1 слайд «Презентацэм и темэр»
2 слайд Мурад нэхъыщхьэр: Ди лъэпкъым дунейм иритыфа щыгъын дахэр дгъэлъэпIэн, а фащэр ижь-ижьыж лъандэрэ зигу дыхьа лъэпкъхэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэмрэ хабзэмрэ зыщегъэубгъун.
3 слайд
Фащэм я нэхъ дахэр укIытэщ.
Бзылъхугъэм и Iэщхьи, и щхьи и фащэщ.
Дахагъэр зэкIужщи, зэкIужыр фащэщ.
4 слайд Ц1ыхубз фащэм хыхьэхэр: щIагъщIэлъ, джанэ, бгырыпх телъу бостей, гъуэншэдж, тIууэ зэгуэкIыу, шырыкъу, пыIэ лъагэ, куэншыбэ, джэдыгу, хъурыфэм, бажафэм, дзыдзафэм къыхэщIыкIахэу.
Бзылъхугъэм и пы1эм мыхьэнэшхуэ хэлът. И лъагагъэм къигъэлъагъуэрт сыт хуэдэ унагъуэм къыхэк1а хъыджэбзыр, и ц1уугъэнэм елъытат и ныбжьыр, щагъэ тедам къигъэлъугъуэрт дэлъху дапщэ и1эми.
Хъыджэбз дэсхэм я бгырыпхэр, щIыIухэр нэхъ гъэщIэрэщIат, дыщэпс трагъэлъадэт, мыщIэ ирагъэтIысхьэрт, кIэрыщIэн зэмылIэужьыгъуэхэри хуащIырт, и бгъуагъкIи нэхъ бгъузэт. Унагъуэ ихьа бзылъхугъэм и бгырыпхыр нэхъ бгъуэт, и быжри нэхъ инт, апхуэдэ дыдэуи гъэщIэрэщIатэкъым.
5 слайд Пщы- уэркъхэм япхъухэм хурагъэщIу щытащ пхъэ вакъэхэр. Ахэр къыхахт пхъэ быдэхэм: зейм, кхъужьейм, дэшхуейм. Апхуэдэ вакъэхэр цIуугъэнэкIэ ягъэщIэращIэрт, абы зэритри лъахъстэн вакъэ хъурей щабэт. Пхъэ вакъэхэм я мыхьэнэ нэхъыщхьэр бзылъхугъэр мылъэбакъуэхъуу, цIыхухъу зекIуэкIэу щымыту лъэбакъуэ щабэу щытыныр,зекIуэкIэ дахэ иIэныр, къинэмыщIауэ абыхэм къагъэлъагъуэрт пщы-уэркъым къызэрыхэкIар.
6 слайд Дамыгъэ дахэхэр, орнамент жыхуэтIэхэр я мыхьэнэм дытепсэлъыхьынщ иджы.
Адыгэ бзылъхугъэхэм дыщэ, дыжьын IуданэкIэ бостейр ягъэщIэращIэрт. ПыIэхэр, вакъэхэр, бохъшэхэр дахэу хадыкIырт. Апхуэдэ хьэпшып дахэхэр тхыпхъэ хьэлэмэткIэ ягъэщIэрэщIэф хъун щхьэкIэ, хъыджэбз цIыкIухэр хуагъасэрт илъэсиблым къыщыщIэдзауэ.
Пасэ зэман лъандэрэ адыгэхэм пщIэшхуэ хуащIу щытащ жыгым. Жыгыр щыуэ ягуэшырт : и щIагъыр- лъабжьэщ, къудамэхэр- щIэблэ, и щхьэр- уафэгу. Жыг орнамент къыхощ цIыхубз фащэм: дыщэкIэ бла и Iэгъуапэ тхьэмпэшхуэр. Абы теда тхьэмпищым- и бгъуитIыр –адэ-анэ, ику итыр- щIэблэ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, лъэпкъ гъэбагъуэ.
7 слайд Щимэр дэгъэзеямэ,цIыхубзым ехьэлIащ: щIыщIагъ гъащIэ, мазэ, псы,- жиIэу аращ.
Щимэр егъэзыхамэ, цIыхухъум ехьэлIащ: мафIэ, дыгъэ, уафэгу къару.
Ромб орнаментым губгъуэ ява, хьэсэу ягъэхьэзыра жиIэу аращ. Бгырыпхым щIыIу-ухунэ жиIэу тетт, ар щызэжьэхэуэкIэ макъ ищIырт, абы нэ Iей зиIэр IуигъэщтыкIыу ябжырт.
8 слайд Жыг- цIыху апхуэдэущ адыгэ фащэр зэрыщытыр. ЦIыху Iэпкълъэпкъым и щхьэр уафэщ, IэлъэщI, тепхъуэм хуэдэу пыIэхэм къару фIыцIэм, Iейм щахъумэ. Фащэ куэдым я пыIэхэм мазэ ныкъуэр щызэрахъуэкIащ бзу сурэткIэ. Абы къигъэлъагъуэрт псэм и щIэдзапIэ, къэхъуну щIэблэм я образ. Жыгым и лъабжьэм дыкъехмэ, лъабжьэм псори егъашхэ, псы ирегъэгъуэт, къару ирет. Аращи, орнаментхэм къыджаIэр щIэдзапIэ, щIэблэ гъэбагъуэ.
9 слайд ЦIыхухъу фащэм хыхьэхэр: цей, къэптал , джанэ, щIагъщIэлъ, гъуэншэдж , бгырыпх, пыIэ, лъей (шырыкъу), къамэ, щIакIуэ, лъахъстэн вакъэ, джэдыгу зэхуэмыдэхэр. Ц1ыхухъу фащэм хыхьэу щытащ афэм къыхэщ1ык1а нэ1урыдзэри, афэ 1элъэхэри, лъэгуажьэтелъхьэри.
Адыгэ цейр нэм зыкъыщIэзымыдзэ фэхэм къыхащIыкIырт: морэ, фIыцIэ, щхъуэ хуэдэхэм. Цей хужь езыгъэдыну хуитыр пщыхэрат, ауэ адыгэпщхэр апхуэдизкIэ цIыху зэпIэзэрытхэти, IэщэкIэ мыхъумэ, цIыху къызэрыгуэкIхэм фащэкIэ зыкъыхагъэщхьэхукIыртэкъым.
ЩIалэ цIыкIум цейр япэ дыдэу хуадырт илъэсипщI-пщыкIутI щыхъуам деж.
10 слайд Цейм и лъабжьэ щIэлъ джанэр Iэпкълъэпкъым хуэфIу, бгым иувэу ядырт. И кIыхьагъыр цейр зыщыгъыр къызыхэкIам елъытат: нэхъыбэм сантиметрий-пщIыкIэ лъэгуажьэм къыдэIэбейуэ къагъэувыIэрт, дин лэжьакIуэхэм ящыгъыр нэхъ кIыхьт. Джанэр зыгъэдахэ Iыхьэхэм ящыщт пщэм и лъагагъкIэ, сантиметриплI-хыкIэ дэкIуей пщампIэ лъагэ дытар. Джанэр и гупэмкIэ и кIыхьагъкIэ щызэгуокI, и бгым нэс ар щIыIу цIыкIурэ щIыIунэ щхьэхуэхэмкIэ бопхэ, апхуэдэ дыдэхэр Iэм хуэфIу да Iэщхьэм итщ. Джанэм бгъэ жып хуащI хабзэщ, зыфIэфIым бгым и щIагъ-кIи нэгъуэщI жып щIедэ.
Цейм къыпхугуэмыхын Iыхьэу хэтщ абы щIэпха бгырыпхыр. Бгырыпхым сэшхуэр, кIэрахъуэр, къамэр, зэманым елъытауэ щыIэ нэгъуэщI Iэщэхэри кIэрагъэзагъэ.
11 слайд Хьэзыр - цIыкIу-цIыкIуу зэпыщхьэхукIа жып гупщ, пхъэм е къупщхьэм къыхэщIыкIауэ гынылъэ зырыз иIэжу. Гыныр къежьа нэужьщ ар цейм кIэрадэн щыщIадзар. Хьэзырхэр, нэхъ убгъуауэ жыпIэмэ, "шэ хьэзырхэр", зэман лей имыгъэкIуэду шууейм и фочыр иузэдыну Iэмал иIэн щхьэкIэ щIауэ аращ.
И бгъэ сэмэгумкIэ щыIэ хьэзырхэм щыщу блэгущIэм нэхъ и гъунэгъуитIым язым уIэгъэ хъумэ, ар псынщIэу зыгъэхъуж удз хущхъуэ зэхэущэба илъу арат. Адрейм лъэгупс, гъуэншэдж щхьэпс, шы Iэмэпсымэхэм щыщ зыгуэр зэпычмэ, ар зэрызэпидэжын мастэ, Iуданэ, дыд цIыкIу, фэдэн илъу арт.
Дэтхэнэ адыгэ ц1ыхухъум зэуэфу, 1эщэр къигъэсэбэпыф1у щытын хуейт. А 1эщэр – къамэ – бгырыпхым и1ыгът ик1и ц1ыхухъур щыхуей зэманым псынщ1у ар къыдихт. Бгырыпхым иджыри къигъэлъагуэрт сыт хуэдэ унагъуэм къыхэк1ами щ1алэр.
12 слайд Иджы девгъэплъырт фащэмрэ хьэл-щэнымрэ зэрызэпхар.
Адыгэ фащэм къаруушхуэ бгъэдэлъщ цIыхум и хьэл-щэным фIы и лъэныкъуэкIэ зригъэхъуэжыным.
Япэрауэ, укъызыхэкIа лъэпкъыр зэрыадыгэм уригушхуэну къару къыпхелъхьэ.
ЕтIуанэрауэ, фащэм зыкъыпфIегъэщIыж удахэу, узэкIужу.
Ещанэрауэ, адыгэ фащэ щыпщыгъым деж зэрызумыщIыпхъэ, жумыIэпхъэ, жыуигъыIэркъым.
ЕплIанэрауэ, ар пщыгъыу уи пщэм къалэн е Iуэху къыдалъхьамэ , ар зэрыбгъэзэщ1эным псэ зэпылъхьэп1э уихуами зэрыбгъэзэщIэным яужь уитщ, фащэм узэрыхуэфащэм и нэщэнэу.
13 слайд Ауэ ди жагъуэ зэрыхъунщи, адыгэ фащэм иджыпсту ущрихьэлIэнур къэфакIуэ гупым хэтхэмрэ, музейхэмрэщ.
14 слайд
ФIыщ1э фхузощI фыкъызэрэзэдэIуам папщIэ!
Тхьэм фигъэпсэу!