СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Сценарий кабардинского обряда "ЩIэпщакIуэ"

Нажмите, чтобы узнать подробности

Сценарий кабардинского обряда "ЩIэпщакIуэ"                                                                                                         

Просмотр содержимого документа
«Сценарий кабардинского обряда "ЩIэпщакIуэ"»



Тэрч къалэ дэт езанэ лицей







Адыгэ хабзэм щыщ теплъэгъуэ

«ЩIэпщакIуэ»















ЕгъэджакIуэр Iуэхъу А.А.

ЩIэпщакIуэ

Нобэ фыкъызрихьэлIа тхьэлъэIум и пэ къихуэу щIэпщакIуэ мызэ-мытIэу яIащ.Адыгэм пасэм зэрыжаIэу щытаращи, «хущхъуэр зыщхьэмыпэм псалъэр щхьэпэ хуохъур».Щхьэпэ щIалэ сымаджэм хуэхъуа «ЩIэпщакIуэ» хабзэр зэрекIуэкIыу щытар мыпхуэдэущ.

ЩIэпщакIуэ зыхуащIыр зи къупщхьэ къутап е уIэгъэ хьэлъэ зытелъхэрт. «Пщэ», «епщэ» псалъэхэм къытекIауэ хуагъэфащэ.Нобэм жаIэ щIэупщакIуэ псалъэри абы къытекIыжауэ.

ЩIэпщакIуэр щызэхыхьэр пшапэ зэхэуэгъуэрт.Абы еджэ хэмыту зыхэзыха дэтхэнэ зыри къекIуэлIэну хуитт.Хъыджэбзхэм «щIэпщакIуэ мэжаджэ»,шхын щIэщыгъуэхэр здахьырт.

Пшапэ зэхэуэгъуэм къекIуэлIа дэтхэнэри уадэ цIыкIукIэ бжэ щIыхьэпIэм фIэдза вабдзэм еуэн хуейт.

ЩIэпщакIуэм кърихьэлIахэм гупитIу загуэшт: щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ.ЩIалэхэм щыщу кIэгъу хахт.Ар щIопщкIэ «кIуэцIакъухьу» защIт.КIэгъур зэрыдэуейм-зэрыдэлъейм сымаджэри игъэдыхьэшхыу.

ЩI. Ди тхьэрыкъуэ пщэхухэм фи Iуэхур зэкIэ лъэныкъуэ евгъэзи.

Къудан щIалэфIхэр тIэкIу къыдэфхьэх.

Фи Iупэ цIыкIухэр балий ныкъуэхъуу къивлыкI.

Фи напIэр вгъэлIи,

Унэкур вгъуэтмэ, фи джатэр къифх.

ЩI.(игу ирихьа пщащэм жреIэ)

Жылэр къехъуапсэрэ псэр игъэтышмэ-ар Чэзибанщ.

Хъ. ЛъащIэм къыщIэпщрэ мырэмысэм къепщылIэмэ Къэралщ.

ЩI.ДжанэкIэ уэсрэ бгъафэ чэсеймэ Бабынэщ.

Хъ.Лэгъуп пкъом къыдэплъурэ хьэнтхъупс щхьэкIэ зиплъыхьмэ Былэчщ.

ЩI.Пшынэр игъэджэгумэ джэгур игъэдахэмэ Дыжьынэщ.

Хъ. Цей Iэщхьэр лалэрэ,лал жиIэу къижыхьым МытIутIщ.

ЩI.Тхьэрыкъуэ пщэхурэ IуэхущIафэ дахэмэ КIэфIыцIэщ.

Хъ. Гуэншэрыкъ лъащхьэхъурэ шыфэ гъур бгырыпхмэ Гуагуэщ.

ЩI. Жэщыр си махуэу

Махуэр си псэхупIэу

ПIэкIуэцI симыгъуалъхьэу

Сэ сызылъыхъуэ Хъуэстхэ

Япхъу гъэфIэнырати, укъэзгъуэтащ…

Иджы укъэсшэну сыхуейщи,

СызытемыкIынымкIэ сыпхуоупсэри къэдаIуэ:

Лъэпс имыIэу шырыкъуитI

«ЦIутI» жимыIэу зы пшынэжь,

Дыжьын я гугъэу зы аршав щIыIу

Уи пхъуантэ кIапэ ныпхудэслъхьэнщ.

Си лэгъунэбжэр пхузэIусхынщ.

Хъ. Уэ сэ слъагъур,щIалэ фIыцIэжь цIыкIу,

Iэзэгъуазэ уолъыхъуэ

Ауэ щыхъукIэ:

Аргъуей зэз,

Бадзэ тхьэмщIыгъу,

ПкIауэ ныбапхъэ къэхьи сыноIэзэнщ,

Си Iэзэгъуэр сэбэп къыпхуэхъурэ,

Иджыри зэ укъыслъыхъуну

Гукъыдэж пщIымэ,

ХъуэнкIэ псалъэ иумыгъажьэ,

Iуэхур жьажьэуи уэ зумыхьэ,

Къысхуэпхьыфынум

Джылэхъстэнейм зы къаз,

Шэшэным зы бзу,

Гъэмахуэм къесауэ зы уэс Iэбжьыгу,

ЩIымахуэм къэкIауэ зы удз IэмыщIэ

ПIыгъыу укъысхуэкIуэмэ,

СыныбдэмыкIуэм си тобэщ.

Арыншамэ, си напIэр

КъыпхуэсIэтынкIэ укъысщымыгугъмэ,

Уи гурыгъыр ижынщи,

Уи гур джабэм ежэхынщ.



ЩI. Уэ натIэ гъуджэр,

Уэ джэгукIэ мыщIэр,

ЗызмыщIэжу дэпсэлъейр,

Зи лъэ вакъэ изылъхьэр,

ЖьэкIэ къэзыгъаплъэм,

Уи мэ къысщIихьэнуи,

Сызыхуэмеиххэщ.

Укъэмыщтэ,си тIасэ,

Уи унагъуэ дахэу исыж

Илъэсищэ гъащIэкIэ…

ЩI. Зэ къэувыIэт си ныбжьэгъужь,

Армыхъуамэ укъэгубжьынурэ,

ГъэфIэж къыптехуэнущ.

Абы нэхърэ уи лъэгум

ДыщIэгъаплъи нэхъыфIщ,

Хъыджэбзри нэхъ къыдэпхьэхынкIи хъунщ.

ЩI. Уей, сэ мы Хъуэстхэ

Япхъу пагэм жыхуиIэ

Си гурыгъ джабэм дэжеяр

Къежэхыжыху къафэ симыIэ.

Абы нэхърэ си ныбжьэгъухэр

Къэвгъафи нэхъыфIщ.

ДжэгуакIуэ. Къэвгъанэт иджы фэ хъуэрыбзэр,

Фэ фыщIалэфIыр пэжмэ,

Фи къуажэ хъыджэбзхэр къыдэфхьэхыф.

УмыцIыху къапшэркъым,

АтIэ къэпщэхуу аращ,жи.

Фэри, фыхъыджэбзыфIыр пэжмэ,

Фи къуажэ щIалэхэр зыIэщIэвмыгъэкI.

Иджы фи щIэнэкIалIэхэр щывгъэти,

Фи лъэгум зэ дыщIэвгъаплъэ,

Феуэ иджы Iэгум…(къафэ)

Зэрытлъэгъащи, джэгурэ гушыIэкIэрэ гъэнщIауэ екIуэкIа а щIэпщакIуэм къекIуэлIахэм я гур зэIухауэ хэтт, зыгъэгуси, жагъуэ щIыни хэмыту.