СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Урок на тему "Бжьыхьэ"

Нажмите, чтобы узнать подробности

Просмотр содержимого документа
«Урок на тему "Бжьыхьэ"»

Темэр: «Бжьыхьэ» Сонэ Абдулчарим

Мурадыр: Бжьыхьэ разделыр къэпщытэжын. Сонэ Абдулчарим и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэм к1эщ1у тепсэлъыхьын, абы и усэ «Бжьыхьэ» жыхуи1эм щыгъуазэ щ1ын. Бзэм и хабзэм тету къеджэфу къызэджэр къагуры1уэу, зэджам и гупсысэ нэхъыщхьэр къыхахыфу, упщ1эхэм жэуап иратыфу егъэсэн, б/з лэжь. егъэк1уэк1ын.

Урокым и план:

1.Хэзышэ беседэ егъэк1уэк1ын

Нобэ фэрэ дэрэ ди урок ек1уэк1ынур зытеухуауэ щытынур гъэм и зэманхэм щыщу зыщ.



Сыт хуэдэ гъэм и зэман щы1эхэр ? (Щ1ымахуэ, гъатхэ, гъэмахуэ, бжьыхьэ).



Абыхэм дэтхэнэ зыми езым и дахагъ и1эжщ.



Слайд



Щ1ымахуэм- фащэ хужьк1э дуней псор ехуапэ.

Слайд 3

Гъатхэм – дуней псор къызэщ1оушэ, дэнк1и уплъэми дунейр зэщ1огъагъэ, а дахагъэм нэжэгужэ уещ1, псэр егъэгуф1э.



Слайд

Гъэмахуэм дуней псор мэщ1эращ1э, бзуц1ык1ухэр уолъагъу я уэрэдхэр зэхыбох.Гум ф1э1эф1у дыгъэр къопс.

Слайд

Къэнэжар бжьыхьэщи- удзхэр мэгъуж, жыгхэм тхьэмпэхэр къыполъэлъыж, алэрыбгъум ещхьыу жыг лъабжьэм щ1элъщ. Дунейр мэхъу дыщафэ.



Бжьыхьэ мазэхэр хэт ищ1эрэ?

Фок1адэ – сентябрь

Жэпуэгъуэ – октябрь

Щэк1уэгъуэ - ноябрь



2.Унэ лэжьыгъэ къэпщытэн



Унэ лэжьыгъэу фи1ащ :

-Бжьыхьэм теухуауэ сочиненэ к1эщ1 ц1ык1у фтхыну

- Дадэрэ жыг хадэмрэ Хьэнфэн А. гъэхуауэ еджэн.

-Бжьыхьэм и сурэт щ1ын.



Упщ1эхэр:

1.Сыт хуэдэ гъэм зэман усэр зытеухуар? (бжьыхьэ)

2.Сыт хуэдэ фащэ щитагъэрэ бжьыхьэм?(бжьыхьэм и фащэ)

3.А жыг тхьэмпэхэр сытым иригъэщхьырэ?(лэгъупыкъум)

4.Хэт сымэ а жыг хадэм хэтыр ? (дадэрэ и къуэрылъху ц1ык1умрэ)

5.Сыт хуэдэ жыг дадэ и хадэм итыр сыт абы къыпык1эр? (кхъужей жыг, кхъужь)

6. Хэт ар зи ф1ыщ1эр? (дадэ)

7. Дадэхэм дауэ уазэрыхущытын хуейр?(ф1ыуэ плъагъуу, нэмыс, пщ1э хупщ1ын хуейщ).



8.Сыт хуэдэ псалъэжь фщ1эрэ фэ нахъыжьым теухуау?



- Нэхъыжыр щыту нэхъыщ1эр т1ысыркъым.

-Нэхъыжьыр псы щефэк1э нахъыщ1эр къотэдж – «жьыщхьэ махуэ ухъу » -жа1э.

-Нэхъыжьыр гъэлъап1и уи щхьэр лъап1э хъунущ.

-Нэхъыжьым и гъуэгу зыпаупщ1ыркъым.

-Зи нэхъыжь еда1уэ и 1уэху мэк1утэ.

-Нахъыжьым и псалъэ зыпаудыркъым.



Доскам

Слайд видео егъэплъын «Бжьыхьэ»

Упщ1эхэр:

Хэт къызжи1эн?

1.Бжьыхьэм жыгым къыпыщэщ тхьэмпэхэм зэеджэр? (пщ1ащэ)

2. Пщ1ащэхэр хьэуам хуарзэу жьым щызэрихьэм деж сытым ещхь? (хьэндырабгъуэм ещхьыу , жьым зэрехьэ)

3. Щ1ым пхьэмпэ зэмыфагъухэр яуфабгъуа нэужь сыт зэщхьыр? (алэрыбгъум)

4.Хэт ищ1эрэ нобэ дызэджэну усэр сытхуэдэ гъэм изэман зытеухуар? (Бжьыхьэ) Слайд7.



А усэр зытхар Сонэ Абдулчаримщ. Сурэтыр егъэлъэгъун.



Сонэ Абдулчарим Къулъкъужын къуажэ къыщалъхуащ 1942 гъэм. Усэ тхыным школым щ1эсу дихьэхащ. Школыр къиуха нэужь 1964 гъэм станок заводым токэру щылэжьащ. Иужьк1э КъБ университетыр историко- филологическэ факультетыр къеух. Иужьк1э «Эльбрус» тхылъ тедзап1эм главный редактору щолажьэ. Сонэ А. и 1эдакъэ тхылъ куэд щ1эк1ащ, мусулмэн диным теухуауэ тхылъ зыбжанэ, 1-3 класс математикэ тхылъыр зэридзэк1ащ. Абы и тхыгъэхэм щыщщ: усэхэр, таурыхъхэр, дзапэ уэрэдхэр. Нобэ дызэджэнури абы итха усэщ «Бжьыхьэ» жыхуи1эр.



Усэм къахуджэн н.46



Сонэ Абдулчэрим «Бжьыхьэ»



Пщ1ащэр хьэндырабгъуэу

Хьэуам щызолъатэ,

Щ1ылъэм алэрыбгъу

Ахэр къыщохутэ.



Пц1анэ хъуа къудамэм

Зыхешие уэгум

Джанэхужьхэр зыдым

Йоплъэ шыгъуэгум.



Жыбгъэр я шыуанэу

Къургъхэр зэрызохьэ

Ищхъэрэжь къииным

1э димылъэ ди щхьэм.



Жэпыр жэщ къэсыхук1э

Щ1ым къытехьэ хъуакъэ

Къэб хьэлыуэ 1эф1к1э

Ц1ык1ухэм зат1ыжакъэ.



Псалъэ къыхэгъэщахэр



Хьэуа – воздух

Шыгъуэгу- унэ щ1ыбагъ

Жэп- иней

Ищхъэрэжь жьыбгъэ – северный ветер



Езыр – езыру къегъэджэн



Упщ1эхэр:

Сыт хуэдэ нэщэнэхэр къыщыгъэлъэгъуа мы усэм?

Жыг къудамэхэм дэнэк1э зашиирэ? (уафэгум, дыгъэмк1э)

Къуаргъхэм я къэлъэтыхьык1эр сытым ещхь?(шым тес хуэдэу жьым кърехьэк1).

Сыт хуэдэ хадэхэк1 жэп техэху кърамыхьэл1эжыр? (къэб)



Сыт хуэдэ къуалэбзухэр щ1ып1э хуабэхэм лъэтэжыр?

Слайд

Къру – журавль

Бжэндэхъу – скворец

Пц1ащхъуэ- ласточка

Хьэрхьуп- удод

Вынд грач

Уэрэдбзу- соловей

Псыхэуэ – цапля

Къулэбзу лъакъуэк1ыхь п1ащэ – аист



Къуалэбзухэм я гугъу щытщ1ак1э мэз псэущхьэхэми я гугъу тщ1ынщ.

  1. Сыт бжьыхьэм мы1эрысэхэр, 1эгъэбэгухэр щ1ыбк1э зыхуэзыхьэсыр? (цыжьбанэ)

  2. Сыту п1эрэ мэзым щыпсэухэм щыщу 1эгъэбэгухэр къудамэм ф1элъу зыгъэгъур? (к1эпхъ)

  3. Мыщэм сытым бжьыхьэм зызыхуигъэхьэзырыр? (жеиным)



Сыт хуэдэ псалъэжь фщ1эрэ фэ бжьыхьэм теухуауэ?



1.Гъатхэм жеяр бжьыхьэм мэгъыж.

2.Бжьыхьэ жэщым вырэ шырэ йок1уадэ

3.Гъатхэм тумысар бжьыхьэм къытепхыжыркъым.

4.Бжьыхьэр бейщ.

5.Бжьыхьэ жэщыр щэрэ минщ.



Къуажэхьхэр :

1.Зи щхьэр щ1ым щ1элъу, зи щхьэцыр дунейм телъ (пхъы)

2.Нэк1ущхьэплъ плъыжьыбзэ зэзым хэплъхьэми узыс (шыбжий сыр)

3.Щыгъын хыщ1 зыщыгъ, щыгъыну щыгъыр щ1ы1уншэ , хэт ит1эщми егъагъ (бжьын)

4.Дуней зыгъэнэху щ1ыр зыгъэхуабэ(дыгъэ)

5.Фыз ф1ыц1э гъуд щым дыд хэзы1у (уэшх)



Гуп лэжьыгъэ партэхэм телъхьэн.

Кросворд



Егъэбыдыл1эн

1.Сыт хуэдэ гъэм и зэман нобэ дызэджа?

2.Нобэ дызэджа усэм иц1эр ? Зытхар?