Къэбэрдей- Балъкъэр Республикэм Прохладнэ
муниципальнэ куейм хыхьэ Алътуд къуажэм дэт
муниципальнэ кIэзонэ щIэныгъэм и етIуанэ еджапIэ
Республикэм щекIуэкI
«Си бзэ, си псэ, си дуней»
зэпеуэм къриубыдэу екIуэкIа
мастер- класс
Зыгъэхьэзырар:
адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ
и егъэджакIуэ Нэгъуей Маринэт Iэуес и пхъурщ
2022-2023гъ.гъ.
1слайд Бзэр псалъэ къудейкъым, ар гупсысэк1эщ, дуней тетык1эщ
Нало Заур
Фи махуэ ф1ыуэ, ди хьэщ1э лъап1эхэ !
Фи махуэ ф1ыуэ, ныбжьыщ1э ц1ык1ухэ! Фыкъыдогъэблагъэ
« Лъагъуныгъэм и къару» зыф1этща нобэрей ди мастер- классым
Егъэджак1уэм : Псоми зэрыфщ1эщи, Iэмал куэд щыIэщ адыгэ литературэм щыхуебгъаджэк1э къэбгъэсэбэп хъуну,еджак1уэхэм ядж тхыгъэр нэхъ телъыджэ , гунэс , щ1эщыгъуэ ящыпщ1ын щхьэк1э . Дэтхэнэ зы егъэджак1уэми езым и бгъэдыхьэк1э и еплъык1э хуи1эжщ сыт хуэлэ тхыгъэми, усыгъэми. Нобэ ди гуапэу дэри фи пащхьэ идолъхьэ ди лэжьыгъэр. Мыбы лъабжьэ хуэтщ1ар Къагъырмэс Борис и хъыбар
« Лъагъуныгъэм и къару» зыф1ищарщ. Урок блэк1ам дэ хъыбарым щыгъуазэ зыхуэтщ1ащ.( 2 Слайд-Мурадхэр) Нобэ дэ ди мурадщ а хъыбарыр фэ гуры1уэгъуэ зэрыфщыхъуар къэтхутэну; абы ехьэл1ауэ фи1а лэжьыгъэхэр гъэзэщ1а зэрыхъуар на1уэ къэтщ1ыну; гъащ1эм лъагъуныгъэм щигъэзащ1э къалэныр, щигъуэт мыхьэнэр дубзыхуну, абыхэм къыдэк1уэуи ди бзэм зедгъэужьыну, тхыгъэм къыхэтха дерсыр дгъэбелджылыну.
(Хьэщ1эхэм я пащхьэ ручкэ зырызрэ тетрадь напэрэ илъщ) (Еджак1уэхэм я пащхьэм илъщ напэ зэмыфэгъухэр.)
Аращи, ди лэжьыгъэм щ1эддзэнщ. Лъагъуныгъэ- ар псэр зыдэщ1эращ1э гухэлъ дахэщ, гурыщ1э къабзэщ. Лъагъуныгъэншэу гъащ1эр щы1энтэкъым, гъащ1эр мыхъуами, а гурыщ1э телъыджэри къэхъунтэкъым.Арауэ къыщ1эк1ынщ сыт хуэдэ зэманми, л1эщ1ыгъуэми а темэм дуней псом тет тхак1уэхэми усак1уэхэми я творчествэм щ1ып1э щхьэхуэ щ1ыщиубыдыр. Ц1ык1ухэ, дауэ феплърэ сыт хуэдэ фэхэмк1э бгъэбелджылы хъуну лъагъуныгъэр?
Едж- лъагъуныгъэр нэхъ фэ ц1угъэнэхэмк1э къэбгъэлъагъуэ хъуну сэ къысщохъу: плъыжь, тхьэмбылыфэ, хужь.удзыфэ нэгъуэщ1 куэдхэмк1и
Егъэдж. Псоми фи пащхьэм илъщ напэ зэмыфэгъухэр, щхьэж а псалъэм хуигъэфащэ фэр къыхех
Гу зэрылъыфтащи, еджак1уэхэр гупит1у гуэшащ (Слайд с розой )1гупыр-Гуащэнабдзэщ (Розэ ) (Цагова, Залина, Жукова Алина, Алина-10 кл) (Слайд с ромашкой) ет1уанэ гупыр- Шынэ-шынэщ (Ромашка) (Кажаева, Лабазанов, Дарина, Рианна)
Нобэ зэпкърытхыну тхыгъэм ехьэл1ауэ фэ т1урыт1у фызэгъусэу вгъэзэщ1эн хуеящ лэжьыгъэхэр, (Слайд псалъэжьхэр иту) псалъэжь слайдым итхэри дэ1эпыкъуэгъу фщ1ыуэрэ.
Япэ упщ1эр мыпхуэдэт: Сыт зищ1ысыр лъагъуныгъэр? Сыт хуэдэ гурыщ1эф1хэр ц1ыхум и гум къыщигъэушрэ абы? Хэт къыджи1эн ар?
(1пара, ц1ыхуит1ым я жэуапыр)
Едж. Лъагъуныгъэр- гуры1уэгъуэ инщ, кууущ, куэди къызэщ1еубыдэ.Гъащ1эр зы1эщ1элъыр лъагъуныгъэрщ: ар адэ-анэм уэ уахуи1э гухэлъырауи щытщ, сабийм епт лъагъуныгъэ гъунапкъэншэрщ, уи гумрэ уи псэмрэ къыхиха ц1ыхум хуэпщ1а гурыщ1эрщ, езы гъащ1э дыдэр ф1ыуэ зэрыплъагъурщ.
Егъэдж.Залинэ, уэ сыт щ1ыбгъун?
Едж. Ар гурыщ1э лъагэщ, телъыджэщ, дамэ къыптезыгъак1эщ. Лъагъуныгъэншэу упсэуфынукъым.Мыпхуэдэ псалъэжьыр пэджэжу къысщохъу : Лъагъуныгъэ зыхуэпщ1ам –гущ1эр къегъэхъей
Егъэдж.: гуры1уэгъуэщ, ар еплъык1э хъарзынэщ
Къык1элъык1уэ ц1ыхуит1ыр фелэжьын хуеящ мыпхуэдэ упщ1эм. Сыт зищ1ысыр лъагъуныгъэр? Сыт хуэдэ гурыщ1э 1ей, мыхъумыщ1э уи гум къыщигъэушыфыну абы?
2) (пара, ц1ыхуит1ым я жэуапыр) Кажаева и Лабазанов.
Едж.. Лъагъуныгъэм ц1ыхур щигъэуэфынущ, ищ1эр имыщ1эжу ещ1,абы и щапхъэщ ебгъуанэ классым дызэджа Хъан-Джэрий и «Шэрджэс хъыбархэр». Гуащэм хуищ1а лъагъуныгъэм папщ1э Тембулэт и ныбжьэгъу пэжыр, къуэш пэлъытэу и1а Жамбулэтыр еук1ыж.
Едж.- Лъагъуныгъэм гущ1элъапсэр егъэуз, ц1ыхум и лъэр , къарур щ1ех, ар щымы1амэ нэхъ тыншт упсэуну. Мыбы епхьэл1э хъунущ мыпхуэдэ псалъэжь: « Лъагъуныгъэ зыщ1ам- лъагъук1э ищ1эжыркъым»
Егъэдж.: Ар фэ т1ум фи еплъык1эщ, дэтхэнэ ц1ыхуми езым и гупсысэк1э и1эну хуитщ, псалъэжьри ек1у дыдэу къыхэфхащ
Къык1элъык1уэ ц1ыхуит1ыр фелэжьын хуеящ мыпхуэдэ упщ1эм: Лъагъуныгъэм уи1этрэ хьэмэрэ ухиутэрэ?
3) (пара, ц1ыхуит1ым я жэуапыр) Тхазеплова Д и Рианна
Едж. -Лъагъуныгъэм ц1ыхур е1эт,дамэ тетым хуэдэу, ехъуэж ф1ы и лъэныкъуэк1э, гукъыдэж кърет, насыпыф1э ещ1.
Едж.- Ауэ щхьэлажьи, щхьэщ1эгупсыси ещ1,гукъеуи щигъащ1эркъым.А щытык1эм мы псалъэжьыр хуэк1уэу къысщохъу: «Имылъагъумэ- щ1ол1э, илъагъумэ- щ1ол1ык1»
Егъэдж. Фэри гъэщ1эгъуэну жэуап ефтащ фи упщ1эм, псалъэжьри хьэлэмэту къыхэфхащ.Т1урыт1у фызэгъусэу вгъэзэщ1эн хуея лэжьыгъэр къывэхъул1ауэ къызолъытэ. Иджы, гу зэрылъыттащи , ц1ыхуит1 къэнащ алъандэрэ къыхэмылэжьыхьауэ. Ахэр дызэри1эр тщыгъупщэжакъым, ат1э абыхэм лэжьыгъэр зырызу ягъэзэщ1эн хуеяуэ аращ.
Егъэдж.Сыт хуэдэ удз гъэгъа лъагъуныгъэм и дамыгъэу къалъытэр?Абы теухуауэ Алинэ иригъэк1уэк1ащ къэхутэныгъэ лэжьыгъэ ц1ык1у.Девгъэда1уэт.
Едж. Дауик1,розэращ удз гъэгъауэ щы1эм я тепщэр, лъагъуныгъэми и дамыгъэр, адыгэбзэк1э абы гуащэнабдзэк1э , унэ хьэцыбанэк1э йоджэ
(розэ зэрыт слайд къэгъэлъэгъуэн) Розэр дахэщ, нэр дехьэх,мэ гуак1уэ къык1эрех,ауэ абы и1эщ банэхэр,ахэр къыпхэуэмэ уегъэгу1э, егъэуз, аращ лъагъуныгъэми гущ1элъапсэр щ1игъэузыр.
Егъэдж. Шэч хэлъкъым, пэжщ .Алинэ, уи жэуапыр ,ауэ сэри зы 1уэхугъуэ сытепсэлъыхьыну сыхуейт. Игъащ1э лъандэрэ лъагъуныгъэ къабзэм, нэхум, щабэм и дамыгъэу къылъытэ удз гъэгъа ромашкэр, адыгэбзэк1э- шынэ-шынэ,къанзидзэ жыхуа1эр (Слайд ромашкэ иту ) Фщ1эуэ п1эрэ фэ ар къызыхэк1ыр?
Самирэ. Сэ сызэреплъымк1э, лъагъуныгъэ зыщ1а ц1ыхухэр а удз гъэгъэмк1э маплъэри аращ, и къапщ1ийхэр къыпачурэ: сыкъилъагъуу п1эрэ, сыкъимылъагъуу п1эрэ? жа1э(Слайд видео ромашкэ иту )
Егъэдж. Ар псоми зэхахауэ къыщ1эк1ынщ, уеблэмэ псори зы зэман а удз гъэгъамк1э дыплъауи къыщ1эк1ынщ, ауэ сыту п1эрэ 1эмал имы1эу а удз гъэгъар къыщ1ыхахыр, нэгъуэщ1 гуэр къыхамыхыу?
Едж. Шынэ-шынэк1э зэджэ, ромашкэ закъуэращ зи щхьэр , зи къапщ1ийхэр сыт щыгъуи зэ1ухауэ къак1уэр.
Егъэдж. Пэж дыдэщ Даринэ,Абы и къапщ1ийхэр 1эгум хуэдэу зэ1ухащ, и 1эгур къытхуеший дзыхь къызэрытуищ1ым и щыхьэту. Мы удз гъэгъам и тхьэмпэхэм ещхьу зым и гур адрейм хузэ1ухауэ щытамэ, дунейр нэхъ нэху, дахэ хъуауэ къытщыхъунт. Къаруушхуэ я1эщ удз гъэгъахэм, щэху куэди къа1уэтэфынт бзэ я1урылъу щытамэ.
Къэдвгъэщ1эжыт, ц1ык1ухэ, сыт хуэдэ лъэк1ыныгъэ и1э Къагъырмэс Борис и тхыгъэм къыхэщыж удз гъэгъа ц1ык1ум?
Едж .Мыбы къыхэщыж удз гъэгъа ц1ык1ур мэпсалъэ, кхъуэщнэщыгъэ, удыгъэ хэлъщ. тхылъымк1э тепсэлъыжын (слайд –видео удз гъэгъар щ1ым къыхэк1ыу къэгъэлъэгъуэн)
Егъэдж.Щ1алэм ищ1амк1э фэ сыт гуры1уэгъуэ фщыхъуар?.
Едж - Щ1алэм ищ1ам къегъэлъагъуэ абы и щхьэгъусэр ф1ыщэу зэрилъагъур, и лъагъуныгъэм и къарур, ар емыгупсысыххэу и гъащ1эм и зэхуэдит1ыр ц1ыхубзым иритащ.(Слайд 1эгум гу иту-Лъагъуныгъэм и хьэтырк1э уэрэд)
Егъэдж. Щ1алэр псэуху нысащ1эри псэунут.» Уэ ,нысащ1э, уи щхьэгъусэм и гъащ1эм и ныкъуэр къуитащи, фыпсэуху ф1ыуэ фызэрылъагъу, фызэрыгъэпэж» -къажри1эщ удз ц1ык1уми езыр гъужащ.Удз гъэгъам зэрыжи1ам хуэдэу абы и жылэр щ1алэм бэлътоку к1уэц1илъхьэри игъэт1ылъащ,зэм-зэм щ1алэм и зы лъэ1у иджыри хуигъэзэщ1эну.
Адэк1э а т1ум я гъащ1эр къызэрек1уэк1ар мы псалъит1ым ехьэл1ауэ къэф1уэтэну сыхуейт: ц1ыхугъэмрэ ц1ыхугъэншагъэмрэ. Дауэ къыщыгъэлъэгъуа мы хъыбарым а 1уэхугъуит1ыр? Дэтхэнэ ц1ыхухэм я образхэмк1и къэгъэлъэгъуа хъуа? Гуащэнабдзэ гупым ц1ыхугъэр зищ1ысыр къыджа1энщ,
Едж.- Сэ сызэреплъымк1э, ц1ыхугъэм хэбгъэхьэ хъунущ хьэл-щэн дахэу щы1эр. Псом япэ напэр, напэ зи1э ц1ыхум лей зэрихьэнукъым, къемызэгъ зэи илэжьынукъым, ц1ыху пэжу,уи псалъэм утетыжу, гущ1эгъу, зэхэщ1ык1 пхэлъу , пхузэф1эк1ыр блэжьу дунейм утетыныр укъызыхэк1ар бгъэпэжыныр сэрк1э ц1ыхугъэщ.
Егъэдж. Хэт иджыри дыщ1игъун?
Едж.-Ц1ыхугъэ лъагэм и щапхъэу мыбы къыхощ щ1алэр.И лъагъуныгъэм щхьэк1э ищ1эр ф1эмащ1эщ, езыр и щхьэм щ1эгусысыркъым, езыр л1эмэ, и нысащ1эри зэрыл1энуращ зытегузэвыхьыр. Ик1эм- ик1эжым гъащ1эу и1эр етри езым зегъал1э.Абык1э и лъагъуныгъэм и къаруур къегъэлъагъуэ.
Егъэдж. Сэри а фи псалъэхэм арэзы сытохъуэТэмэм дыдэу къывгуро1уэ ц1ыхугъэ псалъэм и мыхьэнэр. Иджы Шынэ- шынэ гупым ц1ыхугъэншагъэр зищ1ысыр на1уэ тщащ1ынщ. Хэт зи жэуап деда1уэр?
Едж-. Ц1ыхугъэншагъэщ-зэхэщ1ык1 уимы1эу, уи псалъэ,уи напэ уепц1ыжу упсэуныр, Гущ1эгъу пхэмылъу, къыпхуащ1ар пщыгъупщэжу Ц1ыху напэншэми ц1ыхугъэншэми зэрагъэхь щымы1эу къысщохъу сэ Ц1ыхугъэншэу мы тхыгъэм къыхэщыжыр хъыджэбзыращ.
Егъэдж. Пэжщ, Даринэ, хэт иджыри дыщ1игъун?
Едж.- Нэпц1т а хъыджэбзым и лъагъуныгъэри , гъэунэхуп1э зэрихуэу мылъкур къыщыхихыфак1э, жып1эр пэжмэ,уэ зыгъал1и уи гъащ1эр псори сэ къызэт щыжи1эфак1э. Къарууншэт абы и лъагъуныгъэри.
Егъэдж. Фыпсэу, Ц1ык1ухэ, псоми фи пащхьэм илъщ А-4 напэ. Сыхуейт мы напэм фытепсэлъыхьыну (хужь къабзэ)
Мыр сыт хуэдэ ? Гуащэнабдзэ» гупым къыджа1энщ
Едж. –хужьщ,
- ф1ей мыхъуащ.
- псынщ1эщ
- къамыгъэсэбэпащ
-къабзэщ
Егъэдж. Пэжщ, иджыри нэгъуэщ1 плъыфэц1э куэди къыхуэпхьыфынущ абы.Ат1э,мы напэр сыт зыхуэдэ? (ушк1умп1ар гъэлъэгъуэн) Си упщ1эр «Шынэ-шынэ» гупым хуэгъэзащ
Едж.- хужьщ, ауэ къагъэсэбэпащ, ушк1умп1ащ, сыт йомыщ1эми зэрыщыта пхуэщ1ыжынукъым.
Егъэдж. Сытк1э ехьэл1ауэ п1эрэ мы напэхэр нобэрей ди лэжьыгъэм, дауэ феплърэ,ц1ык1ухэ?
Гуащэнабдзэ гуп- напэ хужь къабзэр щ1алэм и лъагъуныгъэм изогъэщхь, Напэ ушк1умп1ар хъыджэбзым ейм нэхъ ещхьщ, уеблэмэ, ари мащ1эщ абы и дежк1э, абы нэхъ хуэфащэр зэф1этхъарщ.
Егъэдж. Иджы, ц1ык1ухэ, нобэрей махуэм ди лэжьыгъэр дгъэзэщ1энымк1э сэбэп къытхуэхъу псалъэжьхэмк1э иджыри зэ зыдгъэзэну зыдгъэзэну сыхуейт:Сыт хуэдэ псалъэжьыр нэхъ хуэгъэзауэ къыфщыхъурэ нобэрей ди хъыбарым? (Слайд псалъэжьхэр иту) Псалъэжьхэм хоплъэ
Едж.- «Насыпыр къоуал1эмэ-уреуд, къыплъысмэ- дамэ пхуохъу жыхуи1э псалъэжьыр нэхъ хузогъэфащэ сэ мы тхыгъэм.
Егъэдж. 1ущыгъэ ин зыхэлъ псалъэхэщ, тхак1уэ ик1и тхыдэтх Бейтыгъуэн Сэфарбий и 1эдакъэм къыщ1эк1ащ. Псалъэхэр хэт етхьэл1э хъуну?
Едж.- Насыпыр зэуал1эу ириудар хъыджэбзырщ, дамэ зыхуэхъуар щ1алэрщ.
Егъэдж. Иджы, ц1ык1ухэ, доскам девгъэплъи нобэрей ди темэм ехьэл1ауэ ит афоризмхэм (псалъэ шэрыуэ к1эщ1хэм) девгъаджэт:(Слайд афоризм хьэзырхэр иту)
«Псэм и жэнэтыр- лъагъуныгъэрщ» (Къагъырмэс Б.)
«Ф1ыуэ умылъэгъуам- ик1и упсэуакъым, ик1и убэуакъым» (Высоцкий В.)
«Къутахуэ ц1ык1у- ц1ык1уурэ гур зэхэкъутэнщ, лъагъуныгъэр щымы1эжмэ» (Огонькова)
«Лъагъуныгъэр гурыщ1э нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ, телъыджэ куэд къигъэхъуфу, ц1ыхущ1э хьэлэмэт куэд къигъэщ1ыфу» (А.С. Макаренко)
Мы псалъэ шэрыуэхэм пэджэжу , ц1ык1ухэ, иджы гупит1ми зэхэфльхьэну къалэн фщызощ1 афоризмхэр. Ди хьэщ1э лъап1эхэми я еплъык1эр къыдбгъэдалъхьэмэ, ди гуапэ хъунт. Къэк1уэну псалъэхэр къэвгъэсэбэп хъунущ: гъащ1э, нэм зыщигъэнщ1ыркъым,гугъэ, дамэ къыптек1ауэ, гъащ1эм и налкъут, насып,псит1ыр зэгъунэгъумэ, гурэ.Дакъикъит1 фызот (Гъук1э Ислъам и Лъагъуныгъэм и уэрэдым егъэдэ1уэн лэжь. ягъэзэщ1эху)
(Слайд къагупсыса афоризмхэр зырызу къихьэу)
Шынэ-шынэ- « Уи насып зыхэлъым- уф1эк1ынкъым»
Гуащэнабдзэ- «Гурэ гурэ зэрощ1э»
Шынэ-шынэ- «Уи псэм ф1ыуэ илъагъум, уи нэм зыщигъэнщ1ыркъым»
Гуащэнабдзэ -Лъагъуныгъэр- гъащ1эм и налкъутщ
Шынэ-шынэ- «Жэуап зыгъуэт лъагъуныгъэм дамэ къыптрегъак1э»
Егъэдж.Гупит1ри ф1ы дыдэу фылэжьащ, къалэным фыпэлъэщауэ къысщохъу.Ди хьэщэхэм я жэуапхэм дедэ1уэнт ди гуапэу (жэуапхэр)
Егъэдж. Дэтхэнэ тхыгъэми,усыгъэми дыщеджэк1э 1эмал имы1эу е псалъэ мыц1ыху, е гугъу ,е гъэщ1эгъуэн дрохьэл1э. Апхуэдэ псалъэхэм я мыхьэнэр япэ дерсым деж белджылы щыдощ1, ауэ мы тхыгъэм дыщеджэм дызрихьэл1а псалъэ мыц1ыху е гъэщ1эгъуэн фщыхъуахэр фэ езыхэм къыхэфтхык1ын хуеят, иджыпсту дызэдэ1эпыкъуурэ ахэм я мыхьэнэр дгъэбелджылынщ.Сыт хуэдэ псалъэ хэт къыхитхык1а?
Гуащэнабдзэ- Хъаным хъыджэбзыр благъуэм иригъэщхьати, благъуэ псалъэр сэ къыхэстхык1ащ
Егъэдж.мыхьэнэр жы1эн (Слайд бзэм зегъэужьыныр зырызу-благъуэ ) Иджыри сыт хуэдэ псалъэ?
Шынэ-шынэ- Сэ фитон псалъэр стхащ
Егъэдж.мыхьэнэр жы1эн (Слайд бзэм зегъэужьыныр зырызу-фитон ) Иджыри сыт хуэдэ псалъэ?
Гуащэнабдзэ- 1энкун псалъэр къыхэстхык1ащ
Егъэдж.мыхьэнэр жы1эн (Слайд бзэм зегъэужьыныр зырызу-1энкун ) Иджыри сыт хуэдэ псалъэ?
Шынэ-шынэ- къапщ1ий псалъэр сигу ирихьащ ик1и сф1эгъэщ1эгъуэн хъуащ
Егъэдж.мыхьэнэр жы1эн (Слайд бзэм зегъэужьыныр зырызу-къапщ1ий )
Ц1ык1ухэ, щ1эдзап1э зи1э дэтхэнэ 1уэхугъуэми- к1эух и1эщ, нобэрей ди лэжьыгъэри ик1эм нос, сыхуейт иджы псори къызэщ1эткъуэжыну
Егъэдж. Къагъырмэс Б. и тхыгъэм сыт хуэдэ дерс къыхэфха ц1ык1ухэ ?
Шынэ-шынэ- Сыт хуэдэ 1уэхугъуэ хэмыхуэми, сыт хуэдэ гъэунэхуп1э имыхуэми, ц1ыхур ц1ыхугъэ хэлъу къэнэжын хуейщ, напэр ф1эк1уэдын хуейкъым. Хэт иджыри къыщ1игъун?
Шынэ-шынэ-Мылъкур –уэсэпсщ, нобэ уи1эмэ- пщэдей пф1эк1уэдынк1э хъунущ. Уи1э ф1ыгъуэр плъытэн хуейщ, ф1ыщ1э пщ1ын хуейщ,дэшэхыгъуаф1эу ущыт хъунукъым,ц1ыху пэжу ущытын хуейщ.
Пщэдейрей ныбгъуэ нэхърэ нобэрей бзу жыхуи1э псалъэжьри пщыгъупщэ хъунукъым
Егъэдж. Фыпсэу, ц1ык1ухэ, сэри арэзы сытохъуэ фи жэуапым. Си иужьрей упщ1эр гупит1ми ныфхуэгъэзащ. Нобэ дызытепсэлъыхьа темэр сыт хуэдэ сурэтхэмк1э тхуэгъэбелджылыну? Сыт фи нэгу къыщ1игъэхьэрэ лъагъуныгъэ псалъэм?
(Слайд с кроссенс зырызу, и кум гу плъыжь, абы дэщ1ыгъуу доскам къыдэк1ыурэ жыхуа1эм и сурэтыр ф1адзэ)
Гуащэнабдзэ –Сэ лъагъуныгъэ псалъэм си нэгу къыщ1егъэхьэ ф1ыуэ зэрылъагъу ныбжьыщ1ит1
Шынэ-шынэ- Сэ 1элъынит1 къыщ1оувэ си нэгум
Гуащэнабдзэ - Сэ унагъуэ насыпыф1э солъагъу
Шынэ-шынэ- - Уэрэдбзум (соловей)уэрэд жи1эу къысщохъу сэ
- Шынэ-шынэ- Жыгит1 зэбгъурыту щыту къысф1ощ1 сэ
Гуащэнабдзэ - Сэ лъагъуныгъэ псалъэм сигъэлъагъур Гуащэнабдзэ (роза)дахэрщ
- Шынэ-шынэ- Сэ си нэгу къыщ1охьэ шынэ-шынэ (ромашка) хужьыбзэр, къабзэр
Гуащэнабдзэ - Сэ къыу (лебедь) хужьу си нэгум къыщ1оувэ лъагъуныгъэр
Егъэдж.Аращи, нобэ дджар къызэщ1эткъуэжащ Кроссенс жыхуи1э 1эмалымк1э. Хьэщ1эхэм хуэгъэзауэ: Нобэрей ди лэжьыгъэр ик1эм нос. Къэтщта ди темэм ехьэл1ауэ дэ зыхуэдгъэувыжа къалэнхэмрэ мурадхэмрэ дгъэзэщ1ауэ къытщохъур, ауэ зэрыжа1эщи,, къыдэплъахэм нэхъ ялъэгъуауэ къыщ1эк1ынщ . Нобэрей гупит1ым дэтхэнэр нэхъыф1у лэжьауэ п1эрэ? Дэтхэнэ гупым я жэуапхэр нэхъ гунэс фщыхъуа? (Жэуапхэр)
Абдежым нобэрей ди зэ1ущ1эр зэхудощ1ыж. Кърихьэл1ахэми, къыддэлэжьа сабийхэми ф1ыщ1э ин фхузощ1, Тхьэм ф1ыгъуэк1э, гуф1эгъуэк1э куэдрэ дызэхуигъазэ, иджыпсту псори дызыгъэгузавэ 1уэхур зэ1убз хъужауэ, гъащ1э мамырым гу щызыхуэн Тхьэм псори дищ1.
Псалъэжьхэр
-И нэм и нэхущ, и псэм и хъуахуэщ.
-Имылъагъумэ- щ1ол1э, илъагъумэ-щ1ол1ык1.
-Лъагъуныгъэ зыхуэпщ1ым гущ1эр къегъэхъей.
-Лъагъуныгъэ зыщ1ам-лъагъук1э ищ1эжыркъым.
-Нэм пэжыжьэми, гум пэблагъэщ.
-Нэм псэр зыщ1ешэ, гум гур къреджэ.
-Псэр зэхъуапсэр нэм ф1эдахэщ.
-Уи насып зыхэлъым дыщэхъ тепхъуауэ уолъагъу.
-Узэлъэ1у къэгъани, къолъэ1у къашэ.
-Насыпыр къоуал1эмэ- уреуд,
къыплъысмэ- дамэ пхуохъу
Афоризмхэр зэхэгъэувэн
Къэк1уэну псалъэхэр къэвгъэсэбэп хъунущ: гъащ1э, нэм зыщигъэнщ1ыркъым, гугъэ, дамэ къыптек1ауэ, гъащ1эм и налкъут, насып, псит1ыр зэгъунэгъумэ, гурэ.
- Уи насып зыхэлъым- уф1эк1ынкъым.
-Гурэ гурэ зэрощ1э.
-Уи псэм ф1ыуэ илъагъум, уи нэм зыщигъэнщ1ыркъым.
-Лъагъуныгъэр- гъащ1эм и налкъутщ.
-Жэуап зыгъуэт лъагъуныгъэм дамэ къыптрегъак1э.
Афоризмхэр (псалъэ шэрыуэ к1эщ1хэр)
- «Псэм и жэнэтыр- лъагъуныгъэрщ» -(Къагъырмэс Борис)
- «Ф1ыуэ умылъэгъуам- ик1и упсэуакъым, ик1и убэуакъым» (Высоцкий В.)
- «Къутахуэ ц1ык1у- ц1ык1уурэ гур зэхэкъутэнщ, лъагъуныгъэр щымы1эжмэ» (Огонькова)
- «Лъагъуныгъэр гурыщ1э нэхъ ин -дыдэхэм ящыщщ, телъыджэ куэд къигъэхъуфу, ц1ыхущ1э хьэлэмэт куэд къигъэщ1ыфу» (А.С. Макаренко
Бзэм зегъэужьын
Iэнкун-
Фитон-
Благъуэ-