Просмотр содержимого документа
«PhpwtADUl_izlozhene-Dyguzhicshyr-zeryzehuezezhar.pptx»
Млыжьыхьым и 12. Щэбэт. Зэрыхуагъасэ изложенэ.
Дыгъужьищыр зэрызэ1ущ1эжар.
Дыгъужьищыр зэрызэ1ущ1эжар. Къуажэ гуэрым зы щак1уэ 1эзэ дэст. Ар зэрыфочауэ 1эзэр псоми ящ1эрт. Ц1ыхухэр щыгъэтауэ, хьэк1экхъуэк1эхэми къащ1ат. Къуажэм и 1эщхэр здэщытам къыщагъуэтажырт. Зэгуэрым зы дыгъужь лъэбышэ мурад ищ1ащ а къуажэм я 1эщхэм щыщ иубыдыну. Ар сакъыпэурэ пшагъуэ 1увым хэту къыздэущым нэгъуэщ1 дыгъужьит1 яхуэзащ. Ахэр гъуэщауэ здэк1уэну лъэныкъуэр ямыщ1эу арат. Дыгъужь лъэбышэжьым ахэр къелъэ1урт ядэ1эпыкъуну. Мыдрейми езым и 1уэхур къигъэнэну хуейтэкъым. Апхуэдэу дыгъужьхэр чэнджащэу здэщытым щак1уэ 1эзэр къак1уэу ялъагъу.Ахэр занщ1эу щ1эпхъуащ. Дыгъужь лъэбышэм щак1уэм и унэм щызэхуэзэжыну унафэ ищ1ащ. Ауэ щак1уэм и унэми щызэхуэзэжар абыхэм я фэ къудейрхэр арщ.
Изоженэм и план. 1. Щак1уэ ц1эры1уэ. 2.Дыгъужь лъэбышэжьым и мурадыр. 3.Дыгъжьхэр щызэхуэзэжар.
1.Дэнэ дэст щак1уэ 1эзэ? ( къуажэ гуэрым)
2.Ар зэрыфочауэ 1эзэр хэтыт зыщ1эр? ( псоми ящ1эрт)
3.Сытыт къуажэм и гъунэгъуу къэмык1уэр? ( зыри къак1уэртэкъымэ)
4.Сыт хуэдэ мурад ищ1а зэгуэрым дыгъужь лъэбышэ ? ( къуажэм язы 1эщ иубыдыну)
5.Ар сакъыу пшагъуэм хэту къыздэк1уэм сыт абы къы1ущ1ар? (нэгъуэщ1 дыгъужьит1)
6.Сытыт ахэм къащыщ1ар? (гъуэщауэ пабжьэм хэтт)
7.Дыгъужь лъэбышэм сыт ахэр къызэрелъэ1уар? (ядэ1эпыкъуну)
8.Мыдрейми сытыт къагъэнэну хуэмейр? (я 1уэхур)
9.Апхуэдэу дыгъужьхэр чэнджащэу щытыху хэт къак1уэу ялъэгъуар? (щак1уэ 1эзэ)
10.Сыт ахэм ящ1ар? ( зэгъусэу щ1эпхъуащ)
11.Сыт хуэдэ унафэ ищ1а дыгъужь лъэбышэ? ( лъэныкъуэ зэрызк1э зэбгырыжыну)
12. Дэнэ ахэр щызэхуэзэну унафэу ящ1ар? ( щак1уэм и унэм)
13.Ауэ щак1уэм и унэм сыт щызэхуэзэжар? ( я фэ къудейр арщ)