АДЫГЭБЗЭМ И МАХУЭШХУЭ
ФЕСТИВАЛЬ - ЕПЛЪЫНЫГЪЭ
« СИ БЗЭ -
СИ ПСЭ ,
СИ ДУНЕЙ»
Бзэрабзэ, си адыгэбзэ!
Усэ Ирипсалъэ адыгэщ1
Макъамэм щ1эту утыкум къохьэ езыгъэк1уэк1хэр .
Гимн Адыгов
1 в - Ф1эхъус апщий, нобэ ди зэхуэсым кърихьэл1а псоми! Нобэ, гъатхэпэм и 14 м Адыгэбзэм , ди анэдэлъхубзэм и махуэ лъап1эщ.
2в- Фыкъеблагъэ , зи бзэр псэм пэзыщ1у
Зи тхыдэжьыр зыгъэлъап1э псори,
Дэ ди гуапэщ ди анэбзэр, хабзэр,
Щ1ыхь ин хэлъу къыддэвгъэлъэп1эну.
1в.- Фыкъеблагъэ ,зи бзэр зыф1э1эф1хэр,
Ар сыт щыгъуи япэ изыгъэщхэр,
Бзэр лъэпкъ напэу къэзыбж псори ,
Гуапэу ди зэ1ущ1эм фыкъеблагъэ!
Макъамэ къоуэ.
1в. - Адыгэм хабзэр и бзыпхъэщ, 1уэху щиублэк1э,хъуэхъук1э щ1едзэ. Дэри а хабзэр
нобэ ткъутэнкъым. Ди махуэшхуэ зэхыхьэр къызэ- 1утхынщ хъуэхъук1э.
Али - Сэ хъуэхъуэн си фарзщи,
Фарзыщ1агъ тхэмылъу,
Къэралыгъуэу дыщыпсэум
И псэук1эр еф1ак1уэу,
Къэралу щы1эм драпашэу,
Лъэпкъыу исыр зэгуры1уэу
Зэдэ1уэжрэ зэрылъытэу
Зым 1эпыхур зым къищтэжу
Зы унафэм дыщ1эту
Ди лъэпкъ анэдэлъхубзэр дгъаф1эу
Ар 1эщ1ыб дымыщ1у
Гъавэр, псыр, шыгъур, гъущ1ыр, хугур
Берычэту ди1эу
Гум и щ1асэу
Гухэщ1 дымылъагъуу,
Гъащ1эрэ щ1эныгъэрэ
Нэмысрэ насыпрэ ди куэду
Гъэ минк1э псэун лъэпкъ тхьэм дищ1!
Диана - Ди бзэр зэзмыпэсыжу
Ар 1эщ1ыб ищ1ыну ек1э и ужь ихьэхэм
Дахуохъуахъуэ мыпхуэдэу:
Гъэ мэш ищ1эну губгъуэм щихьам деж,
И хьэсэм ихъуреягъыр хьэкъыршу,
И кур шыпсыранэу,
Зрагъэзыхмэ, и нэм къыщ1эуэу,
Хэ1эбэмэ, и 1эр къису,
Дзыгъуэ тхыц1эр щ1имыгъанэу –
Апхуэдэ гъэ «бэв» тхьэм кърит!
2в. - Нобэрей ди зэ1ущ1эр къызэ1уахыу ар хъуэхъу псалъэк1э ирагъэжьэну утыкум къыдогъэблагъэ илъэс бжыгъэ хъуауэ анэбзэ 1эф1ыр щ1эблэм 1уралъхьэу ди еджап1эм щылажьэ ди егъэджак1уэ Псэун Мария Малыч и пхъур.
в. - Ди адыгэбзэр мывэ джей быдэщ,
Илъэс мин куэдхэр абы и тхыдэщ,
Псы къелъэм хуэдэу ар къарууф1эщ,
Ди лъэпкъгъэф1эну дызэрыгуф1эщ.
1в. - И бзэр ф1эдахэмэ - ар лъэпкъ узыншэщ,
И бзэм хуэлажьэмэ – ар лъэпкъ уахътыншэщ, Адыгэ лъэпкъыр дызэкъуэтынщ,
Ди бзэм и щ1ыхьыр лъагэу т1этынщ.
2 в Зи бзэр 1эрыхуэу зыгъэбзэрабзэу
Ди ныбжьыщ1э ц1ык1ухэр къыдогъэблагъэ
1 класс
Флешмоб 9 класс
3 класс
- Дэ ди гуф1эгъуи
Ди нэщхъеягъуи
Тхузэбгъэзахуэу
Утетщ гъуэгу махуэ.
Анэдэлъхубзэ, адыгэ жьабзэ,
Уздэщымы1э сыщремы1э.
- Си гум и хущхъуэ
Псэм и 1эф1ыщэ,
Пхузощ1 сыт щыгъуи
Адыгэ ф1ыщ1э.
Анэдэлъхубзэ,анэм и жьабзэ,
Уздэщымы1э сыщремы1э!
-Бзэр т1эщ1эк1мэ, док1уэдыр,
Лъы зыщ1этыр фысакъ
Псы зыщ1этыр тек1уэту,
Вгъэ1у бзэ хуабэм и макъ.
-Си бзэ дахэу адыгэбзэ,
Си бзэ дахэу уэ си нэху!
Уэращ си анэдэлъхубзэр,
Сф1эбэмащ1эщ сыпсэлъэху!
Упсэу, си бзэ,
Хьет жегъэ1э!
Уэрэд «Си бзэ - си псэ, си дуней.
псалъэхэр Джэдгъэф Борис
макъамэр Молэ Владимир яйщ.
Си 1уащхьэмахуэ уэгу пк1элъейм
Хасэшхуэ щызэхуос.
Къапсэлъыр нобэ Къэбэрдейм
Си гущ1эм нылъо1эс Ежьу: Си бзэ – си псэ, си Дуней.
Анэбзу си уэрэд
Лъагъуныгъэу сигу мыжейм,
Сигу мыжейм укъолъэт
Адыгэу тетым щ1ы хъурейм,
Ей, маржэ, жыф1эрей:
Си бзэ- си псэ, си Дуней.
Си бзэ – си Дуней!
Къайсэри Щами къыподжэж.
Схуэхъуахъуэу джэрпэджэж.
Уэрэдыр хуэдэщ дыгъэ бзийм,
Псэм нурыр щеукъуэдий.
Ежьу
1в. Ди адыгэбзэм , анэдэлъхубзэм
Блэк1а зэманхэр къыдегъэщ1эж,
2 в Ди нартыжь лъэпкъым уэрэд хуеусыр,
Адыгэ къафэр дэни нехьэсыр.
«Уэркъ къафэ» 9 класс
1в. - Си бзэмрэ сэрэ дызэт1олъхуэныкъуэу
Зы адыгэ анэм дыкъилъхуащ,
Здэнукъым сыкъэзылъхуар хаутэу,
Здэнукъым хаутэу къыздалъхуар.
2в. - Анэбзэ 1эф1ыр зыгъэик1эм
Зэфа быдзышэр ещ1 хьэрэм ,
Адыгэ анэ щ1ым тетыхук1э
Тхъумэну ди бзэр ди къалэнщ.
Сценкэ Адыгэбзэ 11,7 кл
1в. - Щыфхъумэ фи гум а хуабагъэр,
Фызэхуэбыл1э псэк1э ,
Адыгэ лъэпкъым лъэ1у фхузи1эщ,
Си гуапэщ фыщ1эдэ1умэ.
Видео « Лъэ1у»
1в. - Узэщымыджэ , си бзэ дахащэ,
Зеиншэу , кхъы1э, зумылъытэж,
Анэнэп1эсым и гупк1э дзак1эм ,
Урадзэжами, зысхуэхъумэж.
2в. - Маржэ , си адыгэ ,
Дызэрывгъэубыд.
Хъунущ ди пщ1эр лъагэ ,
Зыдмыщ1ыжмэ пуд.
1в. - Псалъэ , псалъэ , адыгэ псалъэ,
Адыгэгур л1ыгъэм хуэгъэпсыж.
«Уадыгэщ» жа1эм дрипагэу,
Адыгагъэм и пщ1эр къэ1этыж.
1в. - Си къуэшхэ, фыкъихьэт утыкум,
Си бзэм нобэ и махуэщ,
Кърихыу гуф1эгъуэр фи нэгум,
Уджыр ефшажьэт псыпыхуу.
« Адыгэ къафэ» уэрэдыр