7 классым
Урокым и темэр: «Псэм япэщ напэр…»
Урокыр зыщыщ лъэпкъыр: Нало Заур и балладэ «ЦIыху напэр» къыщацIыху, щызэпкърах
Урокыр зэрыт жыпхъэр: «Напэ хужь» методыр къыщагъэсэбэп, къэхутэныгъэм и пкъыгъуэхэр къыщысэбэп, «упщIэ-жэуап» лэжьэкIэр зыхэт, щхьэзакъуэ лэжьыгъэр къыщысэбэп.
Урокым и мурадхэр:
ЗытеухуакIэ:
- «напэ» концептыр къазэрыгурыIуар къагъэлъэгъуэн;
Урокым щекIуэкIыну лэжьыгъэм кърикIуапхъэр:
Литературэ предметым ехьэлIауэ:
- зэджа тхыгъэр зытеухуар къагурыIуэн;
- зэджам хэлъ гупсысэ нэхъыщхьэр къагъуэтыфу есэнымкIэ еджакIуэхэм ядэIэпыкъун;
- зэджам къыхахамкIэ «напэ» псалъэм и мыхьэнэр нэхъ куу щIын;
- цIыху напэр хъумэныр литературэм къыщаIэт упщIэ нэхъыщхьэхэм зэрыщыщым гу лъегъэтэн.
Сабийм и зэфIэувэныгъэм ехьэлIауэ (личностные):
- адыгэ литературэмкIэ яIэ щIэныгъэр куу ящIыну, абы и фIыгъэкIэ я къэухьым зрагъэужьыну хущIэкъуныр;
- зэджа тхыгъэ купщIафIэм я псэлъэкIэр иригъэфIэкIуэныр;
- гупсысэкIэ ящIэу, ар шэщIауэ къаIуатэфу зэтеублэныр;
- зэпсэлъэныгъэм хыхьэфу, темэм хуэкIуэу я Iуэху еплъыкIэ халъхьэфу егъэсэн.
Я къэухьым зиужьыным ехьэлIауэ:
- напэр къабзэу зехьэн зэрыхуейр сыт хуэдэ лъэпкъми и хабзэу зэрыщытым гу лъегъэтэн;
- псэр напэм ипэ зэрырагъэщыр адыгэ лъэпкъым и щхьэхуэныгъэхэм щыщу зэрыщытым егъэгупсысын, ар яфIэтэмэмыным ешэлIэн.
ПредметымкIэ ягъуэта щIэныгъэр гъащIэм къызэрыщысэбэпын хуей лъэныкъуэхэр:
- гупсысэкIэ ящIэныр, зэрыхуа щытыкIэм я напэр яхъумэжауэ къызэрикIыжыфын Iэмал къыхахыфу есэныр;
- гупым зыхагъэзэгъэныр, я IуэхуеплъыкIэ яIэжу, ауэ ар щыпкъэу утыку къищIыфу, нэгъуэщI еплъыкIэ зиIэр мыхъумыщIэу къамылъытэу есэныр;
- цIыхугъэмрэ лIыгъэмрэ я щапхъэ поэмэм къыхегъэгъуэтэныр.
Урокым къыщысэбэпыну Iэмэпсымэхэр: компьютер, экран, проектор, тхылъымпIэ напэ хужьрэ гъуабжэ зыщыплIрэ.
Япэрыщ лэжьыгъэ еджакIуитIым ягъэзэщIауэ щытыпхъэщ:
1. «Напэ» псалъэм и мыхьэнэр псалъалъэхэм къыщылъыхъуэн.
2. «Къабзэ» псалъэм и мыхьэнэр псалъалъэхэм къыщылъыхъуэн.
Урокым и екIуэкIыкIэнур:
I. Урокыр къызэIухын, еджакIуэхэр лэжьыгъэм къыхуэгъэушын.
Мурадыр: Темэр гъэщIэгъуэн къащыхъуным, тхакIуэр зытетхыхь Iуэхугъуэм теухуауэ гупсысэ куу ягъуэтыным хуэгъэхьэзырын.
- ЦIыхум цIыхугъэм къемызэгъ илэжьыху, напэр къыпэщIэувэрт: умыщIэ апхуэдэу, умылэжь а щIэпхъэджгъэр, ущымыуэ. ЦIыхум ар хуэмышэчыж хъури, напэр зыкIэригъэхуну мурад ищIащ. Гупсэсэурэ, къигупсысащ: гъуэрыгъуапщкIуэ сыдэджэгу хуэдэу сщIынщи, щIыунэм изубыдэнщ. ИщIащ апхуэдэу. Абы иужькIэ нэхъ тыншу псэу хъуащ. Зыхуейр къыгъапцIэрт, зыхуейм щIэпхъэджагъэ кIэлъызырихьэрт. Напэри къеныкъуэкъутэкъым, цIыхум къагъэкъуаншэкIи, щайуэ къридзэртэкъым. Апхуэдэу гъащIэр кIуэурэ, цIыхум псэуныгъэр къытехьэлъэ хъуащ. Зыгуэр хуэчэмт. А хуэчэмыр зищIысыр ищIэртэкъыми, и псэр гугъу ехьырт. Зы зэман щIыунэм ириубыда напэр игу къэкIыжри, и щхьэр трихащ:
- КъикI щIыунэм, ауэ аргуэру унафэ къысхуэпщIыну яужь уимыхьэ!
АрщхьэкIэ жэуап иIэтэкъым. Езыр ихьащ щIыунэм. Зыри истэкъым. Къыщиудри гъащ. Абдежым и гум щэхуу напэр къипсэлъыкIащ:
- Сымис, уи гур си псэупIэщ.
Абдежым цIыхум и ныбжьэгъухэр къызэхуишэсри санэхуафэр зэтриублащ. Псори къехъуэхъурт, къыщалъхуа махуэр игъэлъапIэу къащыхъуауэ. Езыми армырауэ жиIэртэкъым, и напэри абыкIэ арэзыт.
Фэ дауэ къывгурыIуэрэ ар: сытыт цIыхури напэри арэзы щIэхъуар а махуэр къыщалъхуа махуэу щытынымкIэ?
(КъатынкIэ хъуну жэуапыр: ЦIыхур цIыхуу къыщалъытэр напэ щиIэм дежщ. Мы хъыбарым хэт цIыхум напэр щIыунэм щриубыдам и цIыхуныр иухат. Хуэныкъуэ хъууэ къыщилъыхъуэжам дежщ абы цIыхун щригъэжьэжар. Аращи а махуэр къыщалъхуа махуэу къэплъытэ хъунущ).
- Ди урокым и темэр къыхэбелджылыкIащ. Хэт нэхъ убзыхуауэ къыджиIэн?
(Нобэ дэ цIыху напэм дытепсэлъыхьыну хузогъэфащэ).
- Ара дыдэщ. ИкIи а темэр зэпкърыха хъуным щхьэкIэ ди тхакIуэ нэхъыфIхэм щыщ Нало Заур и творчествэм зыхуэдгъэзэнущ.
II. Ягъуэтын хуей щIэныгъэ пыухыкIам ешэлIэн.
Мурадыр: Адыгэ литературэм и фIыпIэхэм щыщ произведенэр къегъэцIыхун, зытеухуар къагурыIуэныи ешэлIэн.
- Къызэтефх Нало Заур и балладэ «ЦIыху напэ» зыфIищар. Чэзууэ дыкъеджэурэ, произведенэр зытеухуам щыгъуазэ зытщIынщ.
1. ЕджакIуэхэр къоджэ, зы Iыхьэ къеджам нэгъуэщ и классэгъум чэзур ирет (Къеджэ, Аминэ… Къеджэ, Мурат…)
2. Балладэм къыхуэхьа упщIэхэм жэуап етын (тхылъым итым)
III. Образнэ гупсысэкIэм егъэсэн, произведенэм и купщIэр нэхъ убгъуауэ къагурыгъэIуэн.
ЕгъэджакIуэм: Мы сIыгъым сыт дызэреджэр?
(Напэ. ТхылъымпIэ напэ).
- Сыт и щытыкIэ мы тхылъымпIэ напэм? Сыт хужыфIэфыну?
(Хужьщ, къабзэщ, захуэщ, нэхущ, псынщIэщ, зэпэплIимэщ, и гъунэхэр захуэщ, дагъуэншэщ).
- (ЕгъэджакIуэм тхылъымпIэ напэр еупIышкIу) Иджы сыт хуэдэ?
(УпIышкIуащ).
- Мыбы щхьэкIэ хъуну «тхылъымпIэ напэ къабзэ» жытIэ?
(Бжьыгъэкъым, фIейкъым, ауэ зэрыупIышкIуам щхьэкIэ къабзэуи пхужымыIэн хуэдэу щытщ).
- (ЕгъэджакIуэм тхылъымпIэ напэр тIууэ зэгуетхъ) Мыр сыт?
(Иджы ар напэжкъым, пытхъахуэщ).
- Напэ. Сыт абы къикIыр? Ди бзэм дауэ щылажьэрэ а псалъэр? (..…) щхьэзакъуэ лэжьыгъэу иIащ «напэ» концептыр къихутэнуи, девгъэдаIуэ.
(Лэжьыгъэр гъэзэщIа зэрыхъунум и щапхъэ:
Псалъалъэм и статьяхэр экраным къыкIэригъадзэурэ, къэпсэлъэныгъэ кIэщI цIыкIу ещI:
Адыгэ-урыс псалъалъэм зэрыжиIэмкIэ, мы псалъэр омонимщ.
Напэ I лицо, щека.
напэ II совесть; и напэр сын испытывать угрызения совести.
напэ III лист; тхылъымпIэ напэ лист бумаги.
Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэм «напэ» псалъэм и мыхьэнэ къыщыгъэлъэгъуакъым, ауэ а псалъэр зыхэт щапхъэхэр итщ: напафэкIэ темыплъэн, и напэ епцIыжын, и напэ зэреплъщ, напэ имыIэн, напэ иIэн, и напэ итхьэщIыжын, напэ къабзэ, и напэм къэнжал тебзащ, напэм къемыгъэкIун, напэр гъэулъиин, и напэр фIыцIэн, и напэр хъумэн, напэр щэн, напэ хужькIэ.
Мы щапхъэхэм сыкъеджа нэужь сэ семыгупсысынкIэ Iэмал иIакъым си лъэпкъым напэр хужьу, къабзэу зехьэным япэ иригъэщ зэрыщымыIам.
- Упсэу, (…), уи лэжьыгъэр тэрэзу бгъэзэщIащ. «Напэ хужь» методыр къибгъэсэбэпу (…) и жэуапым зедгъэубгъуамэ арат.
(Жэуапыр зэраухуэнкIэ хъунур:
Напэ хужь захуэр. - Мис мыпхуэдэу къабзэу, упIышкIуаи бжьыгъи имыдагъуэу, пытхъахуи пычахуи имыIэу щытын хуейщ цIыху напэр. Сыт хуэдэми, зы дерт гуэр игъуэтамэ, ар къабзэжкъым).
- «Къабзэжкъым» жеIэ … Сыт «къабзэм» къидгъэкIыр? А псалъэм и лъапсэр къиплъыхьащ (..…) Къригъуэтам дедэIуэдэнщ.
(Жэуапым и щапхъэ:
«Къабзэ» псалъэм къызэщIиубыдэр зэхэзгъэкIыну къызэIусхат Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэри, Фразеологическэ псалъалъэри, ауэ зыри къыщызгъуэтакъым. «Къабзэм» и лексическэ мыхьэнэр къыщызгъуэтащ 1999 гъэм къыдэкIа Адыгэбзэ псалъалъэм. Абы зэрыжиIэмкIэ, «къабзэ» жиIэмэ, фIей зыкIэрымылъ, зыбгъэдэмылъ къикIыу аращ. П.п., Iэминат и Iэр къабзэу итхьэщIащ. Ар лексическэ мыхьэнэ нэхъыщхьэщ, ауэ «къабзэ» псалъэр нэгъуэщI мыхьэнэ иIэуи къагъэсэбэп.
ЕтIуанэ мыхьэнэщ «дахэ, зэкIэлъыкIуэ, бжьыфIэ» жыхуиIэхэр. Хъыджэбзыр набдзэ зытелъым я нэхъ дахэу цIыху къабзэт.
Ещанэ мыхьэнэщ «фIы, нэгъэса, дагъуэ зимыIэ» къыщрагъэкIым деж. П.п., шы-уанэ зэтелъ къабзэ.
ЕплIанэ мыхьэнэри иIэщ: «щымыщ зыхэмылъ». Гуэдз жылэ къабзэ.
«Къабзэ» псалъэр цIыхум ехьэлIауэ куэдрэ къагъэсэбэп: псэ къабзэ, гу къабзэ, напэ къабзэ, бзэ къабзэ, цIыху къабзэ, макъ къабзэ.
ЕгъэджакIуэм: «Напэ», «къабзэ» жыхуиIэ псалъэхэм я лъапсэр къэзыплъыхьахэм жаIам зыгуэрым фрагъэгупсыса? Зы гупсысэ гуэрым фрашэлIауэ пIэрэ? ЖыIэт, (…..).
(Сэ гу лъыстащ «къабзэ» псалъэм и мыхьэнэр куу щыхъур цIыхум щехьэлIарауэ зэрыщытым. Щыгъыным бжьыгъэ иIэми, фIей кIэрылъми, бжьыщIыжмэ, зопэщыж. Зыми жиIэнукъым «а бостейм бжьыгъэ илъат, ар щыптIагъэ хъужынукъым» жиIэу. Щыкъу дагъэ защIэри, пхъэнкIий зыдэлъ пщIантIэри, унэ лъэгу фIейри апхуэдэ дыдэщ, упхъэнкIыжым, птхьэщIыжым, къэплъэсыжым, зэпэщыжащ. Ауэ напэр зэ текIамэ, уи гум Iей илъу зыкъэбгъэлъэгъуамэ, ар гъэзэкIуэжыгъуейщ. Напэр текIыныр шынагъуэщи, абы зыщыхъумэн хуейщ).
(Сэ (..…) жиIам пысщэнут егъэджакIуэм и «тхылъымпIэ напэ хужь» Iэмалыр къэзгъэсэбэпу. Напэ упIышкIуам соплъри, мыр напэ текIащ. ФIей кIэрымылъми, къэсэбэпыжынукъым. Мыбы зыгуэр иптхэу зыщIыпIи ебгъэхь хъунукъым. Зэпытхъам соплъри, мыри зэхэтхыхьакъым, сАби бжьыгъи кIэрылъкъым, ауэ «мыр напэ къабзэщ» жыпIэу зыми хуэпшиифынукъым, къапщтэуи уритхэнукъым, пытхъахуэщ, дерт игъуэтащи. Напэр щыкъабзэр мис мы напэ захуэ, ущызэкIэщIэплъу щыщытыращ)
- Нало Заур и балладэм и сюжетыр «тхылъымпIэ напэ хужь» IэмалымкIэ къытхуэIуэтэну пIэрэ?
(АдэкIэ егъэджакIуэм къыхузэгъэпэщын хуейщ мыпхуэдэ лэжьыгъэ. Къигъэхьэзыра тхылъымпIэ напэхэр ярегъэлъагъу, сюжетым зэрыхуэкIуэкIэ сатыритIу къехыу доскам кIэрыгъэпщIэн хуейщ. Удыр зэ цIыхум деж къэкIуэху, зы тхылъымпIэ напэ хужьрэ гъуабжэрэ къэгъэсэбэпын хуей хъунущ. Гукъыдэж зыщIхэращ къыдэкIыр).
| 1. . ЛIыр лажьэу, шхэжу дунейм тетщ. УкIытэ хэлъщ, и напэр хужьщ. - ТхылъымпIэ напэ къабзэр къещтэри доскам кIэрегъэубыдэ. | 1. Ауэ и насыпым зигъэзати, псы щхьэкIэ щылIэм кърихьэлIар гущIэгъу зыхэлъкъым, атIэ цы Iуданэ плъыжькIэ и нэр къэдыхьам ещхь уд теплъаджэращ. Ар къызэрыкъуэкIыу гузавэ гуэр балладэм щызэхыдощIэ. - ТхылъымпIэ напэ плъыжьыфэ адрей хужьым бгъурыту доскам кIэрегъэубыдэ). |
| 2. Илъэс дэкIауэ удыр лIым деж къыщыкIуам Iихынур и напэрат, ауэ лIым ар хуэщIэнутэкъыми, абы пэкIуэу и бзэр Iех. ЛIым и напэр хужьу къонэ. - Напэ хужьым иджыри зы поувэ. | 2. Удым япэ щIыкIэ дигъэгузэвамэ, иджы дегъэбампIэ. - Напэ плъыжьыфэм и лъабжьэм плъыжьыгъэр нэхъыбэу иджыри зы пегъэувэ. |
| 3. Уд лей зехьэм къытрегъазэ цIыху напэр ихьыну, ауэ абы нэхъ лъапIэ иIэтэкъыми, лIым ар иритынутэкъым. Абы пэкIуэу и нэр иритащ. ЦIыху напэр къабзэу къэнащ - Напэ хужьым иджыри поувэ. | 3. Иджы удым и залымыгъэм дигъэбампIэ къудейкъым, дегъэгубжь. - ЕтIуанэ лъэныкъуэм нэхъ гъуабжэжу тхылъымпIэ напэ поувэ. |
| 4. Напэ щхьэкIэ апхуэдиз бэлыхь щIэпшэчын хуейр къызыгурымыIуэ удым, цIыхум ар зэрихъумэм ерыщ иригъэкIуащи, Iэмал имыIэу зыIэригъыхьэну къытрегъазэ, ауэ напэм, укIытэм и пIэкIэ цIыхупсэр ехь. ЦIыху напэр хужьу къэнащ. - ТхылъымпIэ напэ хужьым пещэ. | 4. Удым арыншами напэ иIатэкъыми, иджы уфIыцIыпащ. Гъуабжэ лъэныкъуэр фIыцIэкIэ еух. |
- Нало Заур и балладэмрэ доскам щекIуэкIа лэжьыгъэмрэ тегъэщIапIэу, хэт тхуигъэбелджылын ди псалъэмакъым и гупсысэ нэхъыщхьэр?
(Жэуапу къатынкIэ хъунур: ЦIыху напэр икIыхьагъкIэ къабзэу хъума хъуащ, Iей зигу илъар къэмыувыIэжыфу и щIэпхъэджагъэм хигъахъуэурэ кIуащ. Дауэ мыхъуами, текIуакъым цIыхум. Напэр зыщIыпIэ дежи щыхуэушкIумпIакъым, зыри къыпитхъыфакъым. Уасэр лъапIэт, ауэ зи уасэр нэхъ лъапIэжт).
- Нэхъыщхьэ дыдэр жыпIащ - зи уасэр нэхъ лъапIэжт. Дауэ Нало Заур цIыхур зыгъэцIыхур, уасэ имыIэу абы бгъэдэлъыр напэр зэрыарар ди фIэщ зэрищIыфар? Ар дауэ зригъэхъулIа? ГупжьеитIу зыдвгъэгуэши, зи напэр зыхъумэжа лIым и образыр зэфIэува зэрыхъуамрэ удыр зэрылейзехьэр IупщI зыщIа Iэмалхэмрэ къэдвгъэхутэ.
(СтIол зэрызым къотIысэкIри, текстым еплъхэурэ, къэпсэлъэныгъэ ягъэхьэзыр).
Гупжьейхэм хыхьэнукъым …-рэ …-рэ. Ахэм балладэм щыщ пычыгъуэхэр гукIэ зрагъэщIащи, къытхуеджэнущ.
(Ахэр гукIэ къеджэху гупжьеитIыр мэлажьэ, псынщIэу хьэзырын щхьэкIэ, хэт сыт хуэдэ лъэныкъуэкIэ образыр къигъэлъэгъуэнуми къалэнхэр зэхуагуэш, щхьэж къылъысар жиIэжу, ауэ зэгъусэу зы къэпсэлъэныгъэ шэщIа хъун хуэдэу).
КъэхъункIэ хъуну псалъэмакъыр.
1. ЛIым щхьэкIэ жаIэнкIэ хъунур.
(Нало Заур и лIыхъужьыр нэгъэсауэ ди нэгу къыщIигъэувэным щхьэкIэ къигъэсэба Iэмалхэм я нэхъыщхьэр псалъэ къыхэхыкIэращ. Зы шынагъуэ гуэр къызэрыхъуар къыдгуроIуэ «Ер вы бжьакъуэм къызэрикIыр ТщIамэ, Iуэху къэхъунт?» щыжиIэм деж. А жыIэгъуэр куэдрэ ди бзэм къыщыдогъэсэбэп дызэримыгугъауэ Iуэхур къыщекIуэкIым. / Налом и лIыхъужьыр цIыху лэжьакIуэщ, щхьэх зымыщIэщ, щIым и пIалъэр зыщIэ, фIыуэ зылъагъущ. Аращ ар зэм вий щIэщIауэ вэуэ, зэм хадэ ипщIэу иту щIыдигъэлъагъур. / Удым къыпиубыдыр хуэбдэнкIэ Iэмал зимыIэщ - напэр. ИкIи а цIыху нэсым и напэр зыми иритынукъым. Авторым абы Iурелъхьэ псалъэ быдэ: «Сэ си напэр, си укIытэр Уэстынкъым сылIам!»
Напэр ихъумэжын щхьэкIэ уд лъагъугъуей бзаджащIэм ирет и бзэр, и нэр, и псэр. Зыри иримытыхэу щхьэ мыхъурэ? Хъуркъым, напэ иIэщи. Псалъэ иритат псы фалъэ иригъафэмэ, фIэфIыр хуищIэну. / Егъэлея къызэрилъыхъуэр къыгуроIуэри аращ щIебгыр: «Сыхьэт мыгъуэм тхьэм ухуишэ!», «Тхьэм уищI хэутэн!» ЛIым и хьэл-щэн зэпIэзэрытыр, зызымыхъуэж дунейеплъыкIэ зэриIэр къыдегъащIэ «лIыфI» псалъэмкIэ. Ар дихьэхакъым удым къыхуигъэлъэгъуа мылъкуми, напэм пэкIуэу бзэри нэри къритыжыну къызэригъэгугъэми. Мы балладэм и Iыхьэ нэхъыщхьэу дэ къэтлъытащ и кIэух едзыгъуиплIыр. Мыбы псалъэ лъапIэхэр куэду къыщыгъэсэбэпащ: нурыр къыщхьэщех, напэ къабзэ, дыгъэ бзий, анэ быдзышэ, къабзагъэ. / Зи напэр зыхъумэжа лIым и образыр епхьэлIэ хъунущ Хэку зауэшхуэм ди къэралыр зыхъумэжа лIыхъужьхэм, лъэпкъым и зыужьыныгъэм телажьэхэм, адыгэцIэр ину, дахэу зыгъэIуфхэм).
2. Удым щхьэкIэ жаIэнкIэ хъунур.
(Нало Заур и балладэм хэт удыр гущыкIыгъуэщ, лъагъугъуейщ, лейзехьэщ. Авторым ар апхуэдэу къытщигъэхъуащ и теплъэмкIи: «Цы Iуданэ плъыжькIэ и нэр Хуэдэщ къэдыхьам», «Блэм и щIыфэу, уд Iэ гъурыр…». / И псалъэхэри а теплъэм хуокIуэ: «Псалъэу жиIэм гур еIулIэр, Ещхьу хуэш хыхьам». / Хьэрэмыгъэр зытекIуэ удым и фIэщ хъуркъым лIым и напэр къыпхуэмыщэхуну: «Ауэ щыхъукIэ, - жеIэ удым, - Телъхьэ ин пхузощI: Дунеишхуэм фIыгъуэу телъыр Уасэ хъун къысфIощI». /
Мы удым и образым хуэкIуэн цIыху иджыри ухуэзэнкIэ хъунущ. ТелевизорымкIэ махуэ къэс зэхыдох мелуан бжыгъэкIэ къэрал ахъшэр зышха къулыкъущIэхэм я хъыбар, сабий зеиншэхэр щапIыж унэхэм я унафэщIхэм къулыкъур мылъку хэхыпIэ ящIауэ, къохъу я унейуэ Iуэху зезыхьэхэм цIыху ягъэлажьэурэ лэжьапщIэ ирамытыжу. ЖыпIэ хъунущ апхуэдэхэм я напэр удым мылъкукIэ иращэжауэ.
ЕгъэджакIуэм: ГупжьеитIми фи лэжьыгъэм арэзы сыкъищIащ. (ТхылъымпIэ доскам кIэрылъымкIэ игъэлъагъуэурэ) ФIыцIэмрэ хужьымрэ щызэпэщIэтщ мы балладэм. Хужьыр напэращ - ар къабзэу, нурыр къыщхьэщихыу хъума мэхъу. ФIыцIэр удыращ. Абы и залымыгъэм къару иIами, мурадым лъэIэсыфакъым. ГъащIэм сытым щыгъуи хъума щыхъур захуагъэ, пэжыгъэм епха Iуэхухэращ. ФIыщIэ фхузощI, цIыкIухэ, Нало Заур и балладэ фыдихьэхауэ феджэу и сюжетри гупсысэ нэхъыщхьэри къызэрыфIуэтэжам папщIэ.
Иджы екIуэкIа лэжьыгъэр синквейнкIэ къызэщIэдвгъэкъуэж. Псалъэзэхуэдзыс дывгъэщI.
(КъыщIидзынкIэ хъунур:
ЛIыр
Гу къабзэщ, лэжьакIуэшхуэщ.
Бын егъасэ, и псалъэр иIыгъыжщ,и напэр къабзэщ.
Зым и леи къысын хуейкъым.
ЦIыху нэсщ.
Удыр
Бзаджэщ, угъурсызщ, лейзехьэщ.
ЛIыр къегъапцIэ, игъэуныхъунущ, и псэр хихынущ.
ЗыкIи къилэжьтэкъым жиIэр хуащIэну.
И напэр фIыцIэщ).
ЕгъэджакIуэм: Ди лэжьыгъэм щыпытщэнщ къыкIэлъыкIуэ урокым. «Сыт цIыху напэр зищIысыр?» и темэу эссе ттхынущ Нало Заур и балладэр ди тегъэщIапIэу.