Темэр: Плъыфэц1э.
Мурадыр: Плъыфэц1эр псалъэ лъэпкъыгъуэу зэрыщытыр,абы и мыхьэнэр
жэуап зыхуэхъу упщ1эр убзыхун.
- Плъыфэц1эм и ф1ыщ1эк1э бзэр нэхъ тэмэм, на1уэ , шэрыуэ
зэрыхъум гу лъегъэтэн.
лъегъэтэн.
- Псэущхьэхэм хуэсакъыным, ахэм ядэ1эпыкъуным хуэущиин.
Урокым къэгъэсэбэпыпхъэхэр:
Тхылъ, терад, компьютер, карточкэхэр.
Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын.
Егъ. Псалъэ лъэпкъыгъуэхэм щыщу сыт хуэдэхэр дджа?
Едж. Псалъэ лъэпкъыгъуэхэм щыщу дэ дджащ щы1эц1эр.
Егъ. Сыт хуэдэ упщ1эм жэуап хуэхъурэ щы1эц1эр
Едж. Щы1эц1эр жэуап хуохъу хэт? сыт? упщ1эхэм.
Егъ. Хэт упщ1эм жэуап хуэхъур сыт хуэдэ щы1эц1эхэра?
Едж. Ц1ыхухэм я ц1э къызэрык1 щы1эц1эхэм зэрыщ1эупщ1эр хэтщ,
адрей щы1эц1эхэм упщ1эу хуагъэув сыт?
Компьютерым къридзэ сурэтхэр гупит1у зэхэгъэк1ын
Хэт? Сыт?
адэ псынэ
тхак1уэ джэду
дохутыр бдзапц1э
ухуак1уэ щынэ
Мурат мы1эрысэ
анэшхуэ хьэ
Физминуткэ щ1ын.
Джэду
К1ущэ, к1ущэ марицэ
Зи дзэ ц1ык1ухэр маисэ,
Дзыгъуэм и псэр 1узых,
Унэ тхыц1эр зи гъуэгу,
Зи гу ц1ык1ур 1эф1ылъэ,
Зи лъэ ц1ык1ур зи мажьэ,
Бэрэжьейр зи жьауэ,
Жыг жьауи щ1эмыхьэ,
Хьэщ1э къак1уэм мытэдж,
Жьырытэджым хуэжардэ.
Егъ. Фэ дауэ фахущыт унагъуэ псэущхьэхэм? Сытк1э фадэ1эпыкъуфрэ
ахэм? Хэт сыт хуэдэ псэущхьэ щи1ыгъ унэм? Ахэр сыт хуэдэ?
Темэщ1эр джын.
а) Компьютерым къридзэ сурэтхэм топсэлъыхь.
Сыт хуэдэ псалъэхэр мыхьэнэк1э зэзэгъырэ?
Жэм гуащ1э
Пхъэгулъ хъурей
Бостей дахэ
Ст1ол лъагэ
Топ щабэ
Щ1акхъуэ къуэлэн
Егъ. Щы1эц1эхэм пыдгъэува псалъэхэм сыт къыгъэлъагъуэрэ?
Едж. Псалъэхэм предметхэм я щытык1эхэр къагъэлъагъуэ.
1эф1агъ – дыджагъ, инагъ- ц1ык1уагъ, 1фагъ-1еягъ, плъыфэ.
Егъ.Упщ1э дывгъэгъэувыт щы1эц1эм къыбгъэдэк1ыу.
Едж. Сыт хуэдэ?
б )Псалъэухахэм плъыэц1эхэр къыщыгъуэтын.
Шатэр 1увщ, шэр п1ащ1эщ.
Лимоныр гуащ1эщ, хъарбызыр 1эф1щ.
Унэр лъагэщ, хьэгъуэр лъахъшэщ.
Ст1олыр пл1имэщ, 1элъэщ1ыр щимэщ.
Сэ нанэ топ къуэлэн дахэ къысхуищэхуащ.
Плъыфэц1эр псалъэ лъэпкъыгъуэщ.
Словарнэ лэжьыгъэ.
Хуабэ, тхъуэплъ, телъыджэ, ф1эраф1э, гъуэплъ, домбей, щхъуэк1эплъык1э, тк1уатк1уэ,дыдж, къарэ, фак1уэ.
4. Яджар егъэбыдыл1эн
а) Правилэ тхылъым къыщыхьам къегъэджэн.
б)Лэжьыгъэ 166. ( условием тету гъэзэщ1эн)
в)Плъыфэц1эхэм мыхьэнэк1э къапэщ1эуэ плъыфэц1эхэр къыхуэхьын.
К1ыхь- ... , псыгъуэ- ... ,лъахъшэ - ... , п1ащ1э - ... , къуаншэ - ... , нэщхъыф1э - ... , бгъузэ - ... , щабэ - ...
г) Доскам ит усэ ц1ык1ум плъыфэц1эхэр щыщ1этхъэн.
Уэ си джэд 1ущыцэ,
Уэ си джэд лъэбыцэ,
Уэ си джэд дыщафэ!
Сэ уэстынщ ху гъуэжьыр,
Уэ къызэт джэдык1э.
Плъыфэц1эр псалъэухам нашэкъашэу щыщ1ыдотхъэ.
д) Псалъэжьхэм хэт плъыфэц1эхэр къэгъуэтын. Ахэм я мыхьэнэр убзыхун.
Пц1ыр 1уданэ хужьк1э дащ.
Тхьэмыщк1эм цей ц1ык1ури хуохъу.
Уи япэ мывэ хъурей бгъажэмэ у1уощ1эж..
5. Яджыр къызэщ1экъуэжын.
Предметым и щытык1эр къэзыгъэлъагъуэр плъыфэц1эщ.
2. Плъыфэц1эр псалъэ лъэпкъыгъуэщ.
3. Плъыфэц1эр сыт хуэдэ? упщ1эм жэуап хуохъу.
Псалъэухам плъыфэц1эхэр нэшэкъашэу щыщ1атхъэ.
6.Унэ лэжьыгъэр.
Правилэм еджэн. Лэжьыгъэ168 ( условием тету) гъэзэщ1эн.