СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Сценарий внеклассного мероприятия "Нысашэ"

Нажмите, чтобы узнать подробности

Просмотр содержимого документа
«Сценарий внеклассного мероприятия "Нысашэ"»

«Нысашэ»

Хъуэхъу.

Нобэ дызыпежьа гуф1эгъуэр, гуф1эгъуэ к1ыхь Аллыхьым тхуищ1! Къуажэми жылэми тлъэгъуакъым жа1эу ф1ы къыдэк1уэну Аллыхьым жи1э! 1эдэбу, тэмэму 1уэхур зэф1эзыгъэк1ыну, дахэу, губзыгъагъэ хэлъу, щэныф1эу нысэр къытхуэфшэу фыкъэк1уэжыну дыарэзыуэ апхуэдэ унафэк1э ди нэхъыжьхэм къыбгъэдэк1ыу фыдогъажьэри гъуэгу махуэ!

Гупыр йожьэ: «Уэ док1уэ док1уэ нысашэ док1уэ…» жа1эурэ

Уэ докIуэ докIуэ, нысашэ докIуэ

Уэ докIуэ докIуэ, нысашэ докIуэ

Нысашэ дыщыкIуэкIэ маржэхэр феуэ

Нысашэ дыщыкIуэкIэ маржэхэр феуэ

 


Уэ къофэ къофэ, нэхьыжьхэр къофэ

Уэ къофэ къофэ, нэхьыжьхэр къофэ

Нэхьыжьхэр къыщыфэкIэ маржэхэр феуэ

Нэхьыжьхэр къыщыфэкIэ маржэхэр феуэ

 

 


Уэ къофэ къофэ, ныбжьэгъухэр къофэ

Уэ къофэ къофэ, ныбжьэгъухэр къофэ

Ныбжьэгъухэр къыщыфэкIэ дэри дыкъыдофэ

Ныбжьэгъухэр къыщыфэкIэ дэри дыкъыдофэ



Джэгуак1уэм:

Уэ ди нэхъыжь лъап1эхэ, ди щ1алэгъуалэри къызэхуэсащи, 1уэхур доублэр. Нобэ етхьэжьа 1уэхур лъэпкъит1ми яхуэф1ыну, ныбжыщ1ит1ри насыпыф1э хъуну сохъуахъуэ. Нт1э, нысащ1эр къэгъэтэджыным иужь дохьэ, хуит дыкъэфщ1мэ. Щ1алэгъуалэм джэгур ефшажьэ, ину феуэ 1эгум.

Еджак1уэм:

Ярэби, хьэзыру п1эрэ ди нысащ1эр, дыкъыщ1ыхьэ хъуну п1эрэ?

4. хъыджэбзым: фыкъыщ1ыхьи феплъ!

Джэгуак1уэм:

И1эт щ1алэгъуалэр, фыкъыщ1ыхьэ фыкъыщ1ыхьэ , моуэ фыкъэк1уатэт щ1алэхэр. Дэнэ щы1э нысащ1эр, нысэр дэнэ щы1э?

Псоми сахоплъэри дахэ дыдэ защ1эщ, дауэ къэтц1ыхуа хъуну ди нысащ1эр? Мо дахэ дыдэрауэ п1эрэ?

Еджак1уэм:

Ярэби, моуэ фызэбгрык1и дывгъэлъагъу е моуэ нэ сэмэгук1э ды1увгъаплъэ нысэ тхуэхъунум. Псори фыдахэ защ1эщи къытхухэхкъым нысащ1эр, дауэ къэтщ1а хъуну п1эрэ, дауэ къэтц1ыхуа хъуну п1эрэ?

Хъыджэбзым:

Дауэ къэфц1ыхун псори щыдахэк1э?

Еджак1уэм:

Ярэби, моуэ зыщ1ып1э зигъэпщк1уауэ къуэмыту п1эрэ?

Еджак1уэм:

Нысэу къытхуашэр къаз къурмэкъейуэ пщэ псыгъуэ?

Еджак1уэм:

Зэгуэудыгъуэ?

Еджак1уэм:

Гъунэгъу гъэпыхьэ?

Еджак1уэм:

Уд фызыжь ц1ык1уу щ1ык1ей?

ХЪЫДЖЭБЗЫМ:

Аааа1э тхьэ! Ди хъыджэбзыр хышхуэ тхьэрыкъуэщ,

Дыщэ зэрылэщ.

Пыжьынэ дахэщ,

Лэжьыгъэм и гур хуэкъабзэщ. .

Джэгуак1уэм:

Щысщ жып1а, уа зи унагъуэрэ хьэщ1э къыщ1ыхьак1э къэмытэдж нысащ1э дыхуей дэ?

1ук1 1ук1 нэвгъазэ…

ХЪЫДЖЭБЗЫМ:

Зэ-зэ фыкъэмыпщтыр.

Хуабжьу хабзэми щ1ап1ык1ащ ди пщащэ ц1ык1ур. Дыгъуасэ жэм къыздишым и лъакъуэм жэмыр къытеувэри т1эк1у игъэузати щысщ.

Джэгуак1уэм:

Мыдэ-мыдэ фыкъысхуеплъыт, дэнэ къитхыжын мыпхуэдэ нысащ1э, жэм къишу, шэ зэрихьэу. Тхуэфащэ дыдэщ апхуэдэ пщащэ (хъыджэбз). Зы сомин удзыфэшхуэ хузогъэфащэ ди нысащ1э ц1ык1ум!

ХЪЫДЖЭБЗЫМ:

МАЩ1ЭЩ-МАЩ1ЭЩ.

Еджак1уэм:

Дауэ мащ1эн, удзыфэ хъужауэ зы тхылъымп1эшхуэу, дахэ дыдэу?!

ХЪЫДЖЭБЗЫМ:

ЖЫП ИЖЬЫМ И1ЭБЭ, И1ЭБЭ ИДЖЫРИ !

Джэгуак1уэм:

Къэвгъэлъагъуэт а сомин удзыфэжьыр, евгъэхъуапсэт

ХЪЫДЖЭБЗЫМ: СЭМЭГУМ ФИ1ЭБЭ ИДЖЫ

Дджак1уэм:

Дэ сыт щыгъуи зы жыпым илъу къыдохьэк1 ахъшэр.

Егъэлъагъут а уи жыпым илъыр?

Соминышхуит1 аллыхьым жи1эмэ…

ХЪЫДЖЭБЗЫМ:

Шырыкъухэми фыдэ1эбэ

Джэгуак1уэм:

Моуэ умыгъэлъагъуэу а уи лъэпэд лъапэм дэлъхьар зегъэзыхи къыдэх, къыдэх.

Ыхьы , ыхьы соминитхум нэсащ же1э, дауэ къыфщыхъурэ?

ХЪЫДЖЭБЗЫМ:

Ди пщащэ ц1ык1ум уасэ и1экъым. Гушы1эр псэм и щ1асэщи, хабзэм тету къытхуэвгъэфащэр ди 1эгум къифлъхьэ, маржэ хъужынхэ, апхуэдэу хъумэ, нысэр фыфейщ.

Джэгуак1уэм:

Ат1э, дызэхуэарэзыуэ мы тыгъэр къафщтэ,

нысащ1эр и дэлъхухэм я 1эпэгъуу къыщ1ыдош. (Черим Нахушев «Нысэ къыдошэ» уэрэд)

Еджак1уэм:

Еуэт джэгуак1уэ!

Джэгуак1уэм:

Уа ди нэхъыжь ф1эраф1эхэ,

Тхьэм и ф1ыщ1эк1э щ1алэгъуалэр зэгуры1уащ, уасэмк1и арэзыхэщ, дэри дыарэзыуэ къыщ1этшащ.

Айдэ, нысашэ джэгур доублэ.



Еджак1уэм: Хъуэхъу.

Нобэ ди лъэпкъым ди гуф1эгъуэщ, нысэ ц1ык1у къытхуашэ, лъэпкъит1 благъэ зэхуохъури Яллыхь благъэ зэхуэмахуэ дызэхуищ1! Нэрыбгэ ц1ык1ур лъапэ махуэк1э угъурлыуэ къытхыхьауэ Тхьэм къыщ1игъэк1.

Маф1эм хуэдэу гущабэу,

Джэдым хуэдэу быныф1эу

Хьэф1ым хуэдэу 1умахуэу

Л1ыф1ым хуэдэу ц1эры1уэу,

И гуащэжьыр щ1эк1амэ хуэзэшу,

Къыщ1ыхьэжмэ щышынэу

Шынэ, ук1ытэ хэлъу

Быным як1эрыпщ1ауэ

1эф1у быныр илъагъуу

Тхьэм тхуигъэпсэу!



Или

Нысэ ц1ык1уу фи унагъуэм къихьар

Къыздик1ам лъэдакъэ махуэ къринэу,

Къыздихьам лъапэ махуэ кърихьэу,

Джанэк1эхъуу, щауэ хъурылъхуу,

Къилъхур ип1у, ипщэ къралъхьэр игъэзащ1эу,

Зы щыщ1агъи имы1эу, зыми хуэмыныкъуэу,

Гуныкъуэгъуи имы1эу,

Шэнтым тесмэ тхьэрыкъуэу, зиукъуэдиймэ, аслъэну,

Аслъэн сокур и щхьэцу,

И гуащэмк1э жы1эщ1эу,

Езыри мыгурыкъыу,

Мыныкъуэкъуалэу,

Шыф1ым хуэдэу ц1эры1уэу,

Хьэф1ым хуэдэу 1умахуэу,

Джэдым хуэдэу 1ущащэу,

Мэлым хуэдэу 1ущабэу,

Унагъуэ зэрыхьам гуры1уэгъу Тхьэм ищ1!