СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Программа внеурочной деятельности "Щэнхабзэ"

Нажмите, чтобы узнать подробности

Программа внеурочной деятельности "Щэнхабзэ"  Цели программы : закрепить у детей знания о традициях, культуре, обычаях, об укладе жизни своего народа.Развивать интерес к народному творчеству. Воспитывать уважение к истории и культуре своего народа.

Просмотр содержимого документа
«Программа внеурочной деятельности "Щэнхабзэ"»



Тэрч езанэ лицей









КлассщIыб лэжьыгъэ


6-нэ классым папщIэ


«Щэнхабзэ»




ЕгъэджакIуэр – Iуэхъу А.А.







КлассщIыб лэжьыгъэ «Щэнхабзэ»



I Лэжыгъэм и мурадыр еджакIуэхэм ди адыгэ лъэпкъым и хабзэхэм теухуауэ яIэ щIэныгъэ нэхъ куу щIыныр.ЦIыху гъэсауэ, гуп хэтыкIэ ящIэу,я лъэпкъым хуэфащэхэу, адыгэ хабзэр яхъумэным хуэгъэсэн.


IIЛэжьыгъэм къигъэув къалэнхэр:

- Адыгагъэ, цIыхугъэ,адыгэ напэ, екIу, емыкIу жыхуэтIэхэр фIыуэ зэхагъэкIыу егъэсэн;


-я щхьэм, нэхъыжьым пщIэ хуащIыфу, ягъэлъэпIэфу, хъунымрэ мыхъунымрэ зэхагъэкIыфу къэгъэтэджын;


--еджакIуэхэр цIыхугъэм,гущIэгъулыуэ щытыным, и лъэпкъымрэ абы и хабзэхэмрэ къыщхьэщыжыным,ихъумэжыным хуэгъэсэн.


-я бзэр тэмэму яухуэфу,дэтхэнэ псалъэри егупсысауэ къагъэсэбэфу егъэсэн;


-бзэм и къулеягъым гулъытэ хуэщIыным егъэсэн икIи а къулеягъыр зэгъуэгъуэтыным хущIэгъэкъун;


-я бзэр тэмэму яухуэфу,дэтхэнэ псалъэри егупсысауэ къагъэсэбэфу егъэсэн;


III Программэм ипкъ иткIэ 6 классым щеджэ сабийхэм адыгэбзэмкIэ ящIэн хуей щIэныгъэхэмрэ есэныгъэхэмрэ:

-адыгэ хабзэкIэ зэджэр,абы къызэщIиубыдэ псори;


-адыгэ IуэрыIуатэр;


-и лъэпкъым и тхыдэр, гъащIэм и екIуэкIыкIар;


-адыгэр Iэщэ-фащэкIэ,и шы тесыкIэкIэ,лIыгъэ,хахугъэкIэ зэрыцIэрыIуэр;


-гъэсэныгъэ,хьэл-щэн дахэ яхэлъын хуейщ;


- хабзэ дахэхэр хъумэн,егъэфIэкIуэн зэрыхуейр;


-яIэ щIэныгъэхэр къагъэсэбэпыфу щытын хуейщ.



Лэжьыгъэр зытеухуар, зэрызэхэтыр.



Дунейм зы лъэпкъи теткъым и хабзэ фIэIеижу.Узэсар,

узыщIапIыкIар сыт щыгъуи уигу ирохьыж.Ди адыгэ хабзэм

хэхъыфI, нэхъапэ дыдэхэм ящыщщ адыгагъэмрэ адыгэ нэмысымрэ

Iыгъыныр,гъэзэщIэныр.Абы къызэщIеубыдэ цIыхум и щIыхьыр

зэримыгъэпудыныр, и щхьэ хуищIыж пщIэр, захуагъэр, пэжыгъэр,

укIытэр, щытыкIэр, гулъытэр,нэхъыжьыр гъэлъэпIэным, бзылъхугъэр лъытэныр, сабийм хуэсакъыныр, нэгъуэщIыр уи щхьэм пэщIыныр, апхуэдэ щIыпIэ уихуамэ, абы зыдегъэкIуныр, зыдэщIыныр, н.

Мы лэжьыгъэм ди щIэблэщIэм папщIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ.Нобэ ди зэманыр зэман гугъущ, зэман хьэлъэщ.ЦIыхум языныкъуэхэм пщIэрэ щIыхьрэ щызэщамыгъуэтыж, укIытэр къащемэщIэкI, пэжыгъэр, нэмысыр, цIыхугъэр зэран къахуэхъуу, абыкIэ унаикI умыхъуну щабж зэманщ.

Нобэ ди обществэм, ди сабий щыдгъасэ, щедгъаджэ еджапIэхэми,

Хуабжьу щолIалIэр гъэсэным, ущииным, фIым щIэгъэтэджыним.

Ауэ щыхъукIи… ди сабийхэр, ди щIэблэр ди къэкIуэну гъащIэщ.

Абы я цIыху щIыкIэм, я цIыхугъэм елъытащ ди къэкIуэну гъащIэр, ди лъэпкъым и гъащIэр.

Лэжьыгъэм къызэщIеубыдэ:адыгэ хабзэхэр, адыгэ IуэрыIуатэр, фIэщыгъэцIэхэр, нэщэнэхэр,джэгукIэхэр, хъуэхъухэр, адыгэ шхыныгъуэхэр, къуажыхьхэр, псалъэжьхэр, фIэхъусхэр,н..

КъызэщIэзыкъуэж зэпеуэхэр,джэгухэр, постановкэхэр,н..с.68















Темэр

Сыхьэт бжыгъэр

Щз

Унэ лэжь

1

Адыгэ хабзэ.

1



2

ФIэхъусыр сытми и щыпэщ.

1



3

Адыгэхэм я зэдэлэжьэкIэу щытар.

1



4

ВакIуэдэкI.

1



5

Адыгэхэм яку зэхуилъа хабзэхэр.

1



6

ХьэщIэм кIэлъызрахьэ хабзэхэр.

1



7

ЩIалэ хьэщIэм кIэлъызрахьэ хабзэхэр.

1



8

Хъыджэбз хьэщIэм кIэлъызрахьэ хабзэхэр.

1



9-10

ХьэщIэ гъуэгурыкIэм кIэлъызрахьэ хабзэхэр.Зэпеуэ ирагъэкIуэкI.

2



11

Нысэ къэшэкIэ хабзэу щыIахэр.

1



12-13

Фызышэр зэрекIэкIыу щытахэр.

2



14

Гуащэ щIэпхуэж.

1



15

Малъхъэ ишэ.Малъхъэ хьэщIэ.

1



16-17

Сабий къалъхуамэ кIэлъызэрахьэ хабзэхэр.

2



18

Гущэхэпхэ.

1



19

Кхъуейплъыжь кIэрыщIэ.

1



20-21

Лъэтеувэ.Постановкэхэр къагъэлъагъэ.

2



22-23

Адыгэ унагъуэм илъа хабзэхэр.

2



24

Гуащэмрэ нысэмрэ яку зэхуилъа хабзэхэр.

1



25

Адыгэ анэмрэ абы ехьэлIа хабзэмрэ.

1



26

ЦIыхубзхэм ятеухуа хабзэхэр.

1



27-28

Нэхъыжьхэм хуащI пщIэр, нэмысыр.

2



29

Нэщхъеягъуэм теухуа хабзэхэр.

1



30

Гъуэгу зэдытет адыгэхэм зэхуаIа хабзэхэр.

1



31

Адыгэхэм я зэбиикIэу щыта хабзэхэр.

1



32

Адыгэхэм я суд щIэкIэу щытар.

1



33-34

Адыгэм шы тесыкIэу яIар.

2



35-36

Адыгэхэм Iэзэу яIахэр.

2



37-38

Адыгэ фащэ.Сурэтхэр ягъэхьэзыр.

2



39-40

Iэщэхэр.Презентацэ ящI.

2



41-42

Iэмэпсымэхэр.

2



43

Пасэрей Iэнэ пэрысыкIэ.

1



44

Макъамэ къызэрыкI Iэмэпсымэхэр.

1



45

Лъэпкъым и календарыр.

1



46

Адыгэ IуэрыIуатэ.

1



47-48

Псысэхэр.

2



49-50

Таурыхъхэр.

2



51

Уэрэдыжьхэр.

1



52-53

Псалъэжьхэр.

2



54-55

Къуажэхьхэр.Зэпеуэ ирагъэкIуэкI.

2



56-57

ПсынщIэрыпсалъэхэр,псалъэ шэрыуэхэр.

2



58

КъебжэкIхэр,джэгузэхэшэхэр,щIэнэкIалIэхэр.

1



59-60

ДжэгукIэхэр.

2



61

Хъуэхъухэр.

1



62

Хъуэрыбзэмрэ,щIагъыбзэмрэ.

1



63

Адыгэ шхыныгъуэхэр.

1



64-65

Нэщэнэхэр.

2



66

Жыгхэм, къэкIыгъэхэм я фIэщыгъэцIэхэр.

1



67

ХьэкIэкхъэкIэхэм,къуалэбзухэм я фIэщыгъэцIэхэр.

1



68

Яджар къызэщIэкъуэжын.

1