СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Текстыр урысыбзэк1э зэдзэк1ын

Нажмите, чтобы узнать подробности

Бзэм зегъэужьынымк1э дэ1эпыкъуэгъу

Просмотр содержимого документа
«Текстыр урысыбзэк1э зэдзэк1ын»

Урыс – адыгэ псалъалъэхэр къагъэсэбэпкIэрэ, мы пычыгъуэхэм хэт псалъэхэр урысыбзэкIэ зэдзэкIын.


«УИ НЭМ КЪЕIЭМ И ПСЭМ ЕIЭ!»

Граждан зауэр иухри илъэс 20-м щIигъукIэ мамыру псэуащ ди цIыхухэр. А зэманым къриубыдэу лэжьыгъэшхуэ зэфIагъэкIащ абыхэм. Яухуащ заводхэмрэ фабрикэхэмрэ, колхозхэмрэ совхозхэмрэ, псы кIэнауэхэмрэ гъущI гъуэгухэмрэ. Яухуащ абыхэм еджапIэхэри, сымаджэщхэри, псэупIэ унэхэри куэду. Ди хэкур дунейпсом и кIуэцIкIэ нэхъ къэрал лъэщ дыдэхэм ящыщщ. Ауэ ди гъащIэ мамыр насыпыфIэр бийм къызэпиудащ. Ди къэралым зэрымыщIэкIэ нэмыцэ фашистхэр къытеуащ. Хэку зауэшхуэм щIидзащ. Ар къыщыхъуар 1941-гъэм июным и 22-махуэрщ.





Лэжьыгъэ 1. Псалъэхэр зэхэфтхыкI. Зы хьэрфзешэ фIэкIа зыхэмыт макъхэр япэ къехыгъуэу, хьэрфзешитI зыхэт псалъэхэр етIуанэ къехыгъуэу фтхы. Жэщ, махуэ, тетрадь,

тхылъ, бзу, къанжэ, псы, пыIэ, псалъэ, фалъэ, гъукIэ, гущэ, жьауэ.


Лэжьыгъэ 2. Пычыгъуэ къэзыгъэхъу хьэрфзешэр щIэфтхъэ.


Лэжьыгъэ 3. Псалъэхэр пычыгъуэкIэ зэпывуд. Текстыр егъэтхын, къахуеджэурэ. ЖьэрыIуатэу зрегъэдзэкIын, жаIэурэ (ямытхыу). а) Гъатхэм нэхъ щIэращIэ гъэм и пкъыгъуиплIым хэткъым. Гъатхэм бзу цIыкIухэр мэбзэрабзэ, шыр цIыкIу къраш. Щынэхэр мэджэгу. Дунейр щхъуантэ мэхъу. 1. Псалъэхэр пычыгъуэкIэ зэхэтхыкIын. 2. Хьэрфышхуэхэр щIегъэтхъэн. б) Щыгъынхэм я цIэхэр егъэтхын, ударенэр трагъэувэурэ: джанэ, гъуэншэдж, лъэпэд, вакъэ, бгырыпх, кIагуэ, щIакIуэ, пыIэ, н.къ.




Фыкъеджэ текст «Налшык» жыхуиIэм

Налшык Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм и къалащхьэщ. "НалщӀэч" жыхуиӀэ псалъэпкъит1 зэхэжыхьам къытекӀащ. Языныкъуэм нал+цӀыкӀу хуэдэу ябжыр. Къапщтэмэ, НалщӀэч къалэ нал цӀыкӀум ику итым ещхьщ. Къалэм и дамыгъэ нэхъыщхьэр налщ.

1. Псалъалъэхэр къэвгъэсэбэпурэ мы тхыгъэр урысыбзэкIэ.

2.ФIэхъус сэлам ехыныгъэу адыгэбзэм иIэмкIэ гурыIуэгъуэ етын.




Скачать

Рекомендуем курсы ПК и ППК для учителей

Вебинар для учителей

Свидетельство об участии БЕСПЛАТНО!