Просмотр содержимого документа
«Адыгэбзэ 2 класс.Послелогхэр.»
Къабзэрытхэмк1э лэжьыгъэ.
К1у к1у к1уа, к1уэ, к1уе,к1уи
к1уащ, мак1уэ, тхак1уэ
К1урацэ и жыгым к1урк1унау тесщ.
Тхылъым щхьэк1э
Унэм деж
Послелогхэр.
Адыгэбзэм хэтщ псалъэ
зыкъом послелогк1э еджэу.Ахэр мыращ:пщ1ондэ,деж,нэс,щхьэк1э,нэужьым,
лъандэрэ.Полелогхэр зыдыщ1ыгъу псалъэм и ужьк1э къок1уэ ик1и пыхауэ ятх:пщэдей пщ1ондэ,тхылъ щхьэк1э.дыгъуасэ лъандэрэ,гуэлым нэс.
.
Послелогхэр
Зэман
Щ1ып1э
лъандэрэ
Щхьэусыгъуэ-рэ мурадрэ
пщ1ондэ
деж
нэужь
нэс
Щхьэк1э
къэс
папщ1эк1э
Послелогыр псалъэ лъэпкъыгъуэщ .
Ахэр мыхьэнэк1э зэщхьэщок1:
зэман къэзыгъэлъагъуэхэр : лъандэрэ,пщ1ондэ,нэужь.
щ1ып1э къэзыгъэлъагъуэхэр :деж,нэс,къэс.
щхьэусыгъуэрэ мурадрэ къэзыгъэлъагъуэхэр : щхьэк1э, папщ1эк1э.
ПОСЛЕЛОГХЭР ЗЫДЭЩ1ЫГЪУ
ПСАЛЪЭМ И УЖЬК1Э КЪОК1УЭ ИК1И ПЫХАУЭ ЯТХ:
пщэдей пщ1ондэ, тхылъ щхьэк1э,
Назифэ деж,
дыгъуасэ лъандэрэ,
Гуэлым нэс (сык1уащ)
Послелогхэр къэвгъуэт.
Пщэдей пщ1ондэ уи тхылъыр сыгъэ1ыгъ.
Псыхъуэм деж дыщызэхуэзэнщ.
Залинэ къэрэндащ щхьэк1э тыкуэным к1уащ.
Щыхьыр 1уащхьэм нэс жащ.
Гуэлым деж бдзэжьеящэхэр щысщ.Тхылъ щхьэк1э умыгузавэ ,сэ уэстынщ.Уэшх нэужьым лъэгъупыкъур къищ1ащ.Дыгъуэпшыхь лъандэрэ си ныбжьэгъур къэк1уэным сыпопллъэ.Ноябрь пщ1ондэ жыгхэм пщ1ащэхэр япытщ.
Унэ лэжьыгъэ
Правилэр зэгъэщ1эн
Лэжьыгъэ 78