СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Бзэрабзэ, си бзэ дахэу, адыгэбзэ! Классщ1ыб лэжьыгъэ.

Нажмите, чтобы узнать подробности

Бзэрабзэ, си бзэ дахэу,  адыгэбзэ!

Мурадхэр: -  ЦIыхум и анэдэлъхубзэм нэхърэ нэхъ лъапIэ зэрыщымыIэр псэкIэ еджакIуэхэм зыхегъэщIэн;

-  Я бзэм пщIэ хуащIу, фIыуэ ялъагъуу, ирипсалъэу, Iуэху иризэрахьэу, я гупсысэ хуиту къраIуатэу егъэсэн;

-   «Бзэр кIуэдмэ, лъэпкъри мэкIуэд» адыгэ псалъэжьым и гупсысэ куур ягурыгъэIуэн, абы къишэ гузэвэгъуэ иныр, апхуэдэ гузэвэгъуэ къызыщыщIа лъэпкъ адыгэм дызэриIэр зыхегъэщIыкIын.

Просмотр содержимого документа
«Бзэрабзэ, си бзэ дахэу, адыгэбзэ! Классщ1ыб лэжьыгъэ.»



Бзэрабзэ, си бзэ дахэу, адыгэбзэ!

Мурадхэр: - ЦIыхум и анэдэлъхубзэм нэхърэ нэхъ лъапIэ зэрыщымыIэр псэкIэ еджакIуэхэм зыхегъэщIэн;

- Я бзэм пщIэ хуащIу, фIыуэ ялъагъуу, ирипсалъэу, Iуэху иризэрахьэу, я гупсысэ хуиту къраIуатэу егъэсэн;

- «Бзэр кIуэдмэ, лъэпкъри мэкIуэд» адыгэ псалъэжьым и гупсысэ куур ягурыгъэIуэн, абы къишэ гузэвэгъуэ иныр, апхуэдэ гузэвэгъуэ къызыщыщIа лъэпкъ адыгэм дызэриIэр зыхегъэщIыкIын.

Адыгэ макъамэ дахэ къеуэу композицэр езыгъэкIуэкIынум къыщIедзэ.

«Си адыгэ напэ»

Сэ соупщIыр, сэ соупщI дыгъуасэм,

Тхыдэм и дыгъуасэ гум и щIасэм:

- Яхъумахэр сыт ди адыгэлIхэм,

Я псэ IэфIыр мафIэм щыпэралъхьэм?

Зыщ жэуапыр: ар адыгэ напэщ,

ГъащIэм елъэпIэкI адыгэ напэщ.

Ноби си гум арщ щIигъэнэхъапэр

Си адыгэ, си адыгэ напэр.

Сэ соупщIыр, сэ соупщI си махуэм,

Си нобэрей махуэ гум и нэхум:

- Зыхуэлажьэр сыт си гуащIэ мащIэр,

СыщIэпагэ мы си лъэпкъ гумащIэр?

Зыщ жэуапыр: ар адыгэ напэщ,

ГъащIэм елъэпIэкI адыгэ напэщ.

Ноби си гум арщ щIигъэнэхъапэр

Си адыгэ, си адыгэ напэр.

Сэ соупщIыр, сэ соупщI си гъащIэм,

Си къэкIуэну гъащIэ нуру сфIэщIым:

- Къытезнэнур сыт си лъахэ дыщэм,

Сыпсэну сэ сащымыгъупщэу?

Зыщ жэуапыр: ар адыгэ напэщ,

ГъащIэм елъэпIэкI адыгэ напэщ.

Ноби си гум арщ щIигъэнэхъапэр

Си адыгэ, си адыгэ напэ!

Джэдгъэф Борис.

Езыгъэк1уэк1ым: 1. Фи махуэ фIыуэ ди ныбжьэгъу лъапIэхэ! Нобэрей ди литературно – макъамэ композицэ «Бзэрабзэ, си бзэ дахэу адыгэбзэ!» зыф1этщар зытеухуар дэтхэнэ зыми къыддалъхуа ди анэдэлъхубзэращ. Псоми зэрытщIэщи, бзэр цIыхуу дунейм тетыр зэрызэрыщIэ, зэрызэгурыIуэ, зэрызэпсалъэ Iэмалщ. Бзэр щымыIэмэ, цIыхум бзэр имыщIэмэ, гъащIэр гугъу хъунущ, цIыхухэр зэрыщIэнукъым, аращ «Бзэр кIуэдмэ, лъэпкъри мэкIуэд» адыгэ псалъэжьым щIыжиIар.

Езыгъэк1уэк1ым: 2. Къыщалъхуа махуэм щыщ1эдзауэ ц1ыхум зэхехыр анэм, адэм, адэшхуэ – анэшхуэхэм я макъ. Псалъэхэр имыщ1э щ1ык1э сабийм макък1э къиц1ыхуу хуожьэ махуэ къэс илъагъу, игъунэгъу ц1ыхухэр. Ауэрэ псэлъэфу, къэзыухъуреихь дунейр зыхищ1эу щ1едзэ. Щ1эныгъэл1хэм къызэрахутамк1э, сабийм илъэсибл ныбжьым щитым псалъэу нэхъыбэ дыдэ зэрегъащ1э, игу иреубыдэ, адэк1э къигъэщ1эну и гъащ1э псом нэхърэ. Аращи, абы щыщ1эдзауэ, ц1ыхум и бзэм лъагъуныгъэ хуи1эу къэгъэтэджын хуейщ. Ауэ сытми жа1эркъым, щ1эныгъэ уимы1эу упсэуфынущ, ауэ бзэр умыщ1эу упсэуфынукъым. Пэжщ ар иджыи.

Езыгъэк1уэк1ым: 3. Къызэрахутамк1э, бзэуэ миних (6 тыс.) щы1эщ. Абы и ныкъуэр хэк1уэдэжыным нэсауэ щытщ, сыт щхьэк1э жып1эмэ ц1ыху ирипсалъэкъым, нобэр къыздэсым тхыгъэ зимы1э лъэпкъи хэтщ, псалъэм папщ1э, Африкэм и ц1ыхухэм щыщу процент 80% -м иджыри я1экъым тхыгъэ. Илъэс къэс бзэуэ пщ1ы (10) хок1уэдык1, мэк1уэдыж. Гуры1уэгъуэщ, бзэр к1уэдыным нэхърэ нэхъ гузэвэгъуэ зэрыщымы1эр, сыт щхьэк1э жып1эмэ абы и гъусэуи лъэпкъри мэк1уэд.

Езыгъэк1уэк1ым: 4. А гузэвэгъуэр къамыгъэхъун е нэхъ мащ1э ящ1ын папщ1э, бзэр ц1ыхум ф1ыуэ егъэлъагъун, егъэджын, егъэщ1эн, хъума хъун мурадк1э 2000 гъэ лъандэрэ ЮНЕСКО –м, мазаем и 21 махуэр бзэхэм я махуэу траухуауэ ягъэлъап1э. Дэри мы тхьэмахуэм абы теухуауэ едгъэк1уэк1ащ 1уэхугъуэ зыбжанэ , ик1и ахэр псори къызэщ1эткъуэжу нэбэ, бзэм и махуэм, литературно – макъамэ композицэри, зэрыжыт1ащи, абы тедухуащ.

5. Анэдэлъхубзэу бзэм я лей!

Ди гущэ къуапэм и уэрэд,

Укъыддалъхуащи ди псэм ухуэдэщ.

Ди адыгэбзэ, уей!

6. – Дунейм щынэхъ дахэр сыт?

- Адыгэ хъыджэбзырщ!

- Абы нэхъ дахэжыр сыт?

- Адыгэ шу къабзэрщ!

- Адыгэшыр зыгъэдахэр сыт?

- Адыгэл1 губзыгъэрщ!

- Ар зыгъэгубзыгъэр сыт?

- И бзэр – адыгэбзэрщ!

7. Щы1эщ жи1эу: «Ди бзэр мыхьэнэншэщ».

Щы1эщ жи1эу: «Ди бзэр къулейсызщ».

Бэзэр 1уэхухэр мыхъумэ, нэгъуэщ1 гуэрхэм

Я щхьэ уи1эбэну «къыбдэмыбз».

Ар жызы1эм, ахэр зи жьэ къек1уэм,

И анэ быдзышэр ещ1 хьэрэм.

Зи бзэр нэгъуэщ1ыбзэк1э зыхъуэжым,

Сыт имыхъуэжыну къыхуэнэн?

Уэрэд - « Си анэбзэ»

8. ЩытыкIэ куэдым ихуащ си лъэпкъыр Iэджэрэ, ауэ сыт хуэдиз гугъуехь ямышэчами я бзэ дахэр яхъумэжыфащ, лIыгъэ яхэлъу. Урыс – Кавказ зауэ закъуэр ирикъунт лъэпкъым и бзэри, и хабзэри, и лIыгъэри ирифIэкIуэдыну. Ирикъунут, ауэ ягъэкIуэдакъым, лъэпкъым зыфIигъэкIуэдакъым, ихъумэжыфащ и бзэр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ а бзэр цIыхум и гъащIэм къыпхухэхынутэкъым икIи къыпхухэчынутэкъым, ар гуэхыпIэ имыIэу гъащIэм епхащ, абы щыщ Iыхьэщ, зэрыпсэур аращ, ар шэч лъэпкъ зыхэмылъыжщ. Абы и щыхьэтщ абхъаз тхакIуэшхуэ Шинкубэ Бэгърат и «ЖылакIэ» романым щыщ мыпхуэдэ псалъэхэр: «Зи быдзышэ уефа уи анэм и бзэр пщыгъупщэжынукъым, Шэрахъ, ар, хэт жиIэми, уи фIэщ умыщI. Уи анэр пщыгъупщэжын – апхуэдэщ, ар пхузэфIэмыкIынщ…».

9. «Узэгугъур къогугъуж» – жеIэ адыгэ псалъэжьым, аращ анэдэлъхубзэри – уегугъумэ, урилажьэмэ, тэмэму ухущытмэ, абы зиужьынущ, нэхъри ефIэкIуэнущ, нэхъ къулей, шэрыуэ хъунущ.

Дэ ар хэдмыгъэкIуэдэжу едгъэфIакIуэу, дгъэлъапIэу, зедгъэужьу, ипэкIэ дгъэкIуатэу дыпсэун хуейщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ адыгэбзэр лIэщIыгъуэ куэдкIэрэ лъэпкъым гъащIэм къыкIуэцIрихауэ, химыгъэкIуэдэжу, иригъэфIакIуэу, зригъэужьу къогъуэгурыкIуэ.

10. «Анэдэлъхубзэ»

Си анэдэлъхубзэ, зэкъым уэ губгъэну

ЗэрыпхужаIахэр нэху къыптемыщхьэну,

ЖаIэрт убзэхыну, жьым зэрихьэ бгъэну,

КъалэкIыхьым адкIи сыфIумышыфыну.

Ауэ, зыпIэтащи, бгъэхэм уохьэуохуэ.

Тэрчым и псыпыхуу мыкIуэщIыжщ уи псалъэр.

Шууейр и уанэгум нобэ щогъэхахуэ,

Тхуожумарт сыт IуэхукIи уэ Iущыгъэу пхэлъыр.

ЗашэщIащ уи гъуэгухэм, къэрал Iэджэм нэсу.

НэгъуэщIыбзэ жылэхэр зыхэплъхьащ бэвыгъэу.

Фыздопсэу бзэ Iэджэ нобэ зэнэзэпсэу.

Сэри сегъэусэ пхэлъ уи шэрыуагъэм.

Си анэдэлъхубзэ, узианэщ - ушэ,-

Анэр зэи хъуркъым гущэ уэрэдыншэ.

ЩоджэнцIыкIу Iэдэм.

Уэрэд«Анэдэлъхубзэ»

11. Бгы лъапэм къыщIэж нартсанэу къабзэ, анэ быдзышэу къэуат, хьэуа пэлъытэу узыпхыплъыф, налкъут – налмэсу гъэжа, дыщэ плъыжьым ефIэкI, Iущыгъэ инхэр къызэIузых, зи жылакIэр, кIуэдыж яфIэщIми, бэурэ къэкIыж, тенджызым имытхьэлэф, гурыщIэ куухэр зэрыIуах IункIыбзэ, бийм игу изых, анэ гущабэу къодэхэщIэф, пэж зэраIуатэ, лъагъуныгъэбзэкIэ дахащэ.

12. Уэ урибзэщ нарт Бэдынокъуэ, лIыгъэм сыт щыгъуи ухуэгъэпсащ, уэ урибзэщ Сэтэней гуащэ, хьэгъэщагъищи Iэзэу зыбохьэ, уэ урибзэщ ПащIэ Бэчмырзэ, Iущыгъэ инкIэ уэ упсыхьащ. УIурылъащ ЩоджэнцIыкIу Алий, уэрщ зэраIуэтар Лацэ, Мадинэ сымэ я лъагъуныгъэр!

13. Си адыгэбзэ, си адыгэпсэ, уэ усIурылъщи, сэ нэхъ бей щымыIэ, уэ узиIэщи, зеиншэ зыми сыхуэмыщIын, си лъахэм и гур уэращ, уэрщ и хъумакIуэр си лъэпкъым!

Сэ слъэкIыгъамэ, уи щIыхьыр уафэм нэсыхукIэ сIэтынт, илъэс мин къакIуэхэм упсэун хуэдэу, къулеигъэ псори уэстынт, ахэр уэ узэриIэр сымыщIэу щытамэ,Тхьэм сыпхуелъэIуурэ уэ къыпхуеIысхынт, си адыгэбзэ, си адыгэпсэ!

14. «Си анэбзэ, си адыгэбзэ!»

Си анэдэлъхубзэ, си лъэпкъыбзэ,

Анэбзэу си псэм къеубзэрабзэ,

Хэт и бзэ сэркIэ нэхъ щэбэн!?

Нэхъ къехуэбылIэ псэм згъуэтын!?

IущагъкIи хэт къыппэлъэщын!?

Хэт и бзэ упэсщIын слъэкIын!?

Уэрыншэу сыт схузэфIэкIын!?

Уэрыншэу сыпсэун слъэкIын!?

Си адыгэбзэ, си псэм и псэ,

Лъэпкъ гъащIэм лъыкIэ ухэпщащ.

Лъы защIэ лъэпкъыр куэдрэ хъурти,

Къытехуэр дэбгъэунэхуащ:

КIуэдыпIэ щихуэм –

УщIыгъуащ, хуэбусу гъыбзэ бын кIуэдахэм,

Къуэ къыщыпхуалъхум,

ДэпIэтащ бгъэпсалъэу пшынэр,

Ноби уэрщ.

Уэращ ди лъэпкъым и нэ вагъуэр

Уэ утхуэблэхукIэ,

ДиIэщ лъэпкъ

Лъэпкъ къыткъуэтыхукIэ

Дэ дыцIыхущ.

Мэмхэгъ Рая.

15. Адыгэхэм къакIуа гъуэгуанэ хьэлъэм и Iэужьщ ди лъэпкъэгъухэр дуней псом щикъухьа зэрыхъуар. Ауэ дэнэ щымыпсэуами ахэм я гур я хэкужьымкIэ щыIэщ, я бзэри, я хабзэри зыщагъэгъупщэркъым.

«Фысакъ»

16. Бзэр т1эщ1эк1мэ, дылъэпкъкъым.

Акъыл ин ухуэмей

Къыбгуры1уэу а т1эк1ур

Утетыну дунейм.

Бзэм и макъхэм ди тхыдэр,

Ди лъыр, ди псэр хэпщащ.

Бзэр тхъумэну зымыдэр

Ди биям къагъэщ1ащ.

Бзэр т1эщ1эк1мэ, досык1ыр,

Т1эщ1эк1амк1и дрикъунт.

К1уа л1эщ1ыгъуэм лъык1псык1ым

Хипщэжар сыт хъужын.

Бзэр т1эщ1эк1мэ, док1уэдыр,

Лъы зыщ1этыр фысакъ.

Псы зыщ1этыр тек1уэту,

Вгъэ1у бзэ дахэм и макъ.

Бештокъуэ Хьэбас.

17. Лъэпкъыр узыншэу щытын папщ1э, ар япэк1э к1уэтэн щхьэк1э щ1эблэ узыншэ и1эн хуейщ. Сабийр дунейм къыщытехьа махуэм щыщ1эдзауэ анэдэлъхубзэр дахэу зэрыбзэрабзэр зыхегъэщ1эн хуейщ. Сыт хуэдэу гухэхъуэ зи анэбзэр зыгъэбзэрабзэ щ1эблэм уедэ1уэну!

18. «Аращ адыгэр»

Сытми ар адыгэ?

И бзэр имыщ1эжым.

Мащ1эу зигъэпагэу,

Шыбгым имысыжым.

Сытми ар адыгэ?

Уджым хэмыхьэжым.

Бухъар пы1эр лъагэу

Нат1эм темысыжым!

Сытми ар адыгэ?

Хабзэр иубыжым,

Пэк1э кърашэк1ыу

Хэти и 1эдэжым.

Сытми ар адыгэ?

Жьым нэмыс хуимыщ1ым.

1энэм ягъэт1ысым –

Къэтэджыж зымыщ1эм!

Гупым яхыхьамэ,

И пщ1эр ф1эмык1уэдым,

1уэхук1э щытхъу къихьамэ,

Мис аращ адыгэр.

И ф1ыщ1агъэр щ1эблэм

Щапхъэ яхуэхъуамэ,

Игъэ1эсэм щыблэр –

Мис аращ адыгэр!

Лъэпкъыр иузэщ1у

Гъащ1эр игъэдахэм,

И гур ныбжьэгъу куэщ1мэ –

Мис аращ адыгэр!

Щоджэнц1ык1у Нурий.

19. «Адыгэбзэу си бзэ лъапIэ»

Адыгэбзэу си бзэ лъапIэ,

Хэкум уэ уриуэздыгъэщ.

Адыгэбзэу си бзэ дахэ,

Дунейм уэ уринэхугъэщ.

Адыгэбзэу си псэм и псэ,

Сэ узиIэщ гъащIэ Iэнэу.

Адыгэбзэу си нэм и нэ,

Сэ узобжыр узианэу.

Адыгэбзэу си бзэ пагэ,

Лъэпкъым уэ урикъэбзагъэщ.

Адыгэбзэу си бзэ гуапэ,

Дунейм уэ урипэжыгъэщ.

Адыгэбзэу си бзэ нахуэр,

Уэ ди лъэпкъым уридыгъэщ.

Адыгэбзэу си бзэ хахуэр,

Си лъэпкъ уардэм уримазэщ.

Адыгэбзэ, адыгэпсэ,

Уэрщ си лъэпкъым и хъумакIуэр.

УщыIухукIэ уэ ди лъахэм,

Ибэ хъункъым си лъэпкъ мащIэр.

Хьэрэдурэ М.

20. Си адыгэ лъэпкъри, си анэдэлъхубзэри зэи уэрэдыншэ хъунукъым, бзэрэбзэнущ, зи цIэр жыжьэ Iуа, зи хэкур, лъэпкъыр, бзэр зыгъэбжьыфIа е иджыри зыгъэбжьыфIэ цIыху щэджащэхэм я цIэр хэмыкIуэдэжу дунейм тетыху. Дэ дрогушхуэ ди лъэпкъ уардэм Редадэ, Инал, Идар Темрыкъуэ, Нэгумэ Шорэ, Къардэн Къубатий, Къанкъуэщ Ахьмэдхъан, тхакIуэхэу ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, КъардэнгъущI Зырамыку, Шортэн Аскэрбий, сурэтыщI КIыщ Мухьэдин, Пащты Гермэн, дирижер Темыркъан Юрэ, артистхэу ТIыхъужь Алий, ДыщэкI К1унэ, олимп чемпионхэу Къардэн Мурат, Хъущт Аслъэнбэч, Мудран Беслъэн, Джэду Аниуар сымэ, нэгъуэщI куэдхэри къызэрытхэкIам. Мыбыхэм хуэдэ адыгэ дунейм тетыху, ди лъэпкъри псэунущ, ди адыгэбзэри бзэрэбзэнущ.

21. Адыгэбзэр убзэрабзэм,

Уафэ къащхъуэм зеукъэбзыр,

Дыгъэ джылыр къыщIокIыжри,

Бзум усэныр ягу къокIыжыр.

Уэрэд - «Си анэбзэ, си адыгэбзэ» Хъыбий Инал

22. ЦIыхум и псэм пищIыфынур, сэ къызэрызгурыIуэмкIэ, абы и гъунэгъу дыдэращ, фIыуэ илъагъуращ, къыдалъхуаращ. Апхуэдэщ анэдэлъхубзэри цIыхуу дунейм тетым я дежкIэ, ар анэм къыдделъху. Дэ ар хэдмыгъэкIуэдэжу едгъэфIакIуэу, дгъэлъапIэу, зедгъэужьу, ипэкIэ дгъэкIуатэу дыпсэун хуейщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ адыгэбзэр лIэщIыгъуэ куэдкIэрэ лъэпкъым гъащIэм къыкIуэцIрихауэ, химыгъэкIуэдэжу, иригъэфIакIуэу, зригъэужьу къогъуэгурыкIуэ.

23. Щэхуми нахуэми ди зэманым цIыхухэм яIуатэу зэхыбох: «Адыгэбзэр къулейсызщ, къарууншэщ, ар бджыуэ зэман щIэбгъэкIуэдын щыIэкъым, ар дэ къытхуэсэбэпынукъым». Анэдэлъхубзэр къэмысэбэпыну, абы и зыужьыныгъэм мыхьэнэ имыIэу къэзылъытэхэр цIыху «къулейуэ» жыпIэ хъунукъым. Апхуэдэ цIыхухэм къащохъу езыхэм я мыхъумыщIагъэр адыгэбзэм тралъхьэкIэрэ я бзэмыщIэныгъэр хагъэгъуэщэну. Апхуэдэ гупсысэ зиIэхэм къагурымыIуэр зыщ – бзэм и къарурщ. Уи бзэмкIэ цIыхум уегуэуэфынущ, и гур хэбгъэщIыфынущ, уеблэмэ пхуэукIынущ, сымаджэмэ – бгъэхъужыфынущ, и гур пхухэгъэхъуэнущ, гукъыдэжышхуэ ептыфынущ, гъащIэм гущыкI хуебгъэщIыфынущ, апхуэдэ дыдэуи гъащIэм хуэдэ щымыIэу къыщыбгъэхъуфынущ, дэрэжэгъуэ ин епту. АтIэ апхуэдиз лъэкIыныгъэ, къару зиIэ ди бзэр, ди адыгэбзэр, дауэ фIыуэ зэрыдмылъагъунур, псэм и хъуахуэу къызэрыдмыбжынур? ДымылъагъупIэр иIэкъым Iуащхьэмахуэу уардэ, къуршыпс уэру лъэщ, зэнзэныпсу къабзэ, тенджызыр зи кууагъ, дыгъэм хуэдэу хуабэу гур зыдэхуабэ, псэм и хъуахуэ, гъащIэр зыгъэнэху, налкъутналмэсу зэщIэблэ си бзэ лъапIэр!

Уэрэд – «Адыгэл1» Бэрэгъун Марианнэ. Уэрэдыр къеуэу усэр жа1э.

24. «Зэ уадыгэну сыт и уасэ

Уи адэжьхэм я бзэм урипсалъэу,

Я хъыбарыжь Iущхэр уи пшыналъэу,

Хъуэхъум я нэхъыфIхэр зэхыуагъэхыу

Ху махъсымэ фалъэр зэIэпыпхыу –

Зэ уадыгэну сыт и уасэ!

Уи къурш лъапэ псынэпс къыщыкъуалъэр

Уи бын и быныжхэм къыщIагъалъэу,

Уи Iэщ хъушэм хъупIэхэр яуфэбгъуу –

Мо 1уащхьэмахуэшхуи къыбдалъагъуу

Зэ уадыгэну сыт и уасэ!

Уи нэмыс, уи фащэ, уи джэгукIэм

Уи щIэблэщIэ уардэр щыгуфIыкIыу,

Узэпсалъэр,

УщIэпсалъэр пщIэжу,

Уи лъэпкъ напэр лIыгъэкIэ бгъэпэжу –

Зэ уадыгэну сыт и уасэ!

Уи шы лъэпкъыфI пцIащхъуэу щIэлъэтыкIым

Укъэшэсрэ лIыуэ бгъэшу батэр,

УщIэукIытэжыни къыпхуимыхуэу,

Уэ уи щIакIуэ кIапэр жьым зэрихуэу –

Зэ уадыгэну сыт и уасэ!

Хьэм уигу щIэгъуу –

Зэхэпхамэ пщIэууэ,

УзэрылIэжынур

Зэгуэр пщIэуэ,

Дунеишхуэм уэ щыпщIэн щыпщIауэ,

ЛIым и хьэлкIэ гъащIэ къэбгъэщIауэ –

Зэ уадыгэну сыт и уасэ!

АфIэунэ Лиуан.

25. УсакIуэшхуэ АфIэунэ Лиуан зэрыжиIащи, уи хабзэкIэ, нэмыскIэ, лIыгъэкIэ, къарукIэ, цIыхугъэкIэ, псом я щхьэжыращи, уи бзэкIэ дуней псом ущыцIэрыIуэу зэ уадыгэну сыт и уасэ! Хуит дыкъэфщIмэ, а псалъэ купщIафIэхэмкIэ зэхуэтщIыжынщ ди литературно – макъамэ композицэ: «Бзэрабзэ, си бзэ дахэу адыгэбзэ!» зыф1этщар.

Уэрэд «Адыгэл1» Бэрэгъун Марианнэ. Уэрэдым и к1ыхьагък1э йода1уэ.
























Скачать

Рекомендуем курсы ПК и ППК для учителей

Вебинар для учителей

Свидетельство об участии БЕСПЛАТНО!