СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Адыгэбзэ. Хьэрф Х х.

Нажмите, чтобы узнать подробности

Просмотр содержимого документа
«Адыгэбзэ. Хьэрф Х х.»

Темэр. Хьэрф Ц1, ц1-хэр.

Мурадыр: Х, Х- хьэрфхэр егъэцIыхун, ахэр зыхэт пычыгъуэхэм, псалъэхэм, псалъухахэм къеджэфу егъэсэн, сабийхэм я бзэм, зэхэщIыкIым зегъэужьын, я щIэныгъэм хэгъэхъуэн, лэжьыгъэр фIыуэ ялъагъуу, сыт хуэдэ лэжьыгъэми пщIэ хуащIу гъэсэн.

Урокым ехьэлIапхъэр. Хьэрфхэр, хьэрф зэпыупщIахэр, пычыгъуэ таблицэр, хадэхэкIхэр къызэрыщ сурэтхэр.

Урокыр зэрекIуэкIынур.

Пхъэщхьэмыщхьэхэри хадэхэкIхэри бэгъуэн папщIэ сыт нэхъ зыхуейр. (ЖаIэфу хъуар сабийхэм жегъэIэн).

Уэгъу щыхъум сыт сабийхэм ящIэр? (ЖаIэну зыхуей псори жегъэIэн, хьэнцэгуащэ къызэрырашэкIым я гупсысэр хуэшэн.) Сыт абыкIэ цIыхухэм къраджэр? (Уэшх). А псалъэр сэ жысIэну къыщIызодзэ, фэ кIэух макъыр нывогъэсыж. (Уэшх-х-х). Шхын имылъу жьэм жьэдэмыхьэр сыт? (Бжэмышххх). Дзэ уз зымыщIэ, дзэ куэд зыIут. (Пхъэ...ххх), Бгыщхьэм е Iуащхьэм утету узиплъэ щIыналъэм зэреджэ. (Уэх). Сыт хуэдэ макъ, хьэрф нобэ дджынур? (Макъ х, хьэрфхэу Х,х).

Хьэрфхэр егъэлъагъун, зрагъэщхьхэр, зэрызэщхь, зэрызэщхьэщыкIхэр жегъэIэн. Макъым и къэхъукIэм кIэлъыгъэплъын, макъзешэрэ макъ дэкIуашэрэ къегъэхутэн.

Къуажэхьхэр къегъэщIэн: Лъэпкъым и щIыпIэ, щIыпIэм и лъапIэ. (Хэку).

Махуэ псом къекIухьри пщыхьэщхьэм бжэкъуагъым къогъуэлъхьэж. (Жыхапхъэ). Макъыр здэщыт щIыпIэр егъэгъэбелджылын.

Уэх, уэшх, хадэ, псалъэхэр хьэрф зэпыупщIахэмкIэ зэхегъэгъэувэн, зэпкърегъэхын, псалъэухахэр зэхегъэлъхьэн.

Макъ [х]-р псалъэм и пэм, и кум, и кIэм щыту щапхъэ къегъэхьын.

Доскам ит схемэм къегъэджэн:

а ы ц1ы – нэ пц1ащхъуэ

Ц1 ц1 хьэп1ац1э хупц1ынэ

э и


1эрытхымк1э гъэлэжьэн.