СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

"хамэ псалъэхэр адыгэбзэм"

Нажмите, чтобы узнать подробности

Просмотр содержимого документа
«"хамэ псалъэхэр адыгэбзэм"»

ХАМЭ ПСАЛЪЭХЭР АДЫГЭБЗЭМ

Дэтхэнэ бзэри къулей зэрыхъу Iэмал нэхъыщхьэхэм ящыщщ нэгъуэщIыбзэхэм езым имыIэ псалъэхэр къызэрыхихыр. Лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэмрэ игъуэта зыужьыныгъэмрэ емылъытауэ, сыт хуэдэ бзэми къыщагъэсэбэп хамэ псалъэхэр. Ахэр ижь лъандэрэ лъэпкъым и тхыдэ (историческэ) зыужьыныгъэм къыдэгъуэгурыкIуа икIи къыпэкIуа къулейгъэшхуэщ. ЗэманкIэрэ апхуэдэ псалъэхэм языныкъуэхэр здыхыхьа лъэпкъым езым къигъэщIыжа (исконнэ) псалъэхэм апхуэдизкIэ яхошэпсыхьыжри езыхэм ейуэ къащыфIэщIыжи къохъур, псалъэм папщIэ: адыгэбзэм хэт бахъэ, пIастэ, фоч, лагъым, бэкхъ, бо, шылэ, нарт, хъумбылэ, нащэ щыIэцIэхэр хамэбзэ гуэрхэр къызэрыщыхъуар зыщIэр бзэщIэныгъэм нэхъ куууэ елэжьхэрщ.

Зы бзэм къыхэкIыу, адрейм псалъэр хыхьэныр щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэкIэ къохъур. Къапщтэмэ, ар экономикэ, политикэ, духовнэ, культурэ зэпыщIэныгъэу лъэпкъхэм зэхуаIэхэм я фIыщIэкIэ къэхъункIэ хъунущ, нэгъуэщIу жыпIэмэ а лъэпкъхэр зэкIэлъыкIуэ, зэлъихьэ – зэлъикIкIэрэ, езыхэм я деж узыщрихьэлIэ хьэпшып, Iэмэпсымэ, унэ лъащIэ, къэкIыгъэ нэгъуэщI‑къинэмыщIхэм я цIэхэр, гупсысэ гуэр къызэрыкI псалъэ щхьэхуэхэр зэрагъэщIэнкIэ икIи я бзэм ахэр хапщэнкIэ мэхъур. Апхуэдэ хамэ псалъэхэмкIэ бзэм къыщыгъэлъэгъуащ блэкIа зэманым зэпыщIауэ щыта лъэпкъхэр, ахэр зэрызэпхауэ щыта Iуэхугъуэхэр. Аращ бзэр цIыхухэр зэрызэгурыIуэ, абыхэм я гупсысэмрэ я зэхэщIэныгъэмрэ къызэраIуатэ, къудейми къыщымынэу лъэпкъым и дыгъуасэр къызэрыщыж гъуджэу щIыщытри.

Адыгэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ лъэпкъ куэдым япыщIауэ къогъуэгурыкIуэ. А пыщIэныгъэхэр ди тхыдэми ди бзэми иджы щынэрылъагъущ. Мызэ‑мытIэу еджагъэшхуэхэм къыжаIащ икIи ятхащ адыгэхэм псалъэ куэд нэгъуэщI лъэпкъхэм я бзэхэм къызэрыхахар, а псалъэхэр къащтэныр а лъэпкъхэм якум дэлъа зэпыщIэныгъэхэм къызэрыхэкIар. КъыжыпIэмэ, адыгэбзэм и лексикэм увыпIэшхуэ щаубыд хьэрып, тырку псалъэхэм. Абыхэм я фIыгъэкIэ адыгэбзэм и лексикэм куэдкIэ зиужьащ: ди бзэм нэхъапэм хэмыта псалъэщIэхэр къыхэхъуащ, синоним сатырхэр бзэм къыщыхъуащ, мыхьэнэ куэд зиIэ псалъэхэр къэхъуащ, псалъэ щхьэхуэхэм мыхьэнэщIэ ягъуэткIэрэ.

Хьэрыпыбзэм щыщ псалъэхэр адыгэбзэм къыхыхьэн щыщIидзар, щIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, XIV лIэщIыгъуэм и пэхэрщ (Шагиров: 1962, 236; Абаев: 1979, 126) е нэгъуэщIу жытIэнщи, адыгэхэр муслъымэн диным нэIуасэ хуэхъуу щыщIадзауэ щытам щыгъуэщ. А зэманым къыхыхьа псалъэхэр, тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэщи, куэд хъуркъым. Шагъыр Амин зэритхымкIэ, хьэрып псалъэхэр адыгэбзэм уэру къыхыхьэн щыщIидзар XV лIэщIыгъуэрщ – адыгэхэр муслъымэн диным ихьа нэужьщ (Шагиров: 1962, 238). Абы щыгъуэщ диным епха мы псалъэхэр адыгэбзэм къыщыхыхьари: алыхь, хьэжы, молэ, къады, Iиман, муслъымэн, къурIэн, чытап, шэрихьэт, мэжджыт, мулид, къурмэн, хьид, зэчыр, ахърэт, жэнэт, мелыIыч, шейтIан, дыуэ, нэмэз, жэназы, къабыл, сэджыт, хьэлэл, хьэрэм, теурат, шыкур, уаз, деур, къемэт, азэн, щэращ, нэгъуэщIхэри.

Сакий М. и лэжьыгъэм щыжеIэр – хьэрыпыбзэм къыхэкIауэ адыгэбзэм хэт псалъэ псори диным епхауэ (Сакиев: 1959, 115). Ауэ ар пэжкъым. Адыгэбзэм хъушэу хэтщ нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми епха хьэрып псалъэхэр. Псалъэм папщIэ: сабий, нур, сэхуран, балигъ, мамыр, макъамэ, сурэт, хъыбар, Iэмал, берычэт, зэран, мурад, сатыр, тезыр, хьэл, хьэзыр, факъырэ, фейдэ, шэч, сэбэп, хьэлэмэт, нэгъуэщIхэри.

Тырку псалъэхэр адыгэбзэм къыхыхьэн щIадзащ пасэ дыдэу, нэгъуэщIу жыпIэмэ е VII лIэщIыгъуэм, хъазархэм Кавказ Ищхъэрэр яубыда нэужь. Абы щыхьэт тохъуэ, нобэрей адыгэбзэм хэт къэзэр псалъэр.

Тырку псалъэу а лIэщIыгъуэм адыгэбзэм къищтауэ ди деж къэсыжар апхуэдизкIэ мащIэ дыдэщи, уи Iэпэхэр щIэбгъашэурэ къыпхуэбжынущ. Нэхъыбэу тырку псалъэхэр адыгэбзэм къыхыхьэ щыхъуар XVII лIэщIыгъуэм ипэхэрщ – кърым хъаныр Кавказым къыщытеуа зэманырщ. Абдеж къыщыщIэдзауэ, хуэм-хуэмурэ адыгэбзэм къищтащ мыпхуэдэ тюрк (тырку, тэтэр, нэгъуей, къумыкъу, къэрэшей-балъкъэр) псалъэхэр: ахъшэ, бэракъ, бащлъыкъ, бэлагъ, бру, джынасу, ету, нэмэзлыкъ, уэрам, шырыкъу, борэн, къум, гуэл, тенджыз, жызум, къэб, хъэуан, тутын, аслъэн, къаплъэн, къашыргъэ, танэ, саугъэт, мардэ, дамыгъэ, даущ, берычэт бесын, угъурлы, угъурсыз, ахъшэм, къат, къару, н.

БлэкIа зэман жыжьэм я фэеплъ тхыгъэ адыгэхэм къащIэнауэ зэрыщымыIэм къыхэкIыу, икъукIэ гугъущ иджырей адыгэбзэм къыхыхьа пасэрей хамэ псалъэ псори къэпхутэжыну. ИтIани еджагъэшхуэхэу Шагъыр Амин, Къумахуэ Мухьэдин, Урыс Хьэтэлий, Балъкъэр Борис, Апажэ Мухьэмэд сымэ Iэмалу щыIэхэр къагъэсэбэпурэ ди бзэм пасэу къыхыхьа алыдж (грек), перс (иран), куржы (грузин), сонэ (сван) осетин, урыс псалъэхэр наIуэ къащIащ.

Нэхъ пасэу (V лэщIыгъуэм ) адыгэбзэм къыхыхьар алыдж псалъэхэрщ: бэрэскIэжьей (иджы зэрыжаIэр бэрэжьей) “среда” – грекыбзэм зэрыхэтыр – параскене “среда”, ефэнды “ духовное лицо” – грек. апхентес “господин”, лагъым “мина, фугас, динамит” – грек. лагумис “подкоп, фугас”, члисэ “церковь” – грек. екклесиа “церковь”, ерыщ “упрямый” – грек. эйрис “скандальный, капризный”, пIастэ “крутая каша из пшена” – грек. пастос “тесто, изделия из тесто” (италием я бзэми хыхьащ – pasto (пасто) “макаронные изделия”), малъхъэдис “магнит”, нэгъущIхэри.

Монголыбзэм щыщ псалъэхэр: къурагъ, гуахъуэ, ерэн, н.

Персыбзэм (ираныбзэм) къыхэкIащ (X - XII лIэщIыгъуэм ирихьэлIэу) мыпхуэдэ псалъэхэр: шэрхъ, абрэдж, джыронкIэ “фунт”, жан “живой”, шордакъ, пелуан, нэгъущIхэри.

Персыбзэм щыщу нэхъ кIасэу (XVII - XVIII лIэщIыгъуэ[‘v) ди бзэм къищтащ, щэн-къэщэхуным ехьэлIа мыпхуэдэ псалъэхэр: апэсы, бэзэр, тумэн, щай, сату, сондэджэр,; къэкIыгъэцIэхэр: шэфтал, жэгундэ, прунж, балий, н.

Грузиныбзэм щыщу адыгэбзэм нэхъ пасэу къыхыхьащ: жор, гуартэ, бэкхъ, бэлыджэ, кIэбышэ (хывышкIэ), джэду, джэд, щэбэт, н.

Осетиныбзэм (ираныбзэхэм ящыщщ) къыхэкIащ: шэд, шэмэдж, бысым, абдж, чыржын, губорэ,