Сочиненэ.
“Пщэдей си бзэр к1уэдыжынум, сыл1эну нобэ сыхьэзырщ”.
Зытхар: Сижажэ Лянэ Аслъэн ипхъу.
Руководителыр: Къурашэ Эммэ Хьэутий ипхъу.
“Пщэдей сэ си бзэр к1уэдыжынум, сыл1эну нобэ сыхьэзырщ”.
Щы1экъым бзэ ц1ык1у е бзэ ин. Щы1эу щытми адыгэбзэр нэхъ бзэ ин дыдэхэм,нэхъ дахэхэм,нэхъ куухэм,нэхъ шэрыуэ-1эрыхуэхэм щыщщ. Дунейпсо бзэщ1эныгъэм къызэрилъытэмк1э ,адыгэбзэм и мыхьэнэр къызэрымык1уэу инщ. Абы къик1уа гъуэгур апхуэдизк1э к1ыхьщи ,уасэрэ пщ1эуэ бзэщ1эныгъэл1хэм хуащ1ыр мылъытэщ.
Абхъаз-адыгэ бзэ гупыр зыхыхьэ иберийскэ-кавказскэ бзэ зэрыбыным и ныбжьыр индоевропей,алтай,угро-фин бзэ бынищым зэхэту я ныбжьым хуэдизщ.Апхуэдэ гъуэгуанэшхуэ къэзык1уа ди анэдэлъхубзэр дэтхэнэ зы адыгэми тщ1эныр,тхъумэжыныр ди къалэнщ.
“Пщэдей сэ си бзэр к1уэдыжынум,сыл1эну нобэ сыхьэзырщ”. Гурыщ1эм зыкъезыгъэгъазэ апхуэдэ псалъэхэр жызы1эфынур,дауи,и лъэпкъым и гук1и, и псэк1и к1эрыпщ1а,усак1уэшхуэ Расул Гамзатовращ ик1и абыхэм я мыхьэнэр дэтхэнэ зым и дежк1и махуэ къэс хэхъуэ зэпытщ.Дунейм зы лъэпкъи тету къыщ1эк1ынкъым щ1эблэ махуэ,щ1эблэ узыншэ, щ1эблэ гъэса ди1ащэрэт жимы1эу.Ар апхуэдэурэ къок1уэк1 игъащ1э лъандэрэ.Дауи,шэч хэмылъу,лъэпкъхэм я щ1эблэм ират гъэсэныгъэр елъытащ лъэпкъым езым и псэук1ам, и тхыдэм и къек1уэк1ык1ам,и лэжьыгъэм,и хабзэм,и бзэм пщ1э зэрыхуищ1ым.
“Зэманым дек1ур,л1ыф1щ”,-жи1эгъащ Къэбэрдейм и л1ы 1ущ Къэзэнокъуэ Жэбагъы. Адыгэ лэжьыгъэм и телъхьэу,зэманым дек1у ц1ыхуу дызыгъэсэнур ди анэдэлъхубзэрщ. Абы и мыхьэнэм теухуауэ псалъэ гуапэ куэд ятхащ ди еджагъэшхуэхэм,тхак1уэхэм,усак1уэхэм.Лъэпкъ укъызыхэк1ам и бзэр умыщ1эжыныр насыпыншагъэщ.Абы и щыхьэтщ хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я тхьэусыхафэр.Уи бзэр пщ1эжыныр,абык1э утхэфу,ущытыныр –насыпышхуэщ,сыту жып1эмэ абы къегъэлъагъуэ уэ зыми емыщхь лъэпкъ гуэрым узэрыщыщыр,узэрыадыгэр. “Бзэр пщ1эныр,ар щ1эныгъэм,культурэм,хабзэ дахэхэм уахуэзышэ гъуэгум я къежьап1эщ”-итхыгъащ К1ыщокъуэ Алим.
Нобэ дэтхэнэ зы лъэпкъри хуит хъуащ и тхыдэр,и хабзэр,и фащэ дахэр къищтэжыну ,къигъэщ1эращ1эжыну,иригъэф1эк1уэну.Ар лъэпкъ псоми я гуф1эгъуэщ.
Адрейхэми хуэдэу адыгэхэм я щ1эблэ гъэсэныгъэр къыщежьэр унагъуэрщ.Ауэ жа1экъым:”Унэм зжыщыгъаси,хасэм яхыхьэ”! Унагъуэм
къищынэмыщ1а мыхьэнэшхуэ и1эщ ц1ыху щызэхыхьэ дэтхэнэ зы зэхуэсми.Абыи гъэсэныгъэшхуэ къыхэпхыфынущ.
Лъэпкъым и пщ1эр зыгъэиным щ1ыхьыр ину хуэфащэщ.Адыгэбзэм и гугъу щытщк1э дытемыпсэлъыхьу хъунукъым абы гуэхып1э имы1эу епха ди адыгэ хабзэми. Ар дэтхэнэ ди зы лъэпкъэгъум дежк1э адэжь дэмыгъэщ ,акъыл гъуэмылэщ.
Хабзэр лъэпкъым и фэеплъщ ик1и мык1уэдыжын къулеягъэщ.Гъащ1эр насыпк1э зыхуэупсэр зи хабзэр ф1ыуэ зылъагъурщ. Зи лъэпкъыр ф1ыуэ зымылъагъум и хабзэми пщ1э хуищ1ыркъым.
Адыгэ нэмысыр,хабзэр ц1эры1уэу ижь-ижьыж лъандэрэ къок1уэк1.Ик1и аращ адыгэхэм деж нэгъуэщ1 лъэпкъхэр къек1уэк1ырейуэ щ1ыщытар,адыгэ хабзэм,нэмысым к1элъыплъыну,загъэсэну.”Хуитыныгъэр ф1ыуэ зылъагъу, нэмысышхуэ зыхэлъ лъэпкъ гуапэщ адыгэхэр”,жи1эгъащ урыс тхак1уэшхуэ Грибоедовым.
Щ1эблэщ1э къэхъур тэмэму гъэсэнымк1э,абы бгъэдыхьэк1э тэмэм хуи1энымк1э мыхьэнэшхуэ зи1эщ лъэпкъым и бзэмрэ и хабзэмрэ.Ауэ,ди жагъуэ зэрыхъущи ,дэ иджыри дыхуозэ адыгэбзэм и пщ1эр,нэмысыр,къарур къызыгурымы1уэ ц1ыхухэм. 1эмал имы1эу апхуэдэ ц1ыху “гъуэщахэр” нэхъ мащ1э зэрыхъунум дыхущ1экъун хуейщ,адыгэ лъэпкъ ц1э лъап1эр зетхьэу,ди бзэ дахэр т1урылъу дунейм дытетыну ди мурадмэ.