СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Мастер-класс «Псалъэуха зэхэлъ-зэпхахэр»

Нажмите, чтобы узнать подробности

Просмотр содержимого документа
«Мастер-класс «Псалъэуха зэхэлъ-зэпхахэр»»





Мастер-класс

(Къыщ1эзыкъуэж дерс)









Темэр:

«Псалъэуха зэхэлъ-зэпхахэр»





Егъэджак1уэр: К1эрэф З.В.





Эпиграф: Пшыналъэр бгъунлъэмэ лъэпкъыр мэулъей.

Мурад: Псалъэуха зэхэлъ- зэпхам теухуауэ я1э щ1эныгъэр къызэщ1экъуэжын, егъэбыдыл1эн.

Къалэнхэр:

Хуезыгъаджэ:

- псалъэуха зэхэлъ- зэпхахэм нэгъыщэхэр ягъэувыфу, ахэр я бзэм къыщагъэсэбэпыфу, текстым къыхагъуэтэфу, зэпкърахыжыфу егъэсэн .

Зезыгъэужь:

-еджак1уэхэм я гупсысэк1эм зегъэужьын, пэжырытхэм теухуауэ я1э щ1эныгъэмрэ есэныгъэмрэ егъэф1эк1уэн. Еджак1уэхэм я жьабзэмрэ тхыбзэмрэ зегъэужьын.

Хуезыгъасэ:

- лъэпкъым хуэпэжу, абы и хабзэ дахэхэр ягъэзащ1эу и культурэм, искусствэм хащ1ык1ыу, лъэпкъым и ц1эр ф1ык1э зыгъэ1у ц1ыхухэм пщ1э хуащ1у егъэсэн.

Мурадхэр:

-гъэунэхуныгъэ;

- езыр-езыру, гупу лъыхъуэныгъэ;

Технологие 1ыхьэхэр:

- мечностно- ориентированнэ бгъэдыхьэк1э ;

- гупсысэм зегъэужьын;

- проектно- къэхутэныгъэ;

- ИКТ

- технологие гуп –гупу лэжьыгъэ;

Къэгъэсэбэпыпхъэхэр:

  1. Урокым и план.

  2. Презентацэхэр : « Псалъэуха зэхэлъ- зэпхахэр.»

  3. Еджак1уэхэм я исследовательскэ лэжьыгъэ.

Урокым и ек1уэк1ык1эр:

Егъ. - Фи махуэ ф1ыуэ, нобэ ди дерсым къытхуеблэгъа, ди хьэщ1э лъап1эхэ, ди нэхъыжьыф1хэ, абы имызакъуэу мы псори щ1едгъэк1уэк1ыж, ди ныбжьыщ1э ц1ык1ухэ.

Егъ.- Нобэрей ди дерс щ1эдзап1эм сыт гъэщ1эгъуэну хэфлъэгъуа?

Едж.-Макъамэ къеуэу дыкъыщ1ыхьащ.

Егъ.-Пэжщ. Нт1э, девгъэплъыт псалъэжьым абы теухуауэ жи1эм:

Пшыналъэр бгъунлъэмэ лъэпкъыр мэулъей.

Егъ.- Сыту п1эрэ мыбы хуэчэмыр?

Едж- Мыр условнэ псалъэуха гуэдзэ зи1э псалъэуха зэхэлъ –зэпхащ, псалъэуха гуэдзэр союз –суффикс мэ-к1э пажэм епха мэхъури запятой догъэув.

Егъ. – Нт1э сыту п1эрэ нобэ дызэлэжьынур?

Едж. – Псалъэуха зэхэлъ-зэпхахэм.

Егъ. - Дауэ къывгуры1уэрэ мы псалъэхэм я мыхьэнэр?

Едж.- Пшынэ, уэрэд ,къафэ, 1эгу,джэгу зимы1эж лъэпкъым гукъыдэж и1эжкъым, къарууншэ, фэншэ мэхъу .

Егъ.-Упсэу, ф1ы дыдэу къыбгуро1уэ.

Егъ- Девгъэплъыт ,ц1ык1ухэ, Тхьэгъэзит З. абы теухуауэ макъамэ зыщ1элъ и усэм щыжи1эм.

Едж. – Адыгэ пшынэ, адыгэ пшынэ,

Си псэм ухэлъщ уэ, си гур пхуосакъ.

Лъэпкъыр к1уэдыну сф1ощ1ри сошынэ,

Зыхэзмыхыжу щытмэ уи макъ.

Тхьэгъэзит Зубер.

Егъ. – Фи гур сытым къыхуигъэуша мы усэ сатырхэм? Сытхэр фи нэгу къыщ1игъэува?

Едж. – Макъамэ дахэ зыщ1эт мы усэм ди гур игъэгушхуащ, нэжэгужэ дыкъищ1ащ. Ди адыгэбзэр пшынэбзэм хуэдэу зэрыбзэрабзэр ди нэгу къыщ1игъэуващ. Тхак1уэр хуейщ сыт щыгъуи и лъэпкъыр псэуну, абы и пшынэ макъыр сыт щыгъуи 1уну.

Егъ. – Мы усэ дахэр зытха Тхьэгъэзит Зубер щхьэк1э сыт къыджеф1эфыну?

Едж. – Тхьэгъэзит Зубер ди Тэрч щ1ыналъэм къыщалъхуащ. Ар усак1уэ 1эзэщ. Абы и усэхэр купщ1аф1эщ ик1и дахэщ. Ц1ыху куэдым я гум дохьэ. Гъэ к1уам илъэс 80 ирикъуащ. И махуэшхуэм ирихьэл1эу щалъхуа и жылэжьым Щ1ыхь Пшыхь щек1уэк1ащ. Дэ дрогушхуэ апхуэдэ усак1уэ 1эзэ дызэриIэм.

Егъ. – Фыпсэу. Ф1ы дыдэу щыгъуазэ дыфщ1ащ. Иджы усэм зэ феплъыжи девгъэгупсысыт. Адыгэбзэм и сыт хуэдэ хабзэхэр къыщыгъэлъэгъуа мы усэ сатырхэм? Фыкъеджэт япэ псалъэухам. Сыт абы теухуауэ жыф1эфынур?

Егъ- Дэ усэм делэжьыхук1э Тамерланрэ Азнауррэ синквейн

тхузэхалъхьэнщ пшынэ, лъэпкъ псалъэхэмк1э.

Едж. – Адыгэ пшынэ, адыгэ пшынэ , си псэм ухэлъщ уэ, си гур пхуосакъ.

Мыр псалъэуха зэхэлъщ. Абы хэт псалъэуха къызэрык1уит1ыр запятойк1э зэпэщ1эхащ. Япэ псалъэуха къызэрык1уэм зэрызыхуагъазэ псалъэ хэтщ къытригъазэу. « Адыгэ пшынэ, адыгэ пшынэ » жыхуи1эр, аращи запятойк1э къыхыдогъэщ.

Егъ. - Упсэу пэж дыдэщ. Адрей псалъэухар хэт къызэпкърихын?

Едж. – Мыр псалъэуха зэхэлъщ, зэхэлъ- зэпхащ, пажэрэ гуэдзэу зэхэтщ. Пажэр- Лъэпкъыр к1уэдыну сф1ощ1ри сошынэ, гуэдзэр – Зыхэзмыхыжу щытмэ уи макъ. Пажэм къыбгъэдэк1ыу гуэдзэм упщ1э хуоув - сыту хъумэ? жыхуи1эр. Аращи, мыр условнэ псалъэуха гуэдзэщ. Гуэдзэр пажэм епхащ союз- суффикс «мэ» жыхуи1эмк1э, езыхэр запятойк1э зэпэщ1эхащ.

Егъ-Нт1э, ц1ык1ухэ, дэ нобэ ди къалэнщ псалъэуха зэхэлъ-зэпхахэр къэдыпщытэжыну ик1и едгъэбыдыл1эжыну.

Егъ.- Сыт хуэдэ орфограммэхэр хэфлъагъуэрэ мы тхыгъэм?

Едж.-Адыгэ -псалъэпэм зэи э ятхыркъым, лъэпкъыр –макъ п1ыт1а къэзыгъэлъагъуэ хьэрфхэм я пэк1э П1,Т1 къапсэлъми, П,Т –щ ятхыр.

Егъ- Иджы япэ псалъэухар синтаксическэ зэпкърыхыныгъэ фщ1ы.

Егъ. – Фыпсэу, ц1ык1ухэ. ф1ы дыдэу фылэжьащ. Иджы къэдыпщытэжынщ сиквейн зыщ1ахэм я лэжьыгъэр.

Едж. – 1)Пшынэ.

Адыгэ , бзэрабзэ

Къегъафэ, егъэудж, егъэджэгу

Пшынэ макъыр дэнэк1и щыгъэ1у.

Макъамэ

2) Лъэпкъ

Узыншэ,зэгуры1уэ

Мэпсэу, мэджэгу, йоф1ак1уэ

Ди лъэпкъ мэкъамэр дывгъэхъумэ.

Хэку.

Егъ. – Ф1ы дыдэу фехъул1ащ фи лэжьыгъэм. Фыпсэу. Адэк1и ди Iуэхум къыпыдощэ. Псалъэуха зэхэлъ- зэпхахэм теухуауэ зэдгъэщ1ахэр дигу къэдгъэк1ыжынущ. Феплъыт слайдым къыщыгъэлъэгъуа жэуапхэм. Абыхэмк1э фыарэзымэ мис мыпхуэдэ дамыгъэ тывогъэувэ «+», фымыарэзымэ мыпхуэдэ тывогъэувэ «-». Псом дежк1и гуры1уэгъуэмэ, щ1эвдзэ.

1Псалъэуха зэхэлъ-зэпхахэм хэт псалъэуха къызэрык1уэхэр подчинительнэ союзхэмк1э зэпхащ. +

2Псалъэуха гуэдзэхэр я мыхьэнэ, я ухуэк1э елъытауэ зэщхьэщок1: –

А) дополненэ гуэдзэ

Б)подлежащэ гуэдзэ

В)обстоятельственнэ гуэдзэ

Г)определенэ гуэдзэ

3Псалъэуха зэхэлъ-зэпхам хэт псалъэуха къызэрык1уэхэр дэтхэнэри и щхьэ -хущытыжщ зыр пажэу, адрейр к1эрыдзэну щымыту.

4Псалъэуха зэхэлъ- зэпхам гуэдзэу т1у е нэхъыбэ я1энк1э хъунущ. +

5Псалъэуха гуэдзэр пажэм и пэ итынк1и, и ужь итынк1и, и кум хэтын к1и мэхъу.



Егъ. – Иджы, ц1ык1ухэ, фи лэжьыгъэхэр фи ныбжьэгъухэм ефти къэфпщытэж. Щхьэж къихь бал бжыгъэхэри щ1эвгъэувэ. Пэжу игъэзэщ1ам хуэдиз бал бжыгъэ щ1эвгъэувэ.



Егъ-Ари хъарзынэу къывэхъул1ащ. Иджы ,ц1ык1ухэ, слайдым феплъи къехыгъуитIым ит псалъэ зэпхахэм псалъэуха къыхэфщIыкI. Гуры1уэгъуэмэ, щ1эвдзэ.

Нэхъыжьыр бгъэлъап1эмэ бзыпхъэ трах

Ц1ыхур нэмысыф1эмэ уи щхьэ лъап1э хъунщ

Хабзэр ф1ымэ ф1эл1ык1 и1эщ

Егъ – Иджы къэдыпщытэжынщ фи лэжьыгъэр. Зэгуэр фырихьэлIауэ пIэрэ мы псалъэухахэм?

Едж – Мыхэр псалъэжьщ.

Егъ- Сытк1э зэщхьу п1эрэ мы псалъэухахэр? (Слайдым псалъэжьхэр къредзэ)



1Нэхъыжьыр бгъэлъап1эмэ, уи щхьэр лъап1э хъунщ.

2Ц1ыхур нэмысыф1эмэ, ф1эл1ык1 и1эщ.

3Хабзэр ф1ымэ , бзыпхъэ трах.



Егъ- Сытк1э зэщхьу п1эрэ мы псалъэухахэр? (Слайдым псалъэжьхэр къредзэ)



Едж-Мыхэр псори псалъэуха зэхэлъ-зэпхащ ,пажэрэ гуэдзэу зэхэтщ, псори гуэдзэхэр союз-суффикс МЭ-к1э пажэм епхащ, условнэ псалъэуха гуэдзэ зи1э псалъэуха зэхэлъ-зэпхащ.

Егъ. – Нт1э, ц1ык1ухэ, мыбыи ф1ы дыдэу фыпэлъэщащ, псалъэжьхэр зэрыфщ1эри къэвгъэлъэгъуащ.





Егъ-Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм я1ащ уэрэдус .Абыхэм лъэпкъым къыхэжанык1а дэтхэнэ зы ц1ыхури ягъэлъап1эрт: усэ хузэхалъхьэрт, уэрэд хуаусырт. Ар ц1ыхубэм деж нэгъэсынымк1э пшынэр сэбэп хъурт.Лъэпкъ макъамэншэр лъэпкъыжкъым. Макъамэм пшынэм увып1эшхуэ щеубыд ди гъащ1эм. Ауэ япэ нэсыр пшынауэ хъуркъым. Абы щхьэк1э зэчиишхуэ ц1ыхум бгъэдэлъын хуейщ.

-Дауэ къывгуры1уэрэ,ц1ык1ухэ, ЗЭЧИЙ псалъэм и мыхьэнэр?

Едж-Ц1ыхум къыхалъхуа зэф1эк1(талант).

Егъ- Фэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэ евгъэк1уэк1ын хуеящ ди къуажэ къыщалъхуа, зэчиишхуэ зыбгъэдэлъ цIыхухэм, адыгэ пшынэм теухуауэ.

Едж- Борий Линэ фцIыхуу пIэрэ? Зэгуэр абы и цIэр зэхэфха?

Егъ – ЦIыкIухэ, федаIуи псалъэуха зэхэлъ – зэпха хэтмэ, гу лъыфтэ.

( Еджак1уэр къоджэ и текстым, презентацэхэр къегъэлъагъуэ).

Едж-Борий Линэ Къат и пхъур 1936 гъэм Хьэпц1ей къуажэм къыщалъхуащ.

Абы и ныбжьыр илъэс ныкъуэ ф1эк1а хъуртэкъым иадэр дунейм щехыжам.

Линэ и анэри пшынауэ 1эзэ дыдэу щытащ.Зы пщыхьэщхьэ гуэрым хъыджэбз ц1ык1ур гъуэлъыжауэ здыхэлъым, и дзэхэр зэрызэтеуэр анэ дэлъхум зыхихащ. Ар къэгузавэри щ1эупщ1ащ: «Щхьэ уи дзэ ц1ык1ухэр зэтеуэрэ, усымаджэ?» Линэ ц1ык1у жэуап къитыжащ : «Хьэуэ, сэ пшынэ сеуэу аращ хъыджэбзхэмрэ щ1алэхэмрэ къэзгъафэу». Абдежым анэ дэлъху губзыгъэм къыгурыIуащ Линэ пшынауэ зэрыхъунур ик1и мыгувэу пшынэ къыхуищэхуащ. Езыр – езыру зигъэсэжами, Линэ пшынауэ 1эзэ хъуащ. Зэгуэрым Налшык къик1ри щэнгъасэм и лэжьак1уэхэр къуажэм къэк1уат, зэчий зыбгъэдэлъ ныбжыщ1эхэр къыхахыу. Абыхэм гу лъатащ пшынауэ 1эзэм. Линэ и пшынэ еуэк1эр ягу ирихьати, «Кабардинка» къэфак1уэ гупым и пшынауэу ирагъэблэгъащ. Ар Къашыргъэ К1урацэ гъусэ хуэхъуащ, иужьк1э и п1э иуващ. Илъэс пл1ыщ1ым щ1игъук1э лэжьащ Линэ «Кабардинка» къэфак1уэ гупым и пшынауэу. Сэ срогушхуэ апхуэдэ ц1ыху гъэщ1эгъуэн, зэчииф1э ди къуажэм къызэрыдэк1амк1э.

Егъ. –Упсэу. Ф1ы дыдэу зыбгъэхьэзыращ.

Сыт хуэдэ жанрым тету тха мы тхыгъэр?

Едж. – Мыр очерк ханрым тету тхащ. Къэгупсыса хэмыту гъащIэм узыщрихьэлIэ, къыщыхъуа Iуэхущ зытепсэлъыхьар.

Егъ. – Къыщигъэсэбэпауэ п1эрэ мы тхыгъэм псалъэуха зэхэлъ –зэпха?

(Псалъэуха зэхэлъ-зэпхахэр къыжаIэ.)



Егъ-Ц1ык1ухэ, фц1ыхуу п1эрэ иджыри пшынауэ 1эзэ?

Едж.- Сэ газетым тету сыкъеджащ илъэсищэрэ тхук1э псэуа пшынауэ 1эзэ

Умар Димаев теухуауэ. Сэ сфIэгъэщIэгъуэн хъуащ абы и 1эзагъыр ик1и абы и ныбжьыр.

Егъ.- Упсэу.

Едж. – Сэ пшынауэ ныбжьыщ1эхэм я зэпеуэ Дагъыстэным щек1уэк1ам телевизэрымк1э сыдихьэхыу сеплъащ. Абы хэтащ ди Къэбэрдейм ик1ауэ Гуэнгъэпщ Артур ик1и тек1уэныгъэ къищихьащ.

(Адэк1э пшынэм теухуауэ презентацэхэр и гъусэу зы еджак1уэ тхыгъэ к1эщ1 ц1ык1у къоджэ )

Егъ. – Сыт хуэдэ жанрым тету тха мы тхыгъэр?

Едж. – Заметкэ, тхыгъэ к1эщ1 ц1ык1ущ.

Егъ. – Мы схемэхэмк1э гупищми я зырызу псалъэуха зэхэлъ-зэпха зэхалъхьэ.



  1. ( … ми), [ …хуейщ ]

  2. [ … къыщIэкIынкъым], (сыт щхьэкIэ жыпIэмэ… )

  3. ( … ми), [ … хуейщ ]



Кластерыр езы еджак1уэхэм ящ1ыж.



Рефлексия

Егъ. – Нт1э, ц1ык1ухэ, нобэрей ди дерсым сыт щ1эуэ къыщыфщ1а?

Ди къуажэм пшынауэ 1эзэ дыдэ къызэрыдэк1ар, ар «Кабардинка» къафак1уэ гупым и пшынауэу зэрыщытар.

Егъ. – Сыт къывгуры1уэжа?

Егъ.- Сыт къэфщ1эну фыхуейт?

  1. Къызгуры1уэжащ… 2) Щ1эуэ къэсщ1ащ…. 3) Зэзгъэщ1эну сыхуейщ….





Егъ-Ц1ык1ухэ, дэтхэнэ зы лъэпкъми и бзэр ,и хабзэр, и тхыдэр ищ1эжын хуейщ. Зи бзэр, зи тхыдэр зымыщ1эж ц1ыхум и лъэпкъым, и щхьэм пщ1э хуимыщ1ыжу аращ.

Дывгъэхъумэ ди нэхъыжьыф1хэм къытхуагъэна хабзэ дахэхэр, ди лъэпкъ напэр.

Ирегъагъэ ди адыгэ хэкур дэнэк1и къыщы1уу адыгэ пшынэм и макъыр!

8