СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Къуалэбзухэр-птицы

Нажмите, чтобы узнать подробности

Просмотр содержимого документа
«Къуалэбзухэр-птицы»

Темэр:Къуалэбзухэр.

Мурадыр:Къуалэбзухэр егъэц1ыхун,щ1ымахуэ бзухэмрэ,гъатхэ бзухэмрэ зыхагъэк1ыфу егъэсэн, къуалэбзуущ1э къегъэц1ыхун. Я бзэм зегъэужьын.



Фи пщэдджыжь ф1ыуэ,фыкъеблагъэ ди хьэщ1э лъап1эхэ.

Нэгъуей Денизэ: Сытхэр уи пщэдей си адыгэбзэ,

Жэнэт бзу щхьэхуит зыгъэбзэрабзэ.

Дыщэк1 Дисанэ: Сэ сыхуейкъым л1эну си бзэр нобэ.

Сижажэ Адия: Сэ сыхуейкъым л1эну ар пщэдей.

Шык1эбахъуэ Данэ: Си бзэ дахэрщ, сигур зыгъэхуабэр.

Нэгъуей Денизэ: Сыпхурехъу къурмэн уэ,

Си бзэу си дуней.

Хьэц1ык1у Миланэ: Си бзэ дахэу адыгэбзэ,

Си бзэ дахэу уэ си нэху.

Гъэсак!уэ: Адыгэбзэр бзэ дахэщ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ар хуэм-хуэмуурэ мэк1уэдыж. Нобэ дэ фэдгъэлъагъуну дыхуейт, ди сабийхэр дахэу зэрыпсалъэр.

Ц1ык1ухэ,гъэм и сыт хуэдэ зэман блэк1ар? (Щ1ымахуэ). Афэрым, пэжщ, ат1э къихьар сыт хуэдэ зэман? ( Гъатхэ). Мазэк1э сыт хуэдэ? (апрель-мэлыжьыхь.)

Гъатхэр къызэрысар сыт хуэдэ нэщэнэхэм къыдагъащ1эрэ? ( Денизэ: Иныкъуэ псэущхьэхэр къоушыж, нэр дэнэк1и мыплъэми щъуант1агъэщ, дуней жеяр къоушыж, щ1ып1э хуабэм щы1а къуалэбзухэр къолъэтэж, къуалэбзухэм я уэрэд ц1ык1ухэр жа1э). Ц1ык1ухэ,пэжщ жыф1эр,ауэ къуалэбзу псори щ1ып1э хуабэм лъэтэжрэ? (Ди деж къонэхэр: Къуаргъ, ц1ыжьдадэ(синица),тхьэрыкъуэ,бзу гъуабжэ.)

Нт1э,сыт хуэдэ къуалэбзу ц1ык1ухэр къэлъэтэжрэ, гъатхэр къызэрысар къыдагъащ1эу? (Бжэндэхъу(скворец),хьэпц1ащхъуэпц1э(черный стриж,пц1ащхъуэ, хьэрхьуп( Адия-удод, Зи пэр къуаншэ к1ыхь,къуалэбзу къуэлэндахэ).

Афэрым,псори фощ1э,ауэ сывэлъэ1унут: щ1ымахуэ бзухэмрэ,гъатхэ бзухэмрэ зыхэзэрыхьащи схузыхэфхыжын?

(бзухэр альбомым трагъэуэн, доскам деж)

Сыту фы1ущ ц1ык1у, фэ,афэрым, фыт1ысыжыт.Зэхэфхрэ, ди бжэм зэгуэр къытоу1уэ,хэту п1эрэ ар,къуалэбзу ц1ык1ухэм я макъри къыщо1у.

Гъатхэр къыщ1охьэ. Дауэ фыщытхэ,сэ псоми сыхуэзэшауэ сыкъыфхуэк1уащ

Гъэсак1уэ: Къеблагъэ, гъатхэ дахэ,дэуигугъу тщ1ыуэ арат,ц1ык1ухэм гъатхэм теухуауэ куэд ящ1э.

Гъатхэ: Хъунщ, си ф1эф1 дыдэу седэ1уэнщ,ауэ япэ щ1ык1э зы уэрэд ц1ык1у яжес1энщ.

Гъатхэр къэсмэ,

Къытхуэп1ащ1эу,къолъэтэжыр ар ди деж

Зэрыгуф1эр къыдигъащ1эу,едэ1уэн а ц1ык1ум хуейщ.

П1уп1-п1уп1-п1уп1 жи

Нэху зэрыщу,ц1ык1ухэр псори фыкъэтэдж,

Гъэщ1эгъуэну 1уэху куэдыщэ,

Фэ къыфпоплъэ блэвмыгъэк1

Фэ къыфпоплъэ блэвмыгъэк1.

Гъэсак1уэ: Упсэу,дахэ.Ц1ык1ухэ,жедвгъы1эт гъатхэм и нэщэнэхэр,ф1ыуэ зэрытлъагъур къедвгъэгъащ1эт.

Аф1эщ1агъуэ Лилэ: Бзу абгъуэм уи1эбэмэ,1э бэгу уохъу.

Беслъэней Амиринэ: Гъатхэм жеяр бжьыхьэм магъыж.

Аслъэн Бэтыр: Гъатхэм тумысар бжьыхьэм къытепхыжыркъым.

Шурдым Амалэ: Вындыжьхэр зэрызехьэмэ,уэлбанэ хъунущ.

Гъатхэ: Фыпсэу ц1ык1ухэ, пэжу фэ куэд фощ1э,ауэ фщ1эуэ п1эрэ фэ,а къуалэбзу къэлъэтэжхэм псоми абгъуэ я1экъым. Ат1э абыхэм абгъуэ ц1ык1у яхуэщ1ын хуейщ. Фыкъыздэ1эпыкъуну,абгъуэ ц1ык1у яхуэтщ1ыну къуалэбзухэм? (карточкэхэр зэпагъувурэ абгъуэ ящ1).

Дахэ дыдэ хъуахэщ, фыпсэухэ,сэ адэк1э сык1уэнщ( узыншэу,гъуэгу махуэ)

Гъэсак1уэ: фыпсэу, ц1ык1ухэ, фыт1ысыт,Сыт дэ нобэ къэтщ1ар? Хэт дидеж къэк1уар?.