СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Сочиненэ «Гъатхэ»

Нажмите, чтобы узнать подробности

Просмотр содержимого документа
«Сочиненэ «Гъатхэ»»

Темэр: Бз/з Сочиненэ «Гъатхэ»

Мурадыр:Гъатхэм и нэщэнэхэм гулъагъэтэн, абыхэм къытепсэлъыхьыфу егъэсэн. Сабийхэм я гупсысэк1эм, я акъылым хэгъэхъуэн ,езыр-езыругъэм и зэманым и теплъэр къагъэц1ыхун , нэщэнэхэр къыжа1эфу егъэсэн. Дахэркъалъагъуфу ,къэзыхъуреихь дунейм пщ1э хуащ1у , абы щыгуф1ык1хэу егъэсэн.

Псалъалъэ: гъатхэ, псыхьэлыгъуэ, бжэндэхъу , вынд , уэгунэбзу.

2. Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын.

Нало Заур и хыгъэм 1ыхь – 1ыхьэк1э тегъэпсэлъыхьыжын.

Абыхэм хуэгъэува упщ1эхэм жэуап ирегъэтын.

2.Темэщ1эм елэжьын.

- Ц1ых1ухэ, ди классыр нэху зэрыхъуам г улъыфтэт: Ар дыгъэ ц1ык1ур дэ хьэщ1ап1э къытхуэк1уащи аращ.

Дыгъэм и хуабагъыр гъатхэм сэбэп зэрыхуэхъу тепсэлъыхын.

Усэм егъэджэн


Щэху-щэхуу, зыми къэдмыщ1эхэу,
Щ1ыналъэм гъатхэр къытехьащ.
Апхуэдэу щэхуу, къэзмыщ1эхэу,
Сэ си псэм бжьыхьэр къыхыхьащ.
Мо жыгхэм гъагъэу къыщ1адзащи,
Iэф1ымэм псори егъэхъуапсэ.
Си гу ит удзгъагъэхэр хуэлащи,
Блэк1амк1э 1ейуэ сагъэхъуапсэ!
Бзум и уэрэдыр къыщыришым,
Дунейм зеущэхури, хущ1одэ1у.
Уэрэд къыришу щыщытари
Мо си псэм сэ сщыгъупщэжащ.
Мо гъатхэ дыгъэм и бзий пщтырхэр
Щхьэцыпэм щабэу къодэхащ1э.
Сэ си гу бзэ 1эф1 и псалъэ щабэу
Зы макъ аф1эк1 къемыдэхащ1э...


Гъатхэм и къэхъу къащ1эм гу лъегъэтэн.

Щ1ып1э хуабэм къик1ыж бзухэм тепсэлъыхьын

Гъатхэм губгъуэм , хадэм щек1уэк1 лэжьыгъэхэм теухуауэ ящ1эр къегъэ1уэтэн.

Удз гъэгъахэм я къэк1ык1эм гу лъегъэтэн.

Псалъэжьхэм къегъэджэн.

3.Физминуткэ.

4. Яджар егъэбыдыл1эн.

- Ц1ык1ухэ ,феплъхэт мы сурэтхэм. Мы сурэтым деж уэсыр тк1ужын щ1идзащ, дыгъэр къопс, нэхъ хуабэ хъуащ.Сыт хуэдэ гъэм и зэман ар къыщыхъур?

- Гъатхэр зэман дахэщ. Щ1ымахуэм жея дуней дахэр къуоуш. Махуэ къэс нэхъ дахэ мэхъу ,удз гъэгъахэм дунейр ягъэдахэ.

- Ц1ык1ухэ , сыт хуэдэгъэм и зэман дэ нобэ дызытепсэлъыхьар?

5. Унэ лэжьыгъэ.

Сочиненэ «Гъатхэ» зэхэльхьэн.