Къызэрапщытэ тест лэжьыгъэ 11–нэ класс
1.Щхьэ дапщэ япыт къэкIуэну глаголхэм:
А. Къысхуэфтхащ -
Б. СыкъыпхуагъэкIуэжащ -
В. Дывдэджэгунущ -
2. Причастие лIэужьыгъуэхэр къытевгъэкIеджэн глаголым.
А. ЩIыпIэ -
Б. Зэман -
В. Лэжьыгъэм и къэхъукIэ -
Г. Щхьэусыгъуэ –
3. Зи тхыкIэр тэмэм псалъэхэр къэвгъэлъагъуэ.
А. УафэхъуэпскI. Б. НэпщIэуфэ. В. Игъэкъэбзащ.
Г. Зигъэдахащ. Д. Къэралыгъуэ. Г. Шеудз.
4. Макъ зэпэщIэхыу къэкIуа ы-р псалъэ псоми хуей? Здыхуэмейр къэвгъэлъагъуэ.
А. Къуаргъыу. Б. Макъыу. В. НапэIэлъэщIыу.
Г. ЕкIуэкIыу. Д. Таурыхъыу. Г. Цыхъарыу.
5. Псалъэухахэр зыхуэдэр (къызэрыкIуэ, зэхэлъ-зэпха, зэхэлъ-зэгъусэ) къэвгъэлъагъуэ.
А. Зауэ нэужь лъэхъэнэм адыгэ театрым и репертуарыр мащIэт, ауэ иджыпсту пьесэ хьэлэмэтхэм къытращIыкIа спектакль куэд диIэщ. –
Б. Ди цIыхухэм Хэку зауэшхуэм щызэрахьа лIыхъужьыгъэм теухуа усэхэр, рассказхэр, романхэр, пьесэхэр куэду диIэщ. –
В. Пьесэр блэкIа зэманым теухуа пэтми, абы иIэ мыхьэнэмкIэ нобэрей гъащIэм пэгъунэгъущ.-
6. Й-р здэбгъэув хъуну псалъэ гупыр къэвгъэлъагъуэ:
А. Къабзи…шхуэ, саби…, шэнтжье…
Б. Бали…р, же…нущ, ма…ипэ.
В. Псе..р, пхъэгулъе…, Iэди…
7. Псалъэ гупым хэт псалъищри зэпыту здэтхын хуейр къэвгъэлъагъуэ:
А. (Си) дэлъху, (уи) нанэ, (фи) пхъу.
Б. (Я) шы, (ди) вы, (си) гу.
В. (Уи) унэ, (я) лы, (и) тхылъ.
8.Причастиер къэвгъэлъагъуэ:
А. мэлажьэ
Б. лэжьыгъэ
В. лажьэр
Г. лажьэурэ
9. Фразеологизм зыхэт псалъэуха ( псалъэухахэр) къэвгъэлъагъуэ.
А.ПщафIэм лыр дзасэм пиIуащ.
Б. Нарт хасэм зи лъэ вакъэ изылъхьэр къыщызэхуэсат.
В. Абы зыкъыфIэщIыжащ, и щхьэм куэд трелъхьэ.
Г. ЩIыунэм щIэсхэм я ныбжьыр блыным мыIупщIу тридзэрт.
10. КIыхь…лIыхь, лъакъуэ...мастэ, нэшхуэ..гушхуэ. Дауэ ятхрэ мы псалъэхэр?
А. зэпыхауэ
Б. зэпыту
В. екъуа дэту
11. Суффикс пыувэкIэрэ къэхъуа псалъэхэр къэгъэлъагъуэ.
I) насыпыфIэ
2) псалъищ
3) кIуэркъым
4) лэжьыгъэ
12. Псалъэ псоми а-р щытхын хуей сатырыр къэгъэлъагъуэ.
I) ед..хэщIэн, д..мащхьэ, къ..бзагъэ;
2) ж..гъуэгъу, лъэгу..жьэмыщхьэ, къу..кIэбгыкIэ;
3) зигъэтI..схъэнукъым, ед..пщанэ, лъ..пагъ.
13. Псалъэухахэм яIэ щыщIэныгъэхэр зэгъэзэхуэж: нагъыщэхэр гъэувыжын, дэгъэхуа хьэрфхэр дэгъэувэжын.
А. Ещхьыркъабзэу хабзэ дахэт дзе..уэ зэгухьэныри. Б. Къапщтэмэ ижь-ижьыж лъандэрэ къ..кIуэкI щIыхьэхур. В. Псом хуэмыдэу гулъытэ хуащIырт жьы хъуахэм фызабэ дэIэпыкъуэгъуншэхэм. Г. Зы цIыху къ..рукIэ зэфIэмыкI лэжьыгъэр зыгуэрым къыкIэлъыкъуэкIамэ хьэблэр жылэр зэхуэсырти и Iуэху худахырт. Д. ЦIыху зыбжанэ дзейуэ зэгухьэрти я Iуэху зэдащIэрт зэдэIэпыкъухэурэ вэрт сэрт гъавэр Iуахыжырт. Е. ИгъащIэ лъандэрэ адыгэм и хабзэщ зыр адрейм дэIэпыкъуныр зылъэкIым зылъэмыкIым з..щIигъэкъуэныр.
В1. Псалъэухахэм хэт наречиехэр къыхэтхыкIын.
В2. «Лъандэрэ» псалъэр зыщыщ псалъэ лъэпкъыгъуэр тхы.
В3. Псалъэпкъым Й щатхым и щапхъэхэр къыхэтхыкI.
В4. Псалъэуха зэхэлъ-зэпхахэр я хьэрфхэмкIэ къэгъэлъагъуэ.
14.Псалъэр зэрызэхэт IыхьэкIэ зэпкърыхын.
Къыжьэдикъуэфырт
Къызэрапщытэ тест лэжьыгъэ 11–нэ класс (жэуапхэр)
1.Щхьэ дапщэ япыт къэкIуэну глаголхэм:
А. Къысхуэфтхащ - 2.
Б. СыкъыпхуагъэкIуэжащ - 3.
В. Дывдэджэгунущ - 2.
2. Причастие лIэужьыгъуэхэр къытевгъэкIеджэн глаголым.
А. ЩIыпIэ -зыщеджэ
Б. Зэман - щеджэ
В. Лэжьыгъэм и къэхъукIэ - зэреджэ
Г. Щхьэусыгъуэ – щIеджэ
3. Зи тхыкIэр тэмэм псалъэхэр къэвгъэлъагъуэ.
А. УафэхъуэпскI. Б. НэпщIэуфэ. В. Игъэкъэбзащ.
Г. Зигъэдахащ. Д. Къэралыгъуэ. Г. Шеудз.
4. Макъ зэпэщIэхыу къэкIуа ы-р псалъэ псоми хуей? Здыхуэмейр къэвгъэлъагъуэ.
А. Къуаргъыу. Б. Макъыу. В. НапэIэлъэщIыу.
Г. ЕкIуэкIыу. Д. Таурыхъыу. Г. Цыхъарыу.
5. Псалъэухахэр зыхуэдэр (къызэрыкIуэ, зэхэлъ-зэпха, зэхэлъ-зэгъусэ) къэвгъэлъагъуэ.
А. Зауэ нэужь лъэхъэнэм адыгэ театрым и репертуарыр мащIэт, ауэ иджыпсту пьесэ хьэлэмэтхэм къытращIыкIа спектакль куэд диIэщ. – зэхэлъ-зэгъусэ.
Б. Ди цIыхухэм Хэку зауэшхуэм щызэрахьа лIыхъужьыгъэм теухуа усэхэр, рассказхэр, романхэр, пьесэхэр куэду диIэщ. – къызэрыкIуэ.
В. Пьесэр блэкIа зэманым теухуа пэтми, абы иIэ мыхьэнэмкIэ нобэрей гъащIэм пэгъунэгъущ.- зэхэлъ-зэпха.
6. Й-р здэбгъэув хъуну псалъэ гупыр къэвгъэлъагъуэ:
А. Къабзи…шхуэ, саби…, шэнтжье…
Б. Бали…р, же…нущ, ма…ипэ.
В. Псе..р, пхъэгулъе…, Iэди…
7. Псалъэ гупым хэт псалъищри зэпыту здэтхын хуейр къэвгъэлъагъуэ:
А. (Си) дэлъху, (уи) нанэ, (фи) пхъу.
Б. (Я) шы, (ди) вы, (си) гу.
В. (Уи) унэ, (я) лы, (и) тхылъ.
8.Причастиер къэвгъэлъагъуэ:
А. мэлажьэ
Б. лэжьыгъэ
В. лажьэр
Г. лажьэурэ
9. Фразеологизм зыхэт псалъэуха ( псалъэухахэр) къэвгъэлъагъуэ.
А.ПщафIэм лыр дзасэм пиIуащ.
Б. Нарт хасэм зи лъэ вакъэ изылъхьэр къыщызэхуэсат.
В. Абы зыкъыфIэщIыжащ, и щхьэм куэд трелъхьэ.
Г. ЩIыунэм щIэсхэм я ныбжьыр блыным мыIупщIу тридзэрт.
10. КIыхь…лIыхь, лъакъуэ...мастэ, нэшхуэ..гушхуэ. Дауэ ятхрэ мы псалъэхэр?
А. зэпыхауэ
Б. зэпыту
В. екъуа дэту
11. Суффикс пыувэкIэрэ къэхъуа псалъэхэр къэгъэлъагъуэ.
I) насыпыфIэ
2) псалъищ
3) кIуэркъым
4) лэжьыгъэ
12. Псалъэ псоми а-р щытхын хуей сатырыр къэгъэлъагъуэ.
I) ед..хэщIэн, д..мащхьэ, къ..бзагъэ;
2) ж..гъуэгъу, лъэгу..жьэмыщхьэ, къу..кIэбгыкIэ;
3) зигъэтI..схъэнукъым, ед..пщанэ, лъ..пагъ.
13. ПсалъэухахэмяIэщыщIэныгъэхэрзэгъэзэхуэж: нагъыщэхэргъэувыжын, дэгъэхуахьэрфхэрдэгъэувэжын.
А. Ещхьыркъабзэу хабзэ дахэт дзейуэ зэгухьэныри. Б. Къапщтэмэ, ижь-ижьыж лъандэрэ къокIуэкI щIыхьэхур. В. Псом хуэмыдэу гулъытэ хуащIырт жьы хъуахэм, фызабэ дэIэпыкъуэгъуншэхэм. Г. Зы цIыху къарукIэ зэфIэмыкI лэжьыгъэр зыгуэрым къыкIэлъыкъуэкIамэ, хьэблэр, жылэр зэхуэсырти, и Iуэху худахырт. Д. ЦIыху зыбжанэ дзейуэ зэгухьэрти, я Iуэху зэдащIэрт: зэдэIэпыкъухэурэ вэрт, сэрт, гъавэр Iуахыжырт. Е. ИгъащIэ лъандэрэ адыгэм и хабзэщ зыр адрейм дэIэпыкъуныр, зылъэкIым зылъэмыкIым зыщIигъэкъуэныр.
В1. Псалъэухахэм хэт наречиехэр къыхэтхыкIын.
Псом хуэмыдэу, игъащIэ, ещхьыркъабзэу, ижь-ижьыж.
В2. «Лъандэрэ» псалъэр зыщыщ псалъэ лъэпкъыгъуэр тхы.
Послелог.
В3. Псалъэпкъым Й щатхым и щапхъэхэр къыхэтхыкI.
Дзей, адрей.
В4. Псалъэуха зэхэлъ-зэпхахэр я хьэрфхэмкIэ къэгъэлъагъуэ.
Г Д
14.Псалъэр зэрызэхэт IыхьэкIэ зэпкърыхын.
Къыжьэдикъуэфырт