СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Открытый урок «Къытхуеблагъэ, гъатхэ!»

Нажмите, чтобы узнать подробности

Просмотр содержимого документа
«Открытый урок «Къытхуеблагъэ, гъатхэ!»»







КЛАССЩ1ЫБ МЕРОПРИЯТИЕ ЗЭ1УХА



«Къытхуеблагъэ, гъатхэ!»

Зыгъэхьэзырар: Нарткъалэ дэт Шыд

Хьэзрит Къасбот и къуэм и ц1эр зезыхьэ

курыт ет1уанэ еджап1эм къэбэрдей-

шэрджэсыбзэмрэ литературэмк1э

егъэджак1уэ Къурашэ Э. Хь.




2023 гъэ

Мероприятие зэ1уха : « Къытхуеблагъэ , гъатхэ!»



Мурадыр: 1.Гъатхэм теухуауэ еджак1уэхэм я1э щ1эныгъэр

къэпщытэн.

2.Бзэм зезыгъэужь лэжьыгъэ егъэк1уэк1ын.

3.Еджак1уэхэм я къэухьым зегъэужьын, я

зэхэщ1ык1ыр егъэф1эк1уэн.



Къэгъэсэбэпыпхъэхэр: компьютер, презентацэ, псалъэжьхэр, къуажэхьхэр, нэщэнэхэр, усэхэр,тест лэжьыгъэхэр, джэгук1эхэр: «Зэхэзэрыхьащ», «Жьынду ц1ык1у».



Мероприятием и ек1уэк1ык1эр.

Мысрокъу Рустам и « Гъатхэ» уэрэдымк1э къызэ1ухын.

I.Хэзышэ псалъэ.

Нобэ мероприятие зэ1уха « Къытхуеблагъэ, гъатхэ!» зыф1этщар едгъэк1уэк1ынущ. Псоми ф1ыуэ тлъагъуу, куэд лъандэрэ дызыпэплъа гъатхэ хуабэ дахэр къэсащ.Щ1ымахуэ к1ыхьым иригъэзэша ц1ыхухэр иджы гуапэу зэ1уощ1э. Къуалэбзухэри, хьэпщхупщхэри, псэущхьэхэри къызэщыуахэщ.Дунейр щхъуант1э дахэ мэхъу, к1эщ1у жыт1энщи, псэщ1э къыхохьэж.Гъатхэ псыежэх ц1ык1ухэми макъ жьгъыру щ1этыр на1уэу зэхыбох. Губгъуэ лэжьак1уэхэри я 1уэху яужь ихьэжахэщ. Аращи, къытхуеблагъэ, гъатхэ щ1эращ1э! Мы си псалъэхэр къыпытщэнщ гъатхэм теухуа презентацэмк1э.

II.Усэхэр.

Гъатхэпэ.

Гъатхэпэ махуэу дахащэ,

Зи пщэдджыжьыпэр дыщафэ,

Къуалэбзу ц1ык1ухэр зи пшынэ,

Пщэдджыжь уэсэпсхэр зи лыд.

Уи къихьэныгъэр ди гуапэщ

Щхъуант1агъэ дахэр зи щ1ыфэ,

Уи дыгъэ бзийхэм я нурхэр,

Ди къэк1ыгъэщ1эхэм тегъапсэ!

Ди жыг псэхуахэ щытахэр,

Бжьэхуцым хуэдэу гъэгъащ,

Уи мэф1 къащ1ихьэри ц1ыхубэр

Губгъуэхэм зэрыдэхащ.

Гъущ1ыш лъэщыжьхэм я макъыр,

Дэнэ лъэныкъуэк1и къыщо1у,

Лэжьак1уэ пашэхэм жыджэрхэу,

Губгъуэ 1энат1эхэм зрат.

Гъатхэпэ махуэу нэщхъыф1э,

Уэ ф1ыгъуэ защ1эк1э тхуеблагъэ,

Дунейм мамыру тет ц1ыхухэр,

Уи дыгъэ нурым щ1эгъувэ.

Къурашэ Эммэ.



Гъатхэ къару.

Иджыри щ1этщ ди нэгу щ1ымахуэр

Ит1ани еплъыт мы дунейм:

Еубыдыр хуабэм бжьыпэр нахуэу,

Щымышынэж ар щ1ы1э нейм.

Хуащ1ам ярейу абы унафэр,

Псым мыл щыгъыныр зыщехыж.

Мэхъу махуэ къэс щ1ыр нэхъ щ1алафэ.

Удз ц1ык1ухэм я щхьэр къа1этыж.

Куэд мыщ1эу жыгхэр къэгъэгъэнщи,

Дунейр щ1эщыгъуэ сытк1и хъунщ,

Щхъуант1агъэр щ1ым зыщит1эгъэнщи,

Ди мэзхэр щ1ым яуфэбгъунщ.

Апхуэдэщ гъатхэ къару лъэщыр:

Къэсам и п1алъэр-тепщэ мэхъу.

Ар дыгъэрщ сытк1и зыузэщ1ыр,-

Ныбжьэгъу ухуейм-мис ар ныбжьэгъущ!

Упщ1эхэр.

1.Ц1ык1ухэ,гъатхэм теухуауэ сыт хуэдэ усэхэр фщ1эуэ п1эрэ?

Дыгъэ.

Дыгъэ ц1ык1уу хъуреябзэ,

Уи бзий хуабэр дин э къок1.

Гъатхэ уафэр тхуэгъэкъабзэ,

Дыгъэпс 1эф1к1э зыдгъэгъэпск1.



Псыхьэлыгъуэу гъажи уэсыр

Щ1ым щхъуант1агъэр кърегъэш.

Къуалэбзухэу уэрэдусхэм

Я пшыналъэм дыхуозэш.



Гъатхэ.

Фэрэк1 напэ ищ1у щ1ылъэр,

Уэшхыр щ1ыгум топ1энк1ык1.

Дыгъэ бзийм къыхеш накъыгъэ,

Ц1ыхухэр гъатхэм щогуф1ык1.



Шэжыпсыфэ алэрыбгъур

Мэзи губгъуи иуващ.

Нэгъэгуф1эу гъавэ бэвыр,

Вагъуэ бжыгъэу къыхэплъащ.



Гъатхэ, къытхуеблагъэ!

Гум ф1э1эф1у дыгъэр

Къыщ1ок1ыр, къытхуопс.

Щ1ыр ищтащ щхъуант1агъэм,

Дунейм гур щ1охъуэпс.

Къабзэщ уафэ джабэр.

Дунейр уэф1щ, зэ1убзщ.

Унэ к1уэц1ри хуабэщ,

Дыгъэ бзийхэр щ1эзщ.

Гъатхэ,гъатхэ,гъатхэ,

Къак1уэ, къытхуеблагъэ.

Утщ1ынщ нэхъри дахэ,

Плъагъунщ ди 1эщ1агъэ!

2.Хэт къыдигъэщ1эжын гъатхэм япэ дыдэу щ1ым къыхэж удзыр?

3.Сыт хуэдэ къуалэбзухэра ди щ1ып1эм къэлъэтэжхэр?

4. Щ1ымахуэр изыха мэз псэущхьэхэм теухуауэ хэт сыт жи1эфын?

Джэгук1э « Зэхэзэрыхьащ»

Хьэрф зэхэзэрыхьахэм къыхахыурэ гъатхэм теухуа псалъэхэр зэхэгъэувэн:

щхъуант1э, къуалэбзухэр,дыгъэ,кърахьэл1эж,тхьэмпэ,уэшх, хуабэ.

Егъэджак1уэм и псалъэ.

Ц1ык1ухэ, дэ псоми дощ1э, гъэм и зэманхэм теухуауэ псалъэжьхэр, къуажэхьхэр, нэщэнэхэр зэрыщы1эр. Ат1э гъатхэм и жагъуэ хъункъэ,ахэр дигу къэдмыгъэк1ыжым.



Псалъэжьхэр нэгъэсыжын ( слайдыр къэгъэлъэгъуэн)

1.Гъатхэ уафэр ……(гъуанэщ).

2.Гъатхэм тумысар …….(бжьыхьэм къытепхыжыркъым).

3.Гъатхэм жеяр …….. (бжьыхьэм магъыж).

4.Гъатхэпэ уэгъурэ……..(бадзэуэгъуэ уэлбанэрэ).

5. Гъатхэм пасэу пщ1эр ………(бжьыхьэм игъуэу мэхъу).

6. Гъэф1ым умыгъуэтар ………( гъейм бгъуэтыжыркъым).

7. Гъатхэ унэ …….(гъуанэщ).

Нэгъуэщ1 псалъэжьхэр гъатхэм теухуауэ хэт ищ1эу п1эрэ? (жэуапхэр)

Адэк1э къыпытщэнщ къуажэхьхэмк1э.

Къуажэхьхэр.

1.Бжьыхьэм ягъэт1ылъу гулъ къыщищ1ым къащтэж.(Хьэрэхьуп)

2.Джэд хужь ц1ык1у щ1ок1ац1э.(Бжьыныху)

3.Дзэ куэд 1утщ езыр дзакъэркъым.(Пхъэ1эпэ)

4.Жыжьэу щыту унэм щ1эбакъуэ.( Дыгъэ бзий)

5. И к1э ц1ык1ур дыкъуакъуэщ,

И пэр 1упэ закъуэщ,

Гъатхэм ещ1 унэщ1э,

Джэдум зещ1 пэ1эщ1э.

Бгъунжырыплъэу маплъэ,

Унэхэми щ1оплъэ,

И бын ц1ык1ухэр жьабгъуэщ,

Ят1э 1эшк1э абгъуэщ. (Пц1ащхъуэ).

Нэщэнэхэр.

1.Гъатхэм япэ хьэндырабгъуэ плъагъуну ф1ыщ,жа1эрт.

2.Гъатхэр гъэгъа нэгумэ,бжьыхьэр гъавэ гупл1эщ,жа1эрт.

3.Гъэрэ щ1ырэ щызэхэк1ым деж маф1эщхьэджэд яук1, «гъэмк1э, унагъуэмк1э ф1ыщ»- жа1эри.

Тест лэжьыгъэхэр.

  1. Гъатхэ мазэхэр къэгъэлъэгъуэн:

а) щ1ышылэ

*б) накъыгъэ

в) жэпуэгъуэ

*г) мэлыжьыхь



2.Гъатхэм теухуауэ усэ зытхахэр:

*а) Щоджэнц1ык1у Алий

*б) Къагъырмэс Борис

в) Къэрмокъуэ Мухьэмэд

г) Елгъэр Кашиф



3.Гъатхэм епхьэл1э хъуну псалъэхэр къэгъэлъэгъуэн:

а) уэск1урий

*б) пц1ащхъуэхэр

в) кърахьэл1эж

*г) мэтк1уж

4. «Псом хуэмыдэу бжэндэхъу ц1ык1ухэм

Я пшыналъэр бзэрэбзащ» пычыгъуэр зыщыщ усэр къэгъэлъэгъуэн:

а) К1ыщокъуэ Алим «Адыгэ Хэку».

б) Щомахуэ Амырхъан « Зэраншу»

* в) Щоджэнц1ык1у Алий « Гъатхэ».



5. Гъатхэ лъэхъэнэм къалъхуа тхак1уэхэр къэгъэлъэгъуэн:

а) Жылэтэж Сэлэдин

* б) Хьэх Сэфарбий

в)Тхьэгъэзит Зубер

*г) Тхьэмокъуэ Бэрасбий



Псалъэхэм хэт бжыгъэхэр къэгъуэтыжын: мэзым, Т1ыт1у, щынэ, лъынтхуэ, къехын, блынджабэ, ин, к1эбгъу, къэпщ1ын.



Адыгэ сабий джэгук1э «Жьынду ц1ык1у» ( гъэджэгун).



  1. Джэгук1эр зытеухуа жьындум и щытык1эр къигъэлъагъуэу итхауэ Байрэмыкъуэ 1эминат и «Жьынду » усэм зы еджак1уэ къегъэджэн.

Феплъыт модэ мо жьындум,

Тесу нэху къек1ащ ди дум.

Тесщ ди дум нобэрей махуэм,

Къытхуоплъыхыр зигъэхахуэу.

И нэ топхэр зэм щ1елъафэ,

Зэми щхьэхыу маплъэ уафэм.

Фыщымыхьэ а нэ п1ащэм:

Зегъэпсэху щэк1уэнущ жэщми.



Ц1ык1ухэр хъурейуэ къоувэк1, зыр и кум йоувэ.Ар-жьынду ц1ык1уращ.Мыдрейхэр-хэт хьэндырабгъуэщ, хэт ц1ыв ц1ык1ущ,хэти бзущ. Джэгур езыгъэк1уэк1ым же1э: «Нэху мэщ!» . Хъурейуэ къеувэк1ахэр «къоуш» , хьэндырабгъуэм,ц1ывым ,бзухам зыпащ1ыжу щ1адзэ, жьындур « мэжей».

Джэгур езыгъэк1уэк1ым: «Жэщ мэхъу!»- щыжи1эк1э,псори я п1эм йожыхьри «мэжейхэр» , жьындур къоушри яхэплъэу щ1едзэ.Хэт зигъэхъейми ,дыхьэшхми,къыхешри и гъуэм (къэтхъыхьам и кум) ирегъэувэ.Ахэр жьынду ц1ык1у мэхъури, « жэщ хъумэ» зэгъусэу мэщак1уэхэр.Апхуэдэурэ псори къаубыда нэужь, джэгуныр яух.

Адыгэ къафэк1э мероприятиер зэхуэщ1ыжын.