СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до 26.05.2025

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Си бзэ-си псэ,си дуней!

Нажмите, чтобы узнать подробности

 КъБР-м Егъэ­джэ­ныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм илъэс зыбжанэ хъуауэ ди щIыналъэм щри­гъэ­кIуэкI «Си бзэ – си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэ-фестивалыр йокIуэкI. Иджыблагъэ зэпеуэм и къэпщытакIуэхэр щыхьэщIащ  Налщыч къалэ   дэт 27-нэ школым.

Просмотр содержимого документа
«Си бзэ-си псэ,си дуней!»

КъБР-м Егъэ­джэ­ныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм илъэс зыбжанэ хъуауэ ди щIыналъэм щри­гъэ­кIуэкI «Си бзэ – си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэ-фестивалыр йокIуэкI. Иджыблагъэ зэпеуэм и къэпщытакIуэхэр щыхьэщIащ Налщыч къалэ дэт 27-нэ школым.

Адыгэбзэ секторым и унафэщI Мыз Залинэ и Iэтащхьэу министерствэм къикIыу къэкIуа къэпщытакIуэхэм къахуэзащ Налщыч къалэ егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ щыIэ департаментым и унафэщI Мэлбахъуэ Алим, департаментым и методист нэхъыщхьэ ЛIыIэщын Людмилэ,еджапIэм и унафэщI Шэрий Мадинэ,егъэджакIуэхэр,еджакIуэхэр,адэ-анэхэр. Къегъэблагъэ-хъуэхъу псалъэхэр зэрызэфIэкIыу, къэфакIуэ ныбжьыщIэхэм еджапIэ утыкур ягъэбжьыфIащ. Пкъы уардэ зыщIэт щIалэ цIыкIухэмрэ дахагъэ зыдэплъагъу хъыджэбзхэмрэ ягъэзэщIа къафэм удимыхьэхыныр Iэмал зимыIэт. Зи гукъыдэжыр къызыхуаIэта къэпщытакIуэхэр занщIэу адыгэ пщэфIапIэмкIэ ирагъэблэгъащ.ПIырыпIыжу лэкъум зыгъажьэ нанэр абыхэм къащыгуфIыкIа нэужь, игъэжьам щыщхэр Iэнэкум къызэрытригъэувэу, дадэ жьакIэхур епIэщIэкIыу лы пшэрыр зыхэлъ шыуаным и мафIэ зэщIигъэсту хуежьащ.КъэпщытакIуэхэр итIанэ хьэщIэщымкIэ яшащ .Абдежым абыхэм ирагъэлъэгъуащ выставкэ телъыджэхэр.Ахэр псори адыгэ лъэпкъым ехьэлIат.Хъыджэбз цIыкIухэм хэдыкIыр фIыуэ къазэрехъулIэр ягъэлъэгъуащ, сурэт щIыныр я Iэ ижьу зэрыщытри наIуэ ящIащ, щIалэхэм лъэпкъ дамыгъэхэр пхъэхэм къыхагъэсыкIащ.ЕджапIэм уздырикIуэ коридорыр гъэщIэрэщIат пасэ зэманым лъэпкъым къигъэсэбэпу щыта хьэпшып зэхуэмыдэхэмкIэ,бзэм,хабзэм,псэукIэм теухуауэ еджакIуэхэм ягъэхьэзыра стендхэри щыкуэдт.

Къапщтэмэ, еджапIэм и лэжьакIуэхэм зэпеуэм хуагъэхьэзырахэр Iыхьэ-Iыхьэу гуэшауэ щытащ. ИщхьэкIэ зи гугъу щысщIар зэпеуэм и япэ Iыхьэт. Ар еджакIуэхэм я лэжьыгъэмкIэ презентацэхэр арат. Мы Iыхьэр зыгъэхьэзырахэр еджапIэм гъэсэныгъэмкIэ директорым и къуэдзэ Жэмыхъуэ Людмилэ Зубанил и пхъумрэ къэбэрдей-шэрджэсыбзэмкIэ и егъэджакIуэхэу Къардэн Марьянэ Леонид ипхъу,Къэзанш Мадинэ БетIал ипхъу,Къэлыбатэ Аннэ Жэмэлдин ипхъухэр аращ .Адыгэ фащэм теухуа гъэлъэгъуэныгъэхэм къытхутепсэлъыхьахэщ егъэджакIуэхэу ЛIыхъугу Лианэ( 7 класс), Альборэ Тамерлан(8 класс),Жыгун Ангелинэ (9 класс) сымэ. Гъэлъэгъуэныгъэм еплъахэм уэрэд дахащэр зи макъыбэ зэрылъэлъымкIэ яхуэзыгъэIуари Щоджэн Алесэщ.

ЕтIуауэ Iыхьэр зытещIыхьар еджапIэм щылажьэ методическэ зэгухьэныгъэм и гъэлъэгъуэныгъэр арат. АдыгэбзэмкIэ и егъэджакIуэхэм я къалэн, къапэщылъ лэжьыгъэхэм, мураду яIэм,ехъулIэныгъэу илъэсым зыIэрагъэхьам,гъэлъэгъуэныгъэу ирагъэкIуэкIам гупсэхуу щыгъуазэ дищIащ методическэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Тау Iэсият Руслъанбэч и пхъум. Адыгэбзэр щрагъэдж кабинетхэри екIуу зэлъыIухат,къабзэт,блынхэр сурэтхэмкIэ гъэщIэрэщIат,еджакIуэхэми егъэджакIуэми къагъэсэбэп хъуну тхылъхэр, журналхэр куэду щыплъагъут.

ЕгъэджакIуэхэм Iэзагъыу яIэмрэ еджакIуэхэм щIэныгъэу ябгъэдэлъымрэ,адыгэбзэкIэ я гупсысэхэр къызэрыраIуэтэфымрэ хухэхат адэкIэ къыкIэлъыкIуэ Iыхьэр. Мастер- классхэр бжыгъэкIэ щы хъут,зым нэхърэ адрейр нэхъыфIыжу.

КIэнцIэлий Алесэ Олег и пхъум лэжьыгъэ зыдрищIылIар ещанэ классым щIэс еджакIуэ цIыкIухэрщ.Пэшыр абы зыкIэ къызэригъэпэщати, телъыджэ губгъуэт.ЕгъэджакIуэм дерсым къыщигъэсэбэпыну игъэхьэзырахэм ящыщт утыкум еджакIуэ цIыкIухэм я IэкIэ ящIыжа жыгышхуэр.Абы пыт тхьмпэхэр зыцIэлахэр езы дыгъэр зыхуэгуапэ нанухэрат,пхъэщхьэмыщхьэ пагъэувахэри егъэджакIуэм къыхуэзыхьар ахэрт.Жыгыр бжыхь цIыкIукIэ къэхухьыжат,абы и къуагъ къуэсыр балыджэ теплъэ иIэу хуэпа еджакIуэт. «КъэкIыгъэхэм я хущхъуэгъуэ» зи фIэщыгъэ дерсыр зэпэщ хъун папщIэ,егъэджакIуэм куэд дыдэ къигъэсэбэпащ:гъэм и зэманхэм теухуа сурэтхэр,макъамэхэр,пхъэщхьэмыщхьэхэр.ЕджакIуэ цIыкIухэм жаIащ усэхэр,псалъэжьхэр,нэщэнэхэр.Дерсым апхуэдэуи къыщащIащ псалъэзэблэдз,къуажэхьхэр.Дерсым таурыхъыу иригъэкIуэкIащ КIэнцIэлий Алесэ.Бжьыхьэм и теплъэр щыгъыну зыщыгъ пщащэ цIыкIури,бжьыхьэ мазэхэм я фащэкIэ хуэпа щIалэ цIыкIуищри щыхьэщIащ абы.Урыс таурыхъыу балыджэм теухуари еджакIуэхэм щагъэлъэгъуащ.Арат балыджэ щыгъынкIэ хуэпа щIалэ цIыкIур жыгым щIыкIэщIэсари.Псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэн хъуахэм ящыщщ бэлыджэм сэбэпу къихьым зэрытепсэлъыхьар,абы зи тэмакъ узхэм папщIэ хущхъуэ езы еджакIуэ цIыкIухэм къызэрыхащIыкIар.Дакъикъэ 25-рэ зыхухаха мастер-классыр апхуэдизу зэпэщу екIуэкIат,нобэрей зэманым егъэджэныгъэм и IэмалыщIэ куэдыр къыщыгъэсэбэпати,зы напIэ дэхьеигъуэт.КъэпщытакIуэхэм ялъэгъуар яхуэмыIуатэу,еджакIуэ цIыкIухэм я бзэр шэрыуэу зэрыщытыр яфIэтелъыджэу,ялъэгъуа псоми дамэ дагъуэтауэ етIауэ дерсым кIуахэщ.

ЕтIуанэ мастер-классыр зыгъэлъэгъуар къэбэрдей-шэрджэсыбзэм и егъэджакIуэ Урыс Наташэ Юрэ и пхъур аращ. Тхьэмокъуэ Барэсбий и «Зэрыджэ Iэрамэ» рассказыр щызэпкърахащ етхуанэ классым. Зэрыджэ къэкIыгъэр къигъэсэбэпкIэрэ ,рассказыр зэпкърыригъэхкIэрэ егъэджакIуэм еджакIуэхэм къагуригъэIуащ хэкужь и жыгхэкI дэтхэнэми сэбэпагъ иIэу зэрыщытыр,цIыхухэм я адэ-анэр, хэкур фIыуэ ялъагъуу зэрыщытыпхъэр.Дерсыр лъэныкъуэ зэхуэмыдэхэу зэхэухуэнат.Абы егъэджакIуэм щигъэлъэгъуащ презентацэхэр,усэхэм еджакIуэхэр къыщеджащ,псынщIэрыпсалъэхэр,хъуэхъухэр щыжаIащ.ЕджакIуэхэр гуп-гупу игъэлэжьащ, рассказым щыщ теплъэгъуэ езы егъэджакIуэхэм дагъэлъэгъуащ,текстымкIэ игъэлэжьащ, анаграммэ ,синквейн яригъэщIащ,цIыхухэм сымаджэ мыхъун папщIэ зэрыджэм къыхэщIыкIа хущхъуэгъуэ еджакIуэ пщащэм иригъэгъэхьэзыращ.ГъэщIэгъуэнт синквейн щащIым щыгъуэ а лэжьыгъэр зэрызэфIахар.ЯгъэзэщIа лэжьыгъэм абыхэм курых хуащIар адыгэ унэрщ, ар зэфIэзыгъэт,езыгъэфIакIуэ пкъыгъуэ куэдым тепсэлъыхьыжурэ.ЕгъэджакIуэ Наташэ щIэныгъэ ин зэрыбгъэдэлъыр наIуэт.Ар еджакIуэ цIыкIухэми яIурылъ адыгэбзэм якIэлъоплъабыхэм я дежкIэ гъуэгу гъэлъагъуэщ.

«КъэкIуэну зэманым дызэрыпежьэр» мастер классыр игъэлъэгъуащ еджапIэм географиемкIэ и гъэджакIуэ Къанкъул Татьянэ Башир и пхъум. ЕпщIанэ классым и еджакIуэ цIыкIухэр абы тригъэпсэлъыхьащ щIыуэпсым нобэкIэ игъуэт зэхъуэкIыныгъэхэм,а зэхъуэкIыныгъэхэр къэзышэ щхьэусыгъуэхэм. Дерсым курых хуищIар псэ хэлъхьэжу щыт псырщ.Дакъикъэ, сыхьэт, махуэ къэс къэдмыгъэсэбэпу ауэ сытми дгъэкIуэд,къидгъэж псым дыкIэлъыплъын зэрыхуейм хуабжьу иригузавэрт егъэджакIуэр.АдыгэбзэкIэ дерс зэи езымыгъэкIуэкIа Къанкъулыр къэбэрдей-шэрджэсыбзэм и егъэджакIуэ фIэкIа пщIэнтэкъым.Абы и адыгэбзэм къару хэлът,жиIэр еджакIуэхэм зэхахт, къипсэлъ псоми фIэщхъуныгъэ яхэлът.ЕджакIуэ цIыкIухэр гупитIу лэжьащ доскам бгъэдэту, картэхэми зыхуейхэри къыщагъэлъэгъуащ,слайдхэмкIи псым и Iуэхур зытетыр таблицэхэу, схемэхэу къагъэлъэгъуащ.Дерсым кIэухыу егъэджакIуэм хуищIар «псы лъэгу» зыфIища Iыхьэр арат.МыбыкIэ иджыри зэ абы дыщигъэгъуэзащ псым мыхьэнэшхуэ зэриIэм,щIыуэпсым кIэлъыплъын зэрыхуейм.

КлассщIыб лэжьыгъэмкIэ жэуап зыхьахэр еджапIэм егъэджэныгъэмрэ гъэсэныгъэмкIэ и унафэщI Бэчкъан Залинэ Хьэдин и пхъумрэ адыгэбзэмкIэ и егъэджакIуэ Сокъур Люсенэ Абузед и пхъумрэщ.Хэкум и дахагъэ куэд къыщыгъэлъэгъуа сурэтхэм, лъэпкъыр зэрыгушхуэ цIыху щэджащэхэм, республикэм и лIыхъужьхэм къытхутепсэлъыхьахэщ етхуанэ классым щеджэхэу Щоджэн Линэрэ Къуэдз Андемыррэ. Адыгэ лъэпкъым къыдэгъуэгурык1уэ,къигъэсэбэп макъамэ 1эмэпсымэхэм гупсэхуу къытхутепсэлъыхьа,абыхэм теплъэу я1ахэм щыгъуазэ дищ1ащ епщ1анэ классым щ1эс Хъромэ Замир.Хадэм,вэн-сэным 1ухыжыгъуэм епхауэ адыгэхэм пасэм къагъэсэбэпу щыта хьэпшыпхэр ди пащхьэ къизылъхьа,абыхэм ек1уу къытхутепсэлъыхьыжар Пщыхуэф1 Тембулэтщ.Адыгэ шхыныгъуэхэр зэрагъэхьэзырым,ар ц1ыхухэм я дежк1э илъэс гъуэмылэу,1эф1ыщэу зэрыщытым жьабзэу къыджезы1ар Дохъушыкъуэ Дианэщ.

«ВакIуэдэкI» гъэлъэгъуэныгъэмкIэ зэхэша хъуа утыкум щыдамыгъэлъэгъуа щыIэкъым. Пасэ зэманым щIыр зывэну, зысэнухэм драгъэкIуэкIыу хабзэхэм дыщагъэгъуэзащ еджакIуэхэм.ЩIым елэжьынухэм пщIэ зэрыхуащIым къыдэкIуэу,а зэманыр къуажэдэсхэм я гуфIэгъуэу зэрыщытари наIуэ тщащIащ.ВакIуэ щыIахэр кърагъэблэгъэжащ нэхъыжь и хъуэхъукIэ,джэгуакIуэм зэхиша къафэхэмкIэ,гур зыгъэпсэху уэрэдхэмкIэ,псынщIэрыпсалъэхэмкIэ,хъуэрыбзэ жыIэнкIэ,щIалэгъуалэм я дамэпкъ зэпекъукIэ.Зы жьэу,зы псэу,зы унагъуэу екIуэкIа классщIыб лэжьыгъэм зи пшынэбзэ екIур къизышар еянэ классым щеджэ Дэмбырэ Илинэрэ а класс дыдэм щеджэ Нартокъуэ Темирланрэ.

КъэпщытакIуэхэм я псалъэхэм къызэрыхагъэщащи, 27-нэ еджапIэм гъэлъэгъуа щыхъуахэм наIуэ къащIащ адыгэбзэр еджакIуэ цIыкIухэм я анэбзэу зэрыщытыр,егъэджакIуэхэм егъэджэныгъэ,гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ лэжьыгъэ ин зэрырагъэкIуэкIыр,абыхэм сыт ямыгъэлъагъуэми адэ-анэхэмрэ еджапIэм и унафэщIымрэ къыдаIыгъыу зэрыщытыр.

Къыхэзгъэщынут илъэсий хъуауэ еджапIэм и унафэщI Шэрий Мадинэ Аслъэнбий и пхъум адыгэбзэр зэрыфIэфIыр,ар абы и жьабзэу зэрыщытыр,еджапIэм щекIуэкI дэтхэнэ зы Iуэхугъуэми и зэфIэкI зэрыхилъхьэр,гулъытэ псоми зэрахуищIыр.Утыкум иту зыкъэзыгъэлъагъуэ, дерсым щIэсу жэуап зыт еджакIуэхэм ар апхуэдизу тегузэвыхьу щытти, дэтхэнэми псэкIэ дэщIыгъут,игукIэ игъэхуабэт, псалъэ гуапэкIэ захуигъазэрт.

Зэпеуэ-фестивалым кърихьэлIахэм телъыджэ ящыхъуащ еджапIэм дэлъ дахагъэр.

МахуэлI Беслъэн













К1энц1элий Алесэ

Методическэ зэгухьэныгъэм и унафэщ1 Тау 1эсият

Урыс Наташэ

Къанкъул Татьянэ


Скачать

Рекомендуем курсы ПК и ППК для учителей

Вебинар для учителей

Свидетельство об участии БЕСПЛАТНО!

Закрыть через 5 секунд
Комплекты для работы учителя