Темэр: «Пц1ащхъуэ ц1ык1у».
Мурадыр:
-пэщ1эдзэ классхэм щ1эсхэм адыгэбзэм я бзэр хуэкъутауэ къэгъэхъуныр;
-сабийхэр адыгэ усак1уэхэм я 1эдакъэщ1эк1хэм дегъэхьэхыныр;
-лъэпкъ усыгъэм и 1эф1ып1эр зэхегъэщ1эныр;
-сабийр и унагъуэм нэхъри пэгъунэгъу щ1ыныр.
Просмотр содержимого документа
«Презентация к литературно - музыкальной композиции. Темэр: «Пц1ащхъуэ ц1ык1у».»
Къэбэрдей – Балъкъэр Республикэ
Зольскэ муниципальнэ куейм и муниципальнэ к1эзонэ зэхуэдэ щ1эныгъэ щрагъэгъуэт 1уэху щ1ап1э
«Курыт зэхуэдэ щ1эныгъэ щрагъэгъуэт
Дзэлыкъуэкъуажэ къалэ жылагъуэм и еджап1э № 2»
«Усэпсэ»
Зыгъэхьэзырар :
пэщ1эдзэ классхэм я егъэджак1уэ
Бабыгуей Аминат Мухьэдин ипхъу.
1класс
2019гъ.
Ди щ1ыналъэр жэнэт лъахэщ.
Хэкум нэхърэ сыт нэхъ дахэ?
Дзэлыкъуэкъуажэ - си лъахэ.
Бжэндэхъухэр
Пц1ащхъуэр мэбзэрабзэр,
Зэплъым щогуф1ык1…
Пц1ащхъуэ ц1ык1у псэ къабзэ,
Уэ ди хэку уимык1,
Уи дамэхэм мес ,
Гъатхэри к1эрысщ.
Бзухэм ,
анэм ещхьыркъабзэу,
Щхьэ бзэ дахэ ягъуэта?
Бзэмы1у пэтми , гъэф1агъыбзэу
Уэрэд дахэ яуса?
Ахэр , сщ1эркъым , ауэ си псэр
Бзум хуабагъэк1э ягъэнщ1.
Сыту жып1эм ,
сэ бзуубзэр
Ар анэбзэу мэхъу си ф1эщ.
Пц1ащхъуэм и к1эр дыкъуакъуэщ.
И фэр, щ1ак1уэу, ф1ыц1абзэщ,
И бгъэгу ц1ык1ур хужьыбзэщ.
Бжэ къеу1уи хэмыту,
Къытхуэгушхуэ зэпыту
Къыщ1олъатэ ди унэм.
Къехьыр ят1э ,
хьэуазэ,
Мазэ ныкъуэу блынджабэм
Щещ1 псэуп1э-унап1э.
Зи к1эр дыкъуакъуэу ,
бгыкъур зи унап1э.
Гъатхэр къосри удзхэр къок1,
Пц1ащхъуэ ц1ык1ухэр къолъэтэж.
Пц1ащхъуэ ц1ык1ухэр
къытхуогуф1э,
Пыгуф1ык1ыу къытхуосыж.
Пц1ащхъуэ ц1ык1уу зи бзэр дахэ,
Хугу уэстынщи , уэрэд жы1э.
Щ1ып1э жыжьэм щыплъэгъуахэр
Псысэ дахэу къыдже1эж.
Дывгъэхъумэ дэ бзу ц1ык1ухэр,
Ахэр сэбэп дэ къытхуохъу.
Ди къэк1ыгъэхэр хъумэным
1ыхьэ куэди ныхалъхьэф.
Фымыкъутэ бзум я абгъуэр Дывгъэхъумэ дуней дахэр
Ар фэ фи гум темыхуэнщ. Дэ ар псоми зэдыдейщ.