СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Теунэ Хьэчим. «Аслъэн» повестыр зэпкърыхын. Урокым и план

Нажмите, чтобы узнать подробности

Просмотр содержимого документа
«Теунэ Хьэчим. «Аслъэн» повестыр зэпкърыхын. Урокым и план»

Темэр: Теунэ Хьэчим. «Аслъэн» повестыр зэпкърыхын.

Мурадыр:

Повестым хэт образ нэхъыщхьэхэр зыхуэдэр убзыхун, зэрытха бзэм тепсэлъыхьыфу егъэсэн.

Тхыгъэм зэрыхэт елъытауэ л1ыхъужьым и сурэт, характеристикэ зэхагъэувэфу егъэсэн.

Тхылъыр ф1ыуэ ялъагъуу егъэсэным пыщэн.

Урокым и план.

I . Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын:

Теунэ Хьэчим и гъащ1эм и къек1уэк1ык1ам езыхэм я сэбэпу сыт къыхахами жегъэ1эн.

Тхыгъэхэм я обзор к1эщ1 егъэщ1ын.

Теунэм и лэжьыгъэм къыхуагъэфэща дамыгъэхэр, ц1э лъап1эхэр.

«Аслъэн» повестым къыщыгъэлъэгъуа лъахъэнэм, абы и щытык1эхэм теухуауэ ящ1эхэр жегъэ1эн.

«Аслъэн» повестым и темэр, идеер, зытепсэлъыхьыр.

Революцэм и пэ къихуэ илъэсхэм къызэрыгуэк1 бгырыс мэкъумэшыщ1эр зыдэта дэкъузэныгъэр, къулейсызыгъэ хьэлъэ телъар, и зэхэщ1ык1ым зэрызиужьыр, гъуэгу пэж хуэхъуныр къызэригъуэтыр тхыгъэм темэ нэхъыщхьэ зэрыхуэхъуар.

А псор Аслъэн и образымк1э къэгъэлъэгъуа зэрыхъуар.

Гъащ1эм къыщылъыс лейхэм Аслъэн къызэригъэгубжьыр, пщы Кушыку зэрыпэщ1эувэр.

Гъащ1эм и пэжыр къыгуры1уэнымк1э Михаил сэбэп къызэрыхуэхъур.

Аслъэн и хьэл-щэныр, и дуней тетык1эр тхыгъэм къызэрыщыгъэлъэгъуам и щапхъэхэр яже1эн.

Аслъэн и образыр езыхэм къазэрыщыхъур, ар бэнэныгъэм щ1ыхыхьэр, гъуэгу тэмэм къыщ1ыхуэмыгъуэтыр къазэрыгуры1уэр жегъэ1эн.

Михаил и образым тхак1уэм щ1илъхьэ гупсысэм теухуауэ еджак1уэхэр къэгъэпсэлъэн.

Тхыгъэм щыщ пычыгъуэ нэхъ яф1эхьэлэмэтахэм я гугъу егъэщ1ын.

II . Темэщ1эм елэжьын.

Тхыгъэр къагъэсэбэпк1эрэ егъэлэжьын:

- Аслъэн и сурэтым (портрет) ар 1эзагъ ин хэлъу тхак1уэм къызэри1уэтэфам гу лъегъатэурэ;

- Аслъэн и характеристикэм елэжьын. Абы хыхьэхэр тхыгъэм къызэрыщыгъэлъэгъуар къыхэгъуэтэн;

- Аслъэн и къуажэгъухэм, и ц1ыхугъэхэм, и лэжьэгъухэм зэрахущутымрэ зыгъэпщыл1, зыгъэпудыну хэтхэмрэ зэрахущытым теухуауэ я 1уэхуеплъык1эхэр жегъэ1эн;

- Аслъэн дунейм и зэхэлъык1эр, абы щызек1уэ зэхуэмыдэныгъэхэр къыгуры1уэнымк1э Михаил и ныбжьэгъугъэр сэбэп къызэрыхуэхъуар;

- Михаил ди щ1ып1эм къэк1уэн щ1эхъуар, абы и къалэн нэхъыщхьэу зыхуигъэувыжыр, ар абы къызэрехъул1эр.

2. Тхыгъэм и художественнэ гъэпсык1эр еджак1уэхэр зыдэгъэ1эпыкъуурэ убзыхун:

Завязкэ – Аслъэн и лэжьапщ1эр къыщрамытым, Нысэ1эф1 и жэмыр бгым щыхуу щиук1ым, къулейсызыгъэ псом я хэк1ып1эу джаур иук1ыну мурад зэрищ1ыр.

Кульминацэ – пщыр у1эгъэ ищ1у Михаил и деж зэрызыщигъэпщк1ур, абы и «нэр къызэригъаплъэр»

Развязкэ – Михаил Аслъэн и ныбжьэгъухэм я деж зэриут1ыпщыр.

2. Тхыгъэм хэт художественнэ-изобразительнэ 1эмалхэр:

- эпитетхэр, метафорэхэр, зэгъэпщэныгъэхэр.

- псалъэжьхэр

- архаизмэхэр

- пейзажым щиубыд щ1ып1эр.

III Егъэбыдыл1эн.

Тхылъымк1э гъэлэжьэн.

Упщ1эхэм я жэуапхэр:

- Михаил и унагъуэр дауэ къы1ущ1а Аслъэн, сыт жыф1эфын абыхэм я зэхущытык1эм теухуауэ?

- Аслъэн и гъащ1э гугъумк1э игъэкъуаншэр хэт, фэ дауэ феплърэ абы?

- Аслъэн и образым сыт хуэдэ щапхъэхэр къытрахыфыну адрей гугъуехьак1уэхэм?

IV. Унэ лэжьыгъэ ятын.

Повестым и к1эм нэс къеджэн.

«Аслъэн зыхуэдэр» темэм теухуауэ жьэры1уатэ сочиненэ егъэхьэзырын.

Тхыгъэм хуэк1уэ адыгэ псалъэжьхэр, жы1эгъуэхэр убзыхун.


Скачать

Рекомендуем курсы ПК и ППК для учителей

Вебинар для учителей

Свидетельство об участии БЕСПЛАТНО!