И бзэр ф1эдахэмэ - ар лъэпкъ
узыншэщ,
И бзэм хуэлажьэмэ – ар лъэпкъ
уахътыншэщ,
Адыгэ лъэпкъыр дызэкъуэтынщ,
Ди бзэм и щ1ыхьыр лъагэу т1этынщ
Просмотр содержимого документа
«Презентация "Адыгэ, ди дыгъэ , дищ1, Ди лъэпкъ гупсысэ зым пэдмыщ1"»
Адыгэ, ди дыгъэ , дищ1,
Ди лъэпкъ гупсысэ зым пэдмыщ1.
Кабардино-Балкарская республика
Къэбэрдей -Балъкъэр
Зыгъэхьэзырар егъэджак1уэ Бабыгуей А.М.
Хабзэр 1эт,
лъэпкъыр
гъэлъап1э!
И бзэр ф1эдахэмэ - ар лъэпкъ
узыншэщ,
И бзэм хуэлажьэмэ – ар лъэпкъ
уахътыншэщ,
Адыгэ лъэпкъыр дызэкъуэтынщ,
Ди бзэм и щ1ыхьыр лъагэу т1этынщ.
Ди адыгэбзэр мывэ джей быдэщ,
Илъэс мин куэдхэр абы и тхыдэщ,
Псы къелъэм хуэдэу ар къарууф1эщ,
Ди лъэпкъ гъэф1эну дызэрыгуф1эщ.
Ди 1уащхьэмахуэ уафэм ныщ1оуэ,
Бахъсэн уэрыжьыр къуак1эм щызоуэ,
Мы ди хэкужьыр дуней телъыджэщ,
Ди адыгэбзэр - ар бзэ гъуэзэджэщ.
Хэкум нэхърэ сыт нэхъ дахэ?
Ди къуршхэр.
Ди щ1ыналъэр жэнэт лъахэщ.
Дзэлыкъуэкъуажэ - си лъахэ. .
Щыгъыным ц1ыхур егъэщ1эращ1э,
акъылым ц1ыхур егъэдахэ .
Ди адыгэбзэм , анэдэлъхубзэм
Блэк1а зэманхэр къыдегъэщ1эж,
Ди нартыжь лъэпкъым уэрэд хуеусыр,
Адыгэ къафэр дэни нехьэсыр.
Ди унэм къихьэу щытмэ хьэщ1э, Ар хэту щытми , къепсыхахэм
Бысымыр гуапэу хуейщ 1ущ1эн.