Слайд 1
Темэр: Фразеологизмхэр.
Урокым и мурадхэр:
1) ЩIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ: фразеологиер лексэкэм и зы Iыхьэу зэрыщытыр, бзэм щигъэзащIэ къалэнхэр, абыхэм я зэхэтыкIэр, къэгъэсэбэпыкIэр ящIэныр.
2) Зыужьыныгъэ и лъэныкъуэкIэ: фразеологизмхэр я бзэм къыщагъэсэбэпу есэныр; абыхэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэм щыгъуэзэныр, творчесэу зыужьыныр, гупсысэкIэм зегъэужьыныр.
3) Гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ: я бзэм и къулеягъыр, дахагъыр, и мыхьэнэр зыхащIэныр.
Урок лIэужьыгъуэр: ТемэщIэ щадж.
Къыщыгъэсэбэпа Iэмалхэр: ДжэгукIэ Iэмалхэр къыщыгъэсэбэпа урок.
Iэмэпсымэхэр: тетрадхэр, учебникхэр, карточкэхэр, презентацие лэжьыгъэ, компьютер, экран.
Урокым и екIуэкIыкIэр
1. ЕджакIуэхэр лэжьыгъэм къыхэзышэ псалъэмакъ.
ЕгъэджакIуэм: ЦIыкIухэ,сыт нэхъ лъапIэу къэфлъытэр, адэ-анэр арэзы къэпщIыныр, нэхъыжьым уедэIуэныр хьэмэрэ уэ узыхуейр япэ ибгъэщыныр нэхъапэу къэфлъытэрэ?
ЕджакIуэхэм:
1.
2.
3.
4.
ЕгъэджакIуэм: АтIэ, цIыкIухэ, зэхэфхауэ пIэрэ мыпхуэдэ псалъэхэр унэм щIэсхэм е егъэджакIуэхэм къывжаIэу: «Си щхьэр лъагэу сыбгъэлъагъужащ», «Си гур бгъэзэгъаи!», «Дыщэ къызэбгъэжэхауэ къысщыхъуащ» е «Си гум ету къытепдзаи!», «Гур хузэIухын» еджэным жыIэгъуэхэр. КъызжефIэт, тэкIу фыгупсыси!
ЕджакIуэхэм:
-Пэжыр жысIэнщи, ар дауэ? «ДыщэкIэ зэрыпхуэпэныр дапхуэдэу?
-Сэри аращ! Си гум ету къытебдзар си нэгу къыщIэзгъыхьэмэ….
-Маринэ Борисовнэ, мы жыпIэхэр япэу зэхэсхыу аращ, гъэщIэгъуэн гуэрщ!
-Зэхэсхащ, мамэ ди собранэхэм къыщикIыжам деж жеIэ: «Си щхьэр лъагэу сыбгъэлъагъужащ!», уи «гур еджэным хузэIухащ».
ЕгъэджакIуэм: Си гум укъипсэлъыкIащ, си гур бгъэзэгъащ, си гур хэбгъэхъуащ.
ЕгъэджакIуэм: Дапщэщ мыпхуэдэ псалъэхэмкIэ нэхъыжьым зыкъыпхуигъэзэфыну? Арэзы щыпщIым и дежхьэмэрэ арэзы къыщыпхуэмыхъум и деж?
ЕджэкIуэм:
1 .Арэзы къыщыпхуэхъум и дежщ.
2. И гуапэ хъун гуэр щыжепIэм и дежщ.
3. ЩыгуфIэм и дежщ.
4. ОценкэфI къыщыпхьым и деж.
ЕгъэджакIуэм: Дэ псори дыадыгэщ, пэжкъэ?
-НтIэ!
ЕгъэджакIуэм: АтIэ, адыгэу бзэм ирипсалъэ дэтхэнэми къыгурыIуэнущ мы псалъэхэм къарыкIыр, я бзэм къыщагъэсэбэп, си фIэщ мэхъу мыхэр фэ махуэ къэскIэ зэрызэхэфхыр. АбыхэмкIэ бзэр ягъэщIэращIэ, ягъэдахэ! ФымыгъэщIагъуэ! Фэри нобэ щыщIэдзауэ ахэр къэвгъэсэбэпу фесэнущ! Фи фIэщ хъуркъэ? Ахэр къэвгъэсэбэпу фесэнымкIэ си гугъэщ нобэрей урокри сэбэп къыфхуэхъуну.
Слайд 2
2. Урокым и темэм хуэшэныр, мурадхэр зыхуэгъэувыжыныр.
Слайд 3.
ЕгъэджакIуэм: Дежьэн ипэ, цIыкIухэ, мы сладым гупсэхуу фыкъеплъмэ, нобэ дджыну темэр къыщывгъуэтынущ. Девгъэплъыт, цIыкIухэ! (Шифрхэр къэвгъэсэбэпурэ, мыбыхэм щыгъэпщкIуа псалъэр, нобэрей ди темэр къыфхуэгъуэтыну пIэрэ? Сэ си фIэщ мэхъу ар къызэрывгъуэтыфынур).
Слайд 3. Фразеологизмхэр.
ЕгъэджакIуэм: АдэкIэ, цIыкIухэ, мурад, къалэн гуэрхэр зыхуэдгъэувыжынщ, фыарэзымэ.
Слайд 4.
ЕгъэджакIуэм: къыпыфщэ, ди мурадщ зедгъэсэну …….
ЕджакIуэхэм: къэтхутэну фразеологизм жыхуиIэр зищIысыр, къэдгъэсэбэпыфу зедгъэсэнущ, ди бзэр нэхъ дахэ зэрытщI Iэмалхэм щыщщи.
ЕгъэджакIуэм: дауэ къыпыфщэн атIэ? Къалэну зыхудогъэувыж …….
Предметнэ зэфIэкIяIэнухэр:
ЕджакIуэхэм:
Япэрауэ, «фразеологизм» жихуиIэм къикIыр и зэхэтыкIэр къэтщIэнущ;
ЕтIуанэрауэ, псалъалъэм иплъэнхуейщ;
ЕгъэджакIуэм: къыщIызгъунщ сэри, аркъудейкъым, абыхэм хуэкIуэ синонимхэр, антонимхэр къэдгъэсэбэпыфуи зедгъэсэнущ. ЗэкIэщIэпч мыхъу псалъэхэм псалъэухам щагъэзащIэ къалэнми фыкIэлъызгъэплъынщ.
Личностнэ зэфIэкI зыхалъхьэнухэр;
ЕгъэджакIуэм: иджыри нобэ мы урокым и кIуэцIым сытым зыхуедгъэсэфыну?
ЕджакIуэм: Ди бзэр нэхъ дахэ зэрыхъуным дыхущIэкъунущ нобэ. Фразеологизмхэм бзэр ягъэщIэращIэмэ, ахэр къэдгъэсэбэпыфу зедгъэсэнущ.
Метопредметнэ зэфIэкIзыхалъхьэнухэр:
ЕгъэджакIуэм: Сэри тIэкIу къыщIызгъужынщ, цIыкIухэ!
Япэрауэ, дахэу утыку фиту фесэным зы лъэбакъуэкIэ пэгъунэгъу фыхъунущ нобэ.
Слайд 5.
ЕтIуанэрауэ, адыгэхэм диIэщ псалъэжь «ЗэдэпщIэр щIэхщи, зэдэпшхыр IэфIщ», узэгъусэмэ, узэдэлажьэмэ, куэд пхузэфIэкIынущ - ари нобэ нэрылъагъу хъунущ фи дежкIэ.
Слайд 6.
Аращи, фи гумрэ фи щхьэмрэ зэтелъу фыкъысхуэкIуамэ
Фи адэ – анэхэм я щхьэр лъагэу евгъэлъагъуну,
Фи щIэныгъэм хэвгъэхъуэну,
Фи егъэджакIуэхэм фэркIэ
Я гур хэхъуэну фыхуеймэ,
Фэ езыхэм, фи зэфIэкIыр здынэсыр
Флъагъужыну фыхуеймэ, фынежьэ!
Яджахэр къызэрапщытэж, темэм хэзышэ лэжьыгъэ.
Гуп лэжьыгъэ. ДжэгукIэ «ФщIэжу пIэрэ?»
ЕгъэджакIуэм: Нобэ гупитIу дылэжьэнущ. Япэрауэ, цIыкIухэ, дигу къэдывгъэгъэкIыж, иджыпсту дджы разделыр, бзэм и Iыхьэр.
Слайд 7
Япэгупым
Зэщхьу къэтпсэлъ, зэщхьу ттхы псалъэхэр хохьэ.......
омонимхэм. Псалъэм папщIэ: ЩIалэм лажьэ иIэтэкъым, узыншэт.
Лажьэ зэпыту лIыжьым и гъащIэр ихьат.
Къыпыщэ Синоним – ар хохьэ…..
зы предмет, щытыкIэ, лэжьыгъэ къэзыгъэлъагъуэм. Псалъэм папщIэ: Адыгэ пщащэр гуакIуэщ. Си ныбжьэгъу хъыджэбзыр дахэщ.
Къыпыщэ: Лексикэм дегъэдж бзэм …..
и псалъэхэр.
«цIыхудыщэ» псалъэм и мыхьэнэхэр къыжыIэ
Ц1ыху дахэ, ц1ыхуф1, ф1ыуэ ялъагъу, ягъэлъап1эм хужа1э.
Web камерэ, онлайн, дистанционнэу, 3D нэгъуджэ, сайтхэр, интерактивнэ урокхэр - мы псалъэр лексикэ разделым и Iыхьэ сыт хуэдэм хыхьэрэ?
Мы псалъэхэр хохьэ псалъэщ1эхэм. Бзэм иужьк1э къыхыхьахэм.
Мыхьэнэ (купщIэ) зэпэщIэуэ зиIэ псалъэхэм йоджэ....
антонимк1э. Псалъэм папщ1э: ин – ц1ык1у, лъагэ – лъахъшэ, дахэ – 1ей.
Слайд 8.
ЕтIуанэ гупым
Уэшх, дыгъэ, хуабэ, уэрам - мы псалъэхэр лексикэ разделым и Iыхьэ сыт хуэдэм хыхьэрэ?
Мы псалъэхэр псоми зэхуэдэу къагъэсэбэп псалъэхэщ.
Къет – мы псалъэм и мыхьэнэхэр къыжыIэ
Псалъэм папщ1э, хьэпшып гуэр къет, тхылъыр къет, радиом е телевизорым передачэ гъэщ1эгъуэн къет.
Къыпыщэ: Лексикэ - ар……
Бзэм хэт псалъэхэр къызэщ1экъуауэ абы и лексикэ мэхъу.
Жьы хъуа псалъэм и щапхъэ къыжыIэ.
Жьы хъуа псалъэхэщ бзэм щ1агъуэрэ къыщамыгъэсэбэпыж псалъэхэр: гуэншэрыкъ, к1эрэхъ, пхъэвакъэ.
Къыхэгъэщахэр сыт зищIысыр? Кхъужьым къыхэщIыкIауэ варенэ ЩIЫ. ЩIЫР ягъэхьэзыр, гуэдз трасэну.
Мыхэр омонимщ.
Къыпыщэ: Псалъэхэр, абыхэм къарык1ыр, я сурэтхэритщ…….
Псалъалъэхэм.
Компьютер, дизайн, техникэ- мы псалъэхэрлексикэразделым и Iыхьэ сыт хуэдэмхыхьэрэ?
Мыхэр псалъэщ1эхэщ.
Егъэджак1уэм:
Иджы, ц1ык1ухэ, къызжеф1эфын, урокым щыщ1идзэм къыхэзгъэща мы псалъэхэр: «Си щхьэр лъагэу сыбгъэлъагъужащ», «Си гур бгъэзэгъащ» нобэрей ди темэм сытк1э пэгъунэгъуу къыфщыхъурэ?
Слайд 9.
ЕджакIуэхэм: Япэрауэ, тхылъым, псалъалъэм дивгъаплъэ.
Тхылъым
Дэтхэнэбзэмихуэдэу, адыгэбзэми ущрохьэлIэ зэгъусэу фIэкIа къамыгъэсэбэппсалъэхэм. Апхуэдэу зэпыщIа псалъэхэм зэкIэщIэпч мыхъупсалъэ зэпхакIэ (фразеологизмкIэ) йоджэ. ЗэкIэщIэпч мыхъупсалъэхэмзыгупсысэ е гурыIуэгъуэ гуэр къаIуатэ: кIэбгъу зыщIын – зыгъэбзэхын.
ЕгъэджакIуэм:Упсэу! Сыту пIэрэ иджыри тхылъым къыджиIэр?
ЕджакIуэм: ЗэкIэщIэпч мыхъупсалъэзэпхамхуэувырзы упщIэщ.Псалъэм папщIэ: Мусэ и Iэщхьэлъащхьэр дэхьеяуэ йоджэ.
Слайд 10.
ЕгъэджакIуэм: Упсэу! Сыту пIэрэ псалъалъэм къыджиIэр?
Псалъэ зэпха шэрыуэщ. Зи мыхьэнэкIэ зыпсалъэм хуэкIуэ псалъэзэпхауэбзэмхьэзырухэтхэрщ, ахэрпсалъэухамзыпкъыгъуэухоувэ, п.п. хъийм икIын – егъэлеин.
ЕгъэджакIуэм: Фыкъызэджар дауэ къывгурыIуа?
ЕджакIуэхэм:
Сэ къызэрызгурыIуамкIэ, мыхэр зэгъусэу фIэкIа къыпхуэгъэсэбэпынукъым.
ЗэпыщIамэ, зы гупсысэ къагъэлъагъуэ.
ЕгъэджакIуэм:
Мыбыхэм зэгъусэу зы упщIэщ хуэувынур, гу лъыфта, цIыкIухэ? АтIэ зы упщIэ яхуэувмэ псалъэухам дапхуэдэу зэрыхэувэнур?
ЕджакIуэхэм:
Зы пкъыгъуэу
Слайд 11.
ЕгъэджакIуэм: АдэкIи девгъэплъ псалъэухам зэрыхэувэну щIыкIэм!
Мусэ и Iэщхьэ-лъащхьэр дэхьеяуэ йоджэ.
Дауэ къызэрывгурыIуэр?
Егугъуу (тхылъымкIэ доплъ)
Слайд 12. ЖьэрыIуатэ лэжьыгъэ. ЕгъэджакIуэм жиIа зэкIэщIэпч мыхъупсалъэр еджакIуэхэм сурэтхэмкIэ къагъуэт, къарыкIыр жаIэ.
И щхьэм иукIэн.
И бзэгупэм щоджэгу.
И напэрмэс.
Пшэм къыщелъэтыхь. (ТегупсысыкIащ)
И щхьэм фIигъэтIысхьащ. (Тегушхуащ)
И нэхэрзэбгрыжащ.(ИгъэщIагъуэмэ)
ПэкIэ къешэкIын.
Джэдлъэбжьанэукъритхъащ.
Слайд 13.
Лэжьыгъэ 34. Гуп къэскIэ зыфразеологизмым хуэкIуэ псалъэкъегъуэт. Доска, тетрадь лэжьыгъэ.
| 1.Напэр сын | укIытэн |
| 2.И нэ къыхуикIын | шынэн |
| 3.И псэрIукIын | ехъуэпсэн |
| 4.Тхъур IупэкIэ зын | тхъэн |
Слайд 14. (гупит1ми зэуэ ягъэзащ1э лэжьыгъэ).
ЗэкIэщIэпч мыхъупсалъэ зэпыщIахэм синоним къахуэхъупсалъэркъэгъуэтын.
Нэргъэплъэжын кIыфI дыдэ
Напэ иIэн шынэ зымыщIэ
Дыгъужьыгуишхащ кIуащ
И лъэ нихусащ есэн, хьэлукъищтэн
Нэм къыщIэIэбэр
плъагъуркъым гъэтыншыжын
Хабзэ хуэхъун хабзэ хэлъын
Слайд 15.
Фразеологизмхэр зэхуэхьэсыжын.
| напэ | напэр | (и) напэм | къэнжал |
| тебзащ | къабзэ | напэр | хужькIэ |
| иIэн | напэ | хъумэн | напэ |
Дауэ къывгурыIуэрэ? Мыхэр псори ехьэлIащ цIыхум и хьэл – щэным, напэм.
Адыгэм я гъащIэр дапхуэдэу гугъуу щымытами, напэр япэ ирагъэщу щытащ. ГъащIэм нэхърэ напэр нэхъапэт. Напэр текI нэхърэ лIэныгъэр нэхъ къыхахырт. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, цIыхум и напэм и гъусэу адэ-анэм я напэри трихырт, къыдалъхуахэми, ныбжьэгъухэми я напэр текIт, къызыхэкIа лъэпкъри игъэпудырт. Аращ адыгэм щIыжаIэр: «ди лъэпкъ напэр», «ди адыгэ напэр».
Слайд 16. Псалъэ зэпыщIахэм дэтхэнэр зэкIэщIэпч мыхъупсалъэ зэпыщIами, дэтхэнэр къызэрыкIуэу зэпыщIами къыжыфIэ.
Джыдэм и щхьэр къыфIэхуащ.
И щыуагъэр къызэрыгурыIуэжу щIалэм и щхьэр къыфIэхуащ.
Нанэлымышыуишхыну фIэфIщ.
Псалъэ мышыу куэдым цIыхур игъэдахэркъым.
Къыпыдощэ.
Слайд 17. Лэжьыгъэ «КъикIыр къащIэ». Доскам щагъэзащIэ.
ЕгъэджакIуэм къыкIэрилъхьа жыIэгъуэм хуэкIуэр псалъэгупымкъыхэхын.
И жагъуэ хъун – гум ежэлIэн, щыгуфIыкIын, пэплъэн, тепсэлъыхьын.
И Iэщхьэлъащхьэр дэхьеяуэ – мышынэу, егугъуу, игъэпэжу, щымышынэу.
Акъыл нэху зиIэ–еджа, фIыуэ лажьэ, губзыгъэ, щIэныгъэ зыбгъэдэлъ.
ЛIыгъэ зехьэн – лIыхъужьыгъэ, хьэлъэ къэIэтын, мышынэн, зыхуэгъэшэкIын, хахуагъэ зыпылъ Iуэху лэжьын.
(Мыбдеж жысIэну сыхуейт, Хэкузауэшхуэркъыщыхъеямдикъуажэ дэкIыу цIыху 600 щIигъу зауэм кIуащ, икIи нэхъыбэмкъагъэзэжакъым. Дикъэралым и лIыхъужьхэр я псэ емыблэжу ТекIуэныгъэ Иныркъытхуахьащ. Абы лъандэрэилъэс пщIей ирикъуащ. Дэ ар зэизыщыдгъэгъупщэхъунукъым. Нобидикъэралым и цIыху куэдым лIыхъужьыгъэ зэрахьэузауэм Iутщ, дэ мамырудыпсэун щхьэкIэ).
Слайд 18.
Фразеологизмхэм къикIыр жыдоIэ, урысыбзэкIэ зыдодзэкI.
Дыгъужь нэщIам хуэдэщ (мэжалIам хужаIэ) – голоден как волк.
Бажэмхуэдэу Iужажэщ (бзаджэм хужаIэ) – хитрая как лиса.
ТхьэкIумэкIыхьым хуэдэумэшынэ, мэкIэзыз (шынэкъэрабгъэм хужаIэ) – трусливый как заяц.
Шыдуерыщщ (ерыщым хужаIэ) – упрям как осел.
Гуэгушыхъуузегъэбырыб (егъэлеяуэзыдэзышейхэм хужаIэ) – как индюк надутый.
Вымхуэдэуузыншэщ (къарум, узыншэм хужаIэ) – здоров как бык.
ТIэкIу зыдгъэпсэхунт!
ЕджакIуэхэм зыщагъэпсэху дакъикъэ.
Фразеологизмым къыхэщ псэущхьэр къэвгъэлъэгъуэфын?
Слайд 19.
Ди лэжьыгъэм къыпыдощэ. Къэпщытэжыныгъэ.
ЦIыкIухэ, мы къыкIэлъыкIуэну лэжьыгъэхэр дызэдэIэпыкъуурэ зэгъусэу дгъэзэщIэнщ.
Псалъэухахэм дэгъэхуа хьэрфхэр дэфтхэж. Подлежащэмрэ сказуемэмрэ щIыдотхъэ. Фразеологизмхэм синоним хуэхъу псалъэхэр япэ гупым фонетикэкIэ зэпкърах, етIуанэ гупым морфологиекIэ зэпкърах.
Япэ гупым
Мурат еджэныр Iэпэдэгъ.лэл ищIащ. Сыт ищIар? – Iэпэдэгъэлэл ищIащ (сказуемэщ), хэт? – Мурат (подлежащэщ), еджэныр (дополненэщ).
Iэпэдэгъэлэл ищIащ – егугъужкъым
йэгуыгъуыжкъым
йэ-гуы-гъуыж-къым – пычыгъуэу плIы мэхъу, хьэрфу – 7, макъыу – 9.
йэ – макъзешэ;м.з.
гу – макъ дэкIуашэ жьгъыжьгъ;м.д.жьгъ.
ы – макъзешэ;м.з.
гъу – макъ дэкIуашэ жьгъыжьгъ;м.д.жьгъ.
ы – макъзешэ, ударенэ зытехуэ;м.з.уд.з.
ж – макъ дэкIуашэ жьгъыжьгъ;м.д.жьгъ.
къ – макъ дэкIуашэ пIытIа; м.д.пI.
ы – макъзешэ;м.з.
м – макъ дэк1уашэ жьгъыжьгъ; м.д.жьгъ.
Ет1уанэ гупым
Аслъэн еджап1э н.хъыщхьэ щ1эт1ысхьэну и нэ къыхуок1. Сыт ищ1эр? – и нэ къыхуок1 (сказуемэщ), хэт? – Аслъэн (подлежащэщ).
И нэ къыхуок1 – йохъуапсэ.
Глаголыр морфологиек1э зэрызэпкърахыр.
Йохъуапсэ – глаголщ; гл.
Пэщ1эдзэ формэр хъуэпсэн; п.ф.– хъуэпсэн.
Ещанэ щхьэ, закъуэ бжыгъэ, ит зэман; 3 щхьэ, з.бж., ит.з.
Псалъэухам сказуемэу хоувэ. Сыт ищ1эрэ? - упщ1эм жэуап хуохъу.
Мы псалъэхэм и схемэр къэвгъэлъагъуэ
Еджап1э (еджа- лъабжьэщ, п1э- суффиксщ)
еджэныр (еджэ- лъабжьэщ, н- суффиксщ, р- И.п. и кIэухщ)
Слайд 20.
АдэкIэ къыпыдощэ. ЖьэрыIуатэ лэжьыгъэ.
Антоним зэхуэхъу фразеологизмхэр къэгъуэтын.
Япэгупым
Антоним зэхуэхъу зэкIэщIэпч мыхъу псалъэ зэпхахэр къэвгъуэт
а) гумрэ псэмрэ дыхьэн
б) банэхэувэн
в) щхьэжэ щыхъун
г) и гум хыхьащ
д) хьэмрэ джэдумрэ хуэдэн
ЕтIуанэ гупым
Антоним зэхуэхъузэкIэщIэпчмыхъупсалъэзэпхахэркъэвгъуэт
а) и гумщIыхьащ
б) адыгэбзэ жыIэн
в) щхьэжэщыхъун
г) и гумхыхьэн
д) жыIэкIэмыщIэ
Синоним зэхуэхъузэкIэщIэпчмыхъупсалъэзэпхахэркъэвгъуэт
Япэгупым.
Синоним зэхуэхъузэкIэщIэпчмыхъупсалъэзэпхахэркъэгъуэтын
а) блэр зэраукIа баш
в) щхьэм дэуеин
г) нэкIэ шхын
д) цIыху ябгэ, бзаджэ
е) нэкIэ епыджын
Ет1уанэ гупым
Синоним зэхуэхъу зэкIэщIэпч мыхъу псалъэ зэпхахэр къэгъуэтын
а) ер къигъэкIын
б) нэ джабэкIэ еплъын
в) щхьэм дэуеин
г) нэкIэ шхын
д) и гумм щIыхьэн
е) нэкIэ гъэхъун
Слайд 21.
ТхылъымкIэ лэжьыгъэ. «Хэт нэхъыбэ къимыгъуэтрэ»
НапэкIуэцI 25-27-хэм фразеологизмхэркъыщыгъуэтын, къеджэн.
ГуащIэ ин трагъэкIуадэ – къару трагъэкIуадэ.
Гуэбэнхъуащ – узащ.
Пщэм дэлъ къалэнхэм – щIэн хуей къалэнхэм.
Гумыгъуэ кIуэцIылъщ – гущIэгъу зыхэлъ.
Бжьыпэр щытIыгъщ – япэдитщ.
КIэбгъу зыщIын – зыгъэбзэхын.
Iэщхьэлъащхьэр дэхьеяуэ – егугъуу, и гурхыхьауэ.
НэхулъэфI фыкъикI –спокойной ночи.
Насып натIэ ухъу – насыпыфIэ, псори къызэхъулIэ.
Напэр сын – укIытэн.
И нэ къыхуикIын – ехъуэпсэн.
И псэр IукIын – шынэн.
Тхъур IупэкIэ зын – тхъэн.
Мышыупсалъэ – зыри къызэрымыкI псалъэ.
Дыгъэтримыгъапсэу – хъумэн.
Дыгъужьыгушхын – лIыгъэшхуэ зехьэн, мышынэн.
Дуней жэнэт–фIыуэ псэун.
ФIыкIэ Iуащ – хъыбарыфI зиIэ.
ДжэдыкIэм цыкъыхех – зыкIи арэзы пхуэмыщI.
ЕгъэджакIуэм: Фыпсэу!
Слайд 22.
Дэнэ къыздик1ар фразеологизмхэр.
Фразеологизмхэр бзэм ауэ къыхыхьакъым. Мыбыхэми псалъэжьхэм ещхьу хъыбар яIэщ. Апхуэдэ хъыбар кIэщI цIыкIухэм я гугъу фхуэсщIыну сыхуейт. Мыхэр
Языныкъуэхэм лъабжьэ хуэхъуар тхыдэм щыщ Iуэхугъуэхэрщ:
нап. 38 Адыгэбзэ
Дэжыгхэ я Iэпхъуамбэу, (ЗэрыжаIэжымкIэ, Дэжыгхэяйуэ зэшитIым яIэпхъуамбэу яIэр ябжынумурад ящIащ, тIуми я Iэхэр зэхагъэлъадэри Iэхъуамбэхэр зэрагъэубыдыжащябжынущыхуежьэм, щхьэжезым и Iэпхъуамбэр къыхуэцIыхужакъым, «зэхэзэрыхьат», шу блэкIым елъэIуахэщ къадэIэпыкъуну, я Iэпхъуамбэхэр зэхахыжыну, шум щIопщыр лъагэу иIэтащ яхэуэнхуэдэу, мыдрей тIур щтэризэбгрыжыжащ, щхьэж и Iэпхъуамбэри итIанэ къицIыхужащ).
Слайд 23.
Сокъурхэ я пIастэхъурейуэ. (зэрыжаIэжымкIэ, Сокъурхэ хьэщIэ къахуэкIуауэ пIастэ ящIат, пIастэр апхуэдизкIэ хъурей дахэ хъуати, яупщIэтэн ягу пыкIыжакъым, хъурейуэ нэху кърагъэкIат).
Слайд 24.
IэщIагъэм епха псалъэхэщ:
Зымышхыжын и мэкъумэш щIэкIэ, (зи мыщI телэжьыхьыр, нэгъуэщIым хуэлажьэремыгугъуузэрыщытым къытещIыкIащ). Лэжьыгъэр нэгъэсауэ зымыщIэхэм хужаIэ.
Хьэмыгурегъэгун. (хьэргунымгугъуехьпылъщ).
Слайд 25.
ЗэкIэщIэпч мыхъу псалъэ зэпыщIахэм хэкIыпIэ яхуохъу мифологиер, диным епха хъыбархэр:
Къемэтмахуэркъэсыхупэплъэн, (кудрэпэплъэн жыхуа1эщ).
И шыкIэ мафIэ егъэуауэ (таурыхъымхэтукуэдрэ урохьэл1э шым и нэф1 зыщыхуамезым и шык1э налъэ ириту ик1и ар зритаршым и дэ1эпыкъуэгъу хуей хъумэ, ар маф1эм зэрыригъэууэ псынщ1эу нэсу).
Фразеологизмхэр псалъэхъуэрхэми, литературнэтхыгъэмиIуэрыIуатэмикъыхэкIащ.
Слайд 26.
Сыт тхузэфIэкIа нобэ? УпщIэхэр:
Урокыр щыщIидзэм зэхуагъэува мурадхэмрэ урокым къехъулIахэмрэ къызэщIакъуэж.
Урокыр щыщIидзэм зыхуэдгъэувыжа ди мурадхэр къыдэхъулIауэ къэфлъытэрэ?
- Нобэ фразеологизмхэр къэтхутащ, къэдгъэсэбэпыфу зедгъэсащ.
- Сэ сфIэгъэщIэгъуэн хъуащфразеологизмхэмбзэршэрыуэ, дахэзэращIыр. - Сэри къызгурыIуащ фразеологизмхэрпсалъэзырызхэм я синониму къэкIуэнкIэ зэрыхъур.
- СфIэгъэщIэгъуэнщ нэхъыбэукъыщагъэсэбэпыр жьэрыIуэтэбзэрщ.
- Псалъэухамзыпкъыгъуэухоувэ.
- СфIэгъэщIэгъуэн хъуащ фразеологизмхэм хъыбар зэраIэр.
- ДяпэкIэ, сыщыпсалъэкIэ нобэ зэдгъэщIа фразеологизмхэр къызэрызгъэсэбэпыным сыхущIэкъунущ, си бзэрнэхъдахэхъун щхьэкIэ.
Слайд 27. Дауэ нобэ дылэжьа? (рефлексие)
Iэщхьэлъэщхьэр дэхьеяуэ
ЩхьэщыгъэцIэфтауэ
Ди нэ къыхуимыкIыщэу
ЕгъэджакIуэм: Иджы, цIыкIухэ, иджыри зэ фигу къэзгъэкIыжыну, къытезгъэзэжыну сыхуейт урокым щыщIидзэм къыхэзгъэща мы сатырхэм. Абыхэм къикIыр къызэрывгурыIуар си фIэщ фщIащ. «Си щхьэр лъагэу сывгъэлъагъужащ», «Си гур вгъэзэгъащ», «нобэрей фи зэхэтыкIэ, фи лэжьэкIэ дахэмкIэ дыщэ къызэбгъэжэхауэ къысщыхъуащ», «Си гум ету къытевдзащ!», «Фэ цIыкIухэм фи гур еджэным хузэIухащ»
ЕгъэджакIуэм: Фыпсэу, цIыкIухэ! Нобэрей ди урокым хъарзынэу фыщылэжьащ, абыкIэ фыкъызэтемыувыIэу фи щIэныгъэм хэвгъэхъуэну сыфщогугъ.
Аращи, фи гумрэ фи щхьэмрэ зэтелъу фыщIэкIыж хъунущ,
Фи адэ-анэхэм я щхьэр лъагэу евгъэлъагъуж,
Фи щIэныгъэм зэрыхэвгъэхъуар,
Фи зэфIэкIым хъунэ зэримыIэр,
Фи бзэр куэдкIэ нэхъ дахэ, нэхъ шэрыуэ зэрыхъуам
Си гур хегъахъуэ.
Слайд 28.
Унэлэжьыгъэ
Унэ лэжьыгъэуи нобэ зи гугъу тщIа фразеологизмым тегъэщIауэ хъыбар е таурыхъ кIэщI фтхы. Фразеологизмхэр сурэткIэ фщIыну фызот. (Оценкэхэр яхуэгъэувын).
1. Хъыбар е таурыхъ кIэщI, зыфразеологизмым тегъэщIауэ.
2. Фразеологизмхэр сурэткIэ щIын.
Зы лъэIу цIыкIу къэнащи, девгъэдэIуэж.
Слайд 29.
«Лъэ1у ц1ык1у!» еджак1уэхэм хуэгъэзауэ.
Ди щхьэ фхуэдгъэтIылъу
Быдэу дыволъэIу!
Псалъэ мышыу куэдкIэ
Дывмыхъуэж фэ зэикI!
Гур хэвгъахъуэу, цIыкIухэ,
Дыкъэфпсэлъ дапщэщикI
Ауи фымыщхьэхыу
Бжьыпэр дэ къыдэфт! (Фразеологизмхэр)
Слайд 30. Фыпсэу!