Лъэтеувэ
I.Вед: Фи махуэ фIыуэ, ди хьэщIэ лъапIэхэ, ди ныбжьэгъуфIхэ!Тэрч езанэ лицей и еджакIуэ гупым сэлам гуапэ фыдох!
ЦIыхур дунейм къытохъуэри гъащIэу къыхуиухар къегъащIэ. ЦIыхуи, лъэпкъи щыIэкъым езым игъэувыжа хабзэхэм темыту, щхьэрыхь къудейуэ псэууэ Хабзэр цIыху къэс, унагъуэм, лъэпкъым я напэщ, я набдзэщ, я бзыпхъэщ, я нэмысщ, я гъащIэ гъуазэщ. Лъэпкъым пщIэ зэрыхуащIыр зэрихьэ и хабзэрщ. Лъэпкъым хабзэфI иIэмэ, узыншэщ, щIэблафIэщ, къэкIуэн иIэщ. Адыгэ хабзэр илъэс минхэм къыпхрыкIа, гужьеипIэми, кIуэдыпIэми сыт щыгъуи адыгэр къизыша лъэпкъ фIыгъуэщ, напэщ. Адыгэ хабзэм уригушыIэ хъуну зыри хэлъкъым, ар цIыху гъащIэм и сыт хуэдэ джылъ цIыкIуми чэнджэщ IущкIэ бгъэдыхьэ узэщIакIуэ- гъэсакIуэщ.
Нобэ фэдгъэлъагъуну дыхуейщ адыгэ хабзэм щыщу сабийм кIэлъызэрахьэ лъэтеувэ хабзэр.
Анэшхуэм лъэтеувэр къызэIуех.
Нышэдибэ си гуфIэгъуэщ
Ди гъунэгъухэр къысхуэвжыхь,
Хьэблэм дэсым псоми жефIэ,
Iыхьлы зыри къэвмыгъанэ,
Къуажэ жылэр схуэвгъэгуфIэ,
ГуфIэ Iэнэр сэ соубэ,
Си нэхунэ гъуэгу техьащ,
Тхьэм и гъуэгур махуэ ищI.
I ЕджакIуэр:
Ди Темыру ди псэр, ди нэр
ЗекIуагъащIэщи, догуфIэ.
Хуейуэ хъуар зывмвгъэгувэу
Фыкъеблагъэ лъэтеувэм!
2 ЕджакIуэр: Фыкъеблагъэ лъэтеувэм
Фыкъеблагъэ, инщ ди унэр! Флъагъунщ Темыр къыхихынур ,
Флъагъунщ Темыр зэрыхъунур !
I.Вед: Дзадзум и Iэпэр ямыIыгъыжу зекIуэф хъумэ, япэми иджыри зы унагъуи зыкъамыгъанэу лъэтеувэ хуащI. Мыр гуфIэгъуэшхуэщ. Лъэпкъым щыщ зы цIыху цIыкIу и лъэ зэрихьэу адыгэщIым къытеуващ.
2.Вед: Дунейм къытехъа сабийм япэ лъэбакъуэхэр ичу зекIуэн щIидза нэужькIэ хуащI лъэтеувэ тхъэлъэур. Лъакъуэр щIым тегъэувэн жиIэу аращ. ТхъэлъэIу апхуэдэу сабийм щIыхуащIыр узыншэу, мыджалэу, и гъуэгур захуэрэ насыпыфIэу, гъащIэ кIыхъ иIэу псэун папщIэ ехъуэхъуу аращ.
I Фызыжьыр: Уэ Сэтэнейуэ ди анэ!
Дынохъуэхъур гуфIэгъуэ махуэшхуэм
Темыр и лъабакъуэхэр, зи псэм пызыщэн.
Темыр и IэфIыгъуэхэр куэдрэ зышхын.
Жьыщхьэмахуэ ухъу!
Анэшхуэр: Фыкъеблагъэ, си псэм хуэдэхэ
Фыдыхьи фытIысхэ,
ФIыщIэ фхузощI
Си гуфIэгъуэр къыздывоIэтри!
I.Вед: Лъэтеувэр унагъуэ тхьэлъэIу пэтми, абы кърихьэлIэт Iыхьлыхэр, благъэхэр, хьэблэр (хьэщIэ къэкIуахэр кърагъэблагъэ). Хьэблэм дэсхэм ямыщIэу, абы къыдамыгуэшу адыгэхэм зы Iуэхуи ялэжьу щытакъым: хъерри, тхьэлъэIури, лIам хуащIапхъэри зэдаIэтт. Нэхъ хуэщIахэм Лъэтеувэ шыгъажэ хуащIт, кхъуейплъыжьпылъи аргуэру хуэзыщIыжи щыIэт, къуэныши хуаукIыжт.
2.Вед: Ауэ адыгэ псоми я зэхуэдэу сабийм хуаубэ хьэлыуэ Iэнэ.
Яубгъуащи щащыху бгъуфIэ,
Зыхэдэнур тыдогуашэ,
Пшынэ, тхылъ, къупщхьэ гуащэ,
Щыгъэ, ахъшэ , Iуданэ.
2.Вед: Нэхъ зэман жыжьэм уIэбэжмэ, сабийм хуагъажьэу щытащ жьэгу мэжаджэшхуэ, зытрагъэIэбэри арат. Хьэлыуэ Iэнэм щащыху къабзэ трапхъуэрт. Хъыджэбз цIыкIухэм хутралъхьэр бзылъхугъэ IэщIагъэхэм ехьэлIа пкъыгъуэхэрт: бохъшэ, чысэ, хэдыкI, дэнлъэч, мастэ- Iуданэ, ланыстэ, тхылъ, ахъшэ, нобэрей гъащIэм къыздихьауэ щIалэ цIыкIухэм хутралъэхьэхэм ящыщи.
I.Вед: А псори хьэзыр хъумэ, лъэтеувэ зыхуащI сабийр Iэнэм лъэбакъуэ зытIущкIэ
пэжыжьэу къагъэув. Япэм щыгъуэ : « Лъахъэр зэпыдоупщI!» - жаIэти,
сабий къэувам и лъакъуэ зэхуакум мэжаджэ дахт. Иджы апхуэдэу зыщIыж щIагъуэ щыIэкъым.
Сабий къэувам фызыжь Iэзэ е анэшхуэр еджэт:
«Мимэ, мимэ щIы си дыгъэ,
Мимэ, мимэ щIы си нэху,
Лъэтеувэр тхьэлъэIупIэщ,
Мимэ пщIырэ уи пIэм уикIмэ,
БэкIэ пIащIэу мес уи дадэ,
Фадэ пIащIэр и хьэзырщ,
Мимэ, мимэ щIы тIасэ,
Мимэ, мимэ щIы си фо.
Фадэ пIащIэми нэмыщIу
Гъэлъэхъу пшэрри кIэрытщ,
Зещэтэжу жэмыбгъэбзри
Кърибзэну и мурадщ…»
I фызыжь:Уэ, Сэтэнейуэ ди нанэ! Дынохъуэхъу гуфIэгъуэ махуэшхуэм. Темыр и лъэбакъуэхэр зи псэм пызыщэн!
2 фызыжь:Темыр и IэфIыгъуэхэр куэдрэ зышхын жьыщхьэмахуэ ухъу.Уи гугъуехьыр, уи пщIэр зэхэзыщIыкIын къуэрылъху мы уи Темыр цIыкIур тхьэм пхуищI!
Мыбы адэкIэ сабийм хэт сыт хуэдэ фIыгъуэ дилъагъуну хуейми къыкIэлъигъакIуэт.Мы къебжэкIыр кIыхьу, зэхуэмыдэу, щIалэ цIыкIуми хъыджэбз цIыкIуми яхуэгъэзауэ хужаIэт. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, нобэрей лъэтеувэм а къебжэкI дахэхэр кIэрыхужащ къанэ щIагъуэ щымыIэу.
I.Вед: КъебжэкIым и ужькIэ сабийр яутIыпщри, Iэнэм бгъэдагъэхьэ.
I фызыжь:
Мимэ, мимэ щIы, си щIалэ,
Мимэ щIы, си дыгъэ!
Лъэтеувэр тхьэлъэIушхуэщ
Уи пIэм уикIыу мимэ пщIымэ
Нобэ дэ ди гуфIэгъунущ.
Си дыгъэм мимэ ещI
Ди тхьэ, фIы къытхудэгъакIуэ.
2фызыжь:
Нобэ мы ди Темыр
Гъуэгу захуэ техьауэ
Жэзым нэхърэ нэхъ быдэу,
Щихум нэхърэ нэхъ лъагэу,
ПкъыфIэ къарууфIэу,
«ЛIыфIщ» хужаIэу,
Ем хуэIэпашэу,
ФIым хуэшэрыуэу,
Нэхъыжьхэм я нэхъыщIэу,
НэхъыщIэхэм я нэхъыжьу.
Гупым пашэ яхуэхъуу
Зи пашэр IуэхуфIым хуишэфу
Нэмысыр, Насыпыр, Акъылыр, Былымыр
И гъащIэм гъусэ хуэхъуауэ
Псэуну мы щIалэм сохъуэхъу!
I.Вед: Абы телъхэм ящыщу нэхъ и нэ къыфIэнэр къищтэмэ, и хъуреягъым щыт балигъхэр мэгуфIэ, абы « IэщIагъэ хуэхъунур къищта» хуэдэу защIри. Псом хуэмыдэу зи IэщIагъэ и Iэмэпсымэ къыхихахэм зыкърагъэлыжкъым.
Иджы къаублауэ нэгъуэщI IэщIагъэ зиIэхэм я жагъуэ мыхъун щхьэкIэ сабийр тIэу- щэ трагъэIэбэ. Ауэ ар хабзэм къемызэгъщ, ар щыIакъым.( Сабийм Iэмэпсымэ къыхихам теухуауэ анэшхуэр йохъуэхъу. Хьэлыуэ Iэнэри якъутэ, хъуэхъу хужаIэ.)
I фызыжь:
Къыхихащ Темырым тхылъыр,
Дэ ди хабзэм зэрыжиIэу
Тхылъыр щIалэм и Iэпэгъуу
Хъунщ Темырыр щIэныгъэлI.
Дэ дохъуэхъу а цIыкIум нобэ
И лъэбакъуэр быду,
Зытеувэр и гъуэгу махуэу,
Зы махуэр и насыпищэу,
Махуищэр и насып мину,
Хъуэхъур и куэду,
Хъуэныр и мащIэу,
Зыхуейм и Iэр нэсу
Тхьэм куэдрэ тхуигъэпсэу.
2 фызыжь:
Езым хуэдэм ядекIуу,
Дунейм екIур и фащэу,
Хабзэр убзэ фIэмыщIу
щIэныгъэм хигъахъуэу,
Зыщылажьэр ефIакIуэу
ФIы къэшэным хуэIэзэу,
IэщIагъэм теунэу,
Къигупсысыр акъылу
Япэм итхэм хэмыкIыу,
ФIыр и Iэпэм пыщэщыу,
ЗэIущащэр и цIыкIуу,
ЗэдэхащIэр и ину,
Анэм псэм Iурыту,
Iуэху зыIутыр щIэращIэу,
ЩIэуэ къэхъум и телъхьэу.
Тхуэпсэуну дохъуахъуэ!
3.фызыжь
Гъавэр ди бэву
Хадэ бэв ди натIэу
Ди насыпым бжыгъэ имыIэу.
Ди гъавэм гуэнхэр къикъутэу
Ди къуршыжьхэр ди дыщэ пхъуантэу,
Нэхъыжь IэщIагъэр нэхъыщIэм яджу
Дызэчэнджэщу, дызэдэлажьэу
Жьы хъуа къытхэтмэ тыншыр хуэдгъазэу
Лэжьыгъэм хъерыр къытхуихьу
Ди бынхэр хъерым щымыщIэу
ДахэкIейхэр ди хъыджэбзрэ дыкъэралыгъуэшхуэу.
Дэ нэхъ быди къэрал щымыIэу.
Ди вы гъэшхахэр гуфIэгъуэ нышу
Матэу диIэр фо ныбэ защIэу.
ГъащIэр щыдахэу
Дыгъэр щыгуфIэу
ФIыгъуэр щыбатэу
Хъуэхъу жытIахэр псоми тхуэмахуэну
Дэ абыкIэ дохъуахъуэ.
Анэшхуэр: зэхуэсахэм псоми йохъуэхъу, псалъэ гуапэ лъэпкъым яжреIэ, цIыкIухэм хьэлыуэр яхуеугуэш.Псори ди гуфIэгъуэ джэгум фынеблагъэ (джэгур йокIуэкI, цIыкIухэр щIокIыж).
3.фызыжь Хъуэхъу
Фи хъыджэбз цIыкIур
Къарэкъэтинэу,
Бэрэтинагъуэу,
Данагъуэ Iупэу,
Щхьэцыпэ дыкъуакъуэу,
Шэнтым тесмэ тхьэрыкъуэу,
Зиукъуэдиймэ аслъэну,
Аслъэн сокур и щхьэцу,
Щхьэцыдзэ кIыхьу,
Хьэл- щэныфIэу,
ФIыгъуэ натIэу,
Куэдрэ узыншэу
Тхьэм фхуигъэпсэу.
2.Вед: Лъэтеувэм кърихьэлIа балигъхэм гуфIэгъуэ Iэнэ къыхуащтэ. Ауэ псом хуэмыдэу нэхъ гулъытэ зыхуащIыр сабийхэрщ. Ахэр дэгъуэу ягъашхэ, хьэлыуэ Iэнэ къакъутам щыщи гуIэфIтещIэжу трашхыхьыж. ИужькIэ ахэр ягъэджэгу.
Анэшхуэр:Ныбжьэгъухэ ! Дыхэтщи гуфIэгъуэ махуэшхуэм !
Ди хьэщIэ лъапIэхэр, фынэшхуэгушхуэт
ИIэт евгъажьэт джэгур!
(Хьэ банэ макъ къоIу)
Анэшхуэр:Алыхь-алыхь, сыту пIэрэ къэхъуар? Хэту пIэрэ ар? Ди хъэщIэ лъапIэхэ, си фIэщ хъуркъым гуфIащэу мы си цIыкIухэм ди тхъэлъэIум къедгъэблэгъэн хуея гуэр къащымыгъупщауэ.ЕмыкIу къэдмыхъащэрэт.(мэкъамэ къоIу, ажэгъафэ къафэурэ къыщIохъэ)
Ажэгъафэр: Уэ дунейуэ жылэ махуэ хъун, уэ Сэтэней гуащэ зыхуэхъуэхъуэнхэ, Тхъгъэлэдж гъавэ бэвкIэ зыхуэупсэнхэ, мыр сыт мы сыкъызырихъэлIар? Адыгэхэм сэ сахэмыту гуп зэхуэс игъащIэм ящIу щытакъым. Сэ сыфхэмыту фи гупри гуп, фи зэхуэсри зэхуэс, фи гуфIэгъуэри гуфIэгъуэ? Сыту фыдахэ защIэ мыбы кърихъэлIа псори. Фэ сыкъэфцIыхуркъэ? Сыхэт сэ?
Сабийхэр:.Ажэгъафэщ.
Ажэгъафэр:
Пэжщ.сыкъэфцIыхуащ.АтIэ сыт фыщIызэхуэсар?
Сабийхэр:
Нобэ ди Темыр цIыкIу и лъэтеувэщ.
Ажэгъафэр:
А-а-а, модэ, модэ! Арауэ къыщIэкIынщ мо хъэлыуэ Iэнэшхуэр зыхуаубар, сыкъимыгъапцIэу мы си пэ кIыхъым къыщIихъар дауи абы и мэ гуакIуэрщ. Ихъы-тIэ, лъэтеувэ щащIкIэ хъэлыуэ Iэнэ зэрыхуаубэр фощIэ, ауэ фщIэуэ пIэрэ, цIыкIухэ, а хъэлыуэр фшхын папщIэ ар къэвлэжьын зэрыхуейр? Адыгэхэм тхъэлъэIу махуэ щащIкIэ сабий псори ягъакIуэу щытакъым. ФщIэуэ пIэрэ, сыт хуэдэ хъэл-щэн яхэлъын хуейуэ щыта абыхэм.
Сабийхэр:ДощIэ. Абы жыIэмыдаIуэхэр, къуейщIейхэр ягъакIуэртэкъым.
ТхьэлъэIур зей цIыкIур икум иту, псори зэдежьууэ мыр жаIэт:
« Мимэ, мимэ,
Щытхэм сыхэлъадэмэ,
Ахэм сахэбгъадэмэ…»
Сабийхэр
Мимэ-мимэ
Сэ сокIуэ, сожэ,
Щытхэм сахолъадэ,
Абы сыхэбгъадэмэ…
Лъабэ цIыкIухэр ди-ди,
Лъабэ цIыкIухэр ди-ди,
Нанэрэ дадэрэ пхъэ дакъэжь,
Я жьэгужьыр пхъэ дакъэжь,
Я жьэгужьыр пхъэжь мафIэ.
Ди-ди.
Лъабэ цIыкIухэр ди-ди.
Лъабэм банэ хоуэрэ,
Нанэ вакъэ пхуещIырэ.
Ди-ди,
Лъабэ цIыкIухэр ди-ди,
Мыщэм хуэдэу тоуэрэ,
Уашхэ хуэдэу зожэрэ.
Ди-ди,
Лъабэ цIыкIухэр ди-ди
Мыр жаIа нэужь лъэтеувэ зыхуащI цIыкIур зебырфэу ( адрейхэр псори къоувыIэ) зыгуэрым бгъэдохьэ.Зыбгъэдыхьам и цIэр псоми зэдэхъуу жаIэри, ар утыкум къохьэ…
Апхуэдэу сабийхэр ешыху ягъэджэгу, хуиту, зыри зэран къахуэмыхъуу.
Лъэтеувэ тхьэлъэIури ижь- ижьыж лъандэрэ адыгэхэм къадекIуэкI хабзэ дахэщ, Iыхьлыхэр зэрызыгъэлъагъущ, сабийхэр зыгъэгуфIэщ.
2.Вед: Лъэтеувэр нэхъыбэ пэтми, лъэпкъым къыхохъуэ, зеужь. Дэтхэнэ адыгэ унагъуэри лъэтеувэм и дауэдапщэм гъэ къэс хэмыкIыурэ АдыгэщI телъыджэм тебэгъухьыжыну ди лъэпкъым дыхуоупсэ!.
Анэшхуэр: Си гуфIэгъуэр къыздэзыIыгъыну нобэ зэхуса псоми: хьэщIэ лъапIэхэм, сабий цIыкIухэм, ажэгъафэм,пшынауэм ину берчэт бесын вжызоIэ.Пэж дыдэу Темыр лъэтеувэ хуэтщIауэ щытакъым. Нобэрей тхьэлъэIур зи жэрдэмым фIыщIэшхуэ хузощI, тхьэлъэIу махуэ хъуну сохъуахъуэ.Ди гуфIэгъуэм пыдощэ.
Адыгэ джэгу ящI.