхуэ хуащ1ырт сабийм и гупсысэк1эм, и губзыгъагъым зиужьыным.

Ди дыщэ пхъуантэм аргуэру дыдо1эбэри, бжэк1э хьэлэмэт къыдок1. Фэ, ц1ык1ухэ, дауик1, мелуаным нэск1и, нэхъыбэжк1и фыбжэфу къыщ1эк1ынщ, илъэситху-хы нэхъыбэ мыхъу сабийхэр бжэк1э зэрырагъасэми фыщыгъуазэ хъунщ.

Т1ур мабжэ:

Зы - щхьэзакъуэ насыпыншэщ

Т1у — нит1ыр зэрощ1э

Щы — адыгэ 1энэр лъакъуищщ

Пл1ы — шым и лъакъуипл1ыр узыншэмэ, к1уэк1э и1эщ

Тху — 1эпхъуамбитхур зэшхуэзэесщ

Хы — щырыщу т1ур хыщ

Блы — Вагъуэзэшиблым загъазэмэ, нэху мэщ

И — вэрэвийр зэдекъумэ, пхъэ1эщэр щ1аш

Бгъу — бгъур пщ1эмэ, зыр къэтщ

Пщ1ы - пщ1ым нэс убжэмэ, зэк1э хъунщ


Бжэк1эм иджыри и зы щапхъэ.Уэ зы! Уэ т1у!


Псыхьэ здэк1уам, пхъэхьхэр я дамащхьэм телъу, зэнысэгъуит1ыр мэуэршэр:

  • Уэ зы!

  • Зыр мыгъуэ мэхъу!

  • Уэ т1у!

  • Нит1ым ялъагъур щыпкъэщ!

  • Уэ щы!

  • 1энэр лъакъуищмэ, мэув.

  • Уэ пл1ы!

  • Жэм быдзипл1ыр зэхуэдэмэ, шаф1эщ.

  • Уэ тху!

  • 1эпхъуамбитхум хамэ хэткъым.

  • Уэ хы!

  • Хым хэхуэр етхьэлэ.

  • Уэ блы!

- Вагъуэзэшиблым загъазэмэ, нэху мэщ.

  • Уэ и!

  • И гъущ1рэ пэт ешх.

  • Уэ бгъу!

  • Дыгъужьибгъу ежэри аргъуей куэпкъ яхуэшхакъым.

  • Дыгъужь шыр хъунт.

  • Шыр-мышырми Тхыпц1эхэ я выгъашхэм ехьэехуэрт.

  • Выгъашхэр ц1ык1у хъунт.

  • Ц1ык1у-мыц1ык1уми бгы лъапэм теувэрти бгыщхьэм щыхъуак1уэрт.

  • Бгыр лъахъшэ хъунт.

  • Лъахъшэ-мылъахъшэми щауэр дэплъеймэ, и пы1эр щхьэрыхурт.

  • Щауэ жыхуэп1эр сабий хъунт.

  • Сабий-мысабийми псыкъуийм е1эбыхырти псы къригъахъуэрт.

  • Псыкъуийр чэнж хъунт.

  • Чэнж-мычэнжми пщэдджыжьым пэгуныр ебдзыхмэ, пщыхьэщхьэм и лъащ1эм нэсу арат.

  • Махуэр к1эщ1 хъунт.

  • К1эщ1-мык1эщ1ми пщэдджыжьым шк1ащ1э дэпхуамэ, пщыхьэщхьэм танэ хъуауэ къыдыхьэжырт.

Абы хэту зы шу къыкъуэк1ащ. «Мы шур дэнэ къиук1, псэлъэн щ1эддза къудейуэ...» - жа1эри тхьэусыхэурэ ежьэжащ.


  • 1. - Ди дыщэ пхъуантэр щ1эншэщ, ди 1уэры1уатэм гъунэ итлъа къудейщ. Къебжэк1хэр къыдыдох. Хэт, ц1ык1ухэ, фэ фщыщу къебжэк1ым хуэ1эзэр, хэт и жьэнахуагъэм дык1элъигъэплъын?

Т1ум къебжэк1 жа1э:


    • Си къаз пльэгъуа? - Вындыр-щэ?

    • Слъэгъуащ. - Жыгым пысщ.

    • Дэнэ к1уа? - Жыгыр-щэ?

    • Абгъуэм исщ. - Уэщым иреупщ1э.

    • Сыт къиук1эц1? - Уэщыр-щ1э?

    • Джэдык1э. - Пщ1ащэм хэлъщ.

    • Хэт ишх? - Пщ1ащэр-щэ?

    • Мэлыхъуэм. - Лыгъэм ес.

    • Сыт къыдит? - Лыгъэр-щэ?

    • Хъурыфэ. - Псым егъэунк1ыф1.

    • Хэт игъэтэдж? - Псыр-щэ?

    • Тэджырей. - Хьэм иреф.

    • Хэт ибз? - Хьэр-щэ?

    • Бзэрей. - Л1ым щ1ыгъущ.

    • Хэт ид? - Л1ыр-щэ?

    • Дэрей. - Мэкъу йоуэ.

    • Хэт щит1агъэ? - Мэкъур-щэ?

    • Уи шыпхъум. - Шхалъэм дэлъщ.

    • Дэнэ ук1уэ? - Шхалъэр-щэ?

    • Хьэщ1ап1э. - Жэмыр бгъэдэтщ.

    • Сыт къраугъэшх? - Жэмыр-щэ?

    • Щыхь куц1рэ фо - П1ап1у къехь.

ц1ынэнэ. - П1ап1ур-щэ?

    • Си 1ыхьэр-щэ? - Джэдум иреф.

    • Гъуанэм илъщ. - Джэдур-щэ?

    • Илъыжкъым. - Гъуанэм исщ.

    • Дэнэ к1уа? - Гъуанэр-щэ?

    • Вындым ишхащ. - Уэ уисыжщ.


2. - Фи анэбзэу-фи адыгэбзэр ф1ыуэ зэрыфлъагъур, зэрывгъэшэрыуэр къыджезы1энур псынщ1эрыпсалъэхэрщ. Псынщ1эрыпсалъэхэр жы1эгъуей щхьэк1э, бзэр къута хъунымк1э сэбэпышхуэт, щ1эныгъэ зэмыл1эужьыгъуэхэм я къихып1эт.

Псынщ1эрыпсалъэхэр жа1э:

  1. Зазэ и зэзыр зэзэмызэ мэуз.


  1. Пыжь пызу пыту щыту жыг.


  1. Фи бори яй, ди бори яй.


  1. Шыбжииплъ, псы плъыжьыбзэ.


  1. Мо бжэкъуагъым къуэт жыхапхъэр хьэ къухъухь, кхъуэ къухъухь.


  1. Мо жэм, бжьэ к1эрэф , ныбэ джафэ, псы 1уфэрыхъу ц1ык1ур уи закъуэ уи жэм, бжьэ к1эрэф , ныбэ джафэ, псы 1уфэрыхъу ц1ык1у, ар псоми ди зэхуэдэ жэм, бжьэ к1эрэф , ныбэ джафэ, псы 1уфэрыхъу ц1ык1ущ.


  1. Щак1уэ щ1алэм щ1ак1уэ щ1агъым щ1акхъуэ ныкъуэ щ1элъу щ1ихри щ1эк1ыжащ.


  1. Щ1алэ щ1акъуэр щ1ыунэм щ1ыхьэри щ1ак1уэ щ1агъым щ1элъ щ1акъуэ ныкъуэр щ1ихри ещ1экъуауэурэ щ1эк1ыжащ.


  1. 1уэры1уатэм и ф1ып1эщ къуажэхьхэри. Ахэр зэгъэк1уауэ, шэрыуэу, зэгъэщ1эгъуаф1эу гъэпсащ. Къуажэхьхэм къуагъащ1э лъэпкъым и акъылымрэ и гулъытэмрэ здынэсыр.


Феплъыт мы къуажэхьхэр къыфхуэщ1эмэ:

  1. Къан хъыджэбзит1 зэлъэпагъщ. Набдзэ

  2. Зэкъуэшитху док1уейри бырт1ым ц1ык1у къап1ыт1. 1эпхъуамбитху, пэ

  3. Дзэ уз зымыщ1э, дзэ куэд зы1ут. Пхъэх

  4. Зи щхьэр матэ, зи к1эр топ. Аслъэн

  5. Хьэуазэ и къуэ щ1ыбыбгъуэ. Щ1акхъуэ

  6. Нэ ц1ык1у, пэ ц1ык1у, тэн ц1ык1у зыщыгъ. Дзыгъуэ

  7. Езыр ф1ыц1эу, и ц1эр лъейуэ. Лъей

  8. Вакъэ лъапэ к1ыхьу мэз щ1ыхьэрей. 1эжьэ

  9. Щ1ым и 1эф1ыр къыщ1эзыш, шэм и хужьыр къызэрыж, жылэр зыгъэунэ, быныр къэзыгъатхъэ. Нартыху


  1. Адэк1э ди дыщэ пхъуантэм дыдо1эбэри ди гъэлъэгъуэныгъэм и ф1ып1э дыдэм дынос. Ар адыгэ сабий джэгук1эхэрщ.

Къыхэвдзэт сабий джэгузэхэшэр!

(«Хъуромэр» жа1э)

Уэ хъуромэ, хъуромэ - Тхьэм и губгъуэ дивгъэхьэ,

- Уо-уо, - Дызэрымыхьэр ди бийщ,

- Уэ хъуромэ токъу, - Девгъэджэгуажьэ,

- Токъумакъ зи 1эщэ, - Девгъэжьэжыпэ,

- Зи 1эщэрилэ, - Уо-уо!

- Псыблэм зегъэш,

- Чышыр зи уанэ,

- Зи уанэжь лъэгубгъуэ,


Джэгук1эхэм сабийхэр ирагъасэрт лъэщу, 1эрыхуэу, шэрыуэу, бэшэчу, къарууф1эу, набдзэгубдзаплъэу, акъыл жану, гущ1эгъулыуэ, хабзэ ищ1эу. Адыгэ сабий джэгук1эхэм ящыщ зыщ «Упщ1э пы1э» жыхуи1эр. Зым и нэр япхэри щэ ягъэджэрэз, абы и ужьк1э ягъэджэрэзам шэнтым тесым упщ1э пы1эр щхьэрит1эгъэфын хуейщ.

(Джэгук1эр ягъэлъагъуэ)

  1. «Инэмыкъуэр» ик1и къебжэк1щ, ик1и джэгук1э л1эужьыгъуэщ. Мы джэгук1эм ухуегъасэ гурыхуагъэм. Сабийхэм дежк1э нэгузыужьщ. Хъыджэбз ц1ык1ухэри щ1алэ ц1ык1ухэри ироджэгу.

(Джэгук1эр ягъэлъагъхуэ)

Инэ-инэ, Хъурзэнат1э,

Инэмыкъуэ, Хьэнат1ищ,

Мыкъуэщхьэл, Л1ыщ зыук1,

Щхьэлкъутэ, Зызук1ыж,

Къутэро, П1ырегуш,

Що мыхъу, Гуш хэлъэф.

Що хъуа,


1. «Зэгъул» жыхуи1э джэгук1эм нэхъыбэу ириджэгур хъыджэбз ц1ык1ухэрт. Абы папщ1э къагъэсэбэпырт мывэк1эщхъ 1эмыщ1э, джэш е нартыху. 1эгум къинэр т1урыт1урэ ябжри, псори зэпэбжу т1урыт1 хъурэ — зэгъулщ, зы гуэгъу имы1эу къанэрэ — абы щыгъуэ зэгъулкъым.

  • (Джэгук1эр ягъэлъагъуэ)


  1. «Шурылъэс» джэгу хабзэр щ1алэ ц1ык1ухэрт. Ахэр зым и щ1ыбым адрейр йот1ысхэри, къызэредзыхыну яужь итхэщ. Тек1уэр кърамыдзыхыфу иужь къинахэращ. Джэгук1эм къегъэна1уэ л1ыгъэ зыхэлъыр, нэхъ къару зыбгъэдэлъыр, бэшэчу ущытыным ухуегъасэ.

(Джэгук1эр ягъэлъагъуэ)


  1. Къык1элъык1уэ джэгук1э дахэ ц1ык1умк1э духыжынщ адыгэ сабий джэгук1эхэр. Мы джэгук1эр здэплъагъунур лъэтеувэм дежт. Япэ лъэбакъуэр зыча сабийр утыкум ирагъэувэрти, ягъэгушхуэрт, ягъэджэгурт.

Джэгук1эр ягъэлъагъуэ, хъурейуэ къак1ухьурэ жа1э:

Сэ сок1уэ,

Сэ сожэ,

Щытхэм сахолъадэ,

Абы сахэбгъадэмэ,

Мурат къыхызохыр!


2. - Мис апхуэдэущ адыгэ сабийхэм я хущ1ыхьэгъуэ зэманыр зэрагъак1уэу щытар.


1. - Фымыщ1э гуэр къывэдгъэщ1амэ, е фщыгъупщэжа гуэрхэр къывэддгъэщ1эжамэ, ди гуапэщ!


2. Къыдэплъа, къыдэдэ1уа псоми ину ф1ыщ1э фхудощ1!


1. 2. - Узыншэу фыщыт!



5-8 – нэ классхэм папщ1э ек1уэк1а фольклорнэ махуэшхуэм и сценарий.


1-нэ езыгъэк1уэк1ым:

- Фи махуэ ф1ыуэ!

2-нэ езыгъэк1уэк1ым:

- Сэлам гуапэ фыдох ини ц1ык1уи, нобэрей ди Махуэшхуэм кърихьэл1а псоми!

1. - Фэ, дауи, фщ1эуэ къыщ1эк1ынщ гъатхэпэм и 22-м гъэрэ щ1ырэ зэрызэхэк1ыр. Адыгэхэм а махуэм сыт щыгъуи мыхьэнэшхуэ ирату, ягъэлъап1эу щытащ.

2. – Дэри нобэ ди мурадщ а махуэ лъап1эм гуф1эгъуэк1э дыпежьэну, ди еджак1уэхэр фызэпедгъэуэну, фи макъ дедэ1уэну, фи лъэгу дыщ1эплъыну, фи 1ущагъыр здынэсыр зэдгъэщ1эну.

1. – Ауэ зэпеуэр щ1эддзэн и пэк1э дыхуейт мы 1уэхугъуэр дгъэхьэзырыну зи пщэ къыдэхуахэм адыгэ фольклорым щыщ зыгуэрхэр фигу къэдгъэк1ыжыну, фи нэгуи т1эк1у зедгъэужьыну.

2. – Сыт хуэдэ сабий джэгук1эри адыгэхэм «Хъуромэк1э» ирагъажьэу щытащ. Дэри апхуэдэу тщ1ынщ. Къыхэвдзэт сабий джэгузэхэшэр!

(«Хъуромэр» жа1э)

Уэ хъуромэ, хъуромэ - Тхьэм и губгъуэ дивгъэхьэ,

- Уо-уо, - Дызэрымыхьэр ди бийщ,

- Уэ хъуромэ токъу, - Девгъэджэгуажьэ,

- Токъумакъ зи 1эщэ, - Девгъэжьэжыпэ,

- Зи 1эщэрилэ, - Уо-уо!

- Псыблэм зегъэш,

- Чышыр зи уанэ,

- Зи уанэжь лъэгубгъуэ,


1. –Дэ иджыпсту фигу къэдгъэк1ыжынщ зы пасэрей сабий джэгук1э ик1и абы хэтыну сценэм къэк1уэну дынывэлъэ1у класс къэс щыщ зы хъыджэбз ц1ык1у.


  1. - «Инэмыкъуэр» ик1и къебжэк1щ, ик1и джэгук1э л1эужьыгъуэщ. Мы джэгук1эм ухуегъасэ гурыхуагъэм. Сабийхэм дежк1э нэгузыужьщ. Хъыджэбз ц1ык1ухэри щ1алэ ц1ык1ухэри ироджэгу.

(Джэгук1эр ягъэлъагъуэ)

Инэ-инэ, Хъурзэнат1э,

Инэмыкъуэ, Хьэнат1ищ,

Мыкъуэщхьэл, Л1ыщ зыук1,

Щхьэлкъутэ, Зызук1ыж,

Къутэро, П1ырегуш,

Що мыхъу, Гуш хэлъэф.

Що хъуа

    1. - Феплъ, феда1уэ сабийхэр бжэк1э зэрырагъасэу щытам.


(Хьэтияк1уэр мабжэ, адрейхэр къыподжэж)

Зы - щхьэзакъуэ насыпыншэщ

Т1у — нит1ыр зэрощ1э

Щы — адыгэ 1энэр лъакъуищщ

Пл1ы — шым и лъакъуипл1ыр узыншэмэ, к1уэк1э и1эщ

Тху — 1эпхъуамбитхур зэшхуэзэесщ

Хы — щырыщу т1ур хыщ

Блы — Вагъуэзэшиблым загъазэмэ, нэху мэщ

И — вэрэвийр зэдекъумэ, пхъэ1эщэр щ1аш

Бгъу — бгъур пщ1эмэ, зыр къэтщ

Пщ1ы - пщ1ым нэс убжэмэ, зэк1э хъунщ


2- Адыгэ 1уэры1уатэм и ф1ып1эщ къебжэк1хэри. Къебжэк1хэм ухуагъасэ гурыхуагъэм. Ахэм языхэзым иджыпсту федгъэдэ1уэнщ.

Т1ум къебжэк1 жа1э:

- Си къаз пльэгъуа? - Вындыр-щэ?

    • Слъэгъуащ. - Жыгым пысщ.

    • Дэнэ к1уа? - Жыгыр-щэ?

    • Абгъуэм исщ. - Уэщым иреупщ1э.

    • Сыт къиук1эц1? - Уэщыр-щ1э?

    • Джэдык1э. - Пщ1ащэм хэлъщ.

    • Хэт ишх? - Пщ1ащэр-щэ?

    • Мэлыхъуэм. - Лыгъэм ес.

    • Сыт къыдит? - Лыгъэр-щэ?

    • Хъурыфэ. - Псым егъэунк1ыф1.

    • Хэт игъэтэдж? - Псыр-щэ?

    • Тэджырей. - Хьэм иреф.

    • Хэт ибз? - Хьэр-щэ?

    • Бзэрей. - Л1ым щ1ыгъущ.

    • Хэт ид? - Л1ыр-щэ?

    • Дэрей. - Мэкъу йоуэ.

    • Хэт щит1агъэ? - Мэкъур-щэ?

    • Уи шыпхъум. - Шхалъэм дэлъщ.

    • Дэнэ ук1уэ? - Шхалъэр-щэ?

    • Хьэщ1ап1э. - Жэмыр бгъэдэтщ.

    • Сыт къраугъэшх? - Жэмыр-щэ?

    • Щыхь куц1рэ фо - П1ап1у къехь.

ц1ынэнэ. - П1ап1ур-щэ?

    • Си 1ыхьэр-щэ? - Джэдум иреф.

    • Гъуанэм илъщ. - Джэдур-щэ?

    • Илъыжкъым. - Гъуанэм исщ.

    • Дэнэ к1уа? - Гъуанэр-щэ?

    • Вындым ишхащ. - Уэ уисыжщ.


      1. – Иджы дынэсащ ди зэ1ущ1эм и гуащ1эгъуэ дыдэм. Зэпеуэхэм щ1ыдодзэ. Ди гуапэу фыдогъэц1ыху пщ1э зыхуэтщ1 ди жюрир:

………………………………………………………………………….

…………………………………………………………………………..

…………………………………………………………………………..



    1. - Псом япэу ди гуапэу дедэ1уэнщ ди еджак1уэхэм зэрагъэщ1а адыгэ хъуэхъу дахэхэм. Утыкум къыдогъэблагъэ класс къэс къыхэк1ыу зы еджак1уэ.

(Хъуэхъухэр жа1э).

Си хъуэхъу

Сывохъуэъур гъуэгум тетым,

Фи гъуэгуанэр ирепсынщ1э,

Анэу гущэр щ1эзыупск1эр

Мамырыгъэм щремыщ1э.


Псыуэ къажэм я нэхъ уэрыр

Ухъу, фыхуеймэ, псы 1умп1аф1э.

Зауэм 1утыр хъуам у1эгъэ -

Ухъу зауэл1ыр хъужык1аф1э.


Сывохъуэхъур гъавэ зыщ1эм:

Жылэ тефсэр иребагъуэ.

Сывохъуэхъур фи нысащ1эм

Игъуэтыну къуэ абрагъуэ.


Лъэпкъ 1ущыгъэм зэрыжи1эу,

«Щ1алэр къупщхьэщ, пщащэр лъэпкъщ»,

Къытхэхъуамэ хъыджэбз дыгъэ,

Мис, си хъуэхъур хуэхьэзырщ:


Къарэкъатинэу,

Бэрэтинагъуэу,

Данагъуэ 1упэу,

Щхьэцыпэ дыкъуакъуэу,

Щхьэнтэм тесмэ - тхьэрыкъуэу,

Зиукъуэдиймэ - аслъэну,

Аслъэным и сокур и щхьэцу,

Кърым бжьэхуцыр и щ1ыфэу,

Мы1эрысафэр и нэк1уу,

И нэк1ущхьит1ыр сэхусэплъу,

Дызык1элъыплъыр и щ1ык1эу,

и к1уэк1эр дахэу,

Хейуэ унэм ихьэну

А пщащэ ц1ык1ур,

Тхьэм жи1э!


1.– Къык1элъык1уэу деплъынщ ди артист ныбжьыщ1эхэм ягъэхьэзыра адыгэ хабзэм щыщ пычыгъуэ (е адыгэ таурыхъым къытещ1ык1а теплъэгъуэ) Утыкум къыдогъэблагъэ 5-нэ А классыр!


2. 5-нэ Б классым ягъэхьэзыра теплъэгъуэм ди гуапэу дедэ1уэнщ!

1. – Сценэм къыдогъэблагъэ 6-нэ классым и еджак1уэхэр!

«Хъуэжэ къазыр зэригуэшар»

Теплъэгъуэм и сценарий


Авторым:

- И1э-т1э, таурыхъ къызже1эж!

- Еуэрэ-еуэрэт, жи, зы къуажэ гуэрым зы Жы1эрэ зы Жумы1эрэ дэсти, дзейуэ зэгуры1уэри, зэдежьащ. К1уэм-лъейм, к1уэм-лъейуэрэ, псышхуэ гуэрым хуэзащ, Балъкъ хуэдиз хъууэ.

  • Нелъэ, Жы1э!..

  • Нелъэ, Жумы1э!..

Жы1э лъэри псым зэпрылъащ. Дэтхэнэра иджы къэнар?

  • Жумы1эр.

  • Хъунщ-т1э, жыс1энкъым...

  • Хьэуэ, хьэуэ. Жы1эращ къэнар!

  • Нт1э, Жы1эр къэнамэ, дэтхэнэра елъар?

  • Жумы1эр.

  • Хъунщ-т1э, жыс1энкъым...

  • Хьэуэ, хьэуэ: Жы1эращ елъар!

  • Хъунщ-т1э, жыс1энщ. Еуэрэ-еуэрэт, жи, зы къуажэ гуэрым дэст зы пщыжь ябгэ. Ар бжьапц1эм ещхьу зэгуэк1ык1ыжауэ жьэгум дэст, игъащ1эм лэжьатэкъым, жэщи махуи шхэн ф1эк1а 1уэху и1этэкъым. Ик1и къуажэдэсхэм тезыр ятрилъхьауэ, махуэ къэс гуэгуш е къаз къыхуахьу ирагъэшхын хуейт.

  • Зы махуэ гуэрым, пщыр шхэуэ зэдэщысым, Хъуэжэ блэк1ыу къилъэгъуащ.

Пщым:

- Ей, Хъуэжэ, уи щхьэр щ1эгуэжауэ, сэлами къызумыхыу, дэнэ ук1уэрэ?

Хъуэжэ:

- Уи махуэ ф1ыуэ, зиусхьэн, си щхьэ си лажьэщ, къысхуэгъэгъу, гу плъыстакъым!

П. – Сыт уэ ахьмакъым уи щхьэ уи лажьэу къыпщыщ1ар?

Х. – Дыгъуэмыладжэщ, зиусхьэн, си бынхэр шхын щхьэк1э мал1э, ахэм езгъэшхынум и бэлыхьым сеук1ри, аращ сыщ1эщхьэлажьэр.

П. – Уэ уи бынхэр шхын щхьэк1э л1эк1э сэ сыгузавэркъым. Догуэ, Хъуэжэ, пщыгъупщэжауэ ара нобэ узэричэзур къаз гъэва къысхуэпхьыну, бжьыныху тек1ауэ?

Х. – Хьэуэ, зиусхьэн, сщыгъупщэжакъым. Симы1эми сыт сщ1эн, къэзгъуэтынщ.

П. – Еуэ, еуэ, еужьэрэк1! Уэ сыпщыгугъым, шхын щхьэк1э сыл1эну хъунщ сэ!

(Хъуэжэ и щхьэр пылэлу къыздэк1уэжым, и фызыр къыпожьэ)

Ф. – Мыр сыт, Хъуэжэ, сыту 1ейуэ уи щхьэр къыф1эхуа? Къэхъъуа1а!

Х. – Сытк1э си щхьэр къыф1эмыхунрэ, фэ фэзгъэшхын симы1эу, и бэлыхьым сеук1, пщым нобэ къаз гъэва хуэсхьын хуейуэ тезыру къыстрилъхьащ.

Ф. – Сыт ди 1эмал-т1э, пщыр бий къытхуэхъумэ, къуажэм дыдихунщ. Ди гъунэгъум сык1уэнщи, зы къаз щ1ыхуэу къе1ысхынщ, пхуэзгъэхьэзырынщи, хуэхь пщым.

(Арати, Хъуэжэ и фызым къаз щ1ыхуэ къищтэри игъэхьэзыращ, Хъуэжэ ар къуажэпщым хуихьащ).

П. – Алыхьым и шыкурщ, Хъуэжэ, мыгъэм зэ укъэсыжам, фэмрэ къупщхьэмрэ сыхуэк1уащ. Къэпхьа къаз?

Х. – Къэсхьащ.

П. – Бжьыныхуи тепк1а?

Х. – Бжьыныхуи теск1ащ, мис… Иджы сык1уэж хъуну?

П. – Зэ умып1ащ1э, Хъуэжэ! Ди къуажэ уэр нэхъ губзыгъэ дэмысу жа1эри, мис иджыпсту дгъэунэхункъэ? Къазыр къэпхьамэ, зэф1эк1а уф1эщ1? Сэ къуит1, пхъуит1, щхьэгъусэ си1эщи, псоми тэмэму къазыр тхуэбугуэшрэ – узут1ытщыжынущ; тэмэму тхуумыгуэшрэ – уи щхьэр пезгъэлъэнщ!

Фыкъак1уэ мыдэ псори! Деплъынщ Хъуэжэ къазыр къызэрытхуигуэшым!

(Арати, Хъуэжэ къазыр гуэшын щ1идзащ)

Х. – Унагъуэм я щхьэр уэращ, зиусхьэн, зи акъылк1э унагъуэ 1уэхур зэзыгъэзахуэр уэращи, уэ щхьэр узот!

А щхьэр ф1эзы1ыгъэр, унагъуэр пщэпкък1э къезылъэфэк1ыр уи фызыращи, абы пщэр изот!

Щ1алэхэм щ1алэ я 1уэхущ, ахэр зэпымычу зек1уэ к1уэнущи, ахэм лъакъуэр язот!

Хъыджэбзхэр хамэ бынщ, ахэр унагъуэм илъэту ежьэжынущи, дамэхэр ахэм язот!

Къэнар сэ си гугъуехьыпщ1эщ1

Сыт ищ1эжынт пщым! Ар и жьэр 1урыхуауэ къигъанэри, Хъуэжэ и бынунэм яригъэшхын зэри1эм щыгуф1ык1ыу я деж к1уэжащ.




2. – Адэк1э дедэ1уэнщ 7-нэ классым ягъэхьэзыра уэрэдым!

        1. – Утыкур хуит худощ1 8-нэ классым!


1– Ди зэпеуэм адэк1э къыпыдощэ. Программэм ипкъ итк1э, ар адыгэ уэрэдыжьщ е хабзэм, нэмысым теухуа иджырей уэрэдщ. Утыкум къыдогъэблагъэ 5-нэ А классыр!

      1. - 5-нэ Б классым я уэрэдым ди гуапэу дедэ1уэнщ!

1. – Сценэм къыдогъэблагъэ 6-нэ классым и еджак1уэхэр!

2. – Адэк1э дедэ1уэнщ 7-нэ классым ягъэхьэзыра уэрэдым!

        1. – Утыкур хуит худощ1 8-нэ классым!

        2. – Къык1элъык1уэ зэпеуэм хэтыну къыдогъэблагъэ класс къэс щыщу ц1ыхуищ, адыгэ 1уэры1уатэм ф1ыуэ щыгъуазэу, къуажэхь, псалъэжь, нэщэнэ хуэдэхэм ф1ыуэ щыгъуазэу.

1.- – Класс къэс зы ц1ыху фыкъыхэк1и ди дыщэ жыгым мы1эрысэ зырыз къыпыфч. А мы1эрысэхэм тет бжыгъэм елъытащ къыфлъысыну лэжьыгъэр.

2. – Къуажэхьхэр къэфщ1эфамэ, псалъэжьхэр нэвгъэсамэ, нэщэнэхэм фыпэлъэщамэ, фи лэжьыгъэр занщ1эу жюрим и пащхьэм ифлъхьэ.

1.– Зэпеуэм хэтхэр лэжьэху, фыкъыдогъэблагъэ адыгэ джэгум!

2.Адыгэ къафэм и чэзур къэсащ. И1эт-т1э иджы, фи лъэгу дыщ1эвгъэплъыт! Утыкум къыдогъэблагъэ 5-нэ А классыр!

      1. - 5-нэ Б классым я къафэм ди гуапэу деплънщ!

2. – Сценэм къыдогъэблагъэ 6-нэ классым и еджак1уэхэр!

1. – Адэк1э деплъынщ 7-нэ классым ягъэхьэзыра къафэм!

2. – Утыкур хуит худощ1 8-нэ классым!



1. Жюрим и псалъэр хьэзыр хъуху, адыгэ джэгум фыкъыдогъэблагъэ!


1. Къыдэплъа, къыдэдэ1уа псоми ину ф1ыщ1э фхудощ1!


2. - Узыншэу фыщыт!

















1.Къуажэхьхэр къафщ1э:

Къан хъыджэбзит1 зэлъэпагъщ.

Псым къыхах, псым хыхьэж.

Зэкъуэшитху док1уейри бырт1ым ц1ык1у къап1ыт1.

Пл1ыри зэдожэ, зыри къытежкъым.



2.Псалъэжьхэр нэвгъэс:


Гупсыси псалъэ,…

Л1ы хьэщ1э нэхърэ …

Гъатхэм тумысар ….


3.Нэщэнэу 5 хуэдиз фтхы.





























1.Къуажэхьхэр къафщ1э:


Дзэ уз зымыщ1э, дзэ куэд зы1ут.

Нипл1, пит1, щхьит1, к1э закъуэ, лъакъуих.

Зи щхьэр матэ, зи к1эр топ.

Унэм ик1, щ1ым ик1ыж.

2.Псалъэжьхэр нэвгъэс:


Къуэр напщ1эщ, пхъур …

Уи япэ джэлам …

Дыгъужьыр бгъашхэ пэтми, …


3.Нэщэнэу 5 хуэдиз фтхы.































1.Къуажэхьхэр къафщ1э:



К1уау, к1уау, лъэрыч, къуажэр щэ зэпызыч.

Хьэуазэ и къуэ щ1ыбыбгъуэ.

Хуабэ хъумэ – мэдыд, щ1ы1э хъумэ – мэдий.

Нэ ц1ык1у, пэ ц1ык1у, тэн ц1ык1у зыщыгъ.


2.Псалъэжьхэр нэвгъэс:


Уи адэ и щ1ап1э гъэдахэ, …

Щ1опщыкъурэ пэт …

1ей пщ1ауэ, …


3.Нэщэнэу 5 хуэдиз фтхы.





























1.Къуажэхьхэр къафщ1э:


Пщэдджыжьым – лъакъуипл1, шэджагъуэм – лъакъуит1, пщыхьэщхьэм –лъакъуищ.

1эпап1эк1э нэхъ зэпэмыжыжьэ,гъуджэ ямы1эу зэрымылъагъу.

1эмэпсымэншэу унэ зыщ1.

Езыр ф1ыц1эу, и ц1эр лъейуэ.


2.Псалъэжьхэр нэвгъэс:


Зэкъуэшит1рэ …

Уи япэк1э мывэ хъурей …

К1апсэр к1ыхьмэ, ф1ыщи, псалъэр …

3.Нэщэнэу 5 хуэдиз фтхы.





























1.Къуажэхьхэр къафщ1э:



Вакъэ лъапэ к1ыхьу мэз щ1ыхьэрей.

Щ1ым и 1эф1ыр къыщ1эзыш, шэм и хужьыр къызэрыж, жылэр зыгъэунэ,быныр къэзыгъатхъэ.

Хьэщ1эм ядэшхэ, шхалъэм дэпк1эж.

Нэхъыбэ къипхыху, нэхъ ин мэхъу..




2.Псалъэжьхэр нэвгъэс:


Гъатхэм тумысар …

Мастэ гуапэщи, …

Анэ бгъафэрэ …


3.Нэщэнэу 5 хуэдиз фтхы.




Си хъуэхъу

Сывохъуэъур гъуэгум тетым,

Фи гъуэгуанэр ирепсынщ1э,

Анэу гущэр щ1эзыупск1эр

Мамырыгъэм щремыщ1э.


Псыуэ къажэм я нэхъ уэрыр

Ухъу, фыхуеймэ, псы 1умп1аф1э.

Зауэм 1утыр хъуам у1эгъэ -

Ухъу зауэл1ыр хъужык1аф1э.


Сывохъуэхъур гъавэ зыщ1эм:

Жылэ тефсэр иребагъуэ.

Сывохъуэхъур фи нысащ1эм

Игъуэтыну къуэ абрагъуэ.


Лъэпкъ 1ущыгъэм зэрыжи1эу,

«Щ1алэр къупщхьэщ, пщащэр лъэпкъщ»,

Къытхэхъуамэ хъыджэбз дыгъэ,

Мис, си хъуэхъур хуэхьэзырщ:


Къарэкъатинэу,

Бэрэтинагъуэу,

Данагъуэ 1упэу,

Щхьэцыпэ дыкъуакъуэу,

Щхьэнтэм тесмэ - тхьэрыкъуэу,

Зиукъуэдиймэ - аслъэну,

Аслъэным и сокур и щхьэцу,

Кърым бжьэхуцыр и щ1ыфэу,

Мы1эрысафэр и нэк1уу,

И нэк1ущхьит1ыр сэхусэплъу,

Дызык1элъыплъыр и щ1ык1эу,

и к1уэк1эр дахэу,

Хейуэ унэм ихьэну

А пщащэ ц1ык1ур,

Тхьэм жи1э!



















1.Къуажэхьхэр къафщ1э:

Къан хъыджэбзит1 зэлъэпагъщ. Набдзэ

Псым къыхах, псым хыхьэж. Шыгъу

Зэкъуэшитху док1уейри бырт1ым ц1ык1у къап1ыт1. 1эпхъуамбитху, пэ

Пл1ыри зэдожэ, зыри къытежкъым. Шэрхъипл1

2.Псалъэжьхэр нэвгъэс:

Гупсыси псалъэ, зыплъыхьи т1ыс.

Л1ы хьэщ1э нэхърэ фыз хьэщ1э.

Гъатхэм тумысар бжьыхьэм къытепхыжынкъым.


Къуажэхьхэр къафщ1э:


Дзэ уз зымыщ1э, дзэ куэд зы1ут. Пхъэх

Нипл1, пит1, щхьит1, к1э закъуэ, лъакъуих.Шу зэтес

Зи щхьэр матэ, зи к1эр топ. Аслъэн

Унэм ик1, щ1ым ик1ыж. 1угъуэ.

2.Псалъэжьхэр нэвгъэс:

Къуэр напщ1эщ, пхъур набдзэщ.

Уи япэ джэлам ущ1эмынак1э.

Дыгъужьыр бгъашхэ пэтми, мэзымк1э маплъэ.

1.Къуажэхьхэр къафщ1э:

К1уау, к1уау, лъэрыч, къуажэр щэ зэпызыч. Гуэгуш.

Хьэуазэ и къуэ щ1ыбыбгъуэ. Щ1акхъуэ

Хуабэ хъумэ – мэдыд, щ1ы1э хъумэ – мэдий. Бадзэ.

Нэ ц1ык1у, пэ ц1ык1у, тэн ц1ык1у зыщыгъ. Дзыгъуэ


2.Псалъэжьхэр нэвгъэс:

Уи адэ и щ1ап1э гъэдахэ, уи анэ дахэу епсалъэ.

Щ1опщыкъурэ пэт жьы еубыд.

1ей пщ1ауэ, ф1ы ущымыгугъ

1.Къуажэхьхэр къафщ1э:

Пщэдджыжьым – лъакъуипл1, шэджагъуэм – лъакъуит1, пщыхьэщхьэм –лъакъуищ. Сабий, балигъ, жьы хъуа ц1ыху.

1эпап1эк1э нэхъ зэпэмыжыжьэ,гъуджэ ямы1эу зэрымылъагъу. Нит1.

1эмэпсымэншэу унэ зыщ1. Бзу.

Езыр ф1ыц1эу, и ц1эр лъейуэ. Лъей

2.Псалъэжьхэр нэвгъэс:

Зэкъуэшит1рэ дзит1 зы1утрэ.

Уи япэк1э мывэ хъурей бгъажэмэ, у1уощ1эж.

К1апсэр к1ыхьмэ, ф1ыщи, псалъэр к1эщ1мэ, нэхъыф1ыжщ.

1.Къуажэхьхэр къафщ1э:



Вакъэ лъапэ к1ыхьу мэз щ1ыхьэрей. 1эжьэ

Щ1ым и 1эф1ыр къыщ1эзыш, шэм и хужьыр къызэрыж, жылэр зыгъэунэ,быныр къэзыгъатхъэ. Нартыху

Хьэщ1эм ядэшхэ, шхалъэм дэпк1эж. Бжэмышх.

Нэхъыбэ къипхыху, нэхъ ин мэхъу. Мащэ.




2.Псалъэжьхэр нэвгъэс:


Гъатхэм тумысар бжьыхьэм къытепхыжынкъым.

Мастэ гуапэщи, мастэ гуауэщ.

Анэ бгъафэрэ хъурыфэ джэдыгурэ.


3.Нэщэнэу 5 хуэдиз фтхы.






































5-8 – нэ классхэм папщ1э ек1уэк1а фольклорнэ махуэшхуэм и сценарий.


1-нэ езыгъэк1уэк1ым:

- Фи махуэ ф1ыуэ!


2-нэ езыгъэк1уэк1ым:

- Сэлам гуапэ фыдох ини ц1ык1уи, нобэрей ди Махуэшхуэм кърихьэл1а псоми!


1. - Фэ, дауи, фщ1эуэ къыщ1эк1ынщ гъатхэпэм и 22-м гъэрэ щ1ырэ зэрызэхэк1ыр. Адыгэхэм а махуэм сыт щыгъуи мыхьэнэшхуэ ирату, ягъэлъап1эу щытащ.


2. – Дэри нобэ ди мурадщ а махуэ лъап1эм гуф1эгъуэк1э дыпежьэну, ди еджак1уэхэр фызэпедгъэуэну, фи макъ дедэ1уэну, фи лъэгу дыщ1эплъыну, фи 1ущагъыр здынэсыр зэдгъэщ1эну.


1. – Ауэ зэпеуэр щ1эддзэн и пэк1э дыхуейт мы 1уэхугъуэр дгъэхьэзырыну зи пщэ къыдэхуахэм адыгэ фольклорым щыщ зыгуэрхэр фигу къэдгъэк1ыжыну, фи нэгуи т1эк1у зедгъэужьыну.


2. – Сыт хуэдэ сабий джэгук1эри адыгэхэм «Хъуромэк1э» ирагъажьэу щытащ. Дэри апхуэдэу тщ1ынщ. Къыхэвдзэт сабий джэгузэхэшэр!

(«Хъуромэр» жа1э)

Уэ хъуромэ, хъуромэ - Тхьэм и губгъуэ дивгъэхьэ,

- Уо-уо, - Дызэрымыхьэр ди бийщ,

- Уэ хъуромэ токъу, - Девгъэджэгуажьэ,

- Токъумакъ зи 1эщэ, - Девгъэжьэжыпэ,

- Зи 1эщэрилэ, - Уо-уо!

- Псыблэм зегъэш,

- Чышыр зи уанэ,

- Зи уанэжь лъэгубгъуэ,


1. –Дэ иджыпсту фигу къэдгъэк1ыжынщ зы пасэрей сабий джэгук1э ик1и абы хэтыну сценэм къэк1уэну дынывэлъэ1у класс къэс щыщ зы хъыджэбз ц1ык1у.


  1. - «Инэмыкъуэр» ик1и къебжэк1щ, ик1и джэгук1э л1эужьыгъуэщ. Мы джэгук1эм ухуегъасэ гурыхуагъэм. Сабийхэм дежк1э нэгузыужьщ. Хъыджэбз ц1ык1ухэри щ1алэ ц1ык1ухэри ироджэгу.

(Джэгук1эр ягъэлъагъуэ)

Инэ-инэ, Хъурзэнат1э,

Инэмыкъуэ, Хьэнат1ищ,

Мыкъуэщхьэл, Л1ыщ зыук1,

Щхьэлкъутэ, Зызук1ыж,

Къутэро, П1ырегуш,

Що мыхъу, Гуш хэлъэф.

Що хъуа

    1. - Феплъ, феда1уэ сабийхэр бжэк1э зэрырагъасэу щытам.


(Хьэтияк1уэр мабжэ, адрейхэр къыподжэж)

Зы - щхьэзакъуэ насыпыншэщ

Т1у — нит1ыр зэрощ1э

Щы — адыгэ 1энэр лъакъуищщ

Пл1ы — шым и лъакъуипл1ыр узыншэмэ, к1уэк1э и1эщ

Тху — 1эпхъуамбитхур зэшхуэзэесщ

Хы — щырыщу т1ур хыщ

Блы — Вагъуэзэшиблым загъазэмэ, нэху мэщ

И — вэрэвийр зэдекъумэ, пхъэ1эщэр щ1аш

Бгъу — бгъур пщ1эмэ, зыр къэтщ

Пщ1ы - пщ1ым нэс убжэмэ, зэк1э хъунщ


2- Адыгэ 1уэры1уатэм и ф1ып1эщ къебжэк1хэри. Къебжэк1хэм ухуагъасэ гурыхуагъэм. Ахэм языхэзым иджыпсту федгъэдэ1уэнщ.

      1. – Иджы дынэсащ ди зэ1ущ1эм и гуащ1эгъуэ дыдэм. Зэпеуэхэм щ1ыдодзэ. Ди гуапэу фыдогъэц1ыху пщ1э зыхуэтщ1 ди жюрир:

………………………………………………………………………….


    1. - Псом япэу ди гуапэу дедэ1уэнщ ди еджак1уэхэм зэрагъэщ1а адыгэ хъуэхъу дахэхэм. Утыкум къыдогъэблагъэ класс къэс къыхэк1ыу зы еджак1уэ.

(Хъуэхъухэр жа1э).


1.– Къык1элъык1уэу деплъынщ ди артист ныбжьыщ1эхэм ягъэхьэзыра адыгэ хабзэм щыщ пычыгъуэ (е адыгэ таурыхъым къытещ1ык1а теплъэгъуэ) Утыкум къыдогъэблагъэ 5-нэ А классыр!


2. 5-нэ Б классым ягъэхьэзыра теплъэгъуэм ди гуапэу дедэ1уэнщ!


1. – Сценэм къыдогъэблагъэ 6-нэ классым и еджак1уэхэр!

«Хъуэжэ къазыр зэригуэшар»


2. – Адэк1э деплъынщ 7-нэ классым ягъэхьэзыра теплъэгъуэм!

        1. – Утыкур хуит худощ1 8-нэ классым!


1– Ди зэпеуэм адэк1э къыпыдощэ. Программэм ипкъ итк1э, ар адыгэ уэрэдыжьщ е хабзэм, нэмысым теухуа иджырей уэрэдщ. Утыкум къыдогъэблагъэ 5-нэ А классыр!

      1. - 5-нэ Б классым я уэрэдым ди гуапэу дедэ1уэнщ!


1. – Сценэм къыдогъэблагъэ 6-нэ классым и еджак1уэхэр!

2. – Адэк1э дедэ1уэнщ 7-нэ классым ягъэхьэзыра уэрэдым!

        1. – Утыкур хуит худощ1 8-нэ классым!

        2. – Къык1элъык1уэ зэпеуэм хэтыну къыдогъэблагъэ класс къэс щыщу ц1ыхуищ, адыгэ 1уэры1уатэм ф1ыуэ щыгъуазэу, къуажэхь, псалъэжь, нэщэнэ хуэдэхэм ф1ыуэ щыгъуазэу.


1.- – Класс къэс зы ц1ыху фыкъыхэк1и ди дыщэ жыгым мы1эрысэ зырыз къыпыфч. А мы1эрысэхэм тет бжыгъэм елъытащ къыфлъысыну лэжьыгъэр.


2. – Къуажэхьхэр къэфщ1эфамэ, псалъэжьхэр нэвгъэсамэ, нэщэнэхэм фыпэлъэщамэ, фи лэжьыгъэр занщ1эу жюрим и пащхьэм ифлъхьэ.


1.– Зэпеуэм хэтхэр лэжьэху, фыкъыдогъэблагъэ адыгэ джэгум!


2.Адыгэ къафэм и чэзур къэсащ. И1эт-т1э иджы, фи лъэгу дыщ1эвгъэплъыт! Утыкум къыдогъэблагъэ 5-нэ А классыр!

      1. - 5-нэ Б классым я къафэм ди гуапэу деплънщ!


2. – Сценэм къыдогъэблагъэ 6-нэ классым и еджак1уэхэр!


1. – Адэк1э деплъынщ 7-нэ классым ягъэхьэзыра къафэм!

2. – Утыкур хуит худощ1 8-нэ классым!


1. Жюрим и псалъэр хьэзыр хъуху, адыгэ джэгум фыкъыдогъэблагъэ!


1. Къыдэплъа, къыдэдэ1уа псоми ину ф1ыщ1э фхудощ1!

2. - Узыншэу фыщыт!


Скачать

Рекомендуем курсы ПК и ППК для учителей

Вебинар для учителей

Свидетельство об участии БЕСПЛАТНО!