СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Игра "Акъыл жан"

Нажмите, чтобы узнать подробности

Просмотр содержимого документа
«Игра "Акъыл жан"»

МКОУ «СОШ 27»









«Акъыл жан»

джэгу зэпеуэ

(анэдэлъхубзэм и махуэм ирихьэлIэу)

ЩекIуэкIар: 7-нэ классхэм

ЕзыгъэкIуэкIар: Къардэн М.Л.





Налшык



«Акъыл жан»

-Фи махуэ фIыуэ ди хьэщIэ лъапIэхэ! Ди гуапэу фыкъыдогъэблагъэ нобэрей зэIущIэм.

1. Аращи ди махуэшхуэр къызэIутхынщ еплIанэ Иуан БетIал и «Адыгэ хабзэ» уэрэдымкIэ.

Джэгу-зэпеуэр теухуащ ди бзэм , ди хабзэм, ди щIыналъэм, адыгэ литературэм. Зи гугъу сщIа Iуэхугъуэхэм нэхъ щыгъуазэр зэхагъэкIыну утыку къихьащ гупитI. Япэ гупыр «Лэгъупыкъу», етIуанэ гупыр «Джэрпэджэж».
  Зэпеуэхэм я щIэныгъэмрэ я къарумрэ  здынэсыр къилъытэнущ ди жюри лъапIэми.

Аращи ди джэгу-зэпеуэм щIыдодзэ.

1. Командэхэм сэлам зэрах:

«Лэгъупыкъу»

Къызэрыдэджэр  «Лэгъупыкъущ»

«Джэрпэджэжым» доныкъуэкъу!

Еджэным сыткIи дыхуэIэзэщ,

Хабзэ зехьэкIэм дыщыгъуазэщ.

«Джэрпэджэж»

«Джэрпэджэж» фIэтщащ ди гупым.

Ерыщу псоми дыпэщIэтщ

«Лэгъупыкъум» дыпевгъэкъу,

ТекIуэныгъэр дывгъэтхьэкъу.

2. Гупсысэ нэхъыщхьэ.

-Ноборей махуэшхуэм и гупсысэ нэхъыщхьэу къэплъытэ хъуну жыIэгъуэ зэрыз гупитIым ягъэхьэзырыну къалэн ящысщIауэ щытащи девгъэдаIуэ абыхэм.

--Зи анэдэлъхубзэм хуэшэрыуэ, абыкIэ зи гупсысэр нэгъэсауэ къэзыIуэтэф цIыхум и зэхэщIыкIыр нэхъ куущ, и акъылыр нэхъ жанщ, и дуней тетыкIэр нэхъ дахэщ. Апхуэдэхэращ анэдэлъхубзэм и къарумрэ и IэфIагъымрэ псэкIэ зыхэзыщIэфыр, къызыхэкIа лъэпкъым и деж пщIэи нэмыси щызыгъуэтыфыр.

--Ди щIыналъэр дахэщ икIи къулейщ. Абы и къулеягъ нэхъыщхьэр  щыпсэу цIыхухэмрэ зэрахьэ хабзэ дахэмрэщ. «Хабзэ зыщIэ и Iуэху мэкIуатэ» жеIэ псалъэжьым. Уадыгэмэ, хабзэ умыщIэу, умыгъэзащIэу зы лъэбакъуи пхуэчынукъым. Хабзэм узэрыхущытым хуэдэущ гъащIэри къызэрыпхущытыжынур.

"Насыпырыхь".

Адыгэбзэ псалъэхэм я мыхьэнэхэр нэхъ тэмэму зыщIэмкIэ зэпеуэныгъэщ. УпщIэхэр карточкэхэм тетщ, карточкэхэр доскам фIэлъщ. Джэгухэм зыхуейр къыхах.

1.     Малъхъэдис—магнит

2.     щапхъэ--пример,

3.     акъужь--прохладный, свежий ветер,

4.     бысым--хозяин (тот, у кого на ходишься в гостях); 

5.     алэрыбгъу--ковёр,

6.     хьэлыгъуанэ--бублик, 

7.     вагъуэ--звезда,

8.     саугъэт—подарок;

9.     дакъикъэ—минута

10. хьэуа--воздух

 Усэ къеджэнк1э зэпеуэ.

Псалъэжьхэмк1э зэпеуэ.

Псалъэжьхэр махуэ къэс бзэм къыщагъэсэбэп. Абыхэм бзэр къулей, шэрыуэ ящI. Псалъэжьхэр я ухуэкIэкIэ кIэщIщ, ауэ я гъащIэр кIыхьщ.

ЕзыгъэкIуэкIым кърегъажьэ, гупхэм нагъэсыж (гъуэрыгъуэу)

1.                ХабзэмыщIэ…(емыкIухьщ).

2.                Бзур зыIэтыр дамэщ, ….(цIыхур зыIэтыр акъылщ)

3.                Хабзэр бзэгупэкIэ…(кърахьэкIыркъым).

4.                Анэр нэм хуэдэщи, …(адэр дэм хуэдэщ.)

5.                Адакъэрэ пэт…(джэджьейр егъашхэ)

6.                Бжьэ зыдэс…(фо дещIэ)

7.                МастэкIэ Iэшэщ…(шатэкIэ бзаджэщ)

8.                Гупсыси псалъэ…(зыплъыхьи тIыс)

9.                ЗэдэпщIэр щIэхщи,….(зэдэпшхыр Iэфщ.)

10.           ЩIым зы ептымэ, …(тIу къуетыж)

11.           Уи псалъэ гъэIэси,…(уи нэмыс гъэбыдэ)

12.           ФIыгъуэм я нэхъыщхьэр… (зэгурыIуэщ)

Псынщ1эрыпсалъэк1э зэпеуэ.

Ди джэгу зэпеуэр щIэдгъэхуэбжьэнщ жызоIэр. АбыкIэ дэ сэбэп къытхуэхъуфынущ псынщIэрыпсалъэ зэпеуэр.ГупитIми фызот тхэлъымпIэ напэ зэрыз. Абы ит псыщIэрыпсалъэхэр Iэмал зэриIэкIэ нэхъ псынщIэу къыжыфIэ.

ПсынщIэрыпсалъэхэр ягъэхьэзырыху щIэнэкIалъэ дедэIуэнщ .

1.     Iэпхъуалъэ фIыцIэ, псырылъэ цIу

Псырылъэ фIыцIэ, Iэпхъуалъэ цIу.

2.     Лэныстэ-мастэ, къэбыстэ пIастэ.

 3.     Бадэ бадзэ къеубыдыр, Бадэ бадзэм иреудыр.

4.  Шыбжииплъ-псы плъыжьыбзэ.

Шыбжииплъ –псы плъыжьыбзэ.

  Ди щIэблэ цIыкIухэм хабзэм хащIыкIыр здынэсым и зэхэгъэкIыпIэ дихуащ нобэ. "Нэхъыжь зымыгъэлъапIэ щхьэ лъапIэгъуэ ихуэркъым", - жаIэ адыгэм. Нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ яку зэхуилъ хабзэм теухуащ ди къыкIэлъыкIуэ зэпеуэр .

 Хабзэхэр

Нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ яку зэхуилъ хабзэ.

1. Нэхъыжь ухуэзамэ, цIыхухъуми, бзылъхугъэми уэ нэхъапэ фIэхъус епхын хуейщ. (Адыгэ фIэхъус епхын хуейщ, Iэубыдыныр хабзэм хэткъым, ауэ Iэубыдым теухуауэ пщIэн хуейщ: нэхъыжьми бзылъхугъэми уэ нэхъапэ уи Iэр пший зэрымыхъунур. Iэр къишиинумэ хуитыр нэхъыжьырщ е бзылъхугъэрщ).

2. Ущысу нэхъыжь къыщIыхьамэ,  укъэтэджын хуейщ. Нэхъыжьыр тIысу уэ уимыгъэтIысауэ утIысыныр емыкIущ. Нэхъыжьыр ныбжькIэ упэжыжьэу щытмэ, ущхьэщытын хуейщ.

3. Нэхъыжь щыту нэхъыщIэ щыскъым. Уэрам тетIысхьэпIэм утесу нэхъыжь блэкIмэ, укъэтэджын хуейщ.

4. Нэхъыжь блэкIыу нэхъыщIэхэм щIыкIейуэ защIу, ину псалъэу, кIийуэ, дыхьэшхыу екIукъым.Пщыгъупщэн хуейкъым, жьы хъуахэм псалъэмакъышхуэ, Iауэлъауэшхуэр зэрафIэмыфIыр.

5. Нэхъыжь и гъуэгу зэпаупщIыркъым. Нэхъыжьыр гъунэгъу къэхъуамэ, укъэувыIэу, ар блэкIыху упэплъэн  хуейщ.

6. Нэхъыжьым и пащхьэ ущиткIэ зыпIуантIэ зыпшантIэу, уи Iэхэр уи жыпым илъу, уи лъакъуэ зэтебдзэу, уи щхьэ уетIэхъуу,сагъыз бгъэныщкIуу, тутын уефэу зебгъэлъагъуныр емыкIушхуэщ.

7. Нэхъыжь щыту псалъэр кIыхь ящIкъым.

8.НэхъыщIэр нэхъыжь кIуэм кIэлъыджэркъым, лъэщIохьэ, къегъэувыIэри, итIанэ жриIэну зыхуеяр жреIэ.

9. Нэхъыжь и гъусэу укIуэмэ, и сэмэгурабгъумкIэ уувын хуейщ, уи ижьырабгъумкIэ нэхъыжьыр щыту.

10. Нэхъыжьым  зыгуэр жепIэн хуей хъумэ: "Уи нэмыс нэхъ лъагэ ухъу! Хуит сыкъэпщIмэ зы псалъэ жысIэнт (е щIызгъунт)", - жыбоIэри, хуит уащIмэ, уопсалъэ.

11.Унэми, губгъуэми, псыхъуэми, мэзми жьантIапIэ иIэщ. Iэнэ ущыпэрытIысхьэкIэ, гуп ухэтмэ, хуабжьу ухуэсакъын хуейщ пхуэмыфащэ тIысыпIэ узэрымытIысынум. "ЖьантIакIуэу ущымыт" - жаIэ адыгэм.

12. Нэхъыжьыр хьэщIэмэ, и закъуэ бгъэшхэныр емыкIущ. Ауэ абы и ныбжьым емыкIу дэтIыскъым. ДэтIысын унагъуэм имысмэ, гъунэгъу е хьэблэм щыщ нэхъыжь кърагъэблагъэри, дагъэтIыс.

Апхуэдэу хабзэр фIыуэ зыщIэхэм убыдыпIэфI гъащ1эм щаубыдыну къысфощI. Къэнэжар зы мащ1эщ, хабзэ зэвгъэщIар фи гъащIэм къыщывгъэсэбэп. Утыкур хуит яхузощI ди къафакIуэхэм. «ЩIалэ къафэ»

 

Адыгэ литературэмкIэ упщIэхэр.  7 класс

  1. ЛIыхъужь эпосыр сыткIэ къыщхьэщыкIрэ адрей IуэрыIуатэ лIэужьыгъуэхэм?

(ЛIыхъужь эпосыр адрейхэм нэхъыбэу къазэрышхьэщыкIыр лIыгъэ зехьэным теухуа къэхъугъэ гуэрхэр лъабжьэ зэрыхуэхъурщ).



  1. Нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ сыткIэ зэщхьэщыкIрэ?

(Пшыналъэр, уэрэдым хуэдэу, макъамэ щIэту ягъэзащIэ. Ар сыт щыгъуи тегъэпсыхьащ къэхъугъэ екIуэкIар къэIуэтэжыным.)



  1. Нарт эпосым и лIыхъужьхэр хэт сымэ?

(Сэтэней гуащэ, Лъэпщ, Тхьэгъэлэдж, Сосрыкъуэ, Бэдынокъуэ, Ашэмэз, Батэрэз, Щауей, нэгъуэщIхэри).



  1. Зи адэ илъ зыщIэжауэ хэт къыхэщрэ нарт эпосым?

(Ашэмэз)



  1. Чынтыдзэ бзаджэр нарт хэкум изыхужар хэт?

(Бэдынокъуэ)



  1. Адыгэу упсэуным къикIыр Бемырзэ Мухьэдин и усэм дауэ къыхэщрэ?

(ПIурылъу зы бзэ, узэдису зыщI,

Хьэлэлу къыщыптепсэкIэ зы дыгъэ,

Адыгэу упсэуным къикIыр зыщ –

Уадыгэну къыпкъуэкIынырщ лIыгъэ).



  1. ГъащIэм сыт хуэдэ дерс къыхиха Къамболэт?

(ЦIыхум уадэпсэун папщIэ, хабзэ якIэлъызепхьэн, уцIыхумэ, цIыхуу ущутын хуейщ).



  1. Зи псэ еджэу щылъ адэм сыт хуэдэ псалъэхэр и къуэхэм яжриIэу къыхэщрэ «Пщэху» новеллэм?

(«ЩIыхьыр къызэрахьыр лIыгъэщ, уэсэпсу кIуэдыж мылъкум напэри зэдехь. Хьэлу Iыхьэ, Iусыпэ щхьэкIэ фи щхьэ фымыгъэпуду фыпсэу, лъэпкъ нэмысыр, адыгэ напэр фхъумэ»).



  1. Нало Заур и «ЦIыху напэ» балладэр хэт и фэеплъу зыхуитхар?

(ЩоджэнцIыкIу Алий).

Къуажэхьхэр

1.Ди бжыхь джабэ хьэ дзэкъэрей к1эщ1эсщ.

2.Зэкъуэшит1ым зы пы1э ящхьэрыгъщ.

3.Дзэ куэд 1утщ езыр дзакъэркъым.

4. Зи к1эр зылъэфу зи фэр зи бий.

5. Хъыбар, таурыхъ куэд къыбже1э ущыжейк1э езыр жейркъым.

6. Нэ ц1ык1у,пэ ц1ык1у- джэдыгу ц1ык1у зыщыгъ.

7.Щабэрык1уэ мэз к1уэрей.

8. Т1ур къоплъэ,т1ур къода1уэ, т1ум урахьэжьэри йожьэж.

9.Быныр зыгъашхэу шхалъэм дэпк1эж.

10.Банэ топу зи пэр т1ей.

Хъуэхъухэр.(зэ1ущ1эм и к1эм деж)

1. Мы илъэсыщ1э дызыхыхьам щыщ1эдзауэ ди нэхъыжьыф1хэр жьыщхьэмахуэ хъуну,

Ди щ1эблэр щ1эныгъэм дихьэхыу еджэну,

Ди балигъхэр лэжьыгъэм хуэ1эрыхуэу ,берычэтыр къайхъул1эу лэжьэну,

Лъэпкъыбзэр,хабзэр,тхыдэр,фащэр,шхыныгъуэ гуак1уэхэр къэгъэщ1эрэщ1эжыным ди ц1ыху псори жыджэру хэтыну сохъуахъуэ !

2.Илъэсыщ1э къытхуеблэгъам гъэжьым фызыхущ1экъуа нэмысыр,насыпыр,хабзэ дахэр хуэдэ минк1э фхуэбэгъуэну,

Фи нэхъыщ1и фи нэхъыжьи я гур къабзэу,я бзэр дахэу,зэгуры1уэу,зэдэ1уэжу,зым 1эпыхур зым къищтэжу,гуф1э тхъэжу зэдэпсэуну сохъуахъуэ !

Адыгэ щIэблэм хуэгъэза хъуэхъу

Адыгэ щIэблэр фыгурыхуэу,

ФимыIуэху зевмыхуэу,

Нэхъыжьхэр вгъэлъапIэу,

Фи адэ-анэм федаIуэу,

Хабзэм фрителъхьэу,

Дыгъэ нурыр фителъхьэу,

Нэмысыр фи Iэпэгъуу,

Щыуагъэхэр зыхуэвгъэгъуу,

ХэвгъащIэр фи хьэрхуэрэгъур арауэ,

Фи махуэхэр жьы къабзэкIэ гъэнщIауэ,

ГъащIэм и IэфIагъыр зэхэфщIауэ,

Адыгэбзэм пщIэ хуэфщIырэ,

Адрей лъэпкъхэми къыхуевгъэщIу,

Адыгэ Iэхур вгъэкIуатэу,

Фи зэманыр хуэму кIуатэу,

ЗэгурыIуэныгъэр фхуэбатэу,

Iуащхьэмахуэ сыт щыгъуи флагъуу,

Гъатхэ удзыпцIэр фи лъагъуэу,

Уафэгум итыр Шыхулъагъуэу

ЖэщкIэ къаблэр фи насып вагъуэу,

ЩIэблэ нэсу фыкъэхъуну Тхьэм жиIэ.!