Просмотр содержимого документа
«Урок-зэ1уха "МЫУЖЬЫХ МАФ1Э"»
Къэжэр Пётр
(8-нэ «Б» классым щек1уэк1а урок зэ1уха)
Урокым и мурадхэр: лъэпкъым и гъащ1эм къыщыхъуа 1уэхугъуэ щхьэхуэхэр, псом хуэмыдэу лъахэм щек1уэк1а Хэку зауэшхуэм ц1ыхубэм ишэча гугъуехьыр поэмэм къызэрыщыгъэлъэгъуам к1элъыгъэплъын; тхыгъэм и идейно - тематическэ ухуэк1эр зэпкърыхын; я бзэм зегъэужьын; щ1эблэр хэкупсэу къэгъэхъун.
Урокым къыщыгъэсэбэпыпхъэхэр: Къэжэр Пётр и портрет, и тхыгъэхэр зэрыт тхылъхэр, еджак1уэхэм я сурэтхэр, компьютер.
Урокым и ек1уэк1ык1эр:
Доскам : Мэгызыр къуажэр –
Хьэдагъэщ.
Зауэр – к1эрыхущ!
Дауэ пшэчыну –
Щ1ок1 щ1ым и дагъэр
Нэпс лъэ1эсыху!..
Урокым и щ1эдзап1эр:
- Фи махуэ ф1ыуэ! Доскам ит псалъэхэм феджамэ, урокыр зытеухуауэ щытынур фи дежк1э гуры1уэгъуэщ. Ар - 1941 гъэм фашистхэм къыдащ1ыл1а зауэ гуащ1эрщ. Уи нэгу щ1эк1ын дэнэ къэна, абы теухуа дэтхэнэ сатырми уи гур екъуз. Унэ лэжьыгъэу фи1ащ зауэм теухуа псалъэжьхэр вгъэхьэзырыну. Девгъэда1уэт.
Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжыныгъэ:
(еджак1уэхэм псалъэжь ягъэхьэзырахэр жа1э)
- «Зауэм и к1эр хьэдагъэщ»;
- «Зауэ джэгурэ дауэ джэгурэ щы1экъым»;
- «Шэм зэхэгъэж ищ1ыркъым»;
- «Уэф1ым и ужьыр уэлбанэщ, зауэм и ужьыр хьэдагъэщ»;
- «Хэкужьыхьэ лъэщщ».
Темэщ1эр егъэджын:
(егъэджак1уэм)
- Зауэм и дыджагъымрэ Хэкум и 1эф1агъымрэ нобэ щызэхэтщ1энущ Къэжэр Пётр и поэмэ «Мыужьых маф1эм». Мы фэщыгъэц1эр щыжыт1эк1э, шэч хэмылъу, дэ Хэку зауэшхуэм и тхыдэм дроплъэж. Мы гъэм илъэс 70 ирокъу Тек1уэныгъэм и дыгъэр къызэрыттепсэрэ, ауэ зэик1 тщыгъупщэ хъунукъым абы и уасэр ц1ыху гъащ1эу зэрыщытыр. Тхыгъэр дджын и пэ къихуэу дэ дыщы1ащ Хьэжыт1эгъуей жыг хадэм ит Мыужьых маф1эм. Дахуэщыгъуащ дэр папщ1э зи гъащ1э зыта л1ыхъужьхэм. Сыт хуэдэ лэжьыгъэхэр влэжьрэ иджыри Хэку зауэшхуэм хэтахэм я фэеплъыр мык1уэдын папщ1э?
( еджак1уэхэр топсэлъыхь Хэку зауэшхуэм хэтауэ Цей Джэбрэ1ил махуэшхуэхэм хъуэхъуак1уэ зэрыхуэк1уэм, Зауэм хэтахэм я фэеплъ сыным зэрык1элъыплъыр)
Егъэджак1уэм:
«Мыужьых маф1э» поэмэри я фэеплъщ Хэкур тхуэзыхъумахэм. Ар зэхэтщ лирическэ тхыгъэ щхьэхуэхэу. Поэмэр т опсэлъыхь 1917 гъэм къыщыщ1эдзауэ 1945 гъэм пщ1ондэ лъахэм щек1уэк1а хуэ1ухуэщ1эхэм, ахэр ди къэралым и тхыдэм и напэк1уэц1 щхьэхуэхэм хэухуэнауэ. Сюжетнэ унэт1ыныгъэри гъэщ1эгъуэнщ. Ар ирок1уэ ц1ыхубэм и л1эужьищым и гъуэгум. Дэ нобэ дыкъызытеувы1энур ещанэ 1ыхьэрщ. Ар Хэку зауэшхуэм теухуа 1ыхьэрщ.
Хэку зауэшхуэм теухуа презентацэ ягъэлъагъуэ, поэмэм щыщ 1ыхьэхэр къыщыгъэлъэгъуауэ.
Яджар егъэбыдыл1эн:
1. Поэмэм щыщ 1ыхьэм еджак1уэхэр къоджэ, къазэрыгуры1уар къа1уатэ.
2. Поэмэм къыщыгъэсэбэпа художественнэ-изобразительнэ 1эмалхэм къытеувы1эн.
а) Поэмэм куэду къыщыгъэсэбэпащ псалъэжьхэр, псалъэ шэрыуэхэр
п/п
(Зыщ зы къэлэрри къэлэрищэри – мэ я1эр щыпэтежк1э. зыщ зы къалэнри къалэнищэри – Щхьэ зыф1эмытым дежк1э»);
б) Зэгъэпщэныгъэхэр:
п/п
«Сэшхуэдзэ гунэщ1ым, дунейр ялыгъуэу, Кърадзыр уафэхъуэпск1ыу, я шэрэз»;
в) Зыхуэгъэзэныгъэхэр:
п/п
«Уэращ, си Хэку, си тобэр, Уэрщ си тхьэр, Къэбэрдей!»
Урокым яджар къызэщ1экъуэжын, вывод щ1ын
Еджак1уэхэр топсэлъыхь гукъинэж ящыхъуамрэ щ1эуэ къащ1амрэ, егъэджак1уэм абыхэм я псалъэр къызэщ1екъуэж, оценкэхэр егъэув.
Унэ лэжьыгъэ етын нап.255-258, «Хабзэ» 1ыхьэр гук1э зэгъэщ1эн