Махуэ зыбжанэ дэк1мэ, ц1ыхубэм дгъэлъэп1энущ Хэку зауэшхуэр зэриухрэ илъэс 79 щрикъу махуэр.Гъэ бжыгъэ 1эджэ дэк1ащ абы лъандэрэ,къэувыжащ лъэ быдэк1э ди Хэкур,жыгышхуэ хъуащ хасэгъар чы лант1эу,тыншыжащ ц1ыхубэм я гур,я псэр.
Просмотр содержимого документа
«Махуэ зыбжанэ дэк1мэ...»
Махуэ зыбжанэ дэк1мэ, ц1ыхубэм дгъэлъэп1энущ Хэку зауэшхуэр зэриухрэ илъэс 79 щрикъу махуэр.Гъэ бжыгъэ 1эджэ дэк1ащ абы лъандэрэ,къэувыжащ лъэ быдэк1э ди Хэкур,жыгышхуэ хъуащ хасэгъар чы лант1эу,тыншыжащ ц1ыхубэм я гур,я псэр.
Дызэрыщыгъуазэщи,июным и 22-м 1941 гъэм, зыгъэпсэхугъуэ махуэу, нэмыцэдзэр къыттеуащ хьэщхьэры1уэ бзаджэу.Гущ1эгъу зимы1э,зи лыр мыуз,бзаджагъэм зи гур итхьэкъуа нэмыцэхэм къапэщ1эхуэр зэтракъутэрт,къуажэхэр,къалэхэр зэтрагъасхьэрт.Къару ф1ыц1эм и 1эпэхэр дэнэк1и щигъэджэгурт,щ1ыналъэ дахэхэр,гур дэзыхьэх щ1ып1эхэр щ1ым щыщ ищ1ырт.Ауэ апхуэдиз лейр,мыхъумыщ1эр ц1ыхухэм яхуэшэчакъым. Игъащ1эм 1эщэ зымы1ыгъа лъахэм и къуэ пэжхэмрэ ипхъухэмрэ зэуэ зыкъа1этащ щалъхуа адэжь щ1ыналъэр яхъумэну.Анэ бгъафэ хуабэм 1эф1у щыжей сабийхэр къигъаск1эу гуих-псэихыу фашист кхъухьлъатэхэм бомбэ хьэлъэхэр къалэхэм,къуажэхэм дадзэрт.Маф1э лыгъейм зэщ1ищтэрт нэм къиплъыхь псори.Бий гущ1эгъуншэм и мурад бзаджэхэр зэхэкъутэн,ар ди щ1ыналъэм ихужын хуейт,нэмыцэхэм бгъэгук1э пэщ1эувауэ Хэкур щхьэхуит къэщ1ыжыпхъэт.Мыпхуэдэ гупсысэм зы ищ1ащ ц1ыхубэр.Зэман бзаджэм ирихьэл1эу яусыгъа уэрэдхэми къыхэщыр зыт-зауэм к1уахэм л1ыгъэ яхэлъу фашистхэм езэуэну,хахуэу,мышынэу бийм пэщ1этынхэу,тек1уэныгъэр я 1эрылъхьэу къагъэзэжынхэу.Ди щхьэхуитыныгъэр къазэуну зауэм к1уахэр куэд,куэд дыдэ мэхъу,къэзыгъэзэжахэри мащ1эщ.Ауэ нобэк1э ди гъусэу къыддэбакъуэу къэнахэри мащ1э дыдэщ.
Фашистыдзэр Хэкум къилъадэрт лъыпсыр къызыпыж шэрхъыу.Ар гущ1эгъуншэт,ауэ а къарум пэщ1эуващ ц1ыху гуащ1эрыпсэухэр.Къамылыкъуэ дэс ц1ыхухэри адрейхэм ещхьт.Фашистыдзэм пэщ1эувэну къуажэ ц1ык1ум дэк1ащ ц1ыху 127-рэ.Хэку зауэшхуэр иуха нэужьк1э къэзыгъэзэжар ц1ыху 50-щ.Абыхэм яхэтщ зы унагъуэм щыщу т1ум я псэр хэкум папщ1э ятауэ.Тэрч къыщыщ1эдзауэ Берлин нэсыху к1уахэщ ахэр,мащэр къэзыт1а хьэщхьэры1уэдзэр мащап1эм ирагъэхуэжащ.Л1ыгъэ дэтхэнэми къагъэлъэгъуащ,ди щхьэхуитыныгъэм щ1эзэуащ.Си къуажэм и л1ыхъужьхэм я ц1э-унэц1эр иджыри зэ къис1уэмэ,газет щ1эджык1ак1уэхэр щызгъэгъуазэмэ,си гуапэщ:
Апхуд Хьэмзэт
Бацэ Дзадзу
Бацэ Къэрней
Бацэ Лат1иф
Бацэ Митэ
Бацэ Мухьэжыр
Бацэ Суфьян
Бацэ Чиляни
Дзасэжь Шагъир
Жамбей Хьэзрэ1ил
Зеиф1 Али
Зеиф1 Къадир
Къуэныхь 1эуес
Кхъуэныхь Назир
Кхъуэныхь Шагъир
К1эмыргуей Хьэбыж
К1эмыргуей Хьэмгъуэт
Къанкъул Анатолэ
Къанкъул Асчэрбий
Къанкъул Гьали
Къанкъул Данил
Къанкъул Дзру
Къанкъул 1илэ
Къанкъул Къанщобий
Къанкъул Лъостэн
Къанкъул Муссэ
Къанкъул Мусэбий
Къанкъул Мухьэб
Къанкъул Сулът1ан
Къанкъул Мухьэжир
Къанкъул Чэшиф
Къанкъул Хьэбан
К1ашэ(Кашев) Талий
Къуэдзокъуэ Сафэрбий
Къуэдзокъуэ Мэцу
Къуэдзокъуэ Потэ
Къуэдзокъуэ Хьэбалэ
Къуэдзокъуэ Хьащым
Къуэдзокъуэ Хьэмгъуэт
Къуэдзокъуэ Худ
Къущхьэ Гьалым
Къущхьэ Мухьэмэд
Къущхьэ Хьэмид
Махуэл1 Къарэлбий
Махуэл1 Лъостанэщ
Махуэл1 Мицикъэ
Махъуэщ Къарней
Махъуэщ Къарэкъан
Махъуэщ Нахупщ
Зауэ маф1эм и лыгъэм псынщ1эу зеубгъу.Абы пэщ1эт имы1эмэ,псори ф1ыц1агъэм хуешэ.Фашистыдзэм и маф1э лыгъэри пэщ1эк1уэтакъым езы Къамылыкъуэ къуажэми.Къуажэр мазитху нэблагъэк1э я1ыгъащ нэмыцэхэм,ауэ абыхэми кърагъэк1уэтакъым къуажэдэсхэр.Зауэ 1энат1эм 1ут ц1ыхухэм папщ1э щыгъын хуабэхэр зауэл1хэм хурагъэшащ.
Къуажэр езыр щаубыдар 1942 гъэм и август мазэут.Колхозым гъавэр 1уихыжатэкъым,псори 1э хуэныкъуэт.Гъавэр къехьэл1эжыным сабийхэри,балигъхэри пэщ1эуващ,лъэхъэнэ гугъум зэгъусэу пэлъэщахэщ.Мы зэман хьэлъэм Ленинград блокадэм кърашауэ ц1ыху 20-м ядэ1эпыкъуащ къуажэдэсхэр.Си анэшхуэ Махуэл1 1эминат зэрыжи1эжамк1э абыхэм яхэтащ ц1ыхухъухэри,ц1ыхубзхэри,сабийхэри.Ауэ гъэщ1эгъуэныр мыращ:Ленинград къик1ахэр нэмыцэхэм ямылъагъуу яхъумэфащ си къуажэгъухэм.Къуажэр хуит хъужа нэужь,ахэр Псыхуабэ яшэри маф1эгум ирагъэт1ысхьэжахэщ.
Нобэк1э а зэман хьэлъэм дриплъэжмэ жыдо1э а зауэр гугъуу щытауэ.Девгъэгупсысыт дэр папщ1э а зауэм ц1ыхупсэу хэк1уэдам.Пхужымы1энщ ик1и пхуэмытхынщ!Зауэм къик1ыжауэ е а лъэхъэнэм хэпсэухьа ц1ыхухэм ящыщ зыгуэр абы щытепсэлъыхьк1э нэм нэпсыр къок1уэ.Илъэс къэс,уеблэмэ махуэ къэс нэхъ мащ1э мэхъу тек1уэныгъэр къытхуэзыхьахэр.Гъащ1эм тэмэму,пкъыф1эхэу тета ц1ыху уахътыншэхэр дунейм щехыжым деж езы дунейри пщ1эуэ нэхъ фагъуэ мэхъу.Къамылыкъуэ Хэку зауэшхуэм хэтауэ зыри ц1ыху ди1эжкъым.