СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Сценарий интеллектуального конкурса – игры «Адыгэ лъэпкъыр псэущ». (6-8 класс)

Нажмите, чтобы узнать подробности

Сценарий интеллектуального конкурса-игры для 6-8 классов.

Просмотр содержимого документа
«Сценарий интеллектуального конкурса – игры «Адыгэ лъэпкъыр псэущ». (6-8 класс)»













Сценарий

интеллектуального

конкурса – игры

«Адыгэ лъэпкъыр псэущ».

(6-8 класс)



Автор: Хацукова Мадина Гумаровна, учитель кабардино-черкесского языка и литературы, МКОУ «СОШ №18» г.о. Нальчик.














Си адыгэр умыц1ыхум

Тхыдэм еплъи къыбжи1энщ,

Тхылъ умыщ1эм зэрыщытыр

Къызэупщ1и сэ бжес1энщ.

Рамзесышхуэм джатэ жанк1э

Езэуахэм дырабынщ,

Къырым хъанхэр бгыху лъащ1эпщ1эм

Щызыдзахэм дыракъуэшщ.


_Егъэджак1уэм: Фи махуэ ф1ыуэ, ди хьэщ1э лъап1эхэ! «Адыгэ лъэпкъыр псэущ» зыф1этща ди зэпеуэр ди гуапэу къызэ1удохри, ди гуапэу фыкъыдогъэблагъэ! Адыгэ лъэпкъыр псэущ, щыжыт1эк1э, 1эмал имы1эу ди нэгу къыщ1охьэ адыгэ щ1алэ уардэхэмрэ адыгэ пщащэ щ1ык1аф1эхэмрэ. Аращи, иджыпсту зэпеуэм хэтыну адыгэ пщащэхэмрэ щ1алэхэмрэ ди утыкур яхузэ1удох. Мыбыхэм зэман еттри загъэхьэзыращ адыгэ лъэпкъым и тхыдэмк1э, адыгэ хабзэмк1э, хъуэхъужьхэмк1э, нэгъуэщ1хэмк1и. Иджыпстуи къэтщ1энщ я зэф1эк1ыр здынэсыр.

(Гупит1ыр сценэм къохьэ, «Нэмыс», «Насып»)

Егъэджак1уэм: - Джэгунухэр утыкум щитк1э, хеящ1эри фэдгъэц1ыхунщ.

(Хеящ1эм хэтщ егъэджак1уэхэри еджак1уэхэри. Зырызурэ къэтэджурэ залым щ1эсхэм идогъэц1ыху)

Егъэджак1уэм: - Иджы, джэгунухэм фи пашэхэр дывгъэц1ыхуамэ, ди гуапэт.

Джэгухэм:

  1. Нэмысщ1экъуу дэ ди гупым ди тхьэмадэр -Къуэщ1ысокъуэщ.

  2. Нэмысыф1э гупми ди пашэщ К1эрэф Арианэ.

(Къыхок1уэт, щхьэщэ ящ1ри зыкърагъэц1ыху).

Егъэджак1уэм: - Нт1э, аращи зэпеуэм щ1ыдодзэ. Япэ упщ1эм и жэуап зытынур зэхэдгъэк1ын папщ1э, утыкур хуит худощ1 пашэхэм.

(Пашэхэр утыкум къохьэри къебжэк1ымк1э зэхагъэк1 япэ упщ1эр зылъысынур)



Инэ-инэ,

Инэмыкъуэ,

Мыкъуэщхьэл,

Щхьэлкъутэ,

Къутэро,

Що мыхъу,

Що хъуа,

Хъурзэнат1э,

Хьэнат1ищ,

Л1ищ зыук1,

Зызыук1ыж,

П1ырегуэш,

Гуш хэлъэф.

Егъэджак1уэм: И1эт-т1э, си къуэдзэ, уэращ нобэ мыхэр зыгъэгупынури, къихьэ утыкум!

(Хьэжыгъафэр къафэурэ къохьэ)

Хьэжыгъафэм: Мыр сыт хьэлэмэт, сыту куэд фызэхуэса! Гуапэщ, гуапэ, адыгэбзэр ф1ыуэ зылъагъу, адыгэ хабзэр зыдж адыгэ нэсхэр апхуэдиз дызэрыхъур! Аращи, япэ упщ1эр! (хъуржыным илъ упщ1эхэм хегъэ1эбэ къебжэк1ымк1э хэ1эбэгъуэр къызытехуар).

Егъэджак1уэм:

Аращи, япэ упщ1эр къыхех ____________гупым.



  1. Нарт л1ыхъужьхэр, абыхэм я хьэл-щэнхэр.

  2. Япэ 1уащхьэмахуэ дэк1а адыгэ щ1алэр.

  3. Адмирал Ушаков и адыгэ лъабжьэхэр.

  4. Адыгэ хьэщ1эм теухуауэ. Хьэщ1эм и ежьэжык1эм, псалъэм папщ1э, шым и щхьэр здэгъэза лъэныкъуэм сыт хуэдэ мыхьэнэ и1эт?

  5. Псынщ1эрыпсалъэ зэпеуэ (гупит1ми).

  6. Адыгэ ныпым и махуэр дапщэщ ягъэлъап1эрэ? Адыгэ ныпым теухуауэ фщ1эм фытепсэлъыхь.

  7. Адыгэу дунейм тетым я сыт хуэдэ махуэ майм и 21-р?

  8. Адыгэ 1энэм ехьэл1а хабзэхэм щыщу мэл щхьэ щ1ылъэныкъуэм теухуауэ сыт фщ1эрэ?

  9. Псалъэжь зэпеуэ (гупит1ми чэзууэ жа1э).

  10. Адыгэ 1энэм ехьэл1а хабзэхэм щыщу нэгэгъум и гуэшыным къежьап1э хуэхъуар.

  11. Уэрэд (зы гупым).

  12. Къафэ (ет1уанэ гупым).









Нарт л1ыхъужьхэр, абыхэм я хьэл-щэнхэр.

1. Адыгэ лъэпкъым и налкъутналмэсщ «Нарт хъыбарыжьхэр». Абыхэм лъэпкъым и блэк1а жыжьэр, я хъуапсап1эу щытахэр къыхощыж. Нартхэм я Хэкур ф1ыуэ ялъагъу, ц1ыхугъэшхуэ ябгъэдэлъщ. Ахэр лъэщхэщ, къаруушхуэ яхэлъщ, щэныф1эхэщ, хьэлэлхэщ, зыхузэф1эмык1хэм ядо1эпыкъу. Сосрыкъуэ, Бэдынокъуэ, Лъэпщ, Бэдын,Ашэ, Ашэмэз, Бэтэрэз, Къанж, Щауей, Нэсрэн, Уэрсэрыжь, Дамэду, Жьэмэду, нэгъуэщ1хэри. Сосрыкъуэ нартхэм маф1э къахуехь, Бэдынокъуэ хабзэжьыр екъутэри хабзэф1 нартхэм къахелъхьэ-жьы хъуа ц1ыхухэр Жьыгъэибг ирадзыхыжыркъым, пщ1э хуащ1у я чэнджэщхэм йода1уэ. Лъэпщ нартхэм гъубжэ, 1эдэ, нэгъуэщ1 1эмэпсымэхэр яхуещ1. Япэнэс мак1уэри нартхэм Дахэнагъуэ къахуешэж. Дахэнагъуэ насып пэлъытэщ, насыпым и символщ. Ар къахыхьэжа иужь нартхэм насыпыф1эу псэун щ1адзэ. Бэтэрэз нарт тхьэмадэ Нэсрэн жьак1э хуит къещ1ыж, Ашэмэз и адэм илъ ещ1эж.

2. Япэ дыдэ 1уащхьэмахуэ дэк1а адыгэл1 хахуэр Хьэшыр Чыларщ.

Ар къыщыхъуар 1829 (минрэ щийрэ т1ощ1рэ бгъу) гъэм и июлырщ. Июлым и пщык1узым ц1ыхуибгъу хъууэ- зоолог Менетрие, профессор Купфер, физик Ленц, архитектор Бернардоцци, адыгэ 1эхъуэ Чылар, къэзакъипл1 я гъусэу ежьащ 1уащхьэмахуэ дэк1ыну. Арщхьэк1э, жыжьэ нэмысу гупым иныкъуэм къагъэзэжащ. Жьыбгъэмрэ уаемрэ яхуэмышэчыжу 1уащхьэмахуэ и бгы дыкъуакъуэм нэсауэ адрей къэнэжахэми къагъэзэжащ. Хьэшыр Чылар къахуигъэзакъым, и пащ1эри и жьак1эри сытхъум зэщ1и1ул1ат, езыри къарууншэ хъуат, ауэ и гупсысэр зыт-гъуэгур и к1эм нигъэсын, щыгум нэсын. «Хьэуэ, къэгъазэ щы1экъым, сыт напэр си1эу къуажэм сахыхьэжын?» -егупсысырт ар. Къарууэ и1эр зыхилъхьэри жьыбгъэми, щ1ы1эми пэщ1эуващ адыгэ щ1алэр. Къалътмакъри къехьэлъэк1 хъуат, ауэ мы дунейр къызэрыхъурэ ц1ыхулъэ зытемыува 1уащхьэмахуэ и щыгу дыдэм теуващ ар. Зэрынэсам и щыхьэту мывищыр зэбгъэдэлъу игъэт1ылъри и пы1эр трилъхьэжащ, абы и щхьэм епл1анэ мывэри трилъхьэжащ. Мис апхуэдэу гугъуехьми щ1ы1эми къыхуэмыгъэдзыха адыгэ щ1алэм и ц1эр тхыдэм къыхэнащ.



3. Урыс кхъухьыпщ адмирал Ушаков адыгэ лъэпкъым хуи1э пыщ1эныгъэр.

Урыс тхыдэм къызэрыхэщымк1э, Мстислав косогхэм я деж зауак1уэ къэк1уауэ щытащ. Дзит1ыр зэзэуэну зэпэщ1эува иужь, а зэманым зэрыхабзэти, Ридадэ адыгэпщым жи1ащ: «Дзит1ыр щхьэ зэрыдгъэук1ыжрэ: уэрэ сэрэ дызэгъэбэни, укъыстек1уэмэ, си лъапсэри, си мылъкури, си бынри ууейщ. Сыптек1уэмэ, уи лъапсэри, уи мылъкури, уи бынри сысейщ!» Зыкъомрэ зэбэнауэ Ридадэ джэлащ. Щыджалэм, Мстислав адыгэпщым хьэджэсэк1э къепыджащ». Ридадэ хигъэщ1а иужь Мстислав ихьащ адыгэпщым и къуит1. А т1ум къытехъук1ащ урыс лъэпкъ ц1эры1уэ зыбжанэ. Урыс Кхъухьыпщ адмирал Ушаков къызыхэк1а лъэпкъри Ридадэ и къуит1ым я зым къытехъук1ащ- абы щыхьэт тохъуэ езы адмиралри.

4. Хьэщ1эм и ежьэжык1эм, псалъэм папщ1э, шым и щхьэр здэгъэза лъэныкъуэм сыт хуэдэ мыхьэнэ и1эт?

Пасэ зэманым ц1ыхухэр зэрызек1уэр шууэт. Шу хьэщ1эр щышэсыжк1э бысымым къыхуэарэзымэ, шыщхьэр унэмк1э гъэзауэ шэсыжт. Бысымым арэзы имыщ1ыфамэ, е зыгуэрк1э и жагъуэ къащ1амэ, шыщхьэр куэбжэмк1э гъэзауэ шэсыжти дэк1ыжт. Апхуэдэ къэхъуамэ унагъуэ псом и дежк1э гуауэшхуэт, хэт зэхихми, напэтехыгъэт. Апхуэдэ къэмыхъуныр арат адыгэр егъэлеяуэ хьэщ1эм щ1ыхуэсакъыр, «игъэхьэщ1эфакъым», «зы хьэщ1э арэзы хуэщ1акъым» къыхужамы1эн папщ1э.

5. Адыгэ ныпым и теплъэр, ар щагъэлъап1э махуэр.

Адыгэ ныпыр адыгэхэм ягъэлъап1э мэлыжьыхьым (апрелым) и 25-м. Дунейпсо Адыгэ хасэм и унафэк1э ар ягъэлъап1э минит1рэ епщ1анэ(2010) гъэм лъандэрэ. Дунейм и берычэтым и нагъыщэ нэхъыщхьэр удзыфэщ. Адыгэ ныпыр щ1эудзыфэри аращ. Языныкъуэхэм къызэралъытэмк1э, ар удзыфэу щ1ащ1ар муслъымэн диным и плъыфэр зэрыудзыфэрщ. Адыгэ бэракъым/ныпым вагъуэ пщык1ут1 тетщ. Ахэр адыгэ л1акъуэ пщык1ут1ым я зырызщ. Адыгэ л1акъуэхэр зыуэ зэрызэгъэубыд дамыгъэт адыгэ бэракъыр, абы тет вагъуэхэр. Ахэр: жаней, натхъуэдж, шапсыгъ, абэзэхэ, бжьэдыгъу, хьэтыкъуей, к1эмыргуей, махъуэш, беслъэней, абазэ, къэбэрдей, убых. Бэракъым тет шабзэшищыр зэкъуэтыныгъэмрэ мамырыгъэмрэ я дамыгъэщ. Адыгэл1ыр зауэ 1уэху зримыхуэу, мамыр 1уэхук1э щыдэк1к1э( щак1уэ щык1уэк1э) къыздищтэу щытар шабзэшищщ. Адыгэл1 нэсыр а шабзэшищым ирикъунут ирищэк1уэну. Апхуэдэу, адыгэ лъэпкъыу хъуар мамырыгъэм хущ1экъуу псэун хуейщ жи1эу аращ ди ныпым и мыхьэнэр. Иджыпсту ди спортсменхэм дуней псом къыща1эт, щагъэлъагъуэ, ирогушхуэ адыгэ ныпым. Хьэгъуэл1ыгъуэхэм, махуэшхуэхэм къыща1эт.

«Адыгэ нып» усэр.

Адыгэ ныпыр дыгъэм пэлыдрэ,

 Кавказ къуршыжьыр къыпэлыдыжу,

 Уафэм дэтхьеймэ ди Шыхулъагъуэу,

 Щ1ылъэм къетхьэхмэ ди гъуазэу,

 Жьы къабзэм бгъэ лъэщу дэхуарзэу,

 Гуф1эгъуэ махуэм хуэт1эту,

Гузэвэгъуэ махуэхэм дызэхуишэу,

 Шабзищыр мамырыгъэм и телъхьэу,

 Вагъуэхэр мыужьыхыжу къаблэу,

 Дыщэпск1э дарэ мыукъуейуэ,

 1уащхьэмахуэ и щыгум щыхуарзэу,

Лъэпкъ зэбгырыдзар зы дищ1ыжарэ,

И жьауэм аф1эк1а дыщ1эмык1ыжу,

 Маф1э зыгъэхуабэр мыунк1ыф1ыжу,

Адыгэ ныпыр тхьэм тхуэмэхуэн ищ1!

(Усэр гук1э зрагъащ1э)

6. Адыгэхэм я щыгъуэ (хьэдагъэ) махуэ —накъыгъэ мазэм и 21-м адыгэхэм я щыгъуэ махуэщ. А махуэр къызэрыхахар зэпхар мыращ: накъыгъэм и 21 махуэм 1864 гъэм Урыс-Къаукъаз зауэр Кбаадэ къуэм и деж щиухауэ ялъытэ, урысхэр Къаукъазым ис цIыхухэм къатекIуэу. Абы къыхэкIыу 1763 гъэм щыщIэдзауэ 1864 гъэ хъуху (илъэси 101) екIуэкIа зауэр апхуэдэ гуIэгъуэшхуэкIэ иухащ. А лъэхъэнэм щыгъуэ адыгэу зауэм къелауэ урысхэм я унафэ щIэтыну хуэмейхэр хы Iуфэм нэс яшэрти, кхъухьхэм ирагъэтIысхьэурэ Тыркум яхурт. Зауэ нэужым Къаукъазым щыпсэууэ щыта адыгэхэм ящыщу Хэкум къинэжар процентитху (5%) къудейщ..

А махуэм адыгэхэр куэду щыпсэу щIыпIэхэм зэхуэс щащI, я гуауэм и инагъыр мыдрей лъэпкъхэм ирагъэлъэгъуну.

Накъыгъэм и 21-р щыгъуэ махуэу икIи мылэжьэгъуэ махуэу 1990 гъэм траухуауэ щытащ. Нобэ, адыгэхэм я бжыгъэр мелуаниплIым носыр, абы я нэхъыбапIэр хамэ щIыпIэ, хамэ къэрал 40 щIигъум щопсэухэр. Иныкъуэхэм зауэ зэманым къекIуэкIа цIыхуукIымрэ хэкужьым щхьэхуимыту ирахунымрэ — лъэпкъгъэкIуэду щытауэ ябжыр.

9. Адыгэ фащэм и махуэр.

Адыгэ фащэм и махуэр ягъэлъап1э адыгэ псоми 2012 гъэ лъандэрэ. Япэ дыдэ апхуэдэ гукъэк1 зыщ1ауэ щытар Хъыжьрокъуэ Сулът1анщ. Абы и лъэ1ук1э Дунейпсо Адыгэ Хасэм унафэ ищ1ащ а махуэшхуэр фок1адэ мазэм и 28-м ягъэлъэп1эну. Фащэм тхыдэ гъэщ1эгъуэн и1эщ.

Адыгэ лъэпкъым къигъэщ1ащ мы дунейпсом яф1этелъыджэ адыгэ фащэр. Дахэу зэщ1эпщ1ыпщ1эу, зэщ1элыдэу дарий бостейхэмрэ дыщэ пы1эхэмрэ хадык1ырт. Адыгэ щ1алэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ фащэ дахэр щыщат1агъэк1э зэрыадыгэм нэхъри уардэ ирихъуу, я 1эпкълъэпкък1и, я псэк1и а гушхуэныгъэр зыхащ1эу, езыхэри нэхъ дахэж щ1эхъук1ыу ящыгъэт. И уасэк1э адыгэ 1эщэ-фащэр зэи пуду щытакъым. Щэк1ым къыхэщ1ык1ахэр зэрахъуэк1ми, къамэ-бгырыпх хуэдэхэр ц1ыхум и гъащ1э псом зэт зэрызригъэпэщыфыр, нэхъыбэр л1эужьхэми къахуэнэжу зрахьэрт. Ахэр дыщэ, дыжьынк1э гъэщ1эрэщ1ат.

Адыгэ фащэм зэф1эувэн иригъэжьауэ ялъытэ е 6-нэ л1эщ1ыгъуэм. Фащэр зэф1эувэным зэманышхуэ тек1уэдащ, ик1и и лъэ щытеувэпар е 18-19 л1эщ1ыгъуэхэрщ. «Черкескэ» жи1эмэ, ар зи фащэр занщ1эу гуры1уэгъуэщ. Ауэ къэзакъхэм зыщат1агъэри «кубанкэ» ф1ащыжащ, куржыхэми ящтауэ «грузинкэк1э» йоджэ. Адыгэ фащэр къэзакъхэм щащтар 1828 гъэращ. Линием и генерал-лейтенант Эмануэль къэзакъхэм я фащэ зэхэтхъуар хуэмышэчыжу, псоми адыгэ 1эщэ-фащэр зрахьэну унафэ ищ1ат. 1831 гъэм январым и 16-м а унафэм пащтыхь Александр е-2-нэм 1э щ1идзащ. Ди фащэм черкескэк1э» еджэу урысыбзэм щыхыхьар 1861 гъэм январым и 27-щ.

Лъэпкъ фащэм и дунейпсо махуэр республикэм зэ­рыщагъэлъэпIэнур зыубзыхуну къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэ фокIадэм и 18-м 2012 Дуней­псо Адыгэ Хасэм и IуэхущIа­пIэ нэхъыщхьэм щекIуэ­кIащ.  Фигу къэдгъэ­кIы­жынщи, лъэпкъ фащэм и махуэр адыгэ псоми зэдагъэлъэ­пIэн зэрыхуейр япэу къы­хэ­зылъ­хьар­ КъБР-м ЩIа­лэгъуалэм я IуэхухэмкIэ ­министру щыта Хъы­жьрокъуэ СулътIанщ. ДАХ-м и хасащхьэм хэтхэм абы и жэр- дэмыр даIы­гъащ икIи          ма­­­хуэшхуэр фо­кIадэм и          28-м траухуащ.

(Щоджэн Сулът1ан и «Къэдвгъэ1эт ди щ1ыхьыр» усэм щыщ пычыгъуэ)

Алыхьыр фщ1эжмэ, пхъуантэ ф1ыц1эм

Адыгэ фащэр къыдэфхыж.

Фемыпц1ыжамэ фи лъэпкъыц1эм-

Аращ къывэк1ури, щыфт1эгъэж!

Фрик1уэ вжес1эркъым лэжьак1уэ,

Къызэрыгуэк1ыуи лъагъунлъагъу,

Гуф1эгъуэм, гуауэм фщыгъыу фык1уэ,-

Фи дахэр хамэм евгъэлъагъу.

 

7. Адыгэ 1энэм ехьэл1ауэ. Щхьэ щ1элъэныкъуэр.

Адыгэхэм хьэщ1э къахуэк1уэмэ хьэщ1э ныш хуаук1ырт. Нэхъыбэм хьэщ1э нышу яук1ыр мэлт. Хьэщ1эм папщ1э зэраук1ар къигъэлъагъуэу мэлым и щхьэ щ1элъэныкъуэр 1энэм тралъхьэ. Абы и тегъэувэк1эми мыхьэнэ и1эщ. Щхьэм и тхьэк1умэр дэгъэзеяуэ, пэнц1ывыр хьэщ1э нэхъыжьым и ижьырабгъумк1э гъэза хуэдэу, нэхъыжьит1ым язым хуэмыгъэзауэ (я зэхуакум дэплъ хуэдэу) трагъэувэ. Унагъуэм е лъэпкъым нэщхъеягъуэ я1эмэ, щхьэ щ1элъэныкъуэм и пэр бжэмк1э гъэзауэ трагъэувэрт, куэдрэ фыщымыс, жыхуи1эу. Жьант1эмк1э гъэзауэ 1энэм къытрагъэувамэ, фыщыс, фыгуф1э фыгушхуэ, фыдигуапэщ» къик1ыу арат. Щхьэ лъэныкъуэр зыхуагъэувыр хьэщ1э нэхъыжьырщ. Ауэ хьэщ1эм езым имыкъутэу хэгъэрей нэхъыжьым ирегъэкъутэ. Зыкъутэм тхьэк1умэр къытрегъэжри сэр къезыта щ1алэм е гупым я нэхъыщ1э дыдэм ирет, пэнц1ывыр, нэщ1ащэр, щхьэпхэт1ыгур т1ууэ зэгуэчауэ тепщэчым илъу хьэщ1э нэхъыжьым хуегъэувыж. Зыгуэшыр хьэщ1э нэхъыжьырщ. Пэнц1ывыр хьэщ1э нэхъыжьым къыбгъэдэс хэгъэрейм ирет, нэщ1ащэр щхьэр зыкъута хэгъэрей нэхъыжьым ирет, езым куц1ыр зэрылъ щхьэпхэт1ыгур къызыхуегъанэ. 1ыхьэ зритым хуишииху зыгуэр жри1эурэ ирет: тхьэк1умэр зритым- жану да1уэ, ауэ зэхыумыхыпхъэ зэхыумых!» Нэщ1ащэр зритым-«уи нэр гъаплъэ, ауэ плъагъу псори умы1уэтэж!» Пэнц1ывыр зритым-«мэк1э 1эзэу щыт, сытми гу лъытэ!» Езым ищтам щхьэк1э «Сэри къэхъуну-къэщ1энухэм сегупсысын щхьэк1э!» жи1э хуэдэурэ.

1энэм тралъхьэр щхьэ щ1элъэныкъуэ ижьырщ, сэмэгур унагъуэм ирахкъым. Мэл яук1ауэ гъунэгъу л1ыжь 1ыхьэ хуахьми яхьырщхьэ лъэныкъуэ ижьыращ. Щхьэ лъэныкъуэ ишхыну зыхуэфащэ унагъуэм имысмэ, сэмэгу лъэныкъуэр зыми хуамыхьу зыхуагъэфащэр къраджэри ирагъэшх. Аращ хабзэр.

Гупым и нэхъыжьыгъэк1э къыщытехуэми зи адэ псэум къытехуэркъым щхьэ игуэшыну.

Егъэджак1уэм: - Аращи, абдеж ди джэгу- зэпеуэр щыдухынщ. Къыдэплъахэми, къыдэдэ1уахэми «Берычэт бейсын» вжыдо1э. Нобэрей ди упщ1эхэм жэуап хъарзынэ ягъуэтащ. Бзэри, хабзэри ф1ы дыдэу зэрыфщ1эм, нэгъэсауэ фызэрыадыгэ щ1алэ, фызэрыадыгэ пщащэм нобэрей зэпеуэм кърихьэл1ахэм ящыщ зыми шэч къытрамыхьэну къысщохъу. Апхуэдэу ф1ыуэ фыкъэфэфу п1эрэ?! Хеящ1эм и лэжьыгъэр нигъэсыху фи зэф1эк1ым девгъэплъ, фи лъэгум дыщ1эвгъаплъэ!

(Джэгур яублэ, хеящ1эм тек1уар къахутэри хъуэхъук1э зыкъыхуагъазэ).