СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

"Л1ым и гуащ1эр и пщ1эщ"

Категория: Литература

Нажмите, чтобы узнать подробности

Сценарий может быть полезен учителям кабардинской литературы, педагогам дополнительного образования, работникам культуры. Цель мероприятия: погрузить в атмосферу художественной и творческой жизни З.П. Кардангешева, выдающегося деятеля адыгской культуры, литературы и науки.

Просмотр содержимого документа
«"Л1ым и гуащ1эр и пщ1эщ"»

Къардэнгъущ1 Зырамыку илъэси 100 зэрырикъум теухуауэ ек1уэк1ыну литературнэ пшыхьым и сценарий.


Темэ: «Л1ым и гуащ1эр и пщ1эщ»


Гупыр зыгъэгупыр гуп и уасэщ,

Лъэпкъыр зыгъэлъэпкъ Къардэнгъущ1

Зырамыку уасэ зимы1эжщ.

Адыгэ макъамэ къоуэ.

Езыгъэк1уэк1ым 1:

Фи махуэ ф1ыуэ, сэлам гуапэ фыдох нобэрей ди зэ1ущ1эм кърихьэл1а дэтхэнэ зыми. Шордакъ курыт еджап1эм и еджак1уэхэм фыкъыдогъэблагъэ «Л1ым и гуащ1эр и пщ1эщ» зыф1этща литературнэ пшыхьым.


Езыгъэк1уэк1ым 2:

Ар зытеухуар лъэпкъым и набдзэ, налъкъутналмэсыр зи лэжьыгъэ, дыщэ пхъуантэм и 1унк1ыбзэ1ухыр зы1эщ1элъ Къардэнгъущ1 Зырамыку къызэралъхурэ илъэсищэ зэрырикъурщ.


Езыгъэк1уэк1ым 1:

Налкъутналмэсыр зэщ1олыдэ, зэщ1опщ1ыпщ1э лъэныкъуэ псомк1и. Дэнэк1э умыгъазэми, къыпхухэгъуатэркъым нэхъ фагъуэ, нэхъ фэншэ. Апхуэдэу и 1уэхущ1афэ псори дахэрэ къыхэпхынур къыпхуэмыщ1эу лъэныкъуэ куэдым зэф1эк1ышхуэ къыщигъэлъагъуащ угъурлыуэ илъэс куэд лъандэрэ адыгэ культурэм хуэлэжьа Къардэнгъущ1 Зырамыку.


«Л1ым и гуащ1эр и пщ1эщ» - жи1эгъащ Къазанокъуэ Жэбагъы. Жэбагъы и псалъэхэм япкъ итк1э убгъэдыхьэмэ, къэплъытэ хъунущ Зырамыку л1ищ ящ1эн ищ1ауэ. Ар тхак1уэщ, драматург 1эзэщ, фальклорист гъуэзэджэщ, артист-уэрэджы1ак1уэ телъыджэщ, зи къалэмыпэм дыщэ къыпыщ щ1эныгъэл1щ, тхыдэтхщ, ц1ыху емызэшыжщ.


«Шынэхъыжьым деж» Гумэ БетIал (Зырамыку теухуауэ.)


Лъэпкъ тхьэмадэ, лъэпкъ нэхъыжь,

Налкъут минхэр зи Iэужь,

Нэхъ цIэрыIуэу, нэхъ Iумахуэу,

Нэхъ жьэ нахуэу, нэхъ лIы хахуэу,

Хэт адыгэм къытхэкIа?

ЛIипщI ящIэн пхузэфIэкIащ,

Уэрэдыжьхэм я псэ лъащIэр,

Я къежьапIэр дыбогъащIэ.

Хабзэр, тхыбзэр, хъыбарыжьхэр,

Тхыдэр, гъыбзэр, уэрэдыжьхэр –

Къэпхутахэр мэхъур куэд.

КъытхуэпщIам имыIэ кIуэд.

Актер, тхакIуэ, драматург,

IуэрыIуатэм и «хирург»,

Лъэпкъым джакIуэ ухуэхъуащ,

Ди къэухьым хэбгъэхъуащ.


Езыгъэк1уэк1ым 1:

КъардэнгъущI Зырамыку январым и 10-м 1918 гъэм Аруан районым щыщ Псыгуэнсу къуажэм къыщалъхуащ. Къызэралъхурэ мазэ бжыгъэ ф1эк1а мыхъуауэ Зырамыку и адэр дунейм ехыжащ, илъэс 11 щыхъум щ1алэ ц1ык1ум и анэр ф1эк1уэдащ. Адэ-анэншэу къэна щхьэк1э, и шынэхъыжь Мурид зэи зеиншафэ къытригъэуакъым - зришэл1эжри ип1ыжащ, гъуэгу захуэ тригъэуващ.


Зырамыку къуажэ еджапIэр къиуха нэужь, колхозым зыкъомрэ щылэжьащ, ауэ талантыр зэманым къыхужьэдэкъуэркъым, гугъуехьми хуэгъэпщкIуркъым. Зырамыку пасэ дыдэу щIедзэ уэрэд жиIэу, къуажэ клубым щагъэув спектаклхэм щыджэгуу.

(Зырамыку и уэрэдхэм щыщ хуэму къеуэурэ зы куплет йодаIуэ, макъамэр нэхъ ц1ыкIуу адэкIэ къыпащэ)


Классиибл ф1эк1а къэзымыуха, Псыгуэнсу къуажэм къыдэхъук1а щ1алэ ц1ык1ур Москва Лунэчарскэм и ц1эр зезыхьэ ГИТИС-м и студент мэхъу. Сталиным и стипендие кърату еджащ, диплом плъыжьк1э къиухащ.

А лъэхъэнэм щыгъуэщ Къардэнгъущ1ым япэ адыгэ драмэ «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ» щитхари. А пьесэращ япэ дыдэ адыгэ театрыр къызэрызэIуахар.


Езыгъэк1уэк1ым 2:

Иджыпсту ди еджакIуэхэм къагъэлъэгъуэнущ «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ» пьесэм щыщ зы теплъэгъуэ.

Езыгъэк1уэк1ым 2:

1940 гъэ дыдэм Зырамыку дзэм ираджащ, абы щыIэу зауаер къытехъуэри, и кIыхьагъкIэ зауэм хэтащ, у1эгъэ хьэлъэ хъуауэ къигъэзэжащ.


Ауэ искусствэр IэщIыб хуэщIакъым итIанэми Зырамыку. И щхьэгъусэ Къуралей Зулихъани ари театрым щылажьэрт, гугъуехьрэ хьэзабу щыIэр къызэранэкIауи я гугъэжт. Ауэ гуауэм «СынокIуэ» жиIэ и хабзэкъым. Куэд дэмыкIыу дунейм йохыж Зырамыку и щхьэгъусэр.


Абы и ужькIэ куэдрэ хэтыжыфакъым Зырамыку театрым, - гуауэр инт,

гукъэкIыжхэр хьэлъэт. 1949 гъэм сценэр ибгынэри, Зырамыку зритащ фольклористикэм.


Езыгъэк1уэк1ым 1:


ЩIэи гъуни иIэкъым жыхуаIэм хуэдэщ Зырамыку IуэрыIуатэхэкIыу зэхуихьэсыжам. Нарт пшыналъэхэр, хъыбарыжьхэр, таурыхъхэр, псалъэжьхэр,

къебжэкIхэр… «Адыгэ IуэрыIуатэкIэ» зэджэу нобэкIэ дызэрыгушхуэ къомыр зэрымыкIуэдыжам, зэрыщыIэм КъардэнгъущI Зырамыку и фIыщIэ ин хэлъэщ.


Нобэр къыздэсым ди театрым и репертуарым хэтщ КъардэнгъущIым и пьесэ гъуэзэджэхэр. Ахэр «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ», «Андемыркъан», сабийхэм яхуитхауэ щыта «Хъуэжэ», Къэбэрдейм и тхыдэм щыщ Iыхьэ къызыщыгъэлъэгъуэжа «Къэбардэрэ Iэлътудрэ» пьесэ цIэрыIуэр, нэгъуэщ1хэри.

Езыгъэк1уэк1ым 2:

КъардэнгъущI Зырамыку и пщ1эр лъагэ зыщ1хэм ящыщщ «Адыгэ уэрэдыжьхэмрэ пшыналъэхэмрэ» жыхуи1э тхылъипл1 хъу антологием. Мы тхылъхэр Москва къыщыдэк1ащ «Советский композитор» тхылъ тедзап1эм. Тхылъипл1ми уэрэдрэ макъамэу 414 –м ( щипл1рэ пщык1упл1ым) щыщу Къардэнгъущ1ым жи1эу ятхыжар уэрэд 45 ( пл1ыщ1рэ тху) мэхъу. Езым къилъыхъуэжурэ магнитофонк1э итхыжар уэрэдищэрэ т1ощ1ым ноблагъэ.

КъардэнгъущI Зырамыку игъэзащ1э уэрэдхэр щ1эх – щ1эхыурэ радиомк1э къат. Къэбэрдей – Балъкъэрым и мызакъуэу абы и уэрэдхэр Къэрэшей – Шэрджэсми, Адыгейми, нэгъуэщ1 щ1ып1эхэми къыщо1у. Уеблэмэ, Зырымыку и уэрэдхэр къэрал гъунапкъэпкъэм зэпрок1ри хамэ щ1ып1э – Иорданием, Сирием, Тыркум щыпсэу адыгэхэм я деж нос.


Езы Зырымыку игъэзащ1эу феда1уэ уэрэд.


Езыгъэк1уэк1ым 1:

Хъыбырыжьхэм, уэрэдыжьхэм, псалъэжьхэм, таурыхъхэм къыщинэмыщIауэ Зырамыку зэхуихьэсыжахэм ящыщщ гушыIэхэри. Абыхэм щыщу иджыпсту дедэ1уэнщ гушы1э зыбжанэ.

«Шыц уэсыр къесу узэрысым уимыкI»

ХьэщIэмрэ бысымымрэ зэбгъэдэсу махуэр кIуащ. «ХьэщIапIэрынэр емыкIущ» жыхуаIэрати, бысымым и жагъуэт хьэщIэр жэщ къинэну.

Ауэ дунейр къызэрызэIыхьам къыхэкIыу хьэщIэми гъуэгу техьэжын таучэл ищIыртэкъыми, зигъэхъейртэкъым.

– Къысхуэгъэгъу, си хьэщIэ, сыщIэкIынщи дунейм и щытыкIэм сыкъеплъынщ, - жиIэри, щымыхъум, бысымыр щIэкIащ. Зыкъиплъыхьщ – зыниплъыхьри, къыщIыхьэжащ.

– Дуней дэгъуэщ, уафэ лъащIэри нэхущ, хьэщIэихуж уэсщ, - жиIащ бысымым.

– ГъэщIэгъуэныр къызжепIаи, си бысым, - и дамитIыр дришейри хьэщIэр щIэкIащ.

Зыкъиплъыхьщ – зиниплъыхьри, къыщыхьэжащ.

– «Шыц уэсыр къесу узэрысым уимыкI !» - жиIащ пасэрейм, си ныбжьэгъужь, - жиIэри тIысыжащ.


«Сыт щы1э абы нэхъыфI

Я адэр лIэуэ телът, и къуэжьхэр щхьэщытт, Iыхьлыхэри зэхуэсат.

– Ей, сэ фэ къыфхуэзгъанэри! – къыхэщэIукIырт адэр.

– ЖыIэ, ди адэ, сыт къытхуэбгъанэр? – еупщIырт и къуэхэр.

– Ей, сэ фэ къыфхуэзгъанэри!... – аргуэру жиIэрт адэм.

– Ди адэм къытхуигъанэр къыщIыджимыIэр хамэ щIэтщи аращ. ФыщIэкI! – унафэ ящIщ абыхэми, езыхэм нэмыщI адрей псори пэшым щIагъэкIащ.

– ЖыIэ, ди адэ, сыт къытхуэбгъанэр? – щIэупщIащ зэшхэр.

– Мы Дуней нэхур къыфхузогъанэ, хуэмыху къом! Сыт щыIэ абы нэхъыфI ?! Дахэ – дахэу абы фытет, фымыуцIэпIу.


Езыгъэк1уэк1ым 1:

И ныбжьыр илъэс бгъущI ирикъуным тхьэмахуитI фIэкIа къэмынэжауэ 2008 гъэм дунейм ехыжащ Къардэнгъущ1 Зырамыку. Зырамыку и цIэр игъащIэкIэ яIурылъынущ щIы хъурейм адыгэу тету хъуам. Ар абы къилэжьащ и цIыхугъэ дахэмкIи и IуэхущIафэ щхьэпэхэмкIи.

Дыщэ пхъуантэдэлъу Зырамыку къытхуигъэнахэр куэд мэхъу. Ахэр гулъытэншэуи къэнакъым. КъардэнгъущIым къыфIащауэ щытащ «КъБАССР-м искусствэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист» цIэ лъапIэхэр. ТIэунейрэ къыхуагъэфэщат ди республикэм и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и Щ1ыхь тхылъри, Хэку зауэшхуэм щызэрихьа лIыгъэм папщIэ къэралым и дамыгъэ лъапIэхэри.

Лъэпкъыр, дрогушхуэ, дропагэ, дролъапIэ апхуэдэ щIэныгъэлI, цIыху цIэрыIуэ къызэрытхэкIам.

КъардэнгъущI Зырамыку и лэжьыгъэм, езым теухуауэ цIыху цIэрыIуэхэм псалъэ гуапэ куэд хужаIащ.


Езыгъэк1уэк1ым 1:

«Адыгэ культурэм уэ хуэпщIар зыщымыгъупщэн Тхьэм дищI.

Уэ пхуэдэлI ди лъахэм исыху, ди насып текIуэнщ, лъапэзэвыпIи дихуэнкъым».

КIыщокъуэ Алим.


Езыгъэк1уэк1ым 2:

«Сэ Зырамыку и лъэк1ыныгъэр згъэщ1агъуэ пэтми схуэухыркъым. Абы хузэф1эк1ар пхузэф1эк1ын щхьэк1э, Къардэн Гъущ1у укъигъэщ1ын хуейт, гъущ1 къудей мыхъуу – жыру!»

Нало Заур


Езыгъэк1уэк1ым 1:

«Насыпщ, насыпышхуэщ Къардэнгъущ1 Зырамыку хуэдэхэр лъэпкъым щи1эм и деж…Ар ди нобэрей гъащ1эм и джагуак1уэшхуэщ»

Маф1эдз Сэрэбий

Езыгъэк1уэк1ым 2:

«АдыгэлI нэс, цIыху гъэса, къызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэри и нобэри фIыуэ, фIы дыдэу зыщIэ КъардэнгъущI Зырамыку тхуилэжьамрэ тхуилэжьымрэ мыращ жыпIэу цIыхум пхужемыIэным хуэдизщ».

ХьэдэгъэлI Аскэр (Адыгей Хэку)

Езыгъэк1уэк1ым 1:

«Зырамыку, уэ жыпIэ уэрэдыжьхэм дэ сыт щыгъуи ди гумрэ ди псэмрэ дыхьэу додаIуэ. Сэ солъаIуэ апхуэдэ лэжьыгъэ езыхьэкI щIэныгъэлIхэм адыгэ жылэхэр зэи хуэмыныкъуэну».

Къущхьэ Тыгъуэн (Тырку къэрал)


Усэ «Адыгэ культурэм и тхьэмадэ» Жылау Нурбий.

30. Уадыгэм, уемызэшу,

Жы1э и ц1эр Зырамыку,

Езыр псэк1э хуэлэжьащи

Къимык1уэту ар ди Хэку.

Фашистышэм къезымыкуу

Къэк1уэжауэ Зырамыку,

Зыми зык1и зырамыкум

Езыкуфу Зырамыку.

1уэры1уатэ пхъуантэдэлъхэр

Зэ1убз зыщ1у Къардэнгъущ1,

Адыгэлъэ здынэмысахэм,

Нэсыфауэ Къардэнгъущ1.

Уэрэдыжьхэм псэщ1э хилъхьэу

Жызы1эжу Къардэнгъущ1,

Гуащэгъагъхэм жа1э гъыбзэр

Зыгъэжьгъыжьгъыу Къардэнгъущ1

Хъуэжэ «щ1ыгъуу» къик1ухьыфу

Л1ы 1ущ щыпкъэуКъардэнгъущ1,

Зи лэжьыгъэм ин ищ1ауэ

Л1ы ц1ык1у щхьэшхуэу Къардэнгъущ1.

Зи гушы1эр япэ иту,

Гуп и уасэу Къардэнгъущ1,

Жыг гъэк1ыным хуэ1эижьу

Гъуазэ пэжу Къардэнгъущ1.

Уэрэдыжьхэр къыдихыжу

Тыгъэ зыщ1у Къардэнгъущ1,

Шэрджэс лъэпкъхэм я культурэм

И тхьэмадэу Къардэнгъущ1.


Адыгэ макъамэ дахэ къеуэу, еджак1уэ ц1ык1ухэр къафэу пщыхьэщхьэр еух.

5