СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Акъсырэ Залымхъан и драмэ «Дахэнагъуэмк1э» урок зэ1ухам и план - конспект

Нажмите, чтобы узнать подробности

 

Мурадыр: Ц1ыхумрэ насыпымрэ, ц1ыхум

                   Насыпым папщ1э иригъэк1уэк1

                   Бэнэныгъэр, а бэнэныгъэм гъуэгуанэшхуэ

                   Къызэрызэпичар, ар псэзэпылъхьэп1эу

                   Зэрыщытар – ар драмэм  и темэ нэхъыщхьэу

                   Зэрыщытыр къэгъэлъэгъуэн; щхьэж езым

                   И насыпым лъэпощхьэпо къыхуэзэми

                   Къимыгъазэу щ1эбэныфу хуегъэсэн;

                   Бзэм зегъэужьын.

      

Просмотр содержимого документа
«Акъсырэ Залымхъан и драмэ «Дахэнагъуэмк1э» урок зэ1ухам и план - конспект»

Темэр:"Таурыхъ телъыджэ..."(Акъсырэ Залымхъан и "Дахэнагъуэ"пьесэр). 

Темэр:"Таурыхъ телъыджэ."(Акъсырэ Залымхъан и "Дахэнагъуэ"пьесэр).

Насып щ1экъуныр -арщ насыпыр.

К1ыщокъуэ Алим.

Мурадыр:Акъсырэ Залымхъан и "Дахэнагъуэ"пьесэм щыгъэгъуэзэн;

1уэры1уатэр зи лъабжьэ тхыгъэм гъэсэныгъэ-ущииныгъэхуэ

хэлъыр,абы щ1элъ щ1агъыбзэр къэ1уэта зэрыхъуар

убзыхун,лъэпкъым и зэхэщ1ык1ым и 1уэху зэрызиужьым

к1элъыгъэплъын;бзэм зегъэужьын.

Урокым къыщыгъэсэбэпыпхъэхэр:Акъсырэ Залымхъан и творчествэм теухуа презентацэ,псалъалъэхэр,пасэрей зэманым къагъэсэбэпу щыта хьэпшыпхэр выставкэ щ1ауэ,макъамэ зэхуэмыдэхэр,интерактивнэ доска.

Макъамэ дахэ къоуэ,абы сабийхэр еда1уэурэ,доскам сурэт зэмыл1эужьыгъуэхэр къыщыдогъэлъагъуэ.СЛАЙД Щ1АУЭ.Сурэтхэм ц1ыху къыщыгъэлъэгъуахэм я нэгухэр зэ1ухащ,гуф1эу щытхэщ.

Егъэджак1уэ:Фи махуэ ф1ыуэ,ц1ык1ухэ!Ди урокым щ1эздзэну сыхуейт мы упщ1эмк1э:сыт хуэдэ гупсысэ мы сурэтхэм фызыхуишэр,сыт мыбы щыфлъагъур?

Еджак1уэхэм:гуф1эгъуэ,дыхьэшх,насып.

Егъэджак1уэ:Пэж дыдэщ.Мы сурэтхэм ц1ыхур насыпыф1эщ къыщыгъэлъэгъуащ.Ц1ык1ухэ,фэрэ дэрэ ди насыпщ.Ди уафэр къащхъуэщ,ди щ1ылъэр щхъуант1эщ,дунейр мамырщ.Дривгъэплъэжыт ат1э тхыдэм,щытауэ п1эрэ сыт щыгъуи ц1ыхухэр апхуэдизу насыпыф1эу?Абы къыхощыж,ц1ыхубэ насыпым,щхьэхуитыныгъэм папщ1э бэнэныгъэ иригъэк1эк1 зэпыту къызэрыгъуэгурык1уар.

Слайдхэмк1э къыдогъэлъагъуэ ц1ыхур зыхэта бэнэныгъэр.

Мис апхуэдэу ц1ыхубэр игъащ1э лъандэрэ насыпым щ1эхъуэпсу,а зыщ1эхъуэпс гъащ1э дахэр къызэрыкъуэк1ынур и ф1эщ хъууэ,гузавэурэ,гузавэми,нэхъыф1ым щыгугъыурэ къэгъуэгурык1уащ.Къэбэрдей тхыдэм ещ1эж Джэримэс 1эджэ,езыхэр тхьэмыщк1эу,ауэ гук1э инхэу,бэнэныгъэм и деж шыщхьэмыгъазэхэу,ц1ыхубэм насып къехъул1эн папщ1э я псэр щ1атыну щытахэу.Е8-нэ классым щыщ1эдзауэ вджа тхыгъэхэм хэт сымэ насыпым и бэнак1уэу дызрихьэл1ахэр?

Еджак1уэ:

1) Щоджэнц1ык1у Алий и поэмэ «Мадинэ» хэт Мадинэ, Заур сымэ.

2) «Къамботрэ Лацэрэ» романым хэт Лацэ, Къамбот, Хьэсанш,

Тембот сымэ.

3) К1эрашэ Т. и «Гъуэгу насыпыф1э» романым хэт Нафисэт и

образыр.

4) Шортэн А. и пьесэ «Нэхур къыщыщ1энэм» хэт Софят, Мурид

сымэ.

Егъэджак1уэ:Урыс тхак1уэшхуэ Юрий Либединскэм мыпхуэдэу же1э:"Художник нэгъэсам и 1эзагъэ уи1эн хуейщ ц1ыхубэм къигъэщ1а хъыбарыжь дыдэр драматическэ сюжетым ибгъэзагъэу усэ жанк1э,усэ дахэк1э къэп1уэтэжын,мы таурыхъ телъыджэр птхын папщ1э".

Сыт хуэдэ хъыбар зи гугъу ищ1ыр тхак1уэм?

Еджак1уэм:1уэры1уатэм щыщ нарт эпосым щыщ зы хъыбарщ.

Егъэджак1уэ:Ат1э сыт фэ фщ1эрэ нартхэм теухуауэ?

Егъэджак1уэм:Иджы сыхуейт,ц1ык1ухэ,пьесэр къызэрыфщыхъуар къэсщ1эну.(тестк1э еджак1уит1 гъэлэжьэн,ЕЩАНЭМ АР КЪЕГЪЭПЩЫТЭЖЫН,ЖЭУАП ТЭМЭМЫР ЗЭРЫТ НАПЭР И1ЫГЪЫУ).

1.Джэримэс ипэ Дахэнагъуэ и лъыхъуак1уэ ежьахэм я 1уэхур дауэ яуха?

2.Абыхэм я мурадыр сытк1э къащхьэщык1рэт Джэримэс игу ирилъхьам?

3.Джэримэс тек1уэныгъэ къихьынк1э щ1эхъуам сыт и щхьэусыгъуэр?

4.Ц1ыхубэр дауэ 1ущ1эрэ Джэримэсрэ Дахэнагъуэрэ?

Ц1ыхубэ-

Егъэджак1уэ:

"Пщым жи1ащи саубыдыну

Си ужь къахур нобэ махуэм,

Къару мащ1эр сухыпауэ

Сыунэхъуакъэ сапэщ1эхуэм?"-хэт мыхэр зи псалъэр ик1и сыт къарык1ыр?

Еджак1уэ:Нап.198.Мыр зи псалъэр Джэримэс къы1ущ1а джэгуак1уэрщ.

Егъэджак1уэ:Хэт сымэ фц1ыхурэ фэ джэгуак1уэхэм ящыщу?

Еджак1уэ:Агънокъуэ Лашэ,Сыжажэ Къылшыкъуэ.Абазэ Къамбот сымэ к1эщ1у я гугъу егъэщ1ын.презентацэр къэгъэсэбэпын.

Егъэджак1уэ:Мы псалъэхэм я мыхьэнэр дауэ къывгуры1уэрэ?

Зи щхьэ закъуэ хуэпсэужхэм

А насыпыр къайхъул1энкъым

Пщыл1уэ щы1эм я гугъап1эр

Хъыбар нэпц1уи къыщ1эк1ынкъым.

1.Сыт хуэдэ гъэ пщыл1ып1эр щы1уахар?

-Епщык1убгъуанэ л1эщ1ыгъуэм,1861 гъэм.

2.Л1эщ1ыгъуэ-илъэс дапщэ хъурэ?

-Зы л1эщ1ыгъуэр илъэсищэ мэхъу.

3.Щэ-сыт хуэдэ бжыгъэц1э?Къызэрык1уэ,зэхэт,зэхэлъ?

-Щэ-р бжыгъэц1э къызэрык1уэщ.

Егъэджак1уэ:Дахэнагъуэ и теплъэр къызыхэщ сатырхэр хэт къигъуэтын?

Нап.207-208.Сатырхэм къеджэхук1э(ЕДЖАК1УИЩЫР ПСЫНЩ1ЭУ ТХЫГЪЭМ ЩЫЩ ПЫЧЫГЪУЭМ КЪОДЖЭ),Дахэнагъуэ и теплъэр сурэту егъэщ1ын.(ЗЫ ЕДЖАК1УЭМ СУРЭТЫР ЕЩ1)

Егъэджак1уэ:Сыт хуэдэ художественно-изобразительнэ 1эмал къигъэсэбэпрэ тхак1уэм Дахэнагъуэ и образыр къыщигъэлъагъуэк1э?

Зэрыжыф1эмк1э.Дахэнагъуэ ц1ыхубз щыпкъэщ.Хэт хуэвгъадэрэ фэ ар?

Еджак1уэ:Си анэм,си шыпхъум.

Егъэджак1уэ:Пэжщ,ц1ык1ухэ,мы тхыгъэр сценэм хуэгъэпсащ.Мы пьесэм лъэпкъ театральнэ искусствэм зиужьынымк1э икъук1э мыхьэнэхухэ и1эщ.Щоджэнц1ык1у Алий и ц1эк1э Налшык дэт театрым и мызакъуэу ар щагъэлъэгъуащ Москва 1957 гъэм,абы и ужьк1и нэгъуэщ1ыбзэхэмк1и зэрадзэк1ыурэ ар щагъэуващ ди къэралым и театр куэдми,нэгъуэщ1 къэралхэми-Англиеми,Болгариеми,Румыниеми.Ар и лъабжьэу композитор Молэ Владимир итха оперэр ди Музыкальнэ театрым щагъэуващ 1991 гъэм.

Словарнэ лэжьыгъэ.

Егъэджак1уэ:"Насып" псалъэм и мыхьэнэр псалъалъэк1э къыхегъэджык1ын.ЕДЖАК1УЭМ СЛОВАРЫМ АР КЪЫЩЕГЪУЭТРИ КЪОДЖЭ

Насып-арэзыныгъэшхуэ бгъуэтам къыуит щытык1э.

-Сыт хуэдэ псалъалъэ мыр?-Адыгэбзэ псалъалъэ,Москва,1999 гъэ.

-Хэт сымэ я 1эдакъэщ1эк1?

-Псалъэ дапщэ ит псалъалъэм?-Мин 31000

Егъэджак1уэ: "Ф1эхъусыр сытми и щыпэщ",-жи1ащ пасэрейм.Адыгэ сэлам хык1эхэм къыхэщу п1эрэ насыпыр?

-Насып къыздихьауэ тхьэм къыщ1игъэк1.

-Насыпыф1э ухъу.

-Насып тегъуатэ ухъу.

Урысыбзэм мыпхуэдэ псалъэхэр дауэ къыхэщрэ?

-Да снизошлет нам счастье.

-Будь счастлив.

-Да будет счастье Вам.

Еджак1уэхэр гъэлэжьэн гупу,усэ егъэтхын псалъэхэу насып,анэ,дахагъэ къыхэщу.Синквейн.

Егъэджак1уэ: Нт1э,ц1ык1ухэ,илъэс мин зыбжанэ хъуауэ Дахэнагъуэ ди деж къок1уэ.Ди нобэм къэсауэ п1эрэ?

Еджак1уэ:Нт1э,къэсащ.

Егъэджак1уэ:Нт1э,къэсауэ щытмэ,сыт къытхуихьар?

Еджак1уэ:Абы къытхуихьащ насып?

Егъэджак1уэ:Фэ дауэ феплърэ,сыт насыпыр зищ1ысыр?

Егъэджак1уэ:Фыпсэу,ц1ык1ухэ.Насыпыр къызэрвгуры1уар къэдывгъэщ1ащ.

Видео мащ1эм къыщыдогъэлъагъуэ насыпыр ц1ыхухэм къазэрыщыхъур.

Иджы,ц1ык1ухэ,насыпым и мыхьэнэр фэ къызэрывгуры1уэм дедэ1уащ.Иджы сыхуейт фезгъэдэ1уэну ц1ыху зыбжанэм я гупсысэм к1эщ1у.

Егъэджак1уэ:Нт1э,ц1ык1ухэ,уи мурад къохъул1эн папщ1э сыт пщ1эн хуейр?

Еджак1уэ:Ар зы1эрыгъэхьэн,щ1эхъуэпсын,щ1эбэнын хуейщ.

Егъэджак1уэ:Пэжщ,ц1ык1ухэ,ф1ы зигу илъырщ гъащ1эм зи мурадхэр зэщ1а щыхъур.Сыт хуэдэ псалъэжь абы фигу къигъэк1ыр?

Яджар къызэщ1экъуэжын:Нт1э,ц1ык1ухэ,фэри гу зэрыфлъытащи,ц1ыхур насыпым сыт щыгъуи щ1экъун хуейщ.Аращ мы тхыгъэм гупсысэ нэхъыщхьэу щ1элъыр.

Насыпым и лъагап1эм фынэсыну,фи анэдэлъхубзэр ф1урылъу,хабэр фи 1эпэгъуу фыпсэуну,нобэ зи гугъу тщ1а нартхэми хуэдэу фи лъэужь мык1уэдыну сынывохъуэхъу.

Жыг утыкум итым зыхузогъазэри:Нобэ дыздэхьэщ1а Таурыхъ телъыдэр зыхыхьэ Нарт эпосыр езгъэщхьыну сыхуейщ япэ дыдэу щ1ым къытехьа жыгым. А жыгым ф1эсщари «Гъащ1э жыгщ». Жыгым и пкъыр мэж.Ар жыр гъэжауэ зэф1этщ, зэманым и нэпкъыжьэ телъщ. Къудамэу абы тетым щ1эи-гъуни и1экъым. Абыхэм заший, зашэщ1, хьэуа къабзэм зыхаукъуэдие. Бзийхэр, тхьэмпэхэр щхьэк1эм нэсу гуапэу зо1ущащэ. Жыг лъабжьэм къуэж, къыдэжа-ныдэжа и гъунэжщ. Ар и чэзум къот1эп1, мэщхьэлъэ. Кумылэ, жылэ зэрылъ купкъхэм пхъэщхьэмыщхьэхэр ирещ1э, къэк1ыгъэ лъэпкъхэр, лъэпкъыгъуэ л1эужьыгъуэхэр мык1уэдыжын папщ1э.Си гуапэщ мы жыгым къыпыфч кумылэу насыпыр фи гум жылэ нэхъ лъап1э дыдэу щыхэфсэну!(Еджак1уэхэм жыгым жылэр къыпач)

СУНДУК Ц1ЫК1УМ ДО1ЭБЭРИ КЪЫДАХ

Хъыдэжэбз ц1ык1ухэр щ1алэхэм йохъуэхъу:

Сорыкъуэу жану

Бэдынокъуэу 1ущу

Лъэпщ и лъэщагъыр фи1эрэ

Л1ыгъэр фи нэрыгъыу-

гъащ1э дахэ къэвгъэщ1эну дывохъуэхъу!

Хъыджэбз ц1ык1ухэм щ1алэхэри йохъуэхъу:

Сэтэней удзу фыгъагъэу,

Сэтэней гуащэу фыпагэу,

Насыпкъэхьу Дахэнагъуэу,

1эдиихуу гъуэгугъэлъагъуэу

насыпзащ1эу фыпсэуну дыфхуохъуахъуэ!

Егъэджак1уэ:Мы ди урокым къытхуеблэгъа хьэщ1эхэми дохъуэхъу мыбы лъэбакъуэу къачар насыпу яхуэбэгъуэну,узыншагъэ быдэ я1эу гъащ1э дахэ къагъэщ1эну!

Унэ лэжьыгъэ етын.

Оценкэ гъэувыжын.Дамыгъэхэр

Нобэрей псалъэмакъым и к1эухыу К1ыщокъуэ Алим и "Насып" усэм сыкъыфхуеджэну сыхуейт:

Л1эщ1ыгъуэ псоми сеупщ1ащ:

Насыпу лъап1эр дэнэ щы1э?

Л1эщ1ыгъуэ псоми къызжа1ащ,

А ф1ыгъуэр благъэу ди япэ иту

Ит1анэ ахэм яжес1ащ.

Насыпым щхьэхьу сыпежьэнщ

Ар спэгъунэгъумэ,къэслъыхъуэнщи

Нысащ1э дахэу лъагъуэ нэхук1э

Уэрэд хужыс1эу сэ къэсшэну.

Иужь л1эщ1ыгъуэм ар идакъым

И пащ1э ф1ыц1эм 1э дилъауэ

Игу илъыр щэхуу къи1уэтащ:

"Насып жыхуа1эр уэ зэгъащ1э-

Насып щ1экъуныр-арщ насыпыр".




Скачать

Рекомендуем курсы ПК и ППК для учителей

Вебинар для учителей

Свидетельство об участии БЕСПЛАТНО!