СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Сценарий кабардинского обряда "Унэишэ"

Нажмите, чтобы узнать подробности

Унэишэ — самый красивый момент в адыгской свадьбе. Унэишэ означает ввод молодой в дом, но сегодня этот обряд чаще всего проводят не дома, а в ресторане или банкетном зале. Невесту ведут под обрядовую песню к старшим женщинам, которые садятся полукругом и ждут молодую. Одна из них осыпает невесту пшеном, сладостями и монетами (къепхъых), что символизирует изобилие, достаток и многодетность. Потом сладости и монеты собирают дети.

Перед приездом невесты выносят овечью шкуру (мэлыфэ) и расстилают шерстью вверх. Большое количество шерстинок олицетворяет собой многодетность и изобилие будущей семьи. Невеста, которую бережно поддерживают молодые девушки, наступает на шкуру. Это ее первый шаг в род жениха. Все внимательно следят за тем, чтобы она сначала ступила правой ногой, ведь все правое адыги считают счастливым. Затем одна из девушек, держащих под руку невесту, поднимает ее фату. В старину самая многодетная женщина лепила хлебный шарик и насаживала на острие копья, которым распорядитель приподнимал фату. 

Вслед за этим к невесте с пожеланием обращается уважаемая в роду женщина. Невесте смазывают губы смесью меда и топленного масла (IурыцIэлъ).

Полагается, что после этого молодая будет красноречивой. Затем женщины бережно вытирают ее губы. Теперь каждый из сидящих может подойти и поздравить невесту. Все это происходит в строгом порядке. Начинают с самой уважаемой женщины в роду, а в последнюю очередь подходят свекор со свекровью. Все подходящие с пожеланием обязательно должны преподнести подарок (техьэпщIэ) в виде золота или денег. Это дает право им заговорить с невестой.

Просмотр содержимого документа
«Сценарий кабардинского обряда "Унэишэ"»





Адыгэ хабзэм щыщ

теплъэгъуэ



«Унэишэ»















Зыгъэхьэзырар Iуэхъу Аллэщ

ФIэхъус сэлам

Тэрч куейм щалъхуауэ,

Тэрч куейм щапIахэу

Нобэ мы зэпеуэм кърихьэлIа

Дэтхэнэ зыми

Тэрч езанэ лицейм и

Сэлам гуапэр фыдох!

Нобэ мы зэпеуэм кърихьэлIа

Дэтхэнэ зыми дынывохъуэхъу.

Сэтэней удзу фыгъагъэу,

Насып къэхьу фыдахэнагъуэу,

Адиихуу гъуэгу гъэлъагъуэу,

Сосрыкъуэу фыIущу,

Бэдынокъуэу фылъэщу.

Хьэрхуэрэгъу фи бащэу.

Батыру фыкъарууфIэу,

Щытхъурэ узыншагъэрэ фиIэу,

Илъэс куэдкIэ фыпсэуну.



Унэишэ

Унэишэр адыгэ хьэгъуэлIыгъуэм и пкъыгъуэ нэхъыщхьэ, нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщ зыщ. Пасэрей хьэгъуэлIыгъуэхэр тхьэмахуэ псокIэ екIуэкIыу щытащ. « Унэишэри» «щауэишыжри» нысашэм пыту зыщIи щыIэт. Ауэ а зи гугъу тщIахэр махуэл дагъэкIыу зыщIри нэхъыбэт.

Абы хэту «нысащIэр унэ ишэн хуейщ» жаIэрти, зэрызехьэу щIадзэрт. Джэгур ину ехьэжьауэ бжэIупэм Iутт.НысащIэр, пшынэ еуэхэу,Iэгу, « уэредадэ» жаIэу зы унэм къыщIаша иужькIэ пщIантIэм и деж щызэтрагъэувыIэрти, абы джэгу мащIэ хузэхаублэрт. ЩIалэхэм фоч ягъауэрт, бзаджэнаджэхэр ягъэщтэн щхьэкIэ. НысащIэм фоч щхьэщагъэукI къудейкIэ зэфIэкIыртэкъым.АтIэ а нысащIэр зыщIашэ унэм и уэнжакъыр нэщэнэ уапIэ ящIырт, абыкIэ бзаджэнаджэр имыпщхьэн щхьэкIэ. НысащIэр лентIрэ дарийкI хуэпати зэщIэпщIыпщIэрт,дыщэ пыIэ щхьэрыгът, щыщ къыщIэмыщу щIиуфэу щхьэтепхъуэ къепхъухат.НысащIэр и нысэгъумрэ и пщыпхъумрэ я зэхуакум дэтти,и Iэблэ зэрызыр яIыгът,абыхэм дэнэкIэ ягъазэми кIуэн мыхъумэ, езым зыри илъагъутэкъым. Уэредадэм щIадзэжырти нысащIэр хьэблэ фызхэр ,благъэ фызхэр зыщIэс(пэшым) унэм яшэрт. Мыбы щIэс бзылъхугъэхэм нысащIэ унэ ирашэм и гуащэр хэту щытакъым,ар щхьэхуэу техьэпщIи ,псалъапщIи ищIын хуейт.Абы щIашэн ипэкIэ къепхъыхыу дэ, IэфIыкIэ, ахъшэ жьгъей кърапхъыхырти,ар сабийхэм къащыпырт.Унэ ирашэри абы и Iэблэр зыIыгъхэри бжэщхьэIум лъакъуэ ижькIэ ебэкъуэн хуейт,теувэ хъунутэкъым.А хабзэм мыхьэнэшхуэ иIэу щытащ.ЦIыхухэм къалъытэрт дуней ехыжахэм я псэм къагъэзэжурэ бжэщхьэIу лъабжьэм щIэтIысхьэу,дунейм къытранахэм кIэлъыплъу.Абы къыхэкIкIэ бжэ блыпкъитIым ещанэу удэувэ,удэт хъунукъым,гуэныхьщ,жыхуаIэ нэщэнэри.БжэщхьэIум зэребакъуэу нысащIэр Iэмал имыIэу ныш яукIам и фэ цIынэм теувэрт. Фэр зэрагъэтIылъ хабзэр цыр къыдэгъэзеяуэт.Абы щытеувэкIэ,нысащIэм фызыжьхэр къехъуэхъут:

Фызыжьхэр – Я алыхь, угъурлыуэ къыщIыхьауэ къыщIэгъэкI,лъапэ махуэ къыщIегъыхьэ!

- Я алыхь, мыбы цыуэ тетым хуэдиз нэмысрэ насыпрэ,узыншагъэрэ къет!

- Я алыхь,къуэбын-щэбыну тхуэгъэщащэ,лъэпкъ тхуэщI!

ХъуэхъукIэ Iэзэ фызыжь къезыджэу зыгъэхъуахъуэр нэхъыбэт.Абыхэм мыпхуэдэ хъуэхъу дахэхэр щыжаIэрт:

Фызыжьыр-

Мы нэрыбгъэ къыщIыхьар

Хъерыгъэ пылъу,

Угъурлыгъэ пылъу,

ДжанэкIэхуу,

Щауэхъурылъхуу,

Къылъхур иузэду,

Идыр мытIэпIу,

Iупэмэ епщIу,

ЩIыфэмэ екIуу,

ЗыдэкIуэ Iуэхум

ЛIы кIэлъымыкIуэжу,

Апхуэдэ ухъу!

МафIэм хуэдэу гу хуабэу,

Джэдым хуэдэу быныфIэу,

ХьэфIым хуэдэу Iу махуэу,

ШыфIым хуэдэу цIэрыIуэу,

И гуащэжьыр щIэкIамэ,хуэзэшу,

КъыщIыхьэжамэ,щышынэу,

Шынэ, укIытэ хэлъу,

Быным якIэрыпщIауэ,

IэфIу быныр илъагъуу,

Гъунэгъум нэмыс яхуищIу,

Унэ илъым лъэIэсу,

Щысу ямылъагъуу,

Къилъхур мазэм шы шэсу,

Шу гуп псо дигъэкIыу,

Къыдыхьэжыр мылъку хуэхъууэ,

Хъуэхъуу хужаIэр къехъулIэу

Тхьэм жьы къыддищI!



Мис а хъуэхъухэр хужаIэурэ, нысащIэр драгъэкIуэтейрти, блыным кIэрагъэувэрт.Абы и щхьэтепхъуэр фызыжьхэм ящыщ зым еIэтри,мыдрейхэр зырызыхэу бгъэдихьэурэ абы йоплъ, йохъуэхъу, IэплIэ ирашэкI.Ауэ езы нысащIэм зигъэхъейркъым, фыз IэплIэ къыхуэзыщIхэм я Iэри къиубыдыркъым. Фыз IэплIэ къезышэкIхэм я Iэр иубыдмэ,абы адыгэхэм кърахырт нысащIэр щхьэзыфIэфI ,гъуэлэгъуасэ,тэмакъкIэщI хъуну е апхуэдэу щыту,унагъуэр и унафэ щIигъэувэным хущIэкъуну.

Фызхэм нысащIэм фIэхъус-сэламыр ирахын зэфIэкIа иужькIэ IурыцIэлъыр ящIырт.ШейщIэтым илъу форэ тхъурэ зэхэпIытIауэ фызхэм ящыщ зыгуэрым нысащIэм бгъэдихьэрти,

-- Я алыхь, унэмрэ жьэгумрэ мы фомрэ мы тхъумрэ хуэдэу фIэIэфIу, фомрэ цымрэ зэрызэкIэрыпщIам хуэдэу, и гур къыткIэрыпщIауэ къыддэгъэпсэу!- жиIэрти, хъуахъуэурэ IэпхъуамбэкIэ тIэкIунитIэ нысащIэм и Iупэм иригъэIусэ хуэдэу ищIырт.Мыбы щыгъуи нысащIэ цIыкIур хуэсакъын хуейт IурыцIэлъым, форэ тхъурэ ,зэремыбзейным. IурыцIэлъ зыщI фызым и Iэпэхэм ебзей нысащIэм хуагугъэрт ар нэплъыс-ныIусу, ныбаблэу, ныбэхуэфIу щыту. ШейщIэт IурыцIэлъ зэрылъыр фызым бжэщхьэIум и деж абы къежьэу къыщыт щIалэгъуалэм къахидзэрти, абы щхьэкIэ зэныкъуэкъуу,зэIэпщакIуэу ирахьэжьэрт, илъыр яшхамэ,хьэкъущыкъур традзэрти якъутэжырт.

НысащIэм еплъынухэри еплът, абы и пащхьэм техьэпщIэ тIэкIуи къыщыIахырт, фадэбжьэр щрафти нысащIэр кърашэжьэжт. И щхьэтепхъуэри кърапхъухыжырти унэм къыщIашыжт.Къызэрашам ещхьыркъабзэу «уэредадэ» жаIэу,фоч ягъауэу,къэувыIэрэ къафэхэу къашэжырти,зыщIаша и лэгъунэм къыщIашэжт.Мыбы щыгъуэ щыIэт нысащIэм , ахъшэ,хугу къыщрапхъыхи, унэм щыщIыхьэжкI э бжьыхьэ кIапэм кърагъэщэщэхыурэ мэкъу щIэщ е бгъэныжь и щхьэм щытрагъэщащи.Абыхэм псоми къашэн хуейт берычэтрэ бэврэ, ехъулIэныгъэ. И лэгъунэм щIашэжа нэужь,и щхьэтепхъуэр драгъэкIуэтейт, е трахыпэрти, дыщэ пыIэр щхьэрыгъыу гъуэлъыпIэм ирагъэтIысхьэрт.Иджы ящыщ дыдэ хъуащи, а лэгъунэм зыгуэр къыщIыхьэху нысащIэр къэтэдж-тIысыжу гъуэлъыпIэм ист.

Абы иужькIэ «пхъужь къафэ» жаIэти, джэгур ину яублэрти,пхъужь щыIэхэр, фызыжьу къагъуэтри утыкум къралъафэрт,къэмыфэфмэ,фадэ кърагъэхьти, абыкIэ и щхьэр кърагъэщэхужт. Езыхэри зыхуейр арат. Фызыжьри абыкIэ яIэщIэкIт,къафэфмэ,зэфIэкIати,тезыр иIэтэкъым.А къайгъэм зыхамыгъэхуэн щхьэкIэ,фызыжьхэм загъэпщкIут.Ахэр къалъыхъуэурэ утыку къралъафэу,нэгузыужьышхуэу зэрызехьэрт.

Фызышэм къикIыжахэри, нысаплъэ къэкIуахэри,гуфIакIуэ къэкIуа благъэхэри,хъуахъуакIуэ къэкIуа къуажэдэсхэмрэ зэхэзэрыхьауэ зэрызехьэт. Унэу яIэхэм щIэгуауэ цIыхур щIэзт, гуп-гупурэ щхьэж зэрыхуэфэщэнкIэ.ДэнэкIэ удаIуэми,уэрэджыIэ макърэ джэгу макърэт.

Нысашэ гуфIэгъуэр зейр чэзууэ гупхэм яхыхьэурэ ехъуэхъут,я Iэнэр зыхуэныкъуэхэр зригъэлъагъути,гъухьбжьыхьхэм унафэ яхуищIт.Псалъэ дахэ яжриIэт, «ди Iуэху фIэтащ, гугъу зыкъытхуевгъэхьащ, берычэт бесын, тхьэлъэIурэ гуфIэгъуэм фыхузэраушэ тхьэм гъащIэ къывит! Фыкъафэ, фефэ, фешхэ,ди куэдщ, фыщымысхь!»-жиIэурэ.

Авторым и псалъэхэр

Унэишэр адыгэ хьэгъуэлIыгъуэм и пкъыгъуэ нэхъыщхьэ, нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщ зыщ. «НысащIэр унэ ишэн хуейщ» жаIэрти, зэрызехьэу щIадзэрт. Джэгур ину ехьэжьауэ бжэIупэм Iутт.НысащIэр, пшынэ еуэхэу,Iэгу, « уэредадэ» жаIэу зы унэм къыщIаша иужькIэ пщIантIэм и деж щызэтрагъэувыIэрти, абы джэгу мащIэ хузэхаублэрт. ЩIалэхэм фоч ягъауэрт, бзаджэнаджэхэр ягъэщтэн щхьэкIэ. НысащIэм фоч щхьэщагъэукI къудейкIэ зэфIэкIыртэкъым.АтIэ а нысащIэр зыщIашэ унэм и уэнжакъыр нэщэнэ уапIэ ящIырт, абыкIэ бзаджэнаджэр имыпщхьэн щхьэкIэ. НысащIэр и нысэгъумрэ и пщыпхъумрэ я зэхуакум дэтти,и Iэблэ зэрызыр яIыгът,абыхэм дэнэкIэ ягъазэми кIуэн мыхъумэ, езым зыри илъагъутэкъым. Уэредадэм щIадзэжырти нысащIэр хьэблэ фызхэр ,благъэ фызхэр зыщIэс(пэшым) унэм яшэрт. Мыбы щIэс бзылъхугъэхэм нысащIэ унэ ирашэм и гуащэр хэту щытакъым,ар щхьэхуэу техьэпщIи ,псалъапщIи ищIын хуейт.Абы щIашэн ипэкIэ къепхъыхыу дэ, IэфIыкIэ, ахъшэ жьгъей кърапхъыхырти,ар сабийхэм къащыпырт.Унэ ирашэри абы и Iэблэр зыIыгъхэри бжэщхьэIум лъакъуэ ижькIэ ебэкъуэн хуейт,теувэ хъунутэкъым.А хабзэм мыхьэнэшхуэ иIэу щытащ.ЦIыхухэм къалъытэрт дуней ехыжахэм я псэм къагъэзэжурэ бжэщхьэIу лъабжьэм щIэтIысхьэу,дунейм къытранахэм кIэлъыплъу.Абы къыхэкIкIэ бжэ блыпкъитIым ещанэу удэувэ,удэт хъунукъым,гуэныхьщ,жыхуаIэ нэщэнэри.БжэщхьэIум зэребакъуэу нысащIэр Iэмал имыIэу ныш яукIам и фэ цIынэм теувэрт. Фэр зэрагъэтIылъ хабзэр цыр къыдэгъэзеяуэт.Абы щытеувэкIэ,нысащIэм фызыжьхэр къехъуэхъут:

ХъуэхъукIэ Iэзэ фызыжь къезыджэу зыгъэхъуахъуэр нэхъыбэт.Абыхэм мыпхуэдэ хъуэхъу дахэхэр щыжаIэрт

Фызхэр зырызыхэу бгъэдихьэурэ абы йоплъ, йохъуэхъу, IэплIэ ирашэкI.Ауэ езы нысащIэм зигъэхъейркъым, фыз IэплIэ къыхуэзыщIхэм я Iэри къиубыдыркъым. Фыз IэплIэ къезышэкIхэм я Iэр иубыдмэ,абы адыгэхэм кърахырт нысащIэр щхьэзыфIэфI ,гъуэлэгъуасэ,тэмакъкIэщI хъуну е апхуэдэу щыту,унагъуэр и унафэ щIигъэувэным хущIэкъуну.

Фызхэм нысащIэм фIэхъус-сэламыр ирахын зэфIэкIа иужькIэ IурыцIэлъыр ящIырт.ШейщIэтым илъу форэ тхъурэ зэхэпIытIауэ фызхэм ящыщ зыгуэрым нысащIэм бгъэдихьэрти, IэпхъуамбэкIэ тIэкIунитIэ нысащIэм и Iупэм иригъэIусэ хуэдэу ищIырт.Мыбы щыгъуи нысащIэ цIыкIур хуэсакъын хуейт IурыцIэлъым, форэ тхъурэ ,зэремыбзейным. IурыцIэлъ зыщI фызым и Iэпэхэм ебзей нысащIэм хуагугъэрт ар нэплъыс-ныIусу, ныбаблэу, ныбэхуэфIу щыту.

НысащIэм еплъынухэри еплът, абы и пащхьэм техьэпщIэ тIэкIуи къыщыIахырт, фадэбжьэр щрафти нысащIэр кърашэжьэжт. И щхьэтепхъуэри кърапхъухыжырти унэм къыщIашыжт.Къызэрашам ещхьыркъабзэу «уэредадэ» жаIэу,фоч ягъауэу,къэувыIэрэ къафэхэу къашэжырти,зыщIаша и лэгъунэм къыщIашэжт.Мыбы щыгъуэ щыIэт нысащIэм , ахъшэ,хугу къыщрапхъыхи, унэм щыщIыхьэжкI э бжьыхьэ кIапэм кърагъэщэщэхыурэ мэкъу щIэщ е бгъэныжь и щхьэм щытрагъэщащи.Абыхэм псоми къашэн хуейт берычэтрэ бэврэ, ехъулIэныгъэ. И лэгъунэм щIашэжа нэужь,и щхьэтепхъуэр драгъэкIуэтейт, е трахыпэрти, дыщэ пыIэр щхьэрыгъыу гъуэлъыпIэм ирагъэтIысхьэрт.Иджы ящыщ дыдэ хъуащи, а лэгъунэм зыгуэр къыщIыхьэху нысащIэр къэтэдж-тIысыжу гъуэлъыпIэм ист.

Абы иужькIэ «пхъужь къафэ» жаIэти, джэгур ину яублэрти,пхъужь щыIэхэр, фызыжьу къагъуэтри утыкум къралъафэрт,къэмыфэфмэ,фадэ кърагъэхьти, абыкIэ и щхьэр кърагъэщэхужт.

Нысашэ гуфIэгъуэр зейр чэзууэ гупхэм яхыхьэурэ ехъуэхъут,я Iэнэр зыхуэныкъуэхэр зригъэлъагъути,гъухьбжьыхьхэм унафэ яхуищIт.Псалъэ дахэ яжриIэт, «ди Iуэху фIэтащ, гугъу зыкъытхуевгъэхьащ, берычэт бесын, тхьэлъэIурэ гуфIэгъуэм фыхузэраушэ тхьэм гъащIэ къывит! Фефэ, фешхэ,ди куэдщ, фыщымысхь!»-жиIэурэ.