Просмотр содержимого документа
«Проект "Бжьыхьэ"»
Мурадыр:
-проектым и темэм теухуауэ тхылъхэм итхэр щ1эджык1ын
-информацэ зэхуэхьэсын
-сурэт щ1ын
-сочиненэ тхын
Проектым и план.
1.Сыт бжыхьэр зи щ1ысыр.
2.Бжьыхьэм теухуа псалъэжьхэр.
3.Къуажэхьхэр (бжьыхьэм теухуа).
4.Нэщэнэхэр (бжьыхьэм теухуа).
5.Бжьыхьэр усак1уэхэм я тхыгъэм къызэрыхэщыр.
6.Сочиненэ «Бжьыхьэ».
7.Сурэт «Бжьыхьэ».
8.Вывод щ1ын.
1.Бжьыхьэр гъэм и зэманщ. Ар мазищ мэхъу: фок1адэ, жэпуэгъуэ, щэк1уэгъуэ. Бжьыхьэм тхьэмпэхэр зэмыфэгъу мэхъу, къыпощэщыж. Къэк1ыгъэхэм гъужын щ1адзэр а гъэм. Бзухэр мэлъэтэж. Хьэпщхупщхэм бжьыхьэр къыщихьам деж загъэпщк1уж.
2.Псалъэжьхэр
Гъатхэ дыгъэм кIагъуэпскIэ уегъэпскIри, бжьыхьэ дыгъэм тхъупс къыптрекIэ.
Гъатхэм жеяр бжьыхьэм мэгъыж.
Гъатхэм тумысар бжьыхьэм къытепхыжыркъым.
Гъатхэм пасэу пщ1эр бжьыхьэм и гъуэу мэхъу.
Бжьыхьэ жэщ щэрэ минщ.
Бжьыхьэ бейщ.
3.Къуажэхьхэр
Ипщэк1э уплъэмэ, цей плъыжь къедзащ. (пшэплъ)
Къэрабэ плъыфэщ, уафэм едзэк1ащ.(пшэплъ)
Фыз ф1ыц1э нэгъуд, щ1ым дыд хэзы1у. (уэшх)
Хэт уафэм пк1элъей езыдзу дэк1уеяр. (уэшх)
4.Нэщэнэхэр
Бжьыхьэ тхьэкIумэкIыхьыр уэдмэ, уэс щlагъуэ щыIэнукъым, пшэрмэ, уэсышхуэ щыIэнущ, жаIэрт.
Бжьыхьэм деж, нэху мыщ щIыкIэ, вагъуэбэр пхъэщхьэкIэм и гъунэгъу хъуамэ, пхъэ щхьэкIэр мэдийри, жыгым и хэхъуэныгъэр абы щоувыIэр, тхьэмпэр къыпыхуу щIедзэ,- бжьыхьэм щIидзащ, жаIэрт.
Бжьыхьэм пасэу уэс къесамэ, «гъэм щинэжащ», жаIэти я жагъуэ хъурт. «И чэзум и деж псори фIыщ»,- жаIэрт.
5.Усэхэр
| Нало Заур Бжьыхьэр бейщ Гъэ лэжьыгъэр зэхуехьэсри Бжьыхьэм Ӏэзэу егуэшыж, ЩӀым къарууэ епхьэлӀари Нартыху сэмбым къыдокӀыж. ЦӀыху лэжьыгъэр, дыгъэр тепсэм, Къэгъэгъэни хулъэкӀынщ, Ауэ бжьыхьэм зэрынэсу МыӀэрысэу къыпыпчынщ. Щыбгъуэтынкъым бжьыхьэм нэхърэ Мы ди щӀылъэм щынэхъ бей, Уеблэм гъатхэм къалъхуа щынэр Бжьыхьэм мэхъур мэл домбей! Бжьыхьэ тыгъэр хьэлыгъуанапхъэу Щхьэлым яшэри щахьэж, Е къэбищэу - жэп техауэ – Фи бэкхъыщхьэм тотӀысхьэж. |
| Къэнкъул Фенэ. Къеблагъэ, бжьыхьэ! Си Нальчик къалэ хуэмурэ къоушыр Ленин уэрамым сэ сытетщ Уэрамхэр захуэщ, жыгхэр дахэщ, Къыдоплъэр къалэм Кавказ къурш. Уафэгур къабзэщ, нэжэгужэщ, НэщхъыфIэу дыгъэри къыкъуокI. И нурхэр месыр тепыIэншэу Жыгыщхьэм ислъэмей щоджэгу. ПщIащэ къуэлэнхэр къытехьащи, 1ущащэу уджыр ирашэкI. Алэрыбгъу дахэу зэуфэбгъуащи, Бжьыхьэм джэгушхуэр иращIэкI. Месыр гъэмахуэр къэтэджауэ Ирегъэблагъэ жьантIэм ар, Бжьыхьэри пащIэм щIэгуфIыкIыу Унафэ щIыныр зэIэпаххэр. |
6. Сочиненэ
Бжьыхьэ.
Бжьыхьэр къихьащ. Дыгъэр нэхъ мащ1эу къопс, махуэми хэщ1ащ. Уэшхыр къопсэпсауэр. Нэхъ щ1ы1и къэхъуащ.
Жыгхэми я щыгъын удзыфэ дахэхэри хуэмурэ гъуэжьыфэ мэхъу, къыпохухэр.
Псэущхьэхэми лъэныкъуэ зрагъэзыж. Къуалэбзухэр щ1ып1э хуабэхэм мэлъэтэж, хьэпщхупщхэри плъагъужыркъым.
Ц1ыхухэми я мэкъумэш лэжьыгъэхэр ягъэзащ1э, щ1ымахуэ шхын ягъэхьэзыр. Адыгэхэм жа1э: «Бжьыхьэм умыгъэхьэзыра, ш1ымахуэм къэпщтэжынукъым».
7.Вывод.
Мы проектыр дэ1эпыкъуэгъу хъунущ бжьыхьэм теухуауэ лэжьыгъэ щыбгъэхьэзырк1э. Си лэжьыгъэм хэтщ псалъэжьи, нэщэни, къуажэхьи, уси, сочинени. А тхыгъэхэмк1э къэтщ1эжащ бжьыхьэр зэры зэман дахэр.