Зыубзыху тхыгъэ
Рабочэ программэр «Адыгэбзэ» (кабардино-черкесский язык (родной) предметымк1э хуэгъэпсащ Федеральнэ къэрал егъэджэныгъэ стандартыщ1эхэм (ФГОС) къагъэув къалэнхэр гъэзэщ1эным. Рабочэ программэм зэпкърех ик1и еубзыху стандартым къриубыдэу адыгэбзэ предметым еджак1уэхэм я еджэныгъэм, гъэсэныгъэм, зыужьыныгъэм епхауэ пкъырылъ 1эмалхэр, къэрал егъэджэныгъэ стандартыщ1эм (ФГОС) къигъэув къалэнхэм тету. 1-нэ классым азбукэмк1э (тхэк1э егъэщ1энымк1э) рабочэ программэр зэхэлъхьа хъуащ щ1эныгъэмк1э Федеральнэ методическэ зэхуэсыр аразы зытехъуа программэм (Примерная образовательная программа по учебному предмету «Адыгэбзэ» (Кабардино-черкесский язык (родной)) для 1-4 классов общеобразовательных организаций) ипкъ итк1э.
Мурадхэр:
-еджак1уэхэр щытхэк1э тэмэму зэф1эсыфу егъэсэн;
-тэмэму (т1эк1у хуэ1ушэу) партэм тралъхьэфу, щытхэк1э е сурэт щащ1к1э къэрэндащыр е ручкэр тэмэму зэра1ыгьын хуей щ1ык1эр егьэщ1эн;
-адыгэбзэм хьэрфу хэтхэр егьэщ1эн, ятхыфу егъэсэн;
-дэтхэнэ зы макъми и зэрыб хьэрфри и 1эрытх хьэрфри егьэщ1эн;
-макъыр зэхебгьэхмэ, абы и хьэрфыр къагьэлъэгьуэфу, хьэрфыр ебгьэлъагьумэ, абы къик1 макъыр ягъэ1уфу егъэсэн;
-хьэрфзешэхэмрэ хьэрф дэк1уашэхэмрэ зэхагъэк1ыфу егъэсэн;
-хьэрфзешэхэм тещ1ыхьауэ пычыгьуэхэр зэпащ1эу, хьэрф яджахэр зыхэт пычыгъуэхэм къеджэфу, ятхыфу егъэсэн;
-еджак1уэхэм хьэкъ ящыщ1ын хуейщ адыгэбзэмрэ адыгэ лъэпкъымрэ гуэхып1э имы1эу зэрызэпхар ик1и ф1ыуэ лъэгъун зэрыхуейр;
-бзэм къабзэу ик1и шэрыуэу ирипсэлъэн зэрыхуейр 1эмал имы1эу зэрыщытыр къагурыгъэ1уэн;
-ф1ыр 1ейм, сэбэпыр зэран хъум къыгуагъэк1ыфу, 1ейр 1умпэм ящ1ыфу, зэран хъум пэщ1эувэфу зэрыщытын хуейр егъэщ1эн.
Къалэнхэр:
-пэщ1эдзэу ягьуэта есэныгьэхэр егьэф1эк1уэныр;
-хьэрфышхуэ, хьэрф ц1ык1у псоми я тхык1эм щыгьэгьуэзэн, ахэр зэпащ1эфын; -макъхэр къызэрыгьэлъэгьуа 1эрытх хьэрфхэр яц1ыхун;
-псалъэухахэр щатхкIэ, хьэрфхэм я лъагагъ-лъахъшагъэм хуэсакъыу, ахэр захуэу ятхыфын;
-псалъэухахэр тэмэму ятхыфу егьэсэн (ипэ ит псалъэр хьэрфышхуэк1э кьегьэжьауэ, и к1эм точкэ гъэувауэ);
-зи къэпсэлъыкIэрэ зи тхыкIэкIэ зытехуэ псалъэ, зи мыхьэнэр къагурыIуэхэр, апхуэдэ псалъэхэу зэхэт псалъэуха тынш дыдэхэр ятхыфын (псалъэ 15-20 –м нэс);
-еджак1уэ ц1ык1ухэм щ1эныгьэ пыухык1а зэрагъуэтым къыдэк1уэу я Хэкур ф1ыуэ ялъагъуу гъэсэныр;
-еджак1уэ ц1ык1ухэр ц1ыху пэжхэу, бэшэчхэу, л1ыгьэ яхэлъу къэгъэхъуныр;
я анэдэльхубзэм, хабзэм, нэхъыжьым пщ1э хуащ1у гьэсэныр.
«Адыгэбзэ» предметыр яджыным папщ1э хухахащ сыхьэт бжыгъэу 66,тхьэмахуэм – сыхьэтит1 хуэзэу.
Япэ гъэ еджэгъуэм и кIэм деж еджакIуэхэм адыгэбзэмкIэ
ящIэн хуейхэмрэ яхузэфIэкIыпхъэхэмрэ.
Личностнэ зэф1эк1хэр (результатхэр):
-адыгэбзэр лъэпкъ щэнхабзэ ф1ыгъуэу зэрыщытымк1э пэщ1эдзэ гуры1уэныгъэхэр ягъуэтын;
-анэдэлъхубзэм ц1ыхум и зэхэщ1ык1ым, и зыужьыныгъэм, и хьэл-щэным и зэф1эувэныгъэм и хэк1ып1эу зэрыщытым теухуауэ пэщ1эдзэ гуры1уэныгъэхэр ягъуэтын;
-еджэныгъэм и1э мыхьэнэр зыхащ1ык1ын;
-анэдэлъхубзэм пщ1э хуэщ1ыныр, абы иригушхуэныр, ар ф1ыуэ лъагъуныр я къалэну, хьэкъыу зэрыщытыр къагйры1уэн;
-анэдэлъхубзэм и къабзагъэмрэ, и дахагъэмрэ хъумэным хуэшэн, ар лъэпкъ щэнхабзэм и 1ыхьэу зэрыщытым теухуауэ пэщ1эдзэ гуры1уэныгъэхэр ягъуэтын;
-еджак1уэхэм я бзэр еф1эк1уэныгъэ.
Метапредметнэ зэф1эк1хэр (результатхэр):
-егъэджак1уэр я дэ1эпыкъуэгъуу урокым и мурадхэр яубзыхуфын;
-урокым щалэжьыну лэжыгъэхэм я зэк1элъык1уэк1эр къа1уэтэфын;
-учебникымк1э ялэжь лэжьыгъэм теухуауэ езым я еплъык1эр къа1уэтэфын.
-учебникым и зэхэлъык1эм иригъуэзэфын;
-упщ1эхэм я жэуапхэр тхыгъэм, сурэтхэм къыщагъуэтыфын;
-егъэджак1уэр я дэ1эпыкъуэгъуу лэжьыгъэ ягъэзэщ1эм теухуауэ выводхэр ящ1ын;
-зэдэ1уа е зэджа текстхэр убгъуауэ къэ1уэтэжыфын;
-я гупсысэхэр (псалъэухак1э, текстк1э) къа1уэтэфын;
-нэгъуэщ1ым и псалъэм едэ1уэфын, къагуры1уэн;
-гъэхуауэ текст къеджэн, къэ1уэтэжын;
-къыдеджэ ц1ык1ухэм ягуры1уэн, яхэзэгъэн;
- бзэм къэгъэсэбэпыкIэу иIэ псоми, жьэрыIуатэбзэми тхыбзэми яхэлъын хуей культурэ лъабжьэми хуэIэрыхуэ ухъунырщ, еджакIуэр езым и ныбжь елъытауэ здыхэхуэ щытыкIэхэм бзэр къыщигъэсэбэпыфынырщ.
Предметнэ зэф1эк1хэр (результатхэр):
-бзэм и къалэн нэхъыщхьэр ящ1эн, ц1ыхухэр зэрызэгуры1уэ 1эмалу зэрыщытыр, бзэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ зэрызэпыщ1а, анэдэлъхубзэм ц1ыху гъащ1эмрэ обществэмрэ ща1э мыхьэнэм теухуауэ пэщ1эдзэ гуры1уэныгъэхэр ягъуэтын;
-макъхэмрэ хьэрфхэмрэ зэхагъэк1ыфын;
-макъзешэхэмрэ макъ дэк1уашэхэмрэ зэхагъэк1ыфын;
-псалъэхэр, псалъэухахэр зэхагъэк1ыфын;
-псалъэухамрэ текстыр зэхагъэк1ыфын;
-адыгэбзэм и алфавитыр зэрыщыту ящ1эн, ятхыфын;
-псалъэхэр пычыгъукэк1э зэпаудыфын, ударенэр трагъэувэфын;
-псалъэухам и щ1эдзап1эр хьэрфышхуэк1э зэратхыр ящ1эн;
-псалъэухам и к1эм нагъыщэхэр ягъэувыфын;
-къыщеджэкIи къыщапсэлъкIи псалъэухам и кIэм макъым зыщрагъэIэтыфын е щагъэлъахъшэфын;
-псалъэхэмрэ псалъэухахэмрэ кьытратхык1ыфын (япэ щ1ык1э 1эрытхым, иужьк1э зэрыбу тедзам);
-тхэк1э къабзэ я1эн.
Егъэджыныр зэрызэхэлъымрэ къызэщ1иубыдэмрэ
№ | Разделхэр | Сыхьэт бжыгъэ |
1 | Тхэным щыхуагъэхьэзыр лъэхъэнэ Ди бзэр. Бзэр жьэры1уатэу тхыбзэу зэрыщытыр. Псалъэуха.Псалъэ. Макъзешэ, макъ дэк1уашэ. Пычыгъуэ. Хьэрф. Хьэндырабгъуэм ещхь хьэрфхэр. | 5 |
2 | Хьэрфхэр щатх лъэхъэнэ Хьэрф А, а. Хьэрф У, у. Пычыгъуэхэр, псалъэ аму. Хьэрф М,м Хьэрф Э. Хьэрф Н,н. Хьэрф Р,р. Хьэрф а-мрэ э-мрэ зэгъэпщэн. Хьэрф Ж,ж. Пычыгъуэхэр, псалъэхэр. Хьэрф Ш,ш. Пычыгъуэхэр, псалъэхэр. Хьэрф Ы. Зэрыупщ1э, хэ1этык1а нагъыщэхэр. Хьэрф И,и. Хьэрф Щ,щ. Псалъэухар. Хьэрф 3,з. Хьэрф С,с. Хьэрф Л,л. Пычыгъуэ зэ1уха, зэхуэщ1а. Хьэрф Д, д. Хьэрф Т, т. Хьэрф Х, х. Сабийхэм хасар. Хьэрф Ху, ху. Хьэрф Б, б. Хьэрф П, п. Хьэрф О, о. Хьэрф Е, е. Пычыгъуэхэр, псалъэхэр. Хьэрф Хь, хь. Хьэрф Г, г. Хьэрф Гу, гу. Хьэрф 1.Хьэрф 1у. Хьэрф К, к. Хьэрф Ку,ку. Хьэрф ЖЬ,жь. Хьэрф В, в. Хьэрф Ф, ф. Хьэрф Й,й. Хьэрф Дж, дж. Хьэрф Дз, дз. Хьэрф Я, я. Хьэрф диктант. Хьэрф Лъ, лъ. Хьэрф Къ, къ. Хьэрф Къу,къу. Хьэрф Гъ, гь. Хьэрф Гъу, гъу. Хьэрф Хъ, хъ. Хьэрф Хъу,хъу. Хьэрф К1, к1. Хьэрф К1у,к1у. Хьэрф Щ1,щ1. Хьэрф Ф1,ф1. Хьэрф П1,п1. Диктант. Хьэрф Ц,ц. Хьэрф Ц1,ц1. Хьэрф Т1, т1. ХьэрфЛ1,л1. Хьэрф Ч,ч. Хьэрф Кхъ,кхъ. Хьэрф Кхъу,кхъу. Хьэрф Ю,ю; Диктант. Хьэрф Ё,ё.Дамыгъэ Ь,Ъ. Хьэрф Э,э. Диктант. | 59 |
3 | Азбукэ нэужь лъэхъэнэ Псалъэ диктант. Текст | 2 |
Календарнэ-тематическэ план
№ | Урокым и темэр | Сыхьэт бжыгъэ | Щаджыну махуэр |
план | факт. |
Тхэным щыхуагъэхьэзыр лъэхъэнэ (сыхь.5) |
1 | ТБ инструктаж Ди бзэр. Бзэр жьэры1уатэу тхыбзэу зэрыщытыр. | 1 | | |
2 | Псалъэуха.Псалъэ. | 1 | | |
3 | Макъзешэ, макъ дэк1уашэ. | 1 | | |
4 | Пычыгъуэ. Хьэрф. | 1 | | |
5 | Хьэндырабгъуэм ещхь хьэрфхэр. | 1 | | |
Хьэрфхэр щатх лъэхъэнэ (сыхь.59) |
6 | Хьэрфхэу А, а-хэр. | 1 | | |
7 | ХьэрфУ,у-хэр. Пычыгъуэхэр,псалъэ аму. | 1 | | |
8 | Хьэрф М,м, Э,э-хэр. | 1 | | |
9 | Хьэрф Н, н-хэр. Анэр | 1 | | |
10 | Хьэрф Р, р-хэр. Хьэрф а-мрэ э-мрэ зэгъэпщэн. | 1 | | |
11 | Хьэрф Ж,ж, пычыгъуэхэр псалъэхэр. | 1 | | |
12 | Хьэрф Ш,ш, пычыгъуэхэр псалъэхэр. | 1 | | |
13 | Хьэрф Ы,ы. Зэрыупщ1э, хэ1этык1а нагъыщэхэр. | 1 | | |
14 | Хьэрф И, и -хэр. | 1 | | |
15 | Хьэрф Щ,щ. Псалъэухар. | 1 | | |
16 | Хьэрфхэу З,з С,с. | 1 | | |
17 | Хьэрфхэу Л,л. Пычыгъуэ зэ1уха, зэхуэщ1а. | 1 | | |
18 | Хьэрфхэу Д,д –хэр. | 1 | | |
19 | Хьэрф Т,т – хэр. | 1 | | |
20 | Хьэрфхэр Х,х.Сабийхэм хасар. | 1 | | |
21 | Хьэрф Ху,ху-хэр. | 1 | | |
22 | Хьэрф Б,б-хэр. | 1 | | |
23 | Хьэрф П, п-хэр, | 1 | | |
24 | Хьэрф О,о. | 1 | | |
25 | Хьэрф Е,е. Псалъэхэр, пычыгъуэхэр. | 1 | | |
26 | Хьэрф Хь,хь, Псалъэхэр, пычыгъуэхэр. | 1 | | |
27 | Хьэрфхэу Г,г-хэр. | 1 | | |
28 | Хьэрфхэу Гу,гу-хэр. | 1 | | |
29 | Хьэрфхэу 1, 1--хэр. | 1 | | |
30 | Хьэрфхэу 1у, 1у-хэр. | 1 | | |
31 | Хьэрфхэу К, к- хэр. | 1 | | |
32 | Хьэрфхэу Ку,ку- хэр. | 1 | | |
33 | Хьэрфхэу Жь, жь -хэр. | 1 | | |
34 | Хьэрфхэу В, в -хэр | 1 | | |
35 | Хьэрфхэу Ф,ф-хэр | 1 | | |
36 | Хьэрфхэу Й, й-хэр | 1 | | |
37 | Хьэрфхэу Дж,дж - хэр. | 1 | | |
38 | Хьэрфхэу Дз, дз -хэр. | 1 | | |
39 | Хьэрфхэу Я, я-хэр. | 1 | | |
40 | Хьэрф диктант. | 1 | | |
41 | Хьэрфхэу Лъ,лъ хэр. | 1 | | |
42 | Хьэрфхэу Къ, къ-хэр. | 1 | | |
43 | Хьэрфхэу Къу, къу –хэр | 1 | | |
44 | Хьэрфхэу Гъ,гъ. хэр. | 1 | | |
45 | Хьэрфхэу Гъу,гъу. хэр. | 1 | | |
46 | Хьэрфхэу Хъ, хъ- хэр. | 1 | | |
47 | Хьэрф Хъу,хъу-хэр | 1 | | |
48 | Хьэрф К1,к1.-хэр | 1 | | |
49 | Хьэрф К1у ,к1у .-хэр. | 1 | | |
50 | Хьэрфхэу Щ1,щ1. | 1 | | |
51 | Хьэрфхэу Ф1,ф1. | 1 | | |
52 | Хьэрфхэу П1,п1. | 1 | | |
53 | Хьэрфхэу Ц,ц –хэр. | 1 | | |
54 | Хьэрфхэу Ц1, ц1- хэр. | 1 | | |
55 | Хьэрфхэу Т1,т1. | 1 | | |
56 | Хьэрфхэу Л1,л1-хэр. | 1 | | |
57 | Хьэрф Ч,ч. | 1 | | |
58 | Хьэрф Кхъ,кхъ-хэр. | 1 | | |
59 | Хьэрф Кхъу,кхъу-хэр. | 1 | | |
60 | Хьэрф Ю,ю. Текстыр къитхык1ын. | 1 | | |
61 | Хьэрфхэу Ё,ё хэр. | 1 | | |
62 | Хьэрф хь,жь-хэр къэзыгъэхъу ь-р. | 1 | | |
63 | Хьэрф зэгуэтхэр, ъ-р. | 1 | | |
64 | Хьэрф Э,э хэр | 1 | | |
Азбукэ нэужь лъэхъэнэ ( сыхь.2) |
65 | Псалъэ диктант. | 1 | | |
66 | Текст | 1 | | |