СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Игра-викторина "Бзэм и къарур" (Сила языка)

Нажмите, чтобы узнать подробности

Просмотр содержимого документа
«Игра-викторина "Бзэм и къарур" (Сила языка)»


Тэрч къалэ дэт езанэ лицей















Джэгу-зэпеуэ


«Бзэм и къарур»

















ЕгъэджакIуэр Iуэхъу Аллэщ



2025 г.



КлассщIыб лэжьыгъэ


Темэр: Джэгу – зэпеуэ «Бзэм и къарур»

Мурадхэр: я бзэр фIыуэ ялъагъуным я гур къыхуэгъэушын;

Анэдэлъхубзэм хуаIэ гулъытэм хэгъэхъуэн;

Бзэр шэрыуэу къагъэсэбэпыфу егъэсэн.



Зэпеуэр зэрекIуэкIынур:


Пэублэ псалъэ.


I. Унэ лэжьыгъэ «Си бзэ, си адыгэбзэ»

хъуэхъу

2. IуэрыIуатэ нэхърэ – нэрылъагъу (псалъэжьхэмкIэ зэпегъэуэн).


3. Псалъэжьхэм хэт щыуагъэхэр къыхэгъэкIын.

4. «Щэхурытхэ» джэгукIэмкIэ псалъэжьыр къэщIэн.


5. Адыгэбзэр мэбзэрабзэ (псынщIэрыпсалъэхэмкIэ зэпеуэн).


6.Псалъэхэм антонимхэр къыхуэхьын.

7.Къуажэхьхэр къэщIэн. Псалъэзэблэдзым итхэн.

Дэрэжэгъухэм я Iыхьэ . АдэкIэ къыпыщэ…(нэщэнэхэмкIэ зэпеуэн)

8. IуэрыIуатэмкIэ упщIэхэм жэуап етын.

9 Капитанхэм я зэпеуэ. Псалъэрыджэгу.












Пэублэ псалъэ (егъэджакIуэм) : Фи махуэ фIыуэ, цIыкIухэ, пщIэ зыхуэтщI ди хьэщIэ лъапIэхэ! Нобэ ди джэгу-зэпеуэм кърихьэлIа дэтхэнэ зыми сэлам гуапэ фыдох!


Дэтхэнэ зы лъэпкъми ижь – ижьыж лъандэрэ пщIэ хуащIу къокIуэкI цIыху губзыгъэм, ущиякIуэм, гъащIэм къыхиха Iущагъхэр бэм я пащхьэм изылъхьэжыфым. Апхуэдэу адрей лъэпкъхэм къахэщырт я акъылыфIагъкIэ адыгэхэр. Я акъылыфIагъэр къызэрагъэлъагъуэр ди анэдэлъхубзэрт, адыгэбзэрт. Къэплъытэ хъунущ, адыгэбзэр нэхъ тэмэм дыдэу убзыхуа бзэхэм ящыщу, абы и щыхьэтщ псалъэ хьэулей куэд зэрыхэмытыр. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди анэдэлъхубзэм гулъытэ щIагъуэ щыхуэдмыщI куэдрэ къохъу. Мы зэпеуэмкIэ дэ къалэну дгъэувыр ди бзэм и дахагъыр зэхэтщIэу ди пщэдейр зи IэмыщIэ илъыну фэ цIыкIухэм абы пщIэ хуэфщIу, фегугъуу фхъумэнырщ.

Нобэ зэпеуэнухэщ 9-нэ «а» классым щIэс еджакIуэхэу «Дыщэ» зи фIэщыгъэцIэхэмрэ 9-нэ «в» классым и еджакIуэхэу «Дыжьын» гупымрэ. Аращи фыкъыдогъэблагъэ ди зэпеуэм : зывгъэпсэху, ди зэпеуэм фыкъыхыхьэ, ди адыгэбзэм и дахагъыр, шэрыуагъэр зэхэфщIэ. Утыкум къыдогъэблагъэ гупитIыр. Аращи «Гъуэгу махуэ» вжыдоIэ!


Лъэпкъым сыт хуэдэ гуфIэгъуэ къэхъуами зэраублэу щытар хъуэхъущ

  1. Гупхэм я хъуэхъукIэ зэпеуэр идогъажьэ

Дыщэ гупым

Ди зэпеуэр идохьэжьэри

Хъуэхъур ди бэу, дыбагъуэу,

Губгъуэу диIэр бэвылъэу,

Лъэуджыджэ тхэмыту.

Iей тхэтыныр ди жагъуэу,

Ди жагъуэгъухэр зэгуэпу,

Ди гукъеуэр здэтшэчу,

Ди чэт гъэлъэхъу щымыщIэу,

Ди хъыджэбзхэр щIыкIафIэу,

Ди щIалэхэр гъущIыпсэу,

Псыблэм хуэдэу заупцIу

ПцIащхъуэ лъатэм къадэжэу,

Я жэрагъкIэ алъпыжьхэу,

Ди щIэблэщIэр

Тхуэпсэуну сохъуахъуэ!


- Ди бзэр зэзмыпэсыжу

Ар IэщIыб ищIыну екIэ и ужь ихьэхэм

Дахуохъуахъуэ мыпхуэдэу:

Гъэ мэш ищIэну губгъуэм щихьам деж,

И хьэсэм ихъуреягъыр хьэкъыршу,

И кур шыпсыранэу,

Зрагъэзыхмэ, и нэм къыщIэуэу,

ХэIэбэмэ, и Iэр къису,

Дзыгъуэ тхыцIэр щIимыгъанэу –

Апхуэдэ гъэ «бэв» тхьэм кърит!



Дыжьын гупым.

- Дэ хъуэхъуэн ди фарзщи,

ФарзыщIагъ тхэмылъу,

Къэралыгъуэу дыщыпсэум

И псэукIэр ефIакIуэу,

Къэралу щыIэм драпашэу,

Шэуэ къелъэлъэхыр тпэIэщIэу,

Лъэпкъыу исыр зэгурыIуэу

ЗэдэIуэжрэ зэрылъытэу

Зым Iэпыхур зым къищтэжу

Зы унафэм дыщIэту

Ди лъэпкъ анэдэлъхубзэр дгъафIэу

Ар IэщIыб дымыщIу

Гъавэр, псыр, шыгъур, гъущIыр, хугур

Берычэту диIэу

Гум и щIасэу

ГухэщI дымылъагъуу,

ГъащIэрэ щIэныгъэрэ

Нэмысрэ насыпрэ ди куэду

Гъэ минкIэ псэун лъэпкъ тхьэм дищI!


-Ди анэдэлъхубзэр къуилъхьэжыну

ЕкIэ ди ужь къихьэм

Я пкIэунэм жумэрэн щыущу,

Я хьэщIэщым дзыгъуэ щитI щыджэгуу,

Я шхыIэныжьым бацэ къилэлу,

Гулъэмыж къуаншэу,

ЛIитI зы уэщу, лIищ зы хьэму,

Я хьэмэщ щэджыншэу,

Хьэншэ унэу,

Мэрамысэ бэщIрэ, унэлъащIэ фIейуэ

Тхьэм игъэпсэу!




ЕгъэджакIуэм: Фыпсэу! Дахэу зыкъыдэхъуэхъуащ. Иджы яужь дихьэнщ ди зэпеуэм .


2. IуэрыIуатэ нэхърэ – нэрылъагъу (псалъэжьхэмкIэ зэпегъэуэн). ЕгъэджакIуэм (езыгъэкIуэкIым):

IуэрыIуатэ нэхърэ – нэрылъагъу


Ди адыгэ псалъэжьхэр и ухуэкIэ и зэхэлъыкIэкIэ фочыкум хуэдэу захуэщ, топышэм хуэдэу лъэщщ, икъукIэ шэрыуэщ, маисэу жанщ, дахэу зэгъэкIуащ, гупсысэ куукIэ псыхьащ, купщIафIэщ, мыубзэщхъужщ. Ди адыгэ псалъэжьхэр гъэхуащ, гурыхуэщ, зэщIэкъуащ, зэкIужщ. Хэбдзыни хэплъхьэни хэлъкъым. Ди адыгэ псалъэжьхэр апхуэдизкIэ Iу щабэщи, анэ Iэ щабэу цIыхум и гумрэ и псэмрэ Iэ далъэ, зэми ар зэзу дыджщ, ену гуащIэщи, шэуи цIыхум тохуэ. Псалъэжьхэм гъащIэр лъэныкъуэ куэдкIэ къагъэлъагъуэ: хабзэм, ущииныгъэм, гъэсэныгъэм, щIэныгъэм нэгъуэщI куэдми. КъыкIэлъыкIуэ Iыхьэм зэреджэр «IуэрыIуатэ нэхърэ - нэрылъагъу», псалъэжькIэ фызэпеуэнущ, сэ псалъэжьхэр зэпыудауэ фэстащ, фэ ахэр зы фщIыжын хуейщ пэжу . Аращи щIыдодзэ.

(ГупитIыр зэпоуэ)



Дыщэхэр

Узэгугъур къогугъуж

Уи анэ къыбжиIэм едаIуэ

Бзур зыIэтыр дамэщ

Гъэмахуэм къыумылэжьар

Акъылым уасэ иIэкъым

Уи адэм жиIэр гъэзащIэ

УзэлIалIэр къолIэлIэж

Гъэсэныгъэм гъунэ иIэкъым

ЩIымахуэм бгъуэтыжыркъым

ЦIыхур зыIэтыр акъылщ

Дыжьынхэр

Зи нэхъыжь едаIуэ

Уи бынхэм къыпхуащIыжынщ

Зи жьэ куэд жиIэм

Нэхъыжьыр гъэлъапIи

Зы хьэщIэм хьэщIэ и жагъуэщи

И Iэ куэд ищIэркъым

И Iуэху мэкIуатэ

Уи щхьэ лъапIэ хъунщ

Уи адэ-анэм яхуэпщI нэмысыр

ХьэщIытIыр бысымым и жагъуэщ

3.«Щэхурытхэ» джэгукIэмкIэ псалъэжьыр къэщIэн. Япэ къэзыщIэ гупыр токIуэ


4.Псалъэжьхэм хэт щыуагъэхэр къыхэгъэкIын.

Дыщэхэр

«КIуэдщ жыпIу уыщымшынэ,мэщIэщ жыпIу уытемыгуышхуэ».

«Гуыпсысэ псалэ, зыплIыхьи тыс».



Дыжьынхэр

«Лажьыгэм уегъалъэпIэ,щхьэхьынэгэм уегъэпыуд».

«Нэсыпншэм мэшхъэм тесыми, хэ къуодзэкъэ»

5.Адыгэбзэр мэбзэрабзэ (псынщIэрыпсалъэхэмкIэ зэпеуэн).

ЕгъэджакIуэм

Лъэпкъыр щыузыншэр и бзэр убзэрабзэмэщ. Ди къыкIэлъыкIуэ Iыхьэм зэреджэр «Адыгэбзэр мэбзэрабзэ», псынщIэрыпсалъэкIэ фызэпеуэну аращ. Сэ тхауэ фэстынущ псынщIэрыпсалъэхэр, фоджэри гъуэрыгъуэурэ жывоIэ.

ЩIыдодзэ.


Дыщэхэр

  • НАНЭРЭ ДАДЭРЭ ЗЭБЛОПСЭЛЪЫКI, КЪЫЗЭБЛОПСЭЛЪЫКIЫЖ.

  • Е СЕМЫШУ СЕЗЭША? Е СЕШАУЭ СЫЗЭША?

  • ЩАКIУЭ ЩIАКЪУЭМ ЩIАКIУЭ ЩIАГЪЫМ ЩIАКХЪУЭ НЫКЪУЭ ЩIЭЛЪУ ЕХЬ.

Дыжьынхэр

  • ХЬЭНДЫРКЪУАКЪУЭ ЩIАКЪУЭР КЪУАНЩIЭ ЛЪАКЪУЭМ ЩIОКЪУР.

  • КЪЕПСЫР КЪЕПСУ КЪЕПСЫХЫЖРИ, КЪЕПСЫР КЪЕПСРИ БЗЭХЫЖАЩ.

  • ПЫЖЬ ПЫЗУ ПЫТУ ИТУ ЩЫТУ ЖЫГ.



6.Псалъэхэм антонимхэр къыхуэхьын.

ЩIыIэ хуабэ

Ин цIыкIу

Жьы щIэ

Хуабжь хуэм

КIыхь кIэщI

IэфI гуащIэ,шугъэ

Псыф гъущэ

Шыбжий сыр дэгу

ЛъапIэ пуд

Ныбжьэгъу жэгъуэгъу

ФIей къабзэ

Хахуэ къэрабгъэ

Хьэлэл быдэ

Губзыгъэ акъылыншэ

7.Къуажэхьхэр къэщIэн. Псалъэзэблэдзым итхэн.

Къуажэхьхэр жыжьэ къыщожьэ. Абыхэм къагъэлъагъуэ цIыхум и губзыгъагъэр, и акъылыр и жанагъыр. Къуажэхь джэгуным дихьэхырт сабийри балигъри. Къыщыхъу щыIэт къуажэ гъунэгъухэр щызэпеуи, хэт и къуажэхьыр нэхъ дахэми, нэхъ къэщIэгъуейми зэхагъэкIын мурадкIэ.

  • I. ВакIуэ дэкIым кIэлъоджэ, къаджэ-наджэу къекIухь.

  • 2. КIуэ пэтми, бжьиз зымыкIу.

  • 3. Бырыбыплъ, бырыб лъэщ, зауэлIищэм я напэ.

  • 4. Цыпхыдзэр зи пащIэ, хуэмыпIащIэу дзыгъуащэ, гуащэ жьантIэм дэмыкI, зи кIэ цIыкIур зыгъэджэгу.

  • 5. Дэнэ укIуэми пкIэрымыкI.

  • 6. Уд фIыцIэ пэ дыд, тхьэкIумакIэм зыхесэ, уэсэпс къехмэ мэмэх, хьэ хыжыгъуэм мэятэ, мэкъуауэгъуэм мэтэдж.

  • 7. Башыпэ кIапсэ, кIапсэпэ мастэ.

  • 8. Ди гуэн цIыкIу лы изщ.

  • 9. Хэт къакIуэми фIэхъус ирех.

  • I0. ЩабэрыкIуэ, мэз кIуэрей.

(Къехыу: Нашэ-къашэ, хьэ лъакъуэжь, и нэр къопщ, и пщэр кумбщ, «жьгъумпIыкъ» жеIэри псым хопкIэж).

ЕгъэджакIуэм.

Иджыпсту джэгунур фэращ.

Дэрэжэгъухэм я Iыхьэщ зи чэзур.

АдэкIэ къыпыщэ… Аращ зэреджэр ди Iыхьэм.

ГупитIым ядэщIхэр зэпоуэ нэщэнэхэмкIэ, егъэджакIуэм кърегъажьэ, цIыкIухэм яухыж.


  1. Уфиймэ …. (жьы къопщэ )

  2. Шэр кIэребгъасхьэмэ е къибгъэкIмэ … (жэм гъэшым кIэреч)

  3. Уи пащIэр шхэмэ… (ефэ – ешхэ къыппоплъэ)

  4. Сабий къалъхуар гущэм хамыпхэ щIыкIэ джэдур хапхэрт… (сабийр гъыринэ мыхъун щхьэкIэ)

  5. IункIыбзэр Iэнэм тралъхьэкъым…(унагъуэм къаугъэ къохъуэ жаIэ)

  6. СапэкIэ ушхэмэ…(угубжьынущ)

  7. Уи япэ итым и лъакъуампIэм уиувэмэ…(и къарур къытыбох жаIэ)

  8. Уи нэр плъызмэ…(хьэщIэ къокIуэ)

  9. Уи Iэгур шхэмэ…(зыгуэр къыпхохъуэ)

  10. Уи лъэгур шхэмэ…(укъэфэнущ)

  11. Уи тхьэкIумэ ижьыр плъымэ, вуумэ…(уи щытхъу жаIэ)

  12. Уи набдзэр шхэмэ…(зыгуэрым сэлам епхынущ)

  13. Щхьэукъуэрей ухъумэ…(уэшх къошх)

I4.Уи щхьэц налъэ къыхэжмэ …( фIыуэ плъагъу уIуощIэ)

I5.Бжьыным фэ куэд телъмэ …(щIымахуэр щIыIэ мэхъу)

I6. Блэ щIымахуэм плъагъумэ…(тхьэм ущIелъэIур къыпхуещIэ)

8. IуэрыIуатэмкIэ упщIэхэм жэуап етын

  • Нарт лIыхъужь нэхъыщхьэщ, лIы фIыцIэ гъущIынэщ,зи мэIуху дыщафэ, афэр зи джанэ куэщI, дыгъэр зи пыIэ щыгу, лъапэкIэрыхь-жэмыхъуэрылъху.Хэт хъуну ар?

  • ЩIым гъунэ зэримыIэр, цIыхум и Iэплъэпкъыр цIыхум нэхърэ зэрынэхъ быдэр къэзыхутар сыт хуэдэ нарт лIыхъужь?

  • Адыгэ сабийм кIэлъызэрахьэ хабзэхэр къытхуевбжэкI ……

  • Чынтыр зи ныкъуэкъуэгъу, хьэрхуэрэгъу зи бащэ, хьэхуншэ шу, и шабзащхьэ мэзышхуэ хуэдэщ; и дамэ ижьым дыгъэр къыщопс,и дамэ сэмэгум уэсыр къыщос. Хэт хъуну ар?

  • Сосрыкъуэ и шым дауэт зэреджэр?

  • Нарт жылэр зэчэнджэщыну, унафэ ящIыну щызэхуэсу щыта щIыпIэм дауэт зэреджэр?

  • Сыт хуэдэ нарт пшыналъэ зыщыщыр мы пычыгъуэр:

«СЭТЭНЕЙ БЛИТI ЗЭТЕЛЪЫМ

ЗЭБЛЭДЗЫПIЭМ БАШ НЫХЕIУ

БАШ ЩЫХИIУМ БЛИТIЫР КЪАЩТЭРИ

Я ШЭРЭЗХЭР КЪРАДЗАУЭ, ЗЫЗЭРАДЗЭУЭ ЩIАДЗАЩ»

9. Гуп пашэхэм я зэпеуэ. Псалъэрыджэгу.


ЕгъэджакIуэм.

Иджыпсту гупым фи капитанхэр зэпедгъэуэнщ. Адыгэбзэр мыхьэнэншу, къулейсызу жаIэр. Ар пэжкъым. Иджыпсту ар зэрыкъулейр наIуэ къащIыну абыхэм «Анэдэлъхубзэ» псалъэм хэт псалъэ нэхъыбэ къыхимыгъэкIрэ. Сыт хуэдэ псалъэ лъэпкъыгъуэри хъунущ.


-Анэ,адэ,дэз, нэ, дэ, нэд, дэлъху, бзэ, баз, банэ, ху, дэху, данэ, лъэданэ, захуэ, хуабэ, далъэ, хуэ, хуэлъэ, бэ,лъэ,зэ, зэ,лъабзэ,дэхуэн,задэ, зэлъа…

10. Гуп къэс усэ гук1э къеджэнущ.

Аращи ди зэпеуэр и кIэм нэсащ.

Ди къэпщытакIуэхэм балл бжыгъэхэр зэхалъхьэжыху, цIыкIухэ, зыфхуэзгъэзэну сыхуейщ мыпхуэдэ псалъэхэмкIэ. гу зэрылъыфтащи ди адыгэбзэр къулейщ, шэрыуэщ. Куэдрэ псэуну зыхуэфащэ, мыкIуэдыжын бзэуэ ди лъэпкъым къигъэщIа бзэщ. Хуэмыхущ абы иримыпсэлъэфыр, иримытхэфыр, пщIэ хуэзымыщIыр. Хуэмыхум къыщымынэу, гугъущ абы адыгэкIэ уеджэну икIи хуэфащэкъым. АфIэунэ Лиуан и усэмкIэ духынщ нобэрей ди зэIущIэр.


«Си бзэм сыхуоусэ»  (АфIэунэ Лиуан)

Си бзэр насыпышхуэщ,

Ижь – ижьыж бзэщIэжщ.

Хэкущ, жьэгу пащхьэщ, хышхуэщ,

Хабзэ зэтещIэжщ.

Ар си адэ – анэщ, си къарэгъул бжыхьщ,

Тхыдэщ, гъуэгущ, гъуэгуанэщ,

Ар насыпырыхьщ.

Си бзэр ущиякIуэщ, лъэпкъым я уэчылщ.

Ар ди узэщIакIуэщ,

Ди хьэл – щэн акъылщ.

Ар къурш щхьэпэлъагэщ,

Ар хъер хъыбарыжьщ.

Лъэпкъыр зэрыпагэщ,

Бэшэч угъурлыжьщ,

Ар усыгъэщ, тхыгъэщ,

Лъэпкъ мыгъэкIуэдыжщ.

Ем фIым щызыхъумэ

ГъащIэ щымысхьыжщ.

Си бзэр псэущ, псэунущ,

ПлъапIэм тхьэр итыху!

Зы адыги псэууэ

Мы дунейм тетыху!.