СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Нало Заур "ЦIыху напэ"

Нажмите, чтобы узнать подробности

Просмотр содержимого документа
«Нало Заур "ЦIыху напэ"»


МКОУ «СОШ 27»









Адыгэ литературэмкIэ

урок-зэIуха

Нало Заур и

«ЦIыху напэ» балладэр





ЩекIуэкIар: 7 «А» класс

ЕзыгъэкIуэкIар: Къардэн М.Л.









Налшык


Темэр: Нало Заур и «ЦIыху напэ» балладэр зэпкърыхыжын.

Урокыр теухуащ: ЕджакIуэхэм я зэхэщIыкIым зиужьын, зыщалъхуа я лъахэр фIыуэ ялъагъуу къэгъэтэджын, цIыхугъэ лъагэм хуэгъэсэным тхакIуэхэм я гъащIэр, лэжьыгъэр, тхыгъэхэр щаджкIэ зэгъэпщэныгъэ технологиер къызэрыщызгъэсэбэпым.



Урокыр зыхуэдэр: Лэжьыгъэмрэ лъэкIыныгъэмрэ къыщапщытэ, къыщагъэлъагъуэ урок.


Мурадхэр:

1. Нало Заур и «ЦIыху напэ» балладэр и лъабжьэу еджакIуэхэр ЩоджэнцIыкIу Алий и гъащIэм хэгъэплъэжын, хуэфащэ пщIэ хуегъэщIын.

2. ЕджакIуэхэм ЩоджэнцIыкIу Алий и иужьрей махуэхэм, Хэкум, лъэпкъым хуэпэжу къэнэн папщIэ, гугъуехь ишэчар куууэ зыхегъэщIэным, «лъэпкъ цIыху» щIыхужаIэр къагурыгъэIуэным, я гъащIэм щапхъэ щахуэщIыным, цIыхугъэ лъагэм хуэгъэсэным зэгъэпщэныгъэ технологиер къызэрыгъсэсбэпыр къэгъэлъэгъуэн;

3. ЕджакIуэхэм гъэсэныгъэ дахэ яхэлъхьэным, я бзэм зегъэужьыным, я гупсысэмрэ мурадымрэ хуиту къаIуэтэфу егъэсэным псалъэжьхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ урокым къызэрыщызгъэсэбэпым иIэ мыхьэнэм гу лъегъэтэн.


Урокым къыщызгъэсэбэпынухэр:


ПК, еджакIуэхэм ягъэхьэзыра плакатхэмрэ сурэтхэмрэ, докладхэмрэ, сочиненэхэмрэ, ятеухуа баннерхэр.


Классым къыщызэдгъэпэщынущ Адыгэбзэмрэ литературэмрэ, ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, Нало Заур сымэ ятеухуа тхылъ, тхыгъэ къэгъэлъэгъуэныгъэхэр.


Эпиграф. «ЛIэнми лIыгъэ хэлъщ».


I.Урокым и пэублэ.


ЕджакIуэхэр классым ЩоджэнцIыкIу Алий и усэр зи лъабжьэ уэрэд къеуэу къыщIохьэхэр, сэлам зыдох:

-Егъ. Фи махуэ фIыуэ, цIыкIуэ!

-Едж. Уи махуэ фIыуэ!


-Егъ: ФытIысыж.

- ЦIыкIухэ, ди урокым «ЛIэнми лIыгъэ хэлъщ» - псалъэжьыр эпиграф хуэтщIащ, езы урокри псалъэжьхэмкIэ щIэддзэну сыхуейт. Феплъыт экраным ит псалъэжьхэм. Дыкъевгъаджэт абы. /Псалъэжьхэм еджакIуэхэр гъуэрыгъуэурэ къоджэ/.


- Иджы, цIыкIухэ, фегупсысыт, мы псалъэжьхэр зи гъащIэм, зи лэжьыгъэм хуэтхь хъун тхакIуэ, усакIуэ фщIэуэ пIэрэ? Хэт хъуну ар?


-Едж. Сэ си гугъэщ ар ЩоджэнцIыкIу Алийуэ.


-Егъ. Пэж дыдэщ, ауэ сыт ар ЩоджэнцIыкIу Алийуэ уэ къыщIэплъытар?


-Едж. Куэд щIакъым ЩоджэнцIыкIу Алий и тхыгъэ дызэреджэрэ, итIанэ дэ дыухащ Нало Заур и балладэ «ЦIыху напэ» зыфIищам еджэн. Ар Алий и фэеплъу итхащ Нало Заур.

-Егъ. Сыт хуэдэ псалъэжь а уэ жыпIам тету Алий хуэпхь хъунур?


-Едж. Иужь дыдэр. «Жыгым и уасэр къыпыкIэрщ, цIыхум и уасэр и лэжьыгъэрщ». Дэ Алий и лэжьыгъэрщ, усэхэмрэ и тхыгъэхэмрэщ дигу щIимыхур.


-Егъ. Иджыри хэт сыт къыджиIэн?


-Едж. Сэ си гугъуэщ «Бланэ щалъху мэкIуэж» псалъэжьыр зыхужаIэр ЩоджэнцIыкIу Алий хуэдэ цIыхуу. Ар еджэн щхьэусыгъуэкIэ Дагъыстаным, БуйнаксккIэ зэджэ къалэм ягъэкIуат, ауэ Граждан зауэ къэхъеям и зэранкIэ Тыркум кIуащ. Абы сымаджэ хьэлъэ щыхъуат, нэхъыфI зэрыхъужу, гъуэгум гугъу зэрыщехьым щхьэкIэ къимыгъанэу, и хэку - Къэбэрдейм къигъэзэжащ.


-Егъ. Хэт иджыри псалъэ жиIэну хуей?


-Едж. Сэри а усакIуэр ЩоджэнцIыкIу Алийуэ къызолъытэ. Мы псалъэжьхэм хэтщ «Хэкум емыкIу къылъысмэ, псэемыблэжу къыщыжыр». Си гугъэщ и ныбжьым, лэжьыгъэм, псом хуэмыдэу и узыншагъэм ехьэлIауэ Алий зауэм мыкIуэми хъуну щытауэ. Ауэ, и Хэкум бийр къыщихьэм, Iэщэ къищтэри зауэм кIуащ. Ар Бобруйск къалэм пэмыжыжьэу щыт крепостым, нэмыцэхэм концлагер ящIам, икIуэдащ.

-Егъ. Иджыри хэт сыт къыджиIэну хуейт?

-Едж. Сэри си гугъэщ зи гугъу тщIы усакIуэр ЩоджэнцIыкIу Алийуэ. Сэ абы хузохь «ЛIыгъэ щIапIэ лIы икIуадэркъым» псалъэжьыр. Езыр зауэм хэкIуэдами и цIэр нэбэр къыздэсым кIуэдакъым: Алий и кIуэдыкIар зылъэгъуахэм къаIуэтэжащ.


-Егъ. Пэжщ, цIыкIухэ, Алий нэмыцэхэм япэщIэхуа нэужь бийм и щхьэр яхуигъэшакъым. Нэмыцэхэм къызэрагъэпэща «Кавказскэ освободительнэ отрядым» езыми яхухыхьэн идакъым, и гъусэу гъэр хъуа и лъэпкъэгъухэри абы химыгъыхьэну бийм пэщIэуващ. Ди дерсри зытеухуауэ щытынур ЩоджэнцIыкIу Алий и иужьрей махуэхэрщ, абыкIэ дэ лъабжьэ тщIынущ _____________ зи гугъу ищIа Нало Заур и «ЦIыху напэ» балладэр.


- Япэ щIыкIэ хэт дигу къигъэкIыжын «балладэ» псалъэм къикIыр?


-Едж. Балладэр французыбзэ псалъэщ. «Къызыдэфэ уэрэд» жиIэу къокI. Нобэ ар лIыгъэкIэ гъэнщIа Iуэхугъуэ гуэрым тепсэлъыхь, усэбзэкIэ гъэпса тхыгъэщ.


«Сэ мы псысэр уафэр бзыгъэу

Къыхэсхащ мо дыгъэм.

Ирегъажэ нэмэз щыгъэу,

ЗыгъэлъапIэм лIыгъэр».


КъысхуэщIэжкъым мо лIы къакIуэр

Дэнэ хэку къикIыжми,

КъысхуэщIэжкъым гъуэгурыкIуэр

Дэнэ къуажэ кIуэжми».


Мы псалъэхэр ди тхылъым имытми, Нало Заур и балладэр мы псалъэхэмкIэ къыщIедзэ. Ауэ, абы къикIкъым тхыгъэр фэеплъ зыхуищIа Алий и гъуэгум ар щымыгъуазэу. Нало Заур хэтащ Алий и иужьрей махуэхэр, и кIуэдыкIар къэзыхутэжахэм. Ар Бобруйски щыIащ, Алий иужь дыдэу зылъагъужауэ къэзыIуэтэжа гуэрхэми яхуэзащ.

Ахэм къаIуэтэжауэ ди дей къэсамрэ баладэмрэ зэдгъапщэурэ дыпхыплъмэ зэпхыныгъэ гуэрхэм гу лъыттэну си гугъэщ. А зэпхыныгъэхэрнобэ ди урокым къыщытхутэнщ.



Экраным феплъи мы псалъэжьыр адэкIэ къыпыфщэт. ФыкъыхэкIиикI хъунукъым. ЗыщIэм фи Iэр къэфIэт.

«Напэм ипэ ……. (псэр ищ)».


Экраным феплъыт. Сурэтхэм фыхэдэ. Сурэтым къэс балладэм епха псалъэ гуэр къокIыр. А псалъэр къафщIэу абы теухуауэ балладэм къыхэщыр къыфIуэтэн хуейщ.


- «Пшахъуэ» сурэтыр.

Мы сурэтым епхащ псы здэщымыIэ къум пшахъуэщIыр. Балладэм хэт лIыр пшахъуэщI пщтырым къинащ, псы щхьэкIэ малIэ. ПшахъуэщIыр апхуэдизкIэ къэплъащи, усакIуэм жыхьэнмэ лъэмыжым ирегъэщхь. Псы зыхуэлIэ гъуэгурыкIуэм и къарур щIех, гумахэ ещI.


Егъ.: УсакIуэм и сыт хуэдэ гъащIэ лъэхъэнэра къум пшахъуэщIымкIэ Нало Заур къигъэлъагъуэр?

(Нало Заур къум пшахъуэщIымкIэ къигъэлъагъуэр Алий и зауэ, гъэр гъуэгурщ.)


- «ЦIыхубз» сурэтыр.

Мы сурэтым къигъэлъагъуэр удыращ. Ар лIым къыхуэзэу псы Iубыгъуэ къыIурызыкIаращ. Ар абы и щыпэлъагъути «цIыху щхьэпэ» жреIэ. ИужькIэ елъагъу абы и нэр Iуданэ плъыжькIэ къэдыхьам хуэдэу зэрыплъыжьыр.


Егъ.: Хэт удым и образымкIэ Налом дигъэлъагъур? Сыт удым гъуэгурыкIуэм зы псы Iубыгъуэ фIэкIа щIримытыр?

(ЛIыр псы емыфэмэ лIэнущ. Удым лIыр зы Iубыгъуэ ирегъафэри ажалым зэманкIэ къыIэщIех. Удым и псыр уасэншэу иткъым. Удым и образымкIэ Налом дегъэлъагъу фашистхэр. Ахэр удым ирегъэщхь: цIыху пажэ зрашэлIэну хуейм йоубзэ, емыдаIуэхэр, удым ещхьу, гущIэгъуншэу яукI.)


- «Ахъшэ» сурэтыр.

(Мы ахъшэ сурэтым къигъэлъагъуэр удым и псы фалъэм уасэу хуищIар арауэ къызолъытэ.)


Егъ.: Удым псы шынакъым сыт уасэу хуигъэува?

(Удым и псы шынакъым хуигъэувар лIым и цIыху напэрщ. Ауэ псым и уасэр абдеж щигъэIуркъым абы, лIым имыIэ, ауэ езым игу иримыхь къыIимыхыну жеIэр.)


- «Сэлэтыр псы ирагъафэу» сурэтыр.

(Дэ «Псыр псэ хэлъхьэжщ» жыдоIэ. Къум пшахъуэщIым къинам псы имыIэмэ а щIыпIэм икIуэдэнущ. Удым и псы фалъэм цIыхум и напэр уасэ хуещI.)


Егъ.: Удыр лIым и деж дапщэрэ къэкIуа, къэкIуэхукIи сыт Iиха?

(Удыр лIым и деж щэ къэкIуащ. Япэм и бзэр, етIуанэм и нэр, ещанэм и гъащIэр Iихащ.)


-Егъ. ЦIыкIухэ, фэ лэжьыгъэу фиIащ удымрэ лIымрэ я зэпсэлъэныгъэхэм феджэжыныну. Хэт къеджэн удым и псалъэхэм? ЛIым и псалъэхэм щэ?



У. Сызыхуейр уи напэр арщи, уемыпцIыж уи псалъэм.


ЛI. Хьэуэ, сэ си напэр, си укIытэр уэстынкъым, сыплIам.


-Егъ. (и бзэр ирет, лIыр бзагуэу къонэ)


У.СыкъэкIуащ уи напэр схьыну, Ар Алыхь Iэмырщ,

Уэ укIытэ пхэмылъыжкIэ упсэун къэнэн!


ЛI.Хьэуэ, Напэр уэзмытын,


-Егъ. (Мыбдежым удым Iехыр нэр)


У.СыувыIэнкъым, сымыхьау уи напэр

Уи укIытэр сэ къызэптым уи яужь сокIыж,

Уи бзи, уи ни уи укIытэм пэкIуэу узотыж.


ЛI.Хьэуэ, Сэ схуэщэнкъым си укIытэр, ухуейм си псэр хэх.


У.Ауэ щыхъукIэ, телъхьэ ин пхузощI, Дунеишхуэм фIыгъуэу телъыр уасэ хъун къысфIощI.


ЛI.Хьэуэ, Ухэмыт а псом, УкIытэншэу упсэу нэхърэ, НэхъыфIщ умыпсэум.


-Егъ. ЛIым и псэр удым иритащ.


ЕджакIуэхэр къотэдж хьэщIэхэм зыхуагъазэри «Напэ хужьу щылъщ а хьэдэр» къыщIадзэри и кIэм нэс гукIэ къоджэ


Егъ.: Напэм теухуа мыпхуэдэ псалъафэхэр щыIэщ:

Напэ хужь

Напэ фIыцIэ

Напэшхуэ

НапитI

Напэ зимыIэ

И напэм къэнжал тебзащ

И напэр текIащ

И напэр мэс

И напэр итхьэщIыжащ

Сыту пIэрэ мыбыхэм къарыкIыр? Фегупсыси къыжыфIэт.


-Егъ. Иджыщ, цIыкIухэ, лэжьыгъэм и кууупIэм дыщыхыхьэр.


Феплъыт экраным. Мыбдежым удым лIым Iихахэр итщ. Фэ а псалъэхэр ЩоджэнцIыкIу Алий гъэрыпIэм ихуа нэужь, ар зылъэгъуахэм къаIуэтэжауэ къэтхутахэм ипкъ иткIэ, Алий и гъащIэм фхуехьэлIэмэ феплъыт.


Бзэр Iех:

Алий гъэр хъуа нэужь усэ итхакъым. Дэ музейм щытлъэгъуар абы и гъыбзэ закъуэрщ. Ар ещхьщ бзагуэ хъуа цIыхум.


Экранным къредзэ:


«Алий къарууншэ хъуат, сымаджэт, итIани ди гъусэу ягъэлажьэт. Бзэгу зыхьар сщIэкъым, ауэ Алий бзэ куэд зэрищIэр нэмыцэхэм къащIащ. Нэмыцэбзэ ищIэу ауи зытригъэхьакъым, яхыхьэни идакъым. ЖэщитхукIэ щIашурэ яукIащ. Етхуанэ пщэдджыжьым и хьэдэр диижауэ къэдгъуэтыжащ».

ЩоджэнцIыкIу Алий ипхъу Ленэ игу къигъэкIыжащ, 1984-1985 гъэхэм Налшык къалэ щыщ Шыбзыхъуэ Хьисэ, Алий дэщIыгъуу Бобруйск лагерым исам къыжриIауэ щытар.



Нэр Iех:

Алий гъэрыпIэм ихуащ, Дунейм хуиту тетыфкъым. Илъагъур, и лъэпкъэгъу, е нэгъуэщI гуэрхэми бийм я щхьэр зэрыхуагъэшыр игу ирихькъым, ар яхуидэркъым. Апхуэдэ илъагъу нэхърэ яукIмэ нэхъ къещтэ.


Экраным къредзэ:


«Алий дэ тщыщ гуэрым нэмыцэм и шырыкъу илъэщIу щилъагъум мафIэу къызэщIэнащ, бгъэдэлъадэри и нэкIум хэуащ: «Бийм и лъакъуэ къыщIобзейр сыт, зэрыхэкуу ди напэр тыбох» - жиIэри. Абдежым Алий гуузу щаукIащ. ИужькIэ, жэщу щIашурэ допрос ящIу щIадзащ. Хьэзаб куэд трагъэлъащ фи усакIуэм».

Балъкъэр Михаил, Алий и гъусэу Кременчуг лагерым исам итхыжащ, Алий и гъусэу Бобруск лагерым иса Ставрополь щыщ къэзакъ гуэрым къыхуиIуэтэжауэ.


Псэр Iех:

Удыр ещанэу къыщыкIуэм дунейм фIыгъуэу тет псори къриту, и нэри и бзэри къритыжыну жиIэрт. А удым ещхьу Алии нэмыцэхэм яхыхьэмэ, и лъэпкъэгъухэр къигъэдаIуэрэ нэмыцэхэм яхишэмэ уни, мылъкуи къратыну, усэу итхри къытрадзэну и лъахэми къагъэсыну жаIэрт. Алий ар щахуимыдэм гуузу ягъэлIащ.


Доскам къредзэ:

Нэмыцэхэм Алий зищIысыр къыщащIэм къеубзэу щIадзащ. «Дэ фи щIыпIэм нэтхь хуитыныгъмкIэ уэ узыхуейр тхы, дэ ар теддзэнщ, фи дежи нэдгъэсынщ. Улахуи, фэтэри уэттынщ. Уэ тхэ закъуэ». Алий апхуэдэ пудыныгъэ зэрищIэн дунейм теттэкъым. «Хьэуэ» жиIэри япэщIэуващ. Алий зэрыт теплъэм нэмыцэхэр къигъэпцIащ. Ар къэгъэшыгъуафIэ хъун ягугъат, ауэ зыщымыгугъа лIыгъэ къызэкъуихащ. Жэщым щыгъын лъэпкъ щымыгъыу унэ щIыIэм щIадзащ, а жэщыр щIыIэ Iейти пщэдджыжьым дыкъауэ нэху къекIащ.


Балъкъэр Михаил, Алий и гъусэу Кременчуг лагерым исам итхыжащ, Алий и гъусэу Бобруск лагерым иса Ставрополь щыщ къэзакъ гуэрым къыхуиIуэтэжауэ


Доскам къридзауэ хъуар къызэщIикъуэу __________________ еджакIуэр и докладым щыщ Iыхьэ къытхуеджэнщ.


-Егъ. Иджыри, цIыкIухэ, сэ упщIэ сиIэщ. Удым «укIытэ уимыIэжкIэ упсэун къэнэн»- жеIэри къыпоув. Дауэ зэпха напэмрэ укIытэмрэ?


ЕджакIуэхэм я жэуап.


-Сэ си гугъэщ зи псалъэр зымыгъэпэжым, зи Хэку зыхъумэну хуэмейм напэ имыIэу, абыкIэ и цIэри и лъэпкъри игъэпуду.


-Адыгэм ди хабзэщ емыкIу гуэр тщIэмэ «напэ уиIэкъэ» жаIэу нэхъыжьхэр къыдэупщIу. Напэ зимыIэр укIытэркъым, укIытэ зымыщIэм Iуэху Iей ещIэ, псалъэм папщIэ мэдыгъуэ.


-Си анэшхуэм куэдрэ «напэмрэ укIытэмрэ зэшыпхъущ» жиIэти ар зищIысымкIэ сыщеупщIым: «Зэгуэр напэ уиIэкъым жаIэрэ емыкIу пщIам ущыукIытэжмэ, къэпщIэнщ, ауэ укIытэ уимыIэмэ, Iей пщIам ухущIегъуэжынукъым, напэр зищIысри къыбгурыIуэнукъым» къызжиIащ абы.


-Егъ. Пэжщ, цIыкIухэ, ди лъэпкъым дежкIэ напэри укIытэри зыщ. Напэ зимыIэм укIытэр зищIысыр ищIэркъым. УкIытэ зымыщIэр нэхъыжьым пэпсэлъэжынущ, нэхъ къарууншэм и жагъуэ ищIынущ, и адэ-анэр, хэкур, лъэпкъыр игъэпэжынукъым, игъэпудынущ.


Егъ.: Фегупсыси къызжефIэт, ди эпиграф «ЛIэнми лIыгъэ хэлъщ» псалъэжьыр дауэ къывгурыIуэрэ? Ар сыткIэ епха нобэ урокым щедгъэкIуэкIа псалъэмакъым?


ЕджакIуэхэм я жэуап.


-Сэ къызолъытэ зауэм укIуэфын папщIэ лIыгъэ пхэлъын хуейуэ, ди урокми ар эпиграфу техуэу.


-Сэри абы жиIамкIэ сыарэзыщ. Ди усакIуэшхуэ ЩоджэнцIыкIу Алий и лъэпкъыр, Хэкур фIыуэ илъагъути зауэм кIуащ. Гъэр щыхъум бийм зыхишэну иужь къихьат, ауэ шынэу яхыхьакъым. ЛIыгъэ хэлъу лIэмэ нэхъ къищтащ абы.


- Гъэр хъуа дэтхэнэми хуэдэу Алий къыгурыIуэт бийм жиIэр имыщIэмэ зэраукIынур, удын куэди къытралъхьэрт, итIани шынэу бийм едэIуакъым. ЛIыгъэ хэлъу лIэмэ нэхъ къищтащ.


-Егъ. Пэжщ. ЦIыхум и псэр щыхэкIынури, дунейм щехыжынури ищIэкъым. Шынагъуэ гуэр къылъыкъуэкIрэ емыкIу имыщIэмэ, бийм и щIыб хуимыгъазэмэ «ЛIэныгъэми лIыгъэ хэлъщ» жиIэрэ бийм, гузэвэгъуэм пэувмэ, и цIэри и напэри ихъумэжынущ.

Дэ, удым и «Гъэ къэсыхукIэ псым и уасэу, КъысхуэпщIынщ зы тыгъэ» псалъэхэм гулъытэ хуэтщIакъым. Фегупсыст. ЛIыр, шынэу, е емыгупсысу арэзы хъурэ и напэр удым иритауэ щытамэ, удым абы и деж къэкIуэн щигъэтынт, хьэмэрэ, зэрыжиIам хуэдэу илъэс къэсыхукIэ псым и уасэм къыкIэлъыкIуэну пIэрэт?


ЕджакIуэхэм я жэуап.


-Сэ си гугъэщ лIым занщIэу напэр итамэ удыр абы и деж афIэкIа къэмыкIуэну щытауэ.


-Егъ. Хэт иджыри апхуэдэу къэзылъытэр?


-Удыр зыхуейр ирита нэужь сыт ар лIым и деж иджыри къыщIэкIуэнур?


-Егъ. НэгъуэщIу къэзылъытэ къыфхэт?


- Сэ си гугъэщ лIым и напэр занщIэу удым ирататэми удыр лIым и деж къэкIуэну, къэкIуэхукIи е и бзэр, е и нэр, е и Iэр и псэр IихыхукIэ къэкIуэну щытауэ. ЛIыр лIэхукIэ удыр абы иужь икIынутэкъым.


-Егъ. Пэжщ, цIыкIухэ, Iей зигу илъым, удым - бийм игу илъыр зыщ, цIыхум и псэр хэхынырщ. Бийм щышынэрэ зыхуейр хуэзыщIэр дунейм йохыж и напэр текIауэ, пщIэи, нэмыси имыIэжу, «Ар псэууэ лIакъым, ар лIауэ псэуащ» хужаIэр.

АдэкIэ цIыкIухэ, къызжефIэт, нобэ ди урокыр сытым теухуауэ щыта, сыт хуэдэ мурадхэр дгъэзэщIа?


Урокыр къызэщIэкъуэжын.


ЕджакIуэхэм я жэуапхэр:


-Нало Заур и балладэмрэ ЩоджэнцIыкIу Алий и гъащIэмрэ зэдгъэпщэным теухуауэ, а тхыгъэр Алий тыгъэ щIыхуищIар къэтхутэну ди мураду щытауэ къызолъытэ.


-Егъ. НэгъуэщIу къэзылъытэ къыфхэт? НтIэ, къывгурыIуа а тхыгъэмкIэ Нало Заур къыджиIэну, дызыхуигъэсэну зыхуеяр?


ЕджакIуэхэм яжэуап:


-Сэ къызгурыIуащ лIыгъэ зыхэлъ, зи псалъэм, Хэкум емыпцIыж цIыхур хъыбарыншэу зэрымыкIуэдыр.


-Сэ си гугъэщ, си хэкур фIыуэ солъагъу жыпIэ къудейкIэ мыхъуну. АтIэ гу лъыптэн хуейщ жьы хъуами, уэр нэхърэ нэхъ цIыкIуми, нэхъ къарууншэщ жыпIэу ущыхьэ хъунукъым. ИтIанэ, сэ си гугъэщ, Iей гуэр уигъэщIэну уи ужь къихьам «Хьэуэ» жепIэфын хуейуэ. Абы «шыныкъэрабгъэ» къыпфIищкIи ушынэу уедаIуэ мыхъуну.



-Егъ. Пэж дыдэщ жыфIа псори. Нобэ ди лъахэм Iэщэ иIыгъыу бий нэрылъагъу иткъым, ауэ дунейм щекIуэкIым деплъмэ, ди лъэпкъ хабзэм, напэм, диным къемызэгъ, зэманым демыкIуж куэд хэлъу жызыIи дыхуозэ, долъагъу. Абы жиIэр «нобэ моднэщ» жытIэу ди хабзэм дахагъэу хэлъыр, ди лъэпкъым и «цIыхугъэ лъагэ» жыхуиIэр зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым, ар зыщыдгъэгъупщэну дыхуезыджэ дэтхэнэми дызэрыпэувын лIыгъэрэ къарурэ тхэлъын хуейщ.


Егъ.: Ди урокыр синквейнрэ кластеркIэ едгъэбыдылIэжынщ.

1.Синквейн 2.Кластер

ЩыIэцIэ – 1 напэ адыгагъэ цIыхугъэ

ПлъыфэцIэ – 2 къабзэ, хужь

Глагол – 3 зехьэ, хъумэ, тумых укIытэ напэ лIыгъэ

Псалъэуха – 1 Напэр псэм япэщ

ЩыIэцIэ – 1 цIыхугъэ акъыл гулъытэ


Унэ лэжьыгъэр: «Усэ къарукIэ бийр бгъэсу» усэри КIыщокъуэ Алим итхащ ЩоджэнцIыкIу Алий и фэеплъу.


Егъ.: Нобэ псори фIы дыдэу фылэжьащ (оценкэхэр яжреIэ).



Узыншэу фыщыт.


Урокыр «Адыгэ напэ» уэрэдымкIэ зэхуэщIыжын.



Дэтхэнэ зыми,

Здэвгъазэр фи гъуэгуу,

Фи гъуэгур дахэу, нэхуу, захуэу,

Мащэ имыIэу,

Бгы задэ темыту,

Нэхъыжьхэр вгъэгуфIэу,

НэхъыщIэр вгъэлъапIэу,

Адэ-анэр вгъэгушхуэу,

Лъэпкъым и цIэр къэфIэту,

Фи гур къабзэу,

Фи нэгур гуапэу,

Фызыхэмытыр фхуэзэшу,

Фызыхыхьэр вгъэгушхуэу,

-ЦIыхуищэ и уасэщ, - къыфхужаIэу

ГъащIэм лъэ быдэкIэ фрикIуэну сывохъухъури,

Узыншэу фыщыт,

ФIыкIэ дызэхузэ!