1. Пояснительная записка
Рабочая программа по кабардинскому языку составлена на основе примерной программы по кабардинскому языку и чтению для начальных классов (1-4). Составители: Багов Н. А., Гяургиев Х. З., Эржибов А. К..
Рабочая программа разработана в соответствии:
- с основной образовательной программой МКОУ СОШ №1 с.п. Чегем Второй;
- учебным планом МКОУ СОШ №1 с.п. Чегем Второй;
- положением о рабочей программе МКОУ СОШ №1 с.п. Чегем Второй
Рабочая программа предназначена для изучения кабардинского языка в 1 классе по учебнику "Азбукэ" под ред. Л.Т. Куготова. Учебник имеет гриф «Рекомендовано Министерством образования и науки КБР»
Описание места учебного предмета в учебном плане
В соответствии с примерным недельным учебным планом начального общего образования , учебным планом МКОУ СОШ №1 с.п. Чегем Второй рабочая программа рассчитана на преподавание в 1 классах в объеме 33ч.
Количество часов в год – 33 часа.
Количество часов в неделю – 1 часа.
Контрольных работ-1
Учебно-методический комплект:
1.Л.Т. Куготов. Учебник "Азбукэ"для 1 кл., г.Нальчик изд.«Эльбрус», 2014г
2.Л.Балова «1эрытх»(в 2ч), г.Нальчик изд.«Эльбрус», 2014г
3.Н.А. Багов. "Методическая литература для учителей", г.Нальчик изд.«Эльбрус», 2012г
2.Планируемые результаты освоения учебного предмета
Предметные:
- Работа с текстом. Звукобуквенный анализ слова. Ответы на вопросы. Соотнесение картинок и слов;
- Выделение звука из речи. Звукобуквенный анализ
слова;
- Звукобуквенный анализ слова. Сознательное, правильное слоговое чтение;
- Обозначение мягкости согласных на конце и в середине слова буквой ь;
-Работа с текстом.
Метапредметные:
– развитие художественно-творческих и познавательных способностей, эмоциональной отзывчивости при чтении художественных произведений; -формирование эстетического отношения к искусству слова; -овладение первоначальными навыками работы с учебными и научно-познавательными текстами;
-стремление к приобретению эстетических потребностей и духовных ценностей.
-использовать общие приемы решения задач, контролировать и оценивать процесс и результат деятельности;
– воспитание интереса к чтению и книге; обогащение нравственного опыта младших школьников; формирование представлений о добре и зле;
-умение слушать собеседника, принимать участие в работе парами, группами, использовать в общении правила вежливости;
- умение работать в паре: договариваться, кто какое слово будет искать в тексте, слушать ответы друг друга
Личностные:
– овладение осознанным, правильным, беглым и выразительным чтением как базовым навыком в системе образования младших школьников;
- формирование читательского кругозора и приобретение опыта самостоятельной читательской деятельности;
-совершенствование всех видов речевой деятельности; приобретение умения работать с разными видами информации;
3. Содержание учебного предмета Хэзыгъэгъуазэ. Азбукэм ипэ къит лъэхъэнэ Бзэм теухуа (жьэбзэми тхыбзэми) къызэрыгуэкI гурыIуэныгъэ еджа-кIуэхэм егъэгъуэтын.
Псалъэмрэ псалъэухамрэ. Дамыгъэ итхъахэр къагъэсэбэпаурэ бзэр псалъэухахэу, псалъэухахэр псалъэу, псалъэхэр пычыгъуэ-пычыгъуэу зэпаудыфу хуэм-хуэмурэ еджакIуэхэр егъэсэн.
Пычыгъуэр, ударенэр. Псалъэр пычыгъуэкIэрэ зэпыгъэщхукIын (зэпыудын), псалъэм ударенэр тегъэувэн (ударенэр макъкIэ къыхэгъэщхьэхукIын, ударенэр зытелъ пычыгъуэр нэхъ хэкъузауэ къэпсэлъаурэ), псалъэухам иIэ щытыкIэр, псалъэр зэрызэхэт пычыгъуэ бжыгъэр еджакIуэхэм къахутэфу егъэсэн хуейщ.
Макъхэмрэ хьэрфхэмрэ. Адыгэбзэм и макъэхэм щыгъэгъуэзэн, щызэхэпхкIи къыщупсэлъкIи макъзешэхэмрэ макъдэкIуашэхэмрэ (дэгухэмрэ жьгъыжьгъхэмрэ) зэхэгъэкIыфу егъэсэн: макъыр къыщапсэлъкIэ жьэ кIуэ-цIым хьэуар хуиту къыжьэдэкIрэ абы зыгуэр пэщIэуэрэ, макъзешэхэм пычыгъуэ къагъэхъуу зэрыщытыр егъэщIэн.
Азбукэр щрагъэдж лъэхъэнэ
I. КъеджэкIэ егъэщIэныр
Макъзешэхэмрэ дэкIуашэхэмрэ, хьэрф зешэхэмрэ дэкIуашэхэмрэ.
Адыгэбзэм макъыу хэт псори егъэщIэн, нэгъуэщIым къипсэлъа макъыр и IукIэкIэ еджакIуэхэм къацIыхуфу, езыхэми а макъыр къапсэлъыфу егъэсэн.
Дэпхуэдэ зы макъми и зэрыб хьэрфри и Iэрытх хьэрфри егъэщIэн, макъыр зэхебгъэхмэ, абы и хьэрфыр къагъэлъэгъуэфын, хьэрфыр ебгъэлъагъумэ, абы хуэкIуэ (къикI) макъыр ягъэIуфу щытын хуейщ.
Хьэрфзешэхэм тещIыхьауэ пычыгъуэхэр зэпащIэу (зэпагъэувэу) къе-джэн, хьэрф яджахэр зыхэт пычыгъуэхэм къеджэфу егъэсэн.
Хьэрф къыхэбзыкIахэр къагъэсэбэпурэ, пычыгъуэхэр псалъэхэр зэхалъ-хьэн (япэщыкIэ ахэр зэрызэхэт макъхэмрэ хьэрфхэмрэ зэпкъырыхауэ, абыхэм дахэ-дахэу къеджэн).
Къызэджэр къагурыIуэу, къеджэкIэ тэмэм яIэу, укъуэдияуэ пычыгъуэ-пычыгъуэрэкIэ макъ ягъэIуу псалъэ щхьэхуэхэм, псалъэуха мыинхэм, зытепсэлъыхьыр еджакIуэхэм къемыхьэлъэкI тхыгъэ кIэщIхэм къеджэн, хьэрфхэр тэмэму икIи зэрыхуэфэщэнкIэ псынщIэу къацIыхуным тещIыхьауэ, псалъэм къызэреджэнум хуэзыунэтI Iэмалхэр къыхагъэщу.
II. ТхэкIэ егъэщIэныр. ЕджакIуэхэр тэмэму зэфIэсу егъэсэн хуейщ. Ахэр щытхэкIэ зэрызэфIэсын хуей щIыкIэр егъэсапхъэщ: тетрадыр тэмэму (тIэкIу хуэIушэу) партэм тралъхьэфу, щытхэкIэ е сурэт щащIкIэ къэрэндащыр е къалэмыр тэмэму зэраIыгъын хуей щIыкIэр егъэщIапхъэщ ипэ махуэхэм къыщыщIэдзауэ.
Хьэрфхэм я лъагагъын хуейр, абыхэм я зэхуакур (зэрызэпэщIэхар зыхуэдизыр) нэкIэ ягъэбелджылыфыным хуэзыгъасэ, Iэбэлагъым, Iэпэхэм зезыгъэужь лэжьыгъэхэр егъэкIуэкIын: хъурей цIыкIу къегъэтхъыхьын, итхъахэмкIэ зэпыщIэн, тхыпхъэщIыпхъэ гуэрхэр егъэщIын, я IэщIыр егъэшытIэн.
Хьэрфышхуэ, хьэрф цIыкIу псоми я тхыкIэм щыгъуазэ щIын, ахэр зэрызэпащIэ щIыкIэхэр егъэщIэн. Макъхэр къызэрагъэлъагъуэ Iэрытх хьэрфхэр егъэцIыхун.
Псалъэхэмрэ псалъэухахэмрэ тхын, ахэр зэрызэхэт макърэ пычыгъуэкIэ егъэджакIуэм зэпъкриха нэужь, иужькIэ езыр-езыру (егъэджакIуэм зэпкъыримыхыу) егъэтхын.
ЕджакIуэхэм псалъэхэмрэ псалъэухахэмрэ къытрегъэтхыкIын (япэщIыкIэ Iэрытхым, иужькIэ зэрыбу тедзам). Псалъэухахэр тэмэму ятхыфу егъэсэн (ипэ ит псалъэр хьэрфышхуэкIэ къегъэжьауэ, икIэм точкэ гъэувауэ). ЦIэхэмрэ псэущхьэхэм фIащ цIэхэмрэ хьэрфышхуэкIэ къегъэжьауэ зэратхымкIэ гурыIуэныгъэ етын, есэныгъэ егъэ-гъуэтын. Зи къэпсэлъыкIэмрэ тхыкIэмрэ зытемыхуэ псалъэ зэрыщыIэм еджа-кIуэхэм гу лъытапхъэщ (ударенэр зытемылъу къакIуэ э-р а-уэ зэратхым и щапхъэхэр – махуэшхуэ, макъ дэкIуашэ пI, тI-хэр п, т-уэ щтх зэрыщыIэм и щапхъэ – пкъынэ, ткIуаткIуэ, ы-р къопсэлъми, у-м и ужькIэ зэрамытхым и щапхъэ – унэ, ужьэ)
III. Жьабзэм зегъэужьыныр.
Адыгэбзэм и макъэр тэмэму къагъэсэбэпыфу егъэсэн. ЕджакIуэхэр щыпсалъэми нэгъуэщIхэм щедаIуэми зэхах бзэм абыхэм гулъытэ нэс хуащIу егъэсэн, макъ къэзыгъэлъагъуэ органхэм зегъэужьыным хущIэкъун. Псалъэ-кIэмкIэ яIэ есэныгъэмрэ зэфIэкIхэмрэ егъэфIакIуэ зэпыту щыгъэтын: мыпIащIэу, зэпIэзэрыту псалъэным хуегъэсэн, щыпсалъэкIэ хьэуар тэмэму жьэдашэным, ику ит макъкIэ (мыкIийуэ икIи мыщэхуу) псалъэу, хуей щыхъум, макъым зрагъэIэту е ягъэлъахъшэу егъэсэн. Адыгэбзэм и макъ псори тэмэму, щыуагъэншэу къэпсэлъын, псом хуэмыдэу макъхэр зэрыIу щIыкIэр зэхэгъэщхьэхукIыфын, макъ нэхъ зэщхьхэр зыхамыгъэгъуащэу къапсэлъу егъэсэн: псалъэм хэт макъ къэс щхьэхуэу къегъэпсэлъын, псынщIэрыпсалъэхэм къыщегъэпсэлъын (шыбжииплI, псыплъыжьыбзэ, н.).
Яджам къытегъэзэжын
Хьэрф «Ю», «ю». Хьэрф «Ё», «ё».
Дамыгъэ «ь» - р., Хьэрф «ъ» - р. Хьэрф «Э», «э»
3.1.Тематическое планирование
№ | Тема раздела | Количество часов | В том числе |
Лабораторные, практические работы (тема)(Для филологов – изложения, сочинения, развернутые ответы на вопросы - РР) | Контрольные и диагностические работы (тема) |
1 | Хэзыгъэгъуазэ. Азбукэм ипэ къит лъэхъэнэ | 5 | | |
2 | Азбукэ лъэхъэнэ | 26 | | |
3 | Яджам къытегъэзэжын | 2 | | 1 |
Итого: | 33 | | 1 |
3.2.Поурочно-тематическое планирование
№ урока | Тема урока | Кол-во часов | Планируемые результаты обучения | Виды и формы контроля | Дата | Примечания |
Освоение предметных знаний | УУД |
План | факт | |
| Хэзыгъэгъуазэ. Азбукэм ипэ къит лъэхъэнэ (с.5) | | | |
1. | Хьэрфхэу «А», «а» Хьэрфхэу «У», «у»; пычыгъуэхэу «ау», «уа» | 1 | Макъ «А»кIэ къыщIидзэ псалъэ жьэрыIуатэу къахьыфу егъэсэн Хьэрф «у»-м теухуауэ усэ цIыкIу егъэщIэн | Регулятивнэ УУД: щылажьэну щ1ып1эр тэмэму егъэджак1уэм и унафэм щ1этк1эрэ гъэхьэзырын; Познавательнэ УУД: тхылъым ит дамыгъэхэм хащ1ык1ыу, сурэтк1э схемэк1э къагъэлъэгъуахэр къагуры1уэу; Коммуникативнэ УУД: диалогым хыхьэфу, упщ1эхэр ятыфу, упщ1эхм жэуап иратыфу, т1урыт1у е гупым щыхэтым ядэлэжьэфу, зыхуеджэ тхыгъэм, лэжьыгъэ къратым, пэжырытхэ хабзэ, нэгъуэщI убзыхуныгъэхэм къеджэнымрэ ахэр къыгурыIуэнымрэ; Пса-лъэухамрэ тхыгъэмрэ (текстымрэ) зэхэгъэщхьэхукIыныр. | ДжэгукIэ: «Хэт нэхъыбэ жимыIэрэ» Хьэрф зэпыупщIахэмкIэ псалъэ зэхагъэувэн | | | |
2. | Хьэрфхэу «М», «м». Хьэрф «э» | 1 | Хьэрф «м»-м теухуауэ усэ цIыкIу егъэщIэн Хьэрф «м» - м. теухуауэ усэ цIыкIу егъэщIэн. | Макъ «м» хэту псалъэ жьэрыIуатэу къегъэхьын, псалъэуха зэхегъэгъэувэн. Усэр гукIэ жегъэIэн | | | |
3. | Хьэрф «Н», «н». Хьэрф «Р», «р». | 1 | Анэмрэ бынымрэ язэхущытыкIэн хуейр ящIэн. Хьэм, джэдум сэбэпынагъ яIэр ящIэн. Псэущхьэхэр фIыуэ лъагъун, абыхэм кIэлъыплъын зэрыхуейр | ЦIыхухэм ямызакъуэу псэущхьэхэми анэмрэ бынымрэ яIэ зэхущытыкIэм теухуа кIэлъыплъыныгъэ яIэр къэхутэн, тегъэпсэлъы-хьын. | | | |
4. | Хьэрф«Ж»,«ж».Хьэрф «Ш», «ш». | 1 | Хьэрф «ж»-м теухуауэ усэ цIыкIу егъэщIэн. Хьэрф «ш»-м теухуауэ усэ цIыкIу егъэщIэн | Псалъэхэм егъэджэн. Псалъэхэм егъэджэн, псалъэхэмкIэ псалъэуха зэхегъэгъэувэн | | | |
5. | Хьэрф «Ы», «ы». Хьэрф «И», «и». | 1 | Хьэрф «ы» -м теухуауэ усэ цIыкIу егъэщIэн. Нэхъыжьхэм хуэщIын хуей пщIэ нэмысым щыгъуазэ щIын. | Шым теухуауэ рассказ цIыкIу зэхегъэлъхьэн. Мамэхэм, нанэхэм теухуауэ усэ цIыкIу ящIэхэр къыжегъэIэн.. | | | |
| Азбукэ лъэхъэнэ (с.18) | | | |
6. | Хьэрф «Щ», «щ». Хьэрф «З», «з». | 1 | Хьэрф «щ»-м теухуауэ усэ цIыкIу егъэщIэн Дыкъэзыухъу-реихь дунейм и дахагъыр зэрыхъумэн хуейр ящIэн. | | Сурэтым тегъэпсэлъыхьын, псалъэхэм къегъэджэн. | | | |
7. | Хьэрф «С», «с». | 1 | Хьэрф «с» -м теухуауэ усэ цIыкIу егъэщIэн, псалъэхэр зэпагъэувэфу егъэсэн | ЩIымахуэм теухуауэ ящIэр къыжегъэIын | | | |
8. | Хьэрф «Л», «л». Хьэрф «Д», «д» Нэрылъагъу диктант. | 1 | Хьэрф «л» -м теухуауэ усэ цIыкIу егъэщIэн, псалъэхэр зэпагъэувэфу егъэсэн Хьэрф «д»-м теухуауэ усэ цIыкIу егъэщIэн, псалъэхэр зэпагъэувэфу егъэсэн | Бжьыхьэм теухуа усэ къеджэнкIэ зэпегъэуэн. Псалъэхэр пычыгъуэкIэ зэпегъэудын, текстым къеджэн. | | | |
9. | Хьэрф «Т», «т». | 1 | Хьэрф «т» - м теухуауэ усэ цIыкIу егъэщIэн, Хьэрф «т» зыхэт псалъэхэм еджэфу егъэсэн. | | Хьэрф «т»-р зыхэт пычыгъуэхэм егъэджэн, текстым къегъэджэн. | | | |
10. | Хьэрф «Х», «х». Хьэрф «Ху», «ху». | 1 | Хьэрф «х» - р. зыхэт псалъэхэм хуиту къеджэфу егъэсэн, тхылъым къыщыхьа текстым къеджэфу егъэсэн. Хьэрф «ху» - р. зыхэт псалъэхэм къеджэфу егъэсэн. Щиху жыгым теухуа хъабар цIыкIу егъэджэн. | «Хьэхэр ныбжьэгъу пэжщ» псалъэжьыр къызэрыгуры-Iуэм тегъэпсэлъы-хьын. Унэм яIэ хьэхэм тегъэпсэлъы-хьын. «Псэущхьэхэр щIымахуэм» фIэщыгъэцIэр иIэу тхылъ цIыкIу щIын мы Iыхьэхэр къыщыгъэлъэ-гъуауэ: бзухэр, 2) псэущхьэ Iэлхэр, 3) унэ псэущхьэхэр, 4) цIыху гулъытэ. | | | |
11. | Хьэрф «Б», «б». хьэрф «П», «п». | 1 | «б» - хьэрфыр хэту диктант цIыкIу егъэтхын, псалъэхэм ударенэр трагъэувэн, «бабыщ» - текстым егъэджэн, бажэм теухуауэ ящIэр къыжегъэIэн. Хьэрф дызэблэкIахэр къэпщытэжын, «п» - р. зыхэт пычыгъуэхэм, псалъэхэм къегъэджэн. | | Акъылым, чэнджэщым, лэжьыгъэм теухуа псалъэжьхэ-мкIэ зэпегъэуэн. «Лъэпкъ Iущыгъэ» фIэщыгъэцIэ зиIэ тхылъ цIыкIу щIын. ЗэхэгъэкIауэ зэхэтхыкIын: зи лъабжьэм къыщIэкIэу шхыныгъуэ къызыхащIыкI- хэр, зи щхьэкIэм къыпыкIэу шхыныгъуэ къызыхащIыкIхэр. | | | |
12. | Хьэрф «О», «о». Хьэрф «Е», «е». | 1 | Макъзешэхэр къэпщытэжын. Хьэрф «о» - р. зыхэт псалъэхэм, пычыгъуэхэм къегъэджэн. Сурэтым теухуауэ хъыбар цIыкIу зэхегъэлъхьэн. Макъзешэр къэпщытэжын. «е» - р. зыхэт псалъэхэм къегъэджэн, «есэп» псалъэм къикIым щыгъуазэ щIын. | | Таурыхъым план хуэгъэувын. Планым тету къэIуэтэжын. Адэ-анэм сыткIэ дэIэпыкъуэгъу хуэхъуми жегъэIэн. | | | |
13. | Хьэрф «Хь», «хь». | 1 | Хьэрф зэгуэтхэр къегъэпщытэжын. Хьэрф «хь» зыхэт псалъэхэм къегъэжэн, псалъэуха зэхегъэлъхьэн, текстым къегъэджэн. | | IэщIагъэ нэхъ дэзыхьэхым тегъэпсэлъы-хьын. | | | |
14. | Хьэрф «Г», «г». Хьэрф «Гу», «гу». | 1 | Хьэрф дэкIуашэхэр къегъэпщытэжын. Хьэрф «г» зыхэт псалъэхэм къегъэджэн. Хьэрф зэгуэтхэр къегъэпщытэжын. Хьэрф «гу» - р. зыхэт текстым къегъэджэн. | Регулятивнэ УУД: щылажьэну щ1ып1эр тэмэму егъэджак1уэм и унафэм щ1этк1эрэ гъэхьэзырын; Ягъэзэщ1а лэжьыгъэр нэгъуэщ1 тэмэму щ1ам егъэпщэфын; ар зыгуэрк1э къыщхьэщык1ым езыр хэлэжьыхьыжыфын; егъэджак1уэм и гъусэу лэжьыгъэщ1эм и зэк1элъык1уэк1эр сурэтххэмк1э зэк1элъыхьын. Познавательнэ УУД: тхылъым ит дамыгъэхэм хащ1ык1ыу, сурэтк1э схемэк1э къагъэлъэгъуахэр къагуры1уэу; еджэныгъэ лэжьыгъэр зэф1агъэк1ын папщ1э информацэхэр егъэджак1уэм и унафэм щ1этк1эрэ къэгъуэтын; зэхэдзын е зэдзыл1эфын. Коммуникативные УУД: здыхэт, зэпсалъэ елъытауэ бзэм и Iэмалхэр жьэрыIуатэбзэм къыщыгъэсэбэпыныр. Зыгуэрым епсэлъэныр, и закъуэу псэлъэным хуэшэрыуэ хъуныр (зыгуэр тепсэлъыхьыным, хъыбар Iуэтэным, сабийхэм зыхащIыкI темэ гуэрым хэпсэлъыхьыфыным). ЦIыху хэтыкIэм ехьэлIа хабзэхэр зэгъэщIэныр (фIэхъус тыкIэ, сэлам ехыжыкIэ, къыпхуагъэ-гъуну лъэIуэныгъэ, фIыщIэ щIыныгъэ, лъэIукIэ зыхуэгъэзэныгъэ). КъэпсэлъыкIэ, интонацэ тэмэмым тетыныр. | Адыгэ цейм и пкъыгъуэхэр къыжыIэн. Анэшхуэ-адэшухэхэм гулъытэ хуащIыр, мастэIуданэкIэ зэрылэжьэфыр къэхутэн. | | | |
15. | Хьэрф «I», «I». Хьэрф «Iу», «Iу». | 1 | Хьэрф «I»-р. зыхэт псалъэхэм къегъэджэн. Хьэрф псори къегъэпщытэжын. Iуащхьэмахуэ теухуа хъыбарым къегъэджэн. | Усэм гъэхуауэ къеджэн. Щхьэж пластилиным къыхищIымкIэ дэзыхьэх IэщIагъэр къэхутэн. | | | |
16. | Хьэрф «К», «к» Хьэрф «Ку», «ку». | 1 | Хьэрф дэкIуашэхэр къэпщытэжын. Хьэрф «к» зыхэт псалъэхэм къегъэджэн. Макъ жьгъыжьгъхэмрэ дэгухэмрэ къэпщытэжын. Хьэрф «ку» зыхэт псалъэхэм къегъэджэн. | Сурэтым еплъурэ щIымахуэкIэм тегъэпсэлъы-хьын. Хъуэхъу псалъэу тхыгъэм хэтыр къыжыIэн. Тхыгъэм нэхъ ягу ирихьам сурэт хуащIын. Гъатхэм и нэщэнэхэр зэращIэр къэхутэн. | | | |
| | | | | | | |
17. | Хьэрф «Жь», «жь». Хьэрф «В», «в». | 1 | Хьэрф зэгуэтхэр къэпщытэжын. Хьэрф «жь» зыхэт псалъэхэм къеджэфу егъэсэн. ЦIыхухэм я лэжьыгъэхэм тегъэпсэлъыхьын. Хьэрф дэкIуашэхэр къэпщытэжын. Хьэрф «в» - р. зыхэт псалъэхэм къеджэфу егъэсэн. Вэн – сэным щыгъуазэ щIын. | | Мыщэм и щытыкIэр, и теплъэр ящIэн. Иужьрей сатыритIыр сыт ухэдэ цIыхухэм ебгъапщэ хъунми къыжыIэн. Усэм къыдит гушхуэныгъэ-хэр къэIуэтэн. «Уэ сэ фIыщэу узолъагъу» фIэщыгъэцIэр зиIэ тхылъ цIыкIу щIын. | | | |
18. | Хьэрф «Ф», «ф». Хьэрф «Й, «й». | 1 | Хьэрф «ф»-р зыхэт псалъэхэм хуиту къеджэфу егъэсэн. Макъыр къапсэлъыфу, хьэрф й–м теухуауэ пычыгъуэхэр зэпащlэурэ егъэсэн. | Усэм гъэхуауэ гукIэ къеджэн. Гъатхэм къыхуэпхь хъуну псалъэжьхэр ящIэн. Къуалэбзухэр хъумэн щIыхуейр къэIуэтэн. Бжэндэхъу анэм и губзыгъагъэр щIын. | | | |
| | | |
19. | Хьэрф «Дж», «дж». Хьэрф «Дз», «дз». | 1 | Хьэрф зэгуэтхэр къегъэпщытэжын. Хьэрф «дж» - р. зыхэт псалъэхэм къегъэджэн. Джейм теухуа рассказ цIыкIу тегъэпсэлъыхьын. Хьэрф «дз» - р. зыхэт псалъэхэм къеджэфу егъэсэн, текстым къегъэджэн. | Мэкъумэшы-щIэ лэжьыгъэу щыIэхэр, абыхэм щыщу езыхэм къалэжьыр къыжегъэIэн. Гъэм и сыт хуэдэ зэманми пшэ нэхъыбэ щыщыIэр къыжегъэIэн. Пшэм и теплъэм, и щытыкIэм тепсэлъыхьын. | | | |
20. | Хьэрф «Я», «я». | 1 | Хьэрф «я» - р. зыхэт псалъэхэм къегъэджэн, макъзешэхэр къегъэпщытэжын, сурэтым тегъэпсэлъыхьын. | | | | |
21. | Хьэрф «Лъ», «лъ». Хьэрф «Къ», «къ». | 1 | Хьэрф «лъ» зыхэт псалъэхэм къегъэджэн. Лъахэр зищIысыр къэхутэн. Къэбэрдейм теухуауэ усэ егъэщIэн. Къэбэрдей – Балъкъэр Республикэм теухуауэ рассказым къегъэджэн. | Регулятивнэ УУД: щылажьэну щ1ып1эр тэмэму егъэджак1уэм и унафэм щ1этк1эрэ гъэхьэзырын; Познавательные УУД: тхылъым ит дамыгъэхэм хащ1ык1ыу, сурэтк1э схемэк1э къагъэлъэгъуахэр къагуры1уэу; еджэныгъэ лэжьыгъэр зэф1агъэк1ын папщ1э информацэхэр егъэджак1уэм и унафэм щ1этк1эрэ къэгъуэтын; текстыр зытеухур къагуры1уэн; зыщыщк1э е щытык1эк1э предметхэр зэхэдзын е зэдзыл1эфын. Коммуникативные УУД: здыхэт, зэпсалъэ елъытауэ бзэм и Iэмалхэр жьэрыIуатэбзэм къыщыгъэсэбэпыныр. Зыгуэрым епсэлъэныр, и закъуэу псэлъэным хуэшэрыуэ хъуныр (зыгуэр тепсэлъыхьыным, хъыбар Iуэтэным, сабийхэм зыхащIыкI темэ гуэрым хэпсэлъыхьыфыным). ЦIыху хэтыкIэм ехьэлIа хабзэхэр зэгъэщIэныр (фIэхъус тыкIэ, сэлам ехыжыкIэ, къыпхуагъэ-гъуну лъэIуэныгъэ, фIыщIэ щIыныгъэ, лъэIукIэ зыхуэгъэзэныгъэ). КъэпсэлъыкIэ, интонацэ тэмэмым тетыныр. | Зауэм хэта къуажэдэсхэм, абыхэм зэрахьа лIыгъэм тепсэлъыхьын. Фэеплъ сыным зыплъыхьакIуэ. «Си лъахэ» фIэщыгъэцIэ зиIэ сочиненэ тхын. «Фэеплъ тхылъ» щIын, фэеплъ сын зыхуагъэува цIыхухэм теухуа хъыбархэр итхэн. Фэеплъ сыным кIэлъыплъын . | | | |
22. | Хьэрф «Къу», «къу». | 1 | Хьэрф «къу» зыхэт псалъэхэм къегъэджэн. Текстым хуиту еджэфу егъэсэн. | | Къуажэм (къалэм) щыщу лIыхъужьыгъэ зезыхьахэм тепсэлъыхьын. Самолетым и макет щIын, тхыгъэм къыщыгъэлъэ-гъуа самолетхэр зэрызехьа щIыкIэр къэгъэлъэгъуэн | | | |
23. | Хьэрф «Гъ», «гъ». Хьэрф «Гъу», «гъу». | 1 | Хьэрф дэкIуашэхэр къегъэпщытэжын, «гъ» - р. зызэт псалъэхэм к ъегъэджэн. Гъатхэм теухуауэ рассказ цIыкIу зэхегъэлъхьэн. Хьэрф дэкIуашэхэр къегъэпщытэжын, «гъу» зыхэт псалъэхэм къегъэджэн. | Къуажэм, еджапIэм, унагъуэм а махуэр зэрыщекIуэ-кIыр къыжыIэн. ЕджакIуэм а махуэм теухуауэ ящIар къегъэIуэтэ-жын. | | | |
24. | Хьэрф «Хъ», «хъ». Хьэрф «Хъу», «хъу» | 1 | Хьэрф дэкIуашэхэр къегъпщытэжын. Хьэрф «хъ» - р. зыхэт псалъэхэм къегъэджэн. Хьэрф хъу-р хэту пычыгъуэхэр, псалъэхэр зэхалъхьэфу егъэсэн. | | Тхыгъэм хэт псалъэухахэр и кIэм нэгъэсыжын. Нэхъыжь Бжьэпщокъуэ-мрэ IэзакIуэ ЖыгыуIумрэ я псалъэхэр з эпадзыжурэ къегъэджэн. «Гъэмахуэ» сурэтым тепсэлъыхьын. Удз яцIыхухэр къэхутэн, ямыцIыхуу ди щIыпIэм къыщыкIхэр ящIэн. | | | |
25. | Хьэрф «КI», «кI». Хьэрф «КIу», «кIу». | 1 | Хьэрф кl зыхэт пычыгъуэхэм, псалъэхэм къеджэфу егъэсэн. Хьэрф кlу зыхэт пычыгъуэхэм, псалъэхэм къеджэфу егъэсэн. | | ДжэгукIэ ящIэхэр къэхутэн. ЯмыщIэхэр егъэщIэн. Узыншагъэр ефIэкIуэн папщIэ ящIэр къэхутэн, егъэфIэкIуэн. Тхылъ еджэныр зэрафIэфIыр къэхутэн, егъэфIэкIуэн, дегъэхьэхын. | | | |
26. | Хьэрф «ЩI», «щI». Хьэрф «ФI», «фI». | 1 | Хьэрф щl-р хэту пычыгъуэхэр, псалъэхэр хьэрф къыхэбзыкlахэмкlэ зэхалъхьэфу егъэсэн. Хьэрфыр егъэцlыхун, псалъэхэм къеджэфу, текст итым псынщlэу къеджэфу егъэсэн. | «Дыгъэр сурэтыщIщ» тхылъ цIыкIу щIын, абы теухуа усэхэр, сурэтхэр иту. «Сэ вагъуэм сызэрылъэтар» фIэщыгъэцIэр иIэу хъыбар зэхэлъхьэн. | | | |
27. | Хьэрф «ПI», «пI». | 1 | Хьэрфыр егъэцlыхун, псалъэхэм къеджэфу, текст итым псынщlэу къеджэфу егъэсэн. | | Джэрыджэ Арсен и усэ «Си хьэ цlыкlу» | | | |
28. | Хьэрф «Ц», «ц». Хьэрф «ЦI», «цI». | 1 | Макъыр къапсэлъыфу, хьэрф ц-м теухуауэ пычыгъуэхэр зэпащlэурэ егъэсэн. Хьэрф цl зыхэт пычыгъуэхэм, псалъэхэм къеджэфу егъэсэн. | Хьэрф зэпыупщlахэр, адыгэ азбукэр, цыхъар, цыджанэ, цыкlуэкl, мэлыц, цыжьбанэ-сурэтхэр. Елбэд Хьэсен и усэ «Пцlащхъуэ цlыкlу». | | | |
29. | Хьэрф «ТI», «тI». | 1 | Хьэрф тl-р хэту пычыгъуэхэр, псалъэхэр хьэрф къыхэбзыкlахэмкlэ зэхалъхьэфу егъэсэн. | Хабзэм теухуа хъыбархэр, хьэрф зэпыупщlахэр. | | | |
30. | Хьэрф «ЛI», «лI». Хьэрф «Ч», «ч». | 1 | Хьэрфыр егъэцlыхун, псалъэхэм къеджэфу, текст итым псынщlэу къеджэфу егъэсэн. Хьэрф ч зыхэт пычыгъуэхэм, псалъэхэм къеджэфу егъэсэн. | | Хьэрф зэпыупщlахэр, адыгэ азбукэр. Хьэрф зэпыупщlахэр, адыгэ азбукэр. | | | |
31. | Хьэрф «Кхъ», «кхъ». Хьэрф «Кхъу», «кхъу». | 1 | Хьэрф кхъ зыхэт пычыгъуэхэм, псалъэхэм къеджэфу егъэсэн. Хьэрф кхъу-р хэту пычыгъуэхэр, псалъэхэр хьэрф къыхэбзыкlахэмкlэ зэхалъхьэфу егъэсэн. | Хьэрф зэпыупщlахэр, бэкхъ, хъыджэбз сурэтхэр. Кхъухь, кхъуафэжьей сурэтхэр, адыгэ азбукэр, хьэрф зэпыупщlахэр. | | | |
| Яджам къытегъэзэжын (с.2) | | | | |
32. | Хьэрф «Ю», «ю». Хьэрф «Ё», «ё». | 1 | Макъыр къапсэлъыфу, хьэрф ю-м теухуауэ пычыгъуэхэр зэпащlэурэ егъэсэн. Хьэрф ё-р хэту пычыгъуэхэр, псалъэхэр хьэрф къыхэбзыкlахэмкlэ зэхалъхьэфу егъэсэн. | Хьэрф зэпыупщlахэр, азбукэ тхылъыр. Хьэрф зэпыупщlахэр, азбукэ тхылъыр. | | | |
33. | Диктант. Дамыгъэ «ь» - р., Хьэрф «ъ» - р. Хьэрф «Э», «э». | 1 | Хьэрфхэр егъэцlыхун, псалъэхэм къеджэфу, текст итхэм псынщlэу къеджэфу егъэсэн. Хьэрф э зыхэт пычыгъуэхэм, псалъэхэм къеджэфу егъэсэн. | | ь зыхэт мазэцlэхэр. Адыгэ азбукэр. Адыгэ азбукэр, экран, этаж, этажеркэ, аэроплан, пхъэпс сурэтхэр. | | | |