|
Гъащ1эрэ щ1эныгъэрэ Нэмысрэ насыпрэ ди куэду Гъэ минк1э псэун лъэпкъ тхьэм дищ1!
-Ди анэдэлъхубзэр къуилъхьэжыну Ек1э ди ужь къихьэм Я пк1эунэм жумэрэн щыущу, Я хьэщ1эщым дзыгъуэ щит1 щыджэгуу, Я шхы1эныжьым бацэ къилэлу, Ц1амыщхъейр и гуфэу, Гупхъэт1эк1уншэу, Гулъэмыж къуаншэу, Л1ит1 зы уэщу, л1ищ зы хьэму, Я хьэмэщ щэджыншэу, Хьэншэ унэу, Мэрамысэ бэщ1рэ, унэлъащ1э ф1ейуэ Тхьэм игъэпсэу!
-Жэщи махуи си анэдэлъхубзэм Иропсалъэ мо си къуршыжь плъагъухэр, Къалъхуащ ахэр щ1ыр щымыджэмыпц1эм, Щ1ыщ1игъэнар арщ я щыгур тхъугъэм.
-Зэхэпхынущ си анэдэлъхубзэ Зыхуэбгъэщхърэ уеда1уэмэ псынэм… Си жылагъуэ 1эджэу нэм къы1уидзэм Нэрэ нап1эу я1эр а нэщэнэрщ.
-Яхь я гъащ1эр, си бзэк1э нэщхъыф1эу, Си тенджыз толъкъунхэу емышыжхэм, Си бзэк1э мэгу1э е мэгуф1э Сэ си лъахэу сыкъызыщхьэщыжыр.
-Си анэдэлъхубзэм ирипсалъэр И куэдагък1э хъуркъым мелуан бжыгъэ, Ауэ, си лъэпкъ мащ1эу си псэм хэлъым Къыдок1уэк1ыр ар имыщ1эу жьыгъэ
-Си анэдэлъхубзэ хэмытауэ Сигу къеуэк1эр фэ зэхэвмыщ1эну, Си анэм и бзэр си къызимытамэ Къыщ1эк1ынт сэ бзагуэу сыкъэнэну.
Си бзэу си лъэпкъыц1э. Бахъуэ Бет1ал.
-Уэ уи къежьап1эр, адыгэ хабзэ, Си анэм къыздилъхуа си бзэрщ, Си Хэкуу си нэм уэ уринабдзэщ, Си лъэпкъым урищ1ыхь гъуазэщ.
-Ди бзэр к1уэдыжмэ, дыадыгэжкъым. Пшагъуэбэщ пщащэнэ ф1ыц1эр, Нысэм щхьэрыгъри дыщэ пы1эжкъым, Щ1элъыжкъым пшынэбзэм ди ц1эр.
-Ди бзэр к1уэдыжмэ, ди щауэишэр Къутауэ зы нарт шабзэшэщ, 1эщ1элъри щауэу зи пащ1эр пхъашэм Дзэху къамэ лъэпкъ саутыншэщ .
-Ди бзэр к1уэдыжмэ, ди уэредадэр Бжьыхьэпэм и зы жэп налъэщ, Махъсымэ к1адэр, ди дыщэидэр Пшэк1ухьым и сыхьэт п1алъэщ.
-Ди бзэр к1уэдыжмэ, дыбзу дамэншэщ, Мыл губгъуэм иту шу налыншэщ, Гъатхэ уэлбанэу щхьэншэ техъуанэм Щытк1ужу дызышыгъу к1анэщ.
-Ди бзэр к1уэдыжмэ, хуэзэм дыкъищтэу Дыхъуак1эщ хамэ жыхапхъэ, Я 1уэху зэф1эк1мэ драхьэгъащтэу Дгъэф1энущ я боужь дапхъэ.
-Ущык1уэдынум, си адыгэбзэ. Здэпхьынущ, сощ1э, ди хабзэр, Нэмысу, щ1ыхьу, уи л1ыгъэ хасэу Къинэнур хэкум зы гъыбзэщ.
-Ди адыгэбзэ! Упсэу уэ куэдрэ! Уэрщ лъэпкъым и лъабжьэр! Упсэу уэ куэдрэ1 уэ дыбдэпсэунщ! Удигуф1эгъуэщ, уэ уди1эщ набдзэу, упсэу! Упсэумэ ди лъэпкъыр псэунщ.
Классщ1ыб лэжьыгъэ
Темэр: Джэгу – зэпеуэ «Бзэрабзэ, си адыгэбзэ» Мурадхэр: я бзэр ф1ыуэ ялъагъуным я гур къыхуэгъэушын; Анэдэлъхубзэм хуа1э гулъытэм хэгъэхъуэн; Бзэр шэрыуэу къагъэсэбэпыфу егъэсэн.
Зэпеуэр зэрек1уэк1ынур: 1 Пэублэ псалъэ.
2 Унэ лэжьыгъэ «Си бзэ, си адыгэбзэ» а) хъуэхъу б) усэ в) уэрэд
1уэры1уатэ нэхърэ – нэрылъагъу (псалъэжьхэмк1э зэпегъэуэн).
Адыгэбзэр мэбзэрабзэ (псынщ1эрыпсалъэхэмк1э зэпеуэн).
Хъыбар зи1э псалъафэхэр.
ди бзэр ф1ыуэ тщ1эуэ п1эрэ?
Дэрэжэгъухэм я 1ыхьэ . Адэк1э къыпыщэ…(нэщэнэхэмк1э зэпеуэн)
8 Капитанхэм я зэпеуэ. Псалъэрыджэгу.
9. Псалъэзэблэдз. |