Джэгу-зэпеуэ
«Бзэм и къарур»
5-6 классхэм папщIэ
Зыгъэхьэзыра егъэджакIуэр: Iуэхъу А.А.
Джэгу-зэпеуэ «Бзэм и къарур»
Фи махуэ фIыуэ,ди хьэщIэ лъапIэхэ! Нобэ ди джэгу-зэпеуэм кърихьэлIа дэтхэнэ зыми сэлам гуапэ фыдох!
Ди джэгу-зэпеуэр хуэдунэтIащ ди бзэм зэрызедгъэужьыным,ар зэрытхъумэным,бзэмкIэ диIэ щIэныгъэм зэрыхэдгъэхъуэным,адыгэ литературэм, IуэрыIуатэм теухуауэ диIэ зэфIэкIыр къызэрыдгъэлъэгъуэным.
Нобэ ди джэгу-зэпеуэм хэтыну гупхэр:
Дыщэхэр
Дыжьынхэр
Налмэс
Гуп къэс я фIэхъус сэламхэр.
Иджы щIэддзэнщ,нэхъ акъыл жанхэр текIуэнщ. Жюрим баллхэр ягъэувынущ,жэуап къэфтам ипкъ иткIэ.
Псалъэжьхэм я мыхьэнэр къэIуэтэн.
Дыщэхэр
«Анэм «сипхъу закъуэ и псэ» щыжыIэм,пхъуми «си псэ» жиIэу хуежьащ»
Дыжьынхэр
«Бгъэр куэдрэ уэмэ,и дамэр мэкъутэ»
Налмэс
«Жэм лъакъуэ шкIэ иукIрэ?»
Псалъэжьхэм хэт щыуагъэхэр къыхэгъэкIын.
Дыщэхэр
«КIуэдщ жыпIу уыщымшынэ,мэщIэщ жыпIу уытемыгуышхуэ».
Дыжьынхэр
«Лажьыгэм уегъалъэпIэ,щхьэхьынэгэм уегъэпыуд».
Налмэс
«Нэсыпншэм мэшхъэм тесыми, хэ къуодзэкъэ»
ПсынщIэрыпсалъэкIэ зэпеуэн.
Псалъэжь зэхэзэрыхьахэр зэхэхыжын.
Дыщэхэр
Узэгугъур къогугъуж
Уи анэ къыбжиIэм едаIуэ
Бзур зыIэтыр дамэщ
Акъылым уасэ иIэкъым
Уи адэм жиIэр гъэзащIэ
УзэлIалIэр къолIэлIэж
Гъэсэныгъэм гъунэ иIэкъым
ЦIыхур зыIэтыр акъылщ
Дыжьынхэр
Зи нэхъыжь едаIуэ
Уи бынхэм къыпхуащIыжынщ
Зи жьэ куэд жиIэм
Зы хьэщIэм хьэщIэ и жагъуэщи
И Iэ куэд ищIэркъым
И Iуэху мэкIуатэ
Уи адэ-анэм яхуэпщI нэмысыр
ХьэщIытIыр бысымым и жагъуэщ
Налмэс
ГушыIэкIэ зымыщIэр
Уи щхьэ лъапIэ хъунщ
Гъэмахуэм къыумылэжьар
ХьэщIэ жыжьэ нэхъ лъапIэщ
Нэхъыжьыр гъэлъапIи
ХьэщIэ гъунэгъу нэхърэ
IэштIымкIэ мауэ
ЩIымахуэм бгъуэтыжыркъым
5.Псалъэхэм антонимхэр къыхуэхьын.
ЩIыIэ
Ин
Жьы
Хуабжь
КIыхь
IэфI
Псыф
Сыр
ЛъапIэ
Ныбжьэгъу
ФIей
Хахуэ
Хьэлэл
6.Ребусхэр къегъэщIэн.Псалъэхэм синквейн хузэхэлъхьэн.
7.Унэ лэжьыгъэу яIауэ ягъэхьэзырахэр къэгъэлъэгъуэн(усэ,уэрэд,сценкэ)
ЕдгъэкIуэкIа джэгу-зэпеуэм и итогыр щIын. УпщIэхэм жэуап ирегъэтурэ къызэщIэкъуэжын.
Граматэхэр яхуэгуэшын.
Узыншэу фыщыт!
Лэжьыгъэхэр
Псалъэжьхэм я мыхьэнэр къэIуэтэн.
Дыщэхэр
«Анэм «сипхъу закъуэ и псэ» щыжыIэм,пхъуми «си псэ» жиIэу хуежьащ»
Дыжьынхэр
«Бгъэр куэдрэ уэмэ,и дамэр мэкъутэ»
Налмэс
«Жэм лъакъуэ шкIэ иукIрэ?»
Псалъэжьхэм хэт щыуагъэхэр къыхэгъэкIын.
Дыщэхэр
«КIуэдщ жыпIу уыщымшынэ,мэщIэщ жыпIу уытемыгуышхуэ».
Дыжьынхэр
«Лажьыгэм уегъалъэпIэ,щхьэхьынэгэм уегъэпыуд».
Налмэс
«Нэсыпншэм мэшхъэм тесыми, хэ къуодзэкъэ»
Дыщэхэр
Узэгугъур къогугъуж
Уи анэ къыбжиIэм едаIуэ
Бзур зыIэтыр дамэщ
Акъылым уасэ иIэкъым
Уи адэм жиIэр гъэзащIэ
УзэлIалIэр къолIэлIэж
Гъэсэныгъэм гъунэ иIэкъым
ЦIыхур зыIэтыр акъылщ
Дыжьынхэр
Зи нэхъыжь едаIуэ
Уи бынхэм къыпхуащIыжынщ
Зи жьэ куэд жиIэм
Зы хьэщIэм хьэщIэ и жагъуэщи
И Iэ куэд ищIэркъым
И Iуэху мэкIуатэ
Уи адэ-анэм яхуэпщI нэмысыр
ХьэщIытIыр бысымым и жагъуэщ
Налмэс
ГушыIэкIэ зымыщIэр
Уи щхьэ лъапIэ хъунщ
Гъэмахуэм къыумылэжьар
ХьэщIэ жыжьэ нэхъ лъапIэщ
Нэхъыжьыр гъэлъапIи
ХьэщIэ гъунэгъу нэхърэ
IэштIымкIэ мауэ
ЩIымахуэм бгъуэтыжыркъым
5.Псалъэхэм антонимхэр къыхуэхьын.
ЩIыIэ
Ин
Жьы
Хуабжь
КIыхь
IэфI
Псыф
Сыр
ЛъапIэ
Ныбжьэгъу
ФIей
Хахуэ
Хьэлэл
Жэуапхэр
5.Псалъэхэм антонимхэр къыхуэхьын.
ЩIыIэ хуабэ
Ин цIыкIу
Жьы щIэ
Хуабжь хуэм
КIыхь кIэщI
IэфI гуащIэ,шугъэ
Псыф гъущэ
Шыбжий сыр дэгу
ЛъапIэ пуд
Ныбжьэгъу жэгъуэгъу
ФIей къабзэ
Хахуэ къэрабгъэ
Хьэлэл быдэ
Жэуапхэр
2.Псалъэжьхэм хэт щыуагъэхэр къыхэгъэкIын.
Дыщэхэр
«Куэдщ жыпIэу ущымышынэ,мащIэщ жыпIэу утемыгушхуэ».
Дыжьынхэр
«Лэжьыгъэм уегъэлъапIэ,щхьэхынагъэм уегъэпуд».
Налмэс
«Насыпыншэм махъшэм тесми, хьэ къодзакъэ»
4.Псалъэжь зэхэзэрыхьахэр зэхэхыжын.
Дыщэхэр
Узэгугъур къогугъуж ,узэлIалIэр къолIэлIэж.
Уи анэ къыбжиIэм едаIуэ,уи адэм жиIэр гъэзащIэ.
Бзур зыIэтыр дамэщ,цIыхур зыIэтыр акъылщ.
Акъылым уасэ иIэкъым,гъэсэныгъэм гъунэ иIэкъым.
Дыжьынхэр
Зи нэхъыжь едаIуэ иIуэху мэкIуатэ.
Уи адэ-анэм яхуэпщI нэмысыр ,уи бынхэм къыпхуащIыжынщ.
Зи жьэ куэд жиIэм и Iэ куэд ищIэркъым.
Зы хьэщIэм хьэщIэ и жагъуэщи,хьэщIытIыр бысымым и жагъуэщ.
Налмэс
ГушыIэкIэ зымыщIэр IэштIымкIэ мауэ.
Гъэмахуэм къыумылэжьар щIымахуэм бгъуэтыжыркъым.
Нэхъыжьыр гъэлъапIи,уи щхьэ лъапIэ хъунщ.
ХьэщIэ гъунэгъу нэхърэ хьэщIэ жыжьэ нэхъ лъапIэщ.
Къагъырмэс Борис
Уи къуэпсхэр, си анэдэлъхубзэ,
Сипкъ псом игуэшауэ сопсэу.
Уэрщ лIыкIуэу иIэххэр си гупсэм,
Ущохъу си тэрмэш къэрал псом.
Насып я нэхъ иныр сиIами,
Зым щыщкъым, хъум си бзэр сIурах…
Сэ псалъэ Налшык щыжысIамэ,
Иджы ар Москва щызэхах.
Дыщэхэр
Дыжьынхэр
Налмэсхэр